Къэзахъстан: зэблэкIыгъуэхэм я лъэхъэнэ
2019-03-21
- Дызыпэмыплъа хъыбарыщIэ къытIэрыхьащ — псори дызэсэжа Назарбаев НурсулътIан вэсэмахуэ Къэзахъстаным и президентыгъэр зыщхьэщихащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ар а къэралым 1989 гъэм и мэкъуауэгъуэм къыщыщIэдзауэ и Iэтащхьэт (нэгъуэщIу жыпIэмэ, илъэс 30-м нэблэгъауэ).
- Дэ, Урысейм и цIыхухэр, апхуэдэ къулыкъу зыIыгъхэм дызэреплъыр ахэр ди Хэкум къызэрыхущытырщ. ЖытIэнщи, ди деж хуабжьу щыцIэрыIуэу щытащ Назарбаевыр. Ар къыпхуэмылъытэн хуэдизу политик Iущт, абы къыхэкIыуи Москва пэгъунэгъу дыдэу щытащ. Нэхъыжьхэм дощIэж Къэзахъстаным и япэ президентыр СССР-р щызэхакъутэжа Беловежскэ мэзым кIуауэ зэрыщымытар. Абыи и закъуэкъым: къэрал щхьэхуэ хъуа нэужь, Назарбаев НурсулътIан и жэрдэмкIэ урысыбзэр Къэзахъстаным къэралыбзэу щагъэуващ. Абы лъэпкъ Iуэхум тещIыхьа зэпэщIэувэныгъэ гуэри къыщыхъуакъым. Езы къэралми хуабжьу зиужьащ абы и унафэм щIэту. ЖыпIэну ирикъунщ СССР-м хэта республикэ 15-м ящыщу иужь илъэсхэм зи Iуэху ефIэкIуа зэкъуэтIакъуэхэм ар зэращыщыр.
- АрщхьэкIэ зэманым пэлъэщ щыIэкъым. Назарбаевым и ныбжьыр илъэс 79-рэ ирикъуащ икIи къехьэлъэкIыу къыщIэкIынут и пщэ дэлъ къалэнышхуэхэр игъэзэщIэныр. Абы щыгъуэми, фигу къэдгъэкIыжынщи, 1991 гъэм къыщыщIэдзауэ ар президент хэхыныгъэхэм зыбжанэрэ щытекIуащ. И щIыхьыр апхуэдизкIэ лъагэти, 2015 гъэм и мэлыжьыхьым хэхакIуэхэм я процент 98-м нэсым Iэ хуаIэтат. ХабзэкIэ ар хуит ящIат псэухукIэ президент хэхыныгъэхэм хэтыну, арщхьэкIэ зэманыр зэманщ…
- Иджы ар зэзыхъуэкIам теухуауэ. Гъатхэпэм и 20-м республикэм и парламентым тхьэрыIуэ зыщрагъэта Токаев Къасым-Жомарт хамэ къэралыбзэхэмкIэ Пекин институтыр, УФ-м и МИД-м и Дипломатие академиер къиухащ, щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ. Ар илъэс куэдкIэ Назарбаевым дэлэжьащ къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр иIыгъыу. Премьер-министру щытащ, дунейпсо политикэми увыпIэшхуэ щиIыгъащ. Зэгуэр ООН-м и Секретарь нэхъыщхьэм и къуэдзэм и къулыкъури ирихьэкIащ.
- Къэзахъстаным и япэ президентым жиIащ сыт и лъэныкъуэкIи Токаевым дзыхь зэрыхуищIыр. «Япэрауэ, ар икъукIэ зэпIэзэрытщ, ихъу-ипкIхэм ящыщкъым, зэхъуэкIыныгъэшхуэхэм я телъхьэкъым», къыхигъэщхьэхукIащ къэзахъ политолог цIэрыIуэ Сарым Айдос. Къэзахъстаным властыр зэрыщахъуэжам дуней псом щытопсэлъыхь. Республикэр куууэ зыдэлажьэ Евросоюзми щыжаIащ лъэныкъуитIми я зэхущытыкIэхэр къызэтенэжыным зэрыщыгугъыр.
- СлIожь, дэри дызыщыгугъыр аращ. Урысей Федерацэмрэ Къэзахъстанымрэ я зэгъунэгъу зэхущытыкIэфIхэмрэ зэпыщIэныгъэхэмрэ къызэтенэжыну дыхуейщ. Абы и лъэныкъуэкIэ шэсыпIэ быдэхэр щыIэщ.
- ШАЛ Мухьэмэд.