ЛIэщIыгъуэхэм я джэ макъ
2019-09-07
- Зэман кIыхькIэ пэплъащ адыгэхэр я къэралыгъуэм. Пэжщ, жыжьэ уIэбэмэ, ди лъэпкъым ар мызэ-мытIэу зэраIам шэч хэлъкъым. Дригушхуэ хъунущ дунейпсо тхыдэм щыяпэ мамыр зэгурыIуэныгъэр цIыхубэ цивилизацэм и гущэ Пасэрей Мысырым хьэтхэм илъэс щэ ныкъуэ пIалъэкIэ къращIылIауэ зэрыщытам. Ар ди иджырей гъащIэм зыкIи къыпыщIакъым, къызэрежьам хуэ-дэуи кIуэдыжащ. Адыгэхэр куэдрэ пэгъунэгъу дыдэ хуэхъуащ я хъуэпсапIэм. Мыбдеж дигу къыщыдгъэкIыжынщ пщышхуэ Инал Нэху лъэпкъым и къудамэ псори зы ищI зэрыпэтар. Ауэ, Тхьэм иухатэкъыми, хунэмысу дунейм ехыжащ. НэгъуэщI щапхъэхэри къыпхуэхьынущ.
- Ди лъахэм и вагъуэр къыщыщIэкIар етIощIанэ лIэщIыгъуэрщ. Абы къызэщIикъуэжащ блэкIа илъэсищэхэм къыдэмыхъулIар. 1921 гъэм РСФСР-м и ЦИК-м унафэ къищтащ Къэбэрдей автоном областыр къызэгъэпэщыным теухуауэ. АрдыдэмкIэ диIыгъащ къэбэрдей цIыхубэм и съездым мы Iуэхум теухуауэ зыкъызэрыхуигъэзар.
- Сыт апхуэдэ лъэбакъуэр къызыхэкIар? Зы илъэс и пэкIэ Бгырыс Автоном Совет Социалист Республикэ къызэрагъэпэщри, большевикхэм ягъэзэщIат щхьэхуэу псэунымкIэ хуитыныгъэ иратыну лъэпкъ цIыкIухэр къызэрагъэгугъар. Сыт-тIэ къэхъужар? Псори зи ягъэр мис а хуитыныгъэр къуабэбжьабэу къызэрыщIэкIарщ. А зэгухьэныгъэм хуэфащэ увыпIэ къыщратакъым къэбэрдейхэм. АССР-р зезыхьэ властхэр адрейхэм езыр-езыру зыхуагуэшыжат. Дыдейхэм къалъысар мащIэ дыдэт. Абы щыгъуэми, Кавминводхэри яхэту Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэшхуэ хуит къэзыщIыжар адыгэ-хэрт. Хэбгъэзыхьмэ, «осетин-ингуш фронтым» и зэманым яку дыхьэу лъэпкъитIыр зэзымыгъэзэуахэри ахэрат. А псори къыщыхъуар «дыгъуасэти», дэтхэнэми фIыуэ ищIэжырт. ИтIани…
- Мыри къэлъытэн хуейщ: лIэщIыгъуэ хъуауэ зэгъунэгъуми, лъэпкъхэм къадекIуэкI хабзэхэмкIи, ягъуэта зыужьыныгъэ я лъэныкъуэкIи, уеблэмэ, я гупсысэкIи ахэр хуабжьу зэщхьэщыкIырт. Къэрал лэжьакIуэ цIэры-Iуэ Микоян Анастас (1922 гъэм ар ВКП (б)-м и Кавказ Ищхъэрэ крайкомым и япэ секретарь ящIауэ щытащ) и гукъэкIыжхэм нэхъ щыхьэт дыхуейкъым: «Бгырыс АССР-р къызэрызэрагъэпэщар щыуагъэт. Къэбэрдейхэр абы къыхэкIыжащ, иужькIэ абыхэм я щапхъэм ирикIуащ балъкъэрхэри. Ахэр бэзэрми здэкIуэр Владикавказтэкъым, атIэ Псыхуабэт, Налшык къуажэшхуэт».
- Мис апхуэдэ щхьэусыгъуэрщ къэбэрдейхэмрэ 1922 гъэм и мазаем балъкъэрхэмрэ АССР-м къыхэкIыу КъБАО къызэрагъэпэщыныр къызыхэкIари. Ауэ псори къыщежьар 1921 гъэм фокIадэм и 1-рщ.
- ГъащIэм белджылыуэ къигъэлъэгъуащ а лъэбакъуэр хуабжьу тэмэму зэрачар: лъэпощхьэпохэр зимыIэж щIыналъэм псынщIэ дыдэу зиужьу щIидзащ икIи пIалъэ кIэщIым адрейхэм ящхьэпрыкIащ, жьы бэуэгъуэ зыгъуэтыжам хуэдэу.
- Псори къыщыщIадзащ щIэныгъэншагъэр гъэкIуэдыжыным, тхыбзэр зэтраухуащ. Ликбезхэр, изба-читальня жыхуаIэхэр, класси 4, класси 7 щIэныгъэ щызрагъэгъуэт школхэр лъахэм и щIыпIэ псоми къыщызэIуахащ, къуажэхэми клубхэми зыщаубгъурт. Дауи, абы папщIэ ахъшэ ухуейт. Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ къуажэ IэнатIэм, абы щекIуэкI лэжьыгъэхэм хуэIэ-зэт, ауэ промышленностым хащIыкI щыIэтэкъым — ар яIэххэтэкъым. Автоном областым зэкIэлъхьэужьу щаухуэу щIадзащ иджыри къэс зи цIэр зэхамыха заводхэмрэ фабрикэхэмрэ. Махуэ къэс ди щIыналъэм зыпэмыплъа Iуэху ехьэжьа гуэрхэр къыщыхъурт. «Еуэ, уадэ хьэлъэ! Заводхэр гъэлажьэ!» — къэIуащ ЩоджэнцIыкIу Алий и макъ лъэщыр. ПсэукIэщIэм абы триухуащ усыгъэ куэд: «IэфIыкIэ щащI фабрикэ», «Бахъсэн ГЭС», «Линэ трактористкэщ», н. А сатыр гукъинэжхэм цIыхухэм гушхуэныгъэ къыхалъхьэрт, адэжь хэкум щагъахъэ псори дэтхэнэми езым и щхьэкIэ къехъулIауэ къыщыхъурт.
- Хэти сыти жрыреIэ, ауэ Къэбрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къалмыкъ БетIал къызэгъэпэщакIуэ акъылыфIэт. Абы и унафэм щIэту КъБАО-м щаухуэ псори ди гъунэгъухэм щащIхэм инагъкIи, зэманым къызэрезэгъкIи ящхьэпрыкIырт.
- А псори ямылъагъуу къэнакъым. Ди лъахэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм пэрыт тхыгъэ зыбжанэ триухуащ «Правда» газетым. Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыхьырт Москва, нэгъуэщI щIыпIэхэм къикI тхакIуэ, усакIуэ, журналист цIэрыIуэхэр. «Абы укIуамэ, нэгъуэщI дуней укъыщыхута хуэдэу къыпщохъу, — къыхагъэщхьэхукIырт абыхэм. — Я къалэ, къуажэ уэрамхэр зэлъыIухащ, я хьэсэхэр екIуу зехьащ, дэрэжэгъуэ къуату. Нэхъыщхьэращи, езы цIыхухэр егъэлеяуэ къыпхуогуа-пэ, пхуэмыIуэтэн хуэдизу. Мыбы зэ къэкIуам ар зэи щыгъупщэжынукъым». А псалъэхэр «Правда» газетым тридза тхыгъэм щыщщ. Социалист ухуэныгъэм къыщихьа ехъулIэныгъэ ин дыдэхэм къыхэкIыу 1934 гъэм КъБАО-м къэралым и дамыгъэ нэхъыщхьэр — Ленин орденыр — къратауэ щытащ. Илъэсищ и пэкIэ апхуэдэ щIыхьыр къылъагъэсат щIыналъэм и Iэтащхьэ Къалмыкъ БетIал. Псори нэхъыбэу зи фIыщIэр автоном областым щхьэхуэу зиужьыну Iэмал къызэрыратарщ.
- 1936 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м социализм текIуам и Конституцэр къащта иужь Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр нэхъри дэкIуеящ — ар автоном республикэ хъуащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым хахащ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэр. Иджы ар властым и къудамищыр — Парламент, Правительствэ, Суд Нэхъыщхьэ — зиIэ къэрал хъуащ.
- ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ди деж щагъэващ СССР псор зыхэхуа гугъуехьхэмрэ мыгъуагъэхэмрэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, къэунэхуа ди интеллигенцэм кIэлъызэрахьа политикэ залымыгъэр, нэгъуэщI дэкъузэныгъэхэр. Ауэ абыхэм къызэтрагъэувыIакъым щIыналъэм и зыужьыныгъэр.
- Хэку зауэшхуэр къызэрыхъейуэ къэралыр яхъумэну кIуащ ди щIалэ, хъыджэбз минхэр. 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм зэрихьа лIыгъэр псоми ящIэ. Абы къыдэкIуэу фронтым быдэу зыщIагъэкъуащ къэнахэм — жэщ-махуэ жамыIэу заводхэм, губгъуэхэм щылэжьа ди цIыхухэм.
- Зауэ нэужьыр тыншакъым. А зэман гугъуми къыщыхэжаныкIащ ди цIыхухэр. Куэд къыбжеIэ зы щапхъэ закъуэм: Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) адыгэ къуажэжьым щыщхэу Бырс Анзор, Къалмыкъ Хьэжмурат, Щоджэн ТIэлашэ сымэ шы гъэхъун IэнатIэм щахузэфIэкIам папщIэ «Социалист Лэжьыгъэм и ЛIы-хъужь» цIэ лъапIэр къыфIащащ.
- КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэ- ри ди республикэм и дежкIэ хуабжьу гуащIафIэу икIирт купщIафIэу щытащ. КъБАССР-м къэралым иритт гъавэ, лы, гъэш, зыхъумэжыныгъэ IэнатIэм къыщагъэсэбэп Iэмэпсымэхэр, н.къ. Жэщи махуи лажьэрт Тырныауз вольфрам-молибден комбинатыр… Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къыщIигъэкI IэщIагъэлIхэр союзпсо утыкум ихьащ. Лъэ-щу заужьырт медицинэми, щэнхабзэми, спортми.
- Гукъинэж хъуащ Къэбэрдейр Урысейм зэрыхыхьэрэ илъэс 400 щрикъуа 1957 гъэр. IэнатIэ псоми къыщихьа ехъулIэныгъэшхуэхэм папщIэ ди республикэм етIуанэу къратащ Ленин орденыр. ИужькIэ — Октябрь революцэм, Зэныбжьэгъугъэм я орденхэр. Апхуэдэ пщIэ зылъыса нэгъуэщI щIыналъэхэр мащIэ дыдэщ.
- СССР лъэщыр лъэлъэжа иужькIэ Къэбэдей-Балъкъэрыр, къэралым и адрей щIыналъэ псоми хуэдэу, гъэунэхуныгъэ хьэлъэхэм хэхуащ, ауэ абыхэм ди цIыхухэр къызэфIагъэщIакъым. Нэхъыщхьэр — Урысейм хэт ди къэралыгъуэр — къызэтенащ. Ар щыдиIэкIэ, сыт хуэдэ гугъуехьхэми дыкъыхэкIыфынущ. ЖытIэнщи, дуней псом щикъухьа адыгэхэм ящыщу къэралыгъуэ зиIэр Урысейм щыпсэухэм я закъуэщ. Дэ а фIыгъуэм дрогушхуэ.
- Шал Мухьэмэд,
- политикэ обозреватель.