Гъунапкъэншэ икIи уахътыншэ
2018-05-09
Илъэсхэр макIуэ, мафIэ лыгъейм ди къэралыр щыхэта зэманыр кIуэ пэтми нэхъ жыжьэ мэхъу. АрщхьэкIэ дунейр къызэриухуэрэ щынэхъ гуащIэ икIи лъапсэрыхыу щыта Хэку зауэшхуэр дэ зэи тщыгъупщэжынукъым. Ди адэшхуэхэм абы щызэрахьа лIыгъэр сыт щыгъуи щытынущ быдагъэмрэ лIыхъужьыгъэмрэ я щапхъэу. Апхуэдэ псэзэпылъхьэпIэ лъэхъэнэхэр тхыдэм зэи хэгъуэщэжыркъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ, Хэха
Абы уриджэгу хъунукъым
2018-04-17
- Дунейр езым и тепщэныгъэм щIэту зыкъэзылъы-тэж США-м аргуэру бзаджэнаджагъэ зэхищIыхьащ и жагъуэгъухэм яхибжэ къэралхэм ящыщ зым хуэгъэзауэ. Зи гугъу тщIыр, дауи, къызэрывгурыIуащи, куэд щIауэ зауэм и бэлыхьым хэмыкI Сириерщ. Иджы дыдэ абы и къалэ Думэ «томагавк» ракетэхэр ириутIыпщащ, Асад Башар а щIыпIэм химие Iэщэ къыщигъэсэбэпа хуэдэу щхьэусыгъуэ ищIри.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
2018-03-30
- Сталиным и тетыгъуэм лей зыкIэлъызэрахьэр «цIыхубэм и бийуэ» къалъыта цIыху щхьэхуэхэм я закъуэтэкъым. Абыхэм яхэхуэрт лъэпкъ псохэри. Тхыдэджхэм зэрыжаIэмкIэ, СССР-м и зэманым я лъахэм ирагъэкIащ псори зэхэту лъэпкъ 61-рэ. Хуабжьу ди жагъуэ зэрыхъущи, абыхэм яхэтащ игъащIэ лъандэрэ къуэшым хуэдэу къыддэгъуэгурыкIуэ балъкъэрхэри.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
Жыжьэ къыщожьэ
2018-03-08
- Дэ къыддэгъуэгурыкIуэ нэхъ гуфIэгъуэ махуэхэм ящыщщ Гъатхэпэм и 8-р. А махуэм дэ, цIыхухъухэм, дигу къыдогъэкIыж ди анэхэм, ди щхьэгъусэхэм, ди пхъухэм, бзылъхугъэ псоми ди гъащIэм щаIэ мыхьэнэр зэрыгъунапкъэншэр. Пэжщ, абы дэ дегупсысын хуейт илъэсым и зэман псоми. Апхуэдэу хъуну къыщIэкIынщ зэгуэри…
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
Хьэгъэщагъэхэмрэ зэпэщIэувэныгъэхэмкIэ псыхьа зэман
2017-11-04
- Къэралыр къезыгъэлар цIыху къызэрыгуэкIхэм я лIыгъэрщ
- Илъэс 400 хуэдиз и пэкIэ Урысейр щытыкIэ хьэлъэм къихутащ. Псори зэхэзэрыхьат: дин Iуэхухэри, политикэри, псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ цIыхухэм я мыарэзыныгъэри. Мыпхуэдэущ ар зэрыщытар.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
Илъэс блэкIахэм дариплъэжмэ…
2017-09-01
- Дунейм тет нэхъ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщ адыгэхэр сыт щыгъуи щIэхъуэпсащ езыхэм я къэралыгъуэ къызэрагъэпэщыным. Тхыдэ жыжьэр щыхьэт тохъуэ зэгуэр ар абыхэм яIэу зэрыщытам. АрщхьэкIэ щытыкIэ зэмылIэжьыгъуэхэм икIи хуабжьу гугъусыгъухэм куэдрэ ихуэу къэгъуэгурыкIуа ди лъэпкъэгъухэм иужькIэ къэралыгъуэр яхузэтеухуэжакъым, абы мызэ-мытIэу пэгъунэгъу хуэхъуауэ щытами.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
ТхыдэщIэм и къежьапIэр
2017-06-10
- Мэкъуауэгъуэм и 12-м дгъэлъапIэр ипэжыпIэкIэ къэрал гуфIэгъуэщ — Урысейм и махуэрщ. 2002 гъэр къэсыху ар Урысейм и Къэрал суверенитетым теухуа декларацэр къыщащта махуэу яIэту щытащ. Мы гуфIэгъуэр УФ-м и къэрал махуэшхуэ нэхъ «ныбжьыщIэ» дыдэхэм ящыщщ икIи ар ехьэлIащ абы и тхыдэщIэм.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
ГуащIэрыпсэухэм къахуигъэщIат
2017-04-29
- Иджы дгъэлъапIэ гуфIэгъуэм нэхъапэм СССР-м зэрыщеджэу щытар ГуащIэрыпсэухэм я дунейпсо зэакъылэгъуныгъэм и махуэущ. Ар иджыри къэрали 142-м щаIэт. Языныкъуэхэм, псалъэм и хьэтыркIэ, США-м, Японием, Австралием мыр щагъэлъапIэр нэгъуэщI зэманщ. Индиери яхэту, къэрал 80-м накъыгъэм и 1-р гуфIэгъуэу къыщалъытэххэркъым.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
2016-11-08
- Дэ, нэхъыжьхэр, сыт щыгъуи хуабжьу дригушхуэу щытащ ди къэралым и щыхьэр Москва щекIуэкI дзэ парадхэм. Абыхэм ягъэбыдэрт дызыщыпсэу СССР лъэщым зыри къызэрытемыкIуэнумкIэ тхэлъ фIэщхъуныгъэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
Урысейм и гъуэгущIэ
2016-11-04
- Иджыри къэс мащIэкъым «щэкIуэгъуэм и 4-м дгъэлъапIэр сыт хуэдэ махуэшхуэ»? — жаIэу щIэупщIэхэр. Куэдым иджыри къалъытэ ар ЗэгурыIуэныгъэмрэ зэкIужыныгъэмрэ я махуэу. Апхуэдэу, щэкIуэгъуэм и 7-р зэрахъуэкIауэ щытащ 1996 гъэм. Ауэ УФ-м и Президентым и УказкIэ 2005 гъэм большевикхэм я зэманым «Октябрь Социалист Революцэ Иным и махуэу» щытар «ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэ» хъуащ, лIэщIыгъуэ зыбжанэ и пэкIэ щэкIуэгъуэм и 4-м Урысейм щекIуэкIа Iуэхухэм тращIыхьри.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
Дуней псом пщIэ щиIэщ
2016-09-03
- Куэд зи фэм дэкIа ди щIыналъэм и цIыхухэм илъэс 95-рэ и пэкIэ я хъуэпсапIэр къайхъулIащ. Абыхэм ягъуэтащ лIэщIыгъуэ куэдкIэ я нэ къызыхуикIар — япэ дыдэу адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я лъахэм къэралыгъуэ теплъэ игъуэтащ.
-
- Большевикхэм ягъэзэщIащ къызэрагъэгугъар: лъэпкъ псоми щхьэхуэу щытынымкIэ, тхыбзэ яIэнымкIэ лъабжьэхэр зэтраухуащ. Псори хъарзынэ хуэдэт, арщхьэкIэ иджыри лъэпощхьэпо, зэфIэмыхьэныгъэ куэд Iуэхум хэлът. Ар къызыхэкIри гурыIуэгъуэт: щIэ псоми тыншу зэи гъуэгу ягъуэтыркъым. Апхуэдэуи хъуащ. Октябрь революцэр текIуа иужь къэбэрдейхэмрэ балъкъэрхэмрэ хагъэхьащ Бгырыс Автоном Совет Социалист Республикэм. АрщхьэкIэ а зэгухьэныгъэр емыгупсысауэ къызэрагъэпэщауэ къыщIэкIащ. Ар иужькIэщ къащыгурыIуэжар. Псалъэм и хьэтыркIэ, парт, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ Микоян Анастас и гукъэкIыжхэм къыщегъэлъагъуэ къэбэрдейхэмрэ балъкъэрхэмрэ а зэгухьэныгъэм зэрыхагъэхьар къезэгъыу зэрыщымытар: «А зэгухьэныгъэм хэт лъэпкъхэр муслъымэн диным фIэкIа зыми зэпищIэртэкъым, ахэр экономикэкIи, псэуныгъэм ехьэлIа нэгъуэщI псомкIи щхьэхуэт. Хэбгъэзыхьмэ, къэбэрдейхэмрэ балъкъэрхэмрэ здэкIуэр Владикавказтэкъым, атIэ Псыхуабэ бэзэрырт». Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
ЩыIэр зы пэж закъуэщ
2016-05-07
- Тхыдэм уриджэгу хъунукъым
-
Дунейр къызэригъэщIрэ Хэку зауэшхуэм нэхърэ нэхъ лъы куэд щагъэжа къэхъуакъым. Аращ ди цIыхухэм ТекIуэныгъэм и махуэр — накъыгъэм и 9-р псом хуэмыдэу хэIэтыкIауэ илъэс къэс щIагъэлъапIэри.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
ГуфIэгъуэ иныр догъэлъапIэ
2014-05-08
- Ди къэралым и гуфIэгъуэ нэхъыщхьэщ дгъэлъапIэ ТекIуэныгъэм и махуэр. Ар къызыхэкIри гурыIуэгъуэщ: цIыхур дунейм къызэрытехъуэрэ зыми илъэгъуакъым Хэку зауэшхуэм нэхърэ нэхъ псэзэпылъхьэпIэу щыта зэжьэхэуэныгъэшхуэ. А зэпэщIэтыныгъэм къиша гуауэмрэ насыпыншагъэмрэ апхуэдизкIэ инщи, зэман дэкIми, тхыдэм хэгъуэщэжыркъым.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
Тхыдэр и гъуэгу тоувэж
2014-03-20
- Ди къэралым къыщыхъуащ иужь зэманым зи мыхьэнэкIэ зыми пхуемыгъэпщэну Iуэхухэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ
Тхыдэм и зыгъэзапIэхэм ящыщ зы
2013-11-02
- Илъэс зыбжанэ хъуауэ ди къэралым щагъэлъапIэ ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэр. Ди гъащIэм щIэуэ къыхыхьа а махуэшхуэм десэжауэ жыпIэ хъунущ. АрщхьэкIэ иджыри куэдым къагурыIуэркъым а гуфIэгъуэр къэрал унафэкIэ ягъэувыныр къызыхэкIар. Абы щыгъуэми лъабжьэ гуэри зимыIэ щыIэкъым.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ