ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ар  псоми  дыдейщ

2019-06-12

  • Сыт хуэдэ гуфIэгъуэми щIэдзапIэ иIэщ. Урысейм и махуэм тхыдэшхуэ иIэкъым — ар гъэлъэпIэн зэрыщIадзэрэ куэд щIакъым. 1990 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м РСФСР-м и цIыхубэ депутатхэм я япэ съездым къыщащтащ РСФСР-м и Къэрал суверенитетым и декларацэр. 1992 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м ар ди къэралым щагъэуващ «Урысей Федерацэм и Къэрал суверенитетым и декларацэр къыщащта махуэу». А илъэс дыдэм фокIадэм и 25-м зыхуэфащэ зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ «Лэжьыгъэм теухуа законхэм я кодексым». Ауэрэ, 1998 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м цIыхухэм телевиденэкIэ защыхуигъазэм УФ-м и Президент Ельцин Борис къыхилъхьащ дяпэ-кIэ а гуфIэгъуэр «Урысейм и Махуэу» яIэтыну. А цIэр къэрал унафэ хъуащ 2002 гъэм Лэжьыгъэ кодексыщIэ къащта иужь.

  • Хабзэ зэрыхъуащи, илъэс къэс мэкъуауэгъуэм и 12-м УФ-м и Президентым Урысей Федерацэм и дамыгъэ лъапIэ-хэр Кремлым щарет ар зыхуагъэфэщахэм, ар цIыхухэм йохъуэхъу махуэшхуэм и щIыхькIэ. Москва и Ут Плъыжьым щекIуэкI гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр хьэрэкIытIэ щхъуэкIэплъыкIэхэр уафэгум ираутIыпщхьэу еух. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Москва и закъуэкъым махуэшхуэм егъэщIылIа Iуэхухэр щекIуэкIыр. Урысейм и щIыналъэ псоми и уэрамхэм цIыхухэр къыдохьэ Урысейм и бэракъхэр яIыгъыу.
  •  Иджы а гуфIэгъуэм къытхуихьахэм ятеухуауэ. 1990 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м къащта Декларацэм игъэуващ Урысейм и Конституцэр къэралым и Закон нэхъыщхьэу зэрыщытыр. Абы игъуэтащ «Урысей Федерацэ» цIэр. Апхуэдэ дыдэу УФ-р абы щыпсэу лъэпкъ псоми я къэрал хъуащ, федерализмэр и лъабжьэу. 1992 гъэм а махуэм Урысейм и Президентыр IэIэткIэ хахащ. А хэхыныгъэхэм, псори дызэрыщыгъуазэщи, щытекIуащ Ельцин Борис. Языныкъуэхэм ар иджыри къэс ягъэлъапIэ «Къэралыр хамэ унафэ къыщыщIэкIа махуэу». Ауэ ар тэмэмкъым. Урысейр лIэщIыгъуэ куэд хъуауэ зыми и унафэ щIэмыт къэралщ. Ауэ а махуэр Хэкум и тхыдэщIэм и щIэдзапIэщ. 2001 гъэм Кремлым къыщыщыпсалъэу абы щыхьэт техъуащ УФ-м и Президент Путин Владимир: «Мы Декларацэр и щIэдзапIэщ ди тхыдэщIэм. Граждан хуитыныгъэхэмрэ законым бжьыпэр зэриIыгъымрэ тещIыхьа демократие къэралым и тхыдэм. Абы и купщIэ нэхъыщхьэр ехъулIэныгъэщ, цIыхухэм зыхуейр ягъуэтынырщ, фIыгъуэ яIэнырщ».
  • Пэжу, къаймыхъулIа куэди щыIэщ. Абыхэм ящыщу псом хуэмыдэу дызыгъэпIейтейр цIыхухэр я псэукIэкIэ хуабжьу зэрызэщхьэщыкIарщ. Щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу УФ-м и экономикэм псынщIэу зиужьыркъым. УФ-м и Президент Путин Владимир иджыблагъэ зиумысыжащ къэралым и цIыху мелуан 20-м нэсыр зэрыкъулейсызымкIэ. ЩыщIэныгъэхэр IэнатIэ псоми щыIэщ. Аращи, зэфIагъэкIын хуейхэр мащIэкъым. Ди гугъэщ къэралым и унафэщIхэм апхуэдэу щыт зэрымыхъунур кIуэ пэтми нэхъ куууэ къагурыIуэу. Iуэху зехьэкIэхэр ирагъэфIакIуэмэ, ныкъусаныгъэ псори пIалъэ кIэщIым ягъэкIуэдыжыфынущ.
  • Ди къэралым иIэщ зэрыгушхуэни — псом япэу Урысейм и шынагъуэншагъэм. Абы и Iэщэхэр апхуэдизкIэ лъэщщи, зыри тегушхуэнукъым зыкърипщытыну. 90 гъэхэм УФ-м и хэхъуапIэ нэхъыщхьэу щытар щIыдагъэмрэ газымрэт. Иджы УФ-р гъавэу къилэжьымрэ ищэмрэ я куэдагъымкIэ дунейм щынэхъ къулей дыдэ США-ми щхьэпрыкIащ. НэгъуэщI ехъулIэныгъэхэри щыIэщ. Абы цIыхухэм гушхуэныгъэ къахелъхьэ.
  • Урысейм и щIыналъэ псоми хуэдэу, махуэшхуэр нобэ Iэтауэ щагъэлъэпIэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрми. ЕкIуэкIыну Iуэхухэм я нагъыщэ нэхъыщхьэу щытынури лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэрщ. ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэм ящыщщ Нал- шык щекIуэкIыну «Урысейм и лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и парадыр», «Си къэралыр — си Республикэр» фестивалыр. ЦIыхухэм яIыгъынущ Урысейм, ди республикэм я бэракъхэр. ГуфIэгъуэм хэтынущ КъБР-м и унафэщIхэр, депутатхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэ псоми я лIыкIуэхэр. Зэхыхьэм зыкъыщагъэлъэгъуэнущ лъэпкъ фащэхэмкIэ хуэпа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ.
  • Урысейм и цIыхухэр гуфIэгъуэм IущIащ ягурэ я щхьэрэ зэтелъу, нэхъыфIым щыгугъыу. Тхьэм къыдигъэхъулIэ!
  • Фигу къэдгъэкIыжынщ мэкъуауэгъуэм и 12-р зыгъэпсэхугъуэ махуэу зэрыщытыр.
  • Шал Мухьэмэд.