Зэманым догъуэгурыкIуэ
2020-01-11
- Дэтхэнэ Iуэхуми езым и къежьапIэ иIэжщ. 1991 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м УФ-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ ягъэуващ Урысей печатым и махуэр.
- АБЫ ЛЪАБЖЬЭ хуэхъуар Урысейм япэу газетыр къыщыщыдэкIа махуэрщ — 1703 гъэм щIышылэм и 2-м (жьымкIэ щIышылэм и 13-м) «Ведомости о военных, иных делах, достойных знания и памяти, случившихся в Московском Государстве и во иных окрестных странах» газетыр Мэзкуу дунейм къыщытехьауэ щытарщ. Европэм сыт щыгъуи хуеплъэкI икIи абы щапхъэ къытезых къэрал унафэщI Пётр Езанэм газетыр къилъытэрт пащтыхьыгъуэр зыгъэбыдэ хъыбарегъащIэ Iэщэ лъэщу. ЖыпIэнурамэ, абдеж къыщежьащ урысей журналистикэри.
- IуэхугъуэщIэм занщIэу зиукъуэдиящ. Илъэс къэс газетхэмрэ журналхэмрэ я бжыгъэм къыхэхъуэрт. Жэпуэгъуэ революцэм иужькIи печатым и мыхьэнэр ехуэхакъым, уеблэмэ къыпхуэмылъытэным хуэдизу зиIэтащ — властыр зыIэщIыхьа большевикхэм хэт нэхъри нэхъыфIу къагурыIуэрт газет псалъэм и къарур. Хэбгъэзыхьмэ, Печатым и махуэу ягъэувауэ щытащ накъыгъэм и 5-р — 1912 гъэм а махуэрт Ленин Владимир къэралым и газет нэхъыщхьэу иужькIэ игъэува «Правда»-р къыщыдигъэкIар. Апхуэдэурэ екIуэкIащ. СССР лъэлъэжам и бжаблэр къеIызыха Урысей Федерацэми увыпIэшхуэ щаубыдащ газетхэмрэ журналхэмрэ. Псалъэм папщIэ, 2009 гъэм къэралыщIэм дунейм къыщытехьэрт къыдэкIыгъуэ мин 33-м щIигъу — махуэ къэс ятепщIыхьмэ, экземпляр мелуан 20.
- КъедбжэкIа псори блэкIащ. АтIэ, ди къэралым и журналистхэр сыт хуэдэ ехъулIэныгъэхэр яIэу IущIэрэ я махуэм?
- Псом япэу къэдгъэлъэгъуэн хуейщ тхыдэм и дежкIэ кIыхьу щымыт лъэхъэнэм зэхъуэкIыныгъэ куэд къызэрыдэкIуар. Электрон Iэмэпсымэхэр къежьа иужькIэ, цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ Iэмалхэми хуабжьу заубгъуащ. Прессэм и электрон Iэмэпсымэхэр, дауи, япэ йощ газетхэм. Иджыпсту Интернетым щыбгъуэтынущ сыт хуэдэ хъыбарри. АрщхьэкIэ ди гуапэу къыхыдогъэщхьэхукI газетхэм я пщIэр зэремыхуэхари: радиокIэ е телевизоркIэ къата, Интернетым къыщыбгъуэтыну хъыбархэр куэдкIэ къащхьэщокI зэпэшэчауэ икIи псори зэпэлъытауэ газетхэм традзэ тхыгъэхэм. Арагъэнщ абыхэм нэхъ дзыхь щIыхуащIри.
- АРДЫДЭР хужыпIэ хъунущ 1924 гъэм зи япэ номерыр дунейм къытехьа «Адыгэ псалъэ» газетми. Дэтхэнэми и дежкIэ гурыIуэгъуэщ ди лъэпкъым и зэхэщIыкIым зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ ин дыдэ абы зэрыхуищIыр. Дэ, газетым и лэжьакIуэ нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми, псом япэу ди гулъытэр зыхуэгъэзар дунейм и нэхъ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщ адыгэхэм ди къекIуэкIыкIар, дунейм щыдгъэхъахэр, ди хабзэ дахэхэр, дызыщIэхъуэпсхэр, гукъеуэхэр ди щIэджыкIакIуэхэм ялъэдгъэIэсынырщ. Ауэ ар зы лъэныкъуэ къудейщ: газетыр щыгазеткIэ, ар абы ещхь дэтхэнэ нэгъуэщI къыдэкIыгъуэми и фащэкIэ хуэпауэ щытын хуейщ: политикэ, экономикэ, щэнхабзэ Iуэхухэр тетыпхъэщ.
- «Адыгэ псалъэм» къыдэкIын зэрыщIидзэрэ блэкIа илъэс 95-м ар къайхъулIащ дяпэ итахэу нобэ къытхэмытыжхэми, зи гъащIэ псор лъэпкъ журналистикэм зегъэужьыным тезыухуа ди нэхъыжьыфIхэми, иужь илъэсхэм къыткъуэува ныбжьыщIэхэми.
- ДАУИ, гупышхуэ хъу лэжьакIуэхэм я цIэр зырызу къытхуиIуэнукъым, ауэ къыхэдгъэщыну дыхуейт ди нэхъыжьхэр. Ахэр редактор нэхъыщхьэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м, АР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я журналист, нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэ куэдкIэ ягъэпэжа ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, зэдзэкIауэ къалэныр пылъхьэншэу зыгъэзащIэ, КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр зыхуагъэфэща Тэнащ Анатолэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналистхэу ЖьэкIэмыхъу Маринэ, Ширдий Маринэ, Жыласэ Заурбэч, Жыласэ Маритэ, Шал Мухьэмэд, корректор Афэ Тамарэ, жэуап зыхь секретарым и къуэдзэ ДыщэкI Соня сымэщ.
- Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI ди нэхъыжьхэм я фIыщIэщ гупым щыщ гуэр тхэкIми, щIэ къытхыхьэми, лэжьыгъэр зэпIэзэрыту зэрекIуэкIыр. УнафэщIым лейуэ ущытхъуну къезэгъыркъым, ауэ пэжыр пэжщ — ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и гуащIэшхуэ хэлъщ «Адыгэ псалъэр» и теплъэкIи, и купщIэкIи зэманым зэрыдэгъуэгурыкIуэфым.
- Мыри къыхэдгъэщынут. Дэ ди лэжьыгъэм пщIэ къызэрыхуэфщIырщ дызыгъэгушхуэр. Газетыр щIыщыIэр абы еджэхэращи, гупсэхугъуэрэ щIэныгъэрэ фи унагъуэхэм зэритхьэным дяпэкIи яужь дитынущ.
- МАХЪШОКЪУЭ Мухьэмэд.