ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Захуагъэр я гъуазэу

2018-11-07

  • Ди къэралым иджы хэIэтыкIауэ (хэбгъэзыхьмэ, зыуи) щамыгъэлъэпIэж Октябрь социалист революцэ иным нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIа икIи дунейр зэзыгъэдзэкIа нэгъуэщI Iуэху ХХ лIэщIыгъуэм щыIакъым. Сыт хуэдиз трамыжыIыхьами, мы зэманым трамыжыIыхьми, дяпэкIэ тражыIыхьынуми яхущIэуфакъым, яхущIэуфэркъым икIи яхущIэуфэнукъым ар гуащIэрыпсэу цIыхум и сэбэп зыхэлъхэм тещIыхьауэ зэрыщытар. Пэжщ, цIыху куэд хэкIуэдащ, къэкIуэну насыпым щIэзэуахэм къемыхъулIахэр нэхъыбэжщ. АрщхьэкIэ сыт хуэдэ революцэм зэрыщIидзэри, ар зэриухри апхуэдэущ. Дунейм и Iыхьэ ханэм къыщыукъубея Октябрь революцэм Урысей империем и мызакъуэу, дуней псом и теплъэм зригъэхъуэжащ.

  • Иджы тыншщ блэкIам утепсэлъыхьыну. Языныкъуэ политологхэм 1917 гъэм къэхъуахэр езыхэр зэрыхуейм хуэдэу къаIуатэ, уеблэмэ, Совет къэралым и къызэгъэпэщакIуэ Ленин Владимир игъэзэщIа къалэныр зэхьэкIауэ икIи гуемыIуу къагъэлъэгъуэну хущIокъу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыкIэ иужь зэманым ирегъэлей телевиденэм.
  • АрщхьэкIэ тхыдэр пхузэхьэкIынукъым.
  • Урысейр етIощIанэ лIэщIыгъуэм хыхьащ псэуныгъэкIи экономикэкIи адрей европей къэралхэм хуабжьу къакIэрыхуауэ. «Европэм и жандарму» къалъытэу къэгъэгъуэрыкIуэр къарукIи лъэрымыхь хъуат: абы и щыхьэт закъуэу урикъунт а лъэхъэнэм зызыужьа къэралхэм ящымыща Япониер къызэрытекIуар. ЕтIуанэ удыну уващ и фейдэ лъэпкъ зыхэмылъ Япэ дунейпсо зауэм зэрыхэпщIар. Псалъэм и хьэтыркIэ, абы хэта къэрал псоми я къулеигъэхэр ягъэбэгъуэну хущIэкъуамэ, Урысейм щIыналъэхэр, уеблэмэ, къелеекIырт. Мыбдежым пащтыхьым къыщилъытакъым и къарур здынэсри, езы пащтыхь ухуэкIэри зэманым къызэремызэгъыжри. Нэхъыщхьэращи, Урысейм революцэ щытыкIэр зэрыщызэфIэувар. Ар къагъэсэбэпащ епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и кIэухым къыкъуэкIа большевикхэм. 1917 гъэм и мазаем Николай ЕтIуанэм я бжаблэр игъэтIылъа иужь властыр ПIалъэкIэ щыIа правительствэм Iэрыхьат, арщхьэкIэ ар цIыху къызэрыгуэкIхэм я псэукIэм зыгуэркIэ зегъэхъуэжыным хуэмыхьэзыру къыщIэкIащ. Хэбгъэзыхьмэ, абы жиIащ пащтыхьым игъэува хабзэхэм я нэхъыбэм тетыну, уеблэмэ, Антантэм (Урысей, Инджылыз, Франджы, США) къыхэнэу зауэм пищэну зэримурадыр. ГурыIуэгъуэт апхуэдэ правительствэм гъащIэ зэримыIэр. Ар къагъэсэбэпащ гупсысакIуэшхуэ Ленин Владимир къыкъуэтхэм. ЗанщIэу жытIэнщи, абыхэм я программэр къызэрыгуэкIт икIи пыухыкIат: рабочэхэм фабрикэхэмрэ заводхэмрэ етын, мэкъумэшыщIэхэм щIыр яхуэгуэшын. А къыхуеджэныгъэм цIыхухэр ятхьэкъуат. Властыр зыIэрыхьа большевикхэм я лъэр апхуэдизкIэ быдэти, абыхэм япэлъэщакъым граждан зауэр зэхэзыубла хужьыдзэхэри интервенцэри. Революцэр иухащ 1922 гъэм дунейм щынэхъ къэрал лъэщыр — Совет Социалист Республикэхэм я Союзыр — къызэрагъэпэщри.
  • АдэкIэ къэхъуахэм псори дыщыгъуазэщ. ЦIыху, лъэпкъ псори хуитыныгъэкIи псэукIэкIи (пэжу, мыкъулейуэ) зэхуэдэ хъуащ. Псом хуэмыдэу зи Iуэху къикIар, дэри дахэту, нэхъ лъэпкъ мащIэхэм ящыщхэрщ. ХэкIуэдэжыпэным нэса адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ тхыбзэ, къэралыгъуэ диIэ хъуащ. Ар Октябрь революцэ иным и фIыщIэщ икIи зэи тхыдэм хэгъуэщэжынукъым.
  • Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди махуэгъэпсым щэкIуэгъуэм и 7-р плъыжькIэ къыщыхэщыжыркъым. АрщхьэкIэ а махуэр щытщ цIыхухэм яку дэлъын хуей захуагъэр дигу къэзыгъэкIыж дамыгъэу.
  • ШАЛ Мухьэмэд.