|
Зытеухуар 'ЩIэ'
2019-03-06
- Интернетым хэIущIыIу щыхъуащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №9-м и 4-нэ классым щеджэ Кальнин Давид «Налшык и IункIыбзэIухи 7» зыфIища компьютер джэгур къызэригупсысар. Хьэлэмэтращи, программист ныбжьыщIэм ар и япэ лэжьыгъэкъым, илъэс и пэ абы зэхигъэува «Цифровая школа будущего» проектым текIуэныгъэ къыщихьащ «Первые шаги в науку» зэхьэзэхуэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЩIэ
2019-01-19
- Дуней псом къыщацIыху ди лъэпкъэгъу дирижёр телъыджэ Темыркъан Юрэ и ныбжьыр илъэс 75-рэ щрикъу илъэсым, 2013 гъэм, Санкт-Петербург дэт «Скифия» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIауэ щытащ Хьэгуарэ Джамилэ «Юрий Темирканов. Монолог» зыфIища и тхылъыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЩIэ
2018-12-04
- КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ щызэIущIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэрэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ жэрдэмхэр зыгъэхьэзырахэмрэ. Ахэр «Доброволец России» урысейпсо зэхьэзэхуэм пхыкIащ икIи ирагъэджэнухэм хагъэхьащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЩIэ
2018-10-04
- Мыр таурыхъым нэхъ ещхьщ. Тэтэрстаным хыхьэ Иннополис къалэм такси къыщебджэмэ, къыпхуэкIуэнущ зезыгъакIуэ цIыхур зэрымыс автомобиль. ЗэкIэ абы уитIысхьэн папщIэ гъэунэхуныгъэм ухэтыну узэрыарэзыр къыщыгъэлъэгъуа тхылъ птын хуейщ: хэгъэзыхь щыIэкъым. «Аргументы и факты» газетым и лэжьакIуэ Ходик Дарье абы тегушхуащ. Мис абы къиIуэтэжыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЩIэ
2018-08-14
- Республикэм и Перинатальнэ центрым къыщызэIуахащ Анэм и еджапIэ. НэхъапэкIэ ди щIыналъэм апхуэдэ IуэхущIапIэ щыIакъым икIи, IэщIагъэлIхэм къызэрыхагъэщымкIэ, лъхугъэм епха IэнатIэм дежкIэ ар мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЩIэ
2018-05-23
- «Iуащхьэмахуэ» журналым мы гъэм и япэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ. Ар, сыт щыгъуи хуэдэу, щIэращIэщ, Iуащхьэмахуэ и щыгу уэсылъэмрэ абы и лъабжьэм къыщыкI удз щхъуантIэхэм къахэшкIурыкI псыежэхымрэ я дахагъэм узыIэпишэрэ фIым ущигъэгугъыу. ЖыпIэнурамэ, журналыр «къыщалъхуа» гъатхэм (и къыдэкIыгъуэр абы и лэжьакIуэхэм ямыягъэ щхьэусыгъуэхэмкIэ гуващ) ещхьщ, ит тхыгъэхэр щIэджыкIакIуэм зэрищIэщыгъуэнум шэч хэлъкъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЩIэ
2018-02-10
- Куэд щыгъуазэу къыщIэкIынщ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм щыщ цIыху зыбжа-нэ зэгухьэу шууей хасэ къызэрагъэпэщауэ зэрылажьэм.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЩIэ
2017-12-19
- Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм дунейм къыщытехьащ «Осетие Ипщэ Республикэм и Тхылъ плъыжь» къыдэкIыгъуэр.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЩIэ
Бдзэжьей лъэпкъыгъуэфIхэр къыщагъэхъунущ
2017-11-30
- Шэджэм къалэм и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щащI «Кавказ-бдзэжьей» ООО-м и япэрей ухуэныгъэхэр и кIэм нагъэблэгъащ. Зы илъэсым къриубыдэу абы къуэлэну тонни 100-м нэблагъэ къыщагъэхъуну я мурадщ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЩIэ
КъыдэкIыгъуэ телъыджэ
2017-11-16
- Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 460-рэ щрикъум ирихьэлIэу Москва къыщыдэкIащ къэрал тхыдэм мыхьэнэшхуэ щызыгъэзэщIа Черкасскэ лъэпкъым къыхэкIахэм я сурэтхэр, абыхэм ятеухуахэр зыдэлъ мультимедийнэ библиотекэ хьэлэмэт. Абы хэлъщ Инал Нэху, Идар Темрыкъуэ, Темрыкъуэ ипхъухэу Гуащэнэ, Алтыншаш, Мэлхъурыб сымэ, Идархэ Къамболэт, Мамсрыкъуэ, Черкасскэхэ Дмитрий, Иван, Яков, Михаил, Къасболэт, Алексей, Владимир сымэ, нэгъуэщIхэми я сурэтхэмрэ ятеухуа тхыгъэ кIэщIхэмрэ. Урысейм и тхыдэм къыхощыж абы и лъэхъэнэ нэхъ гугъу дыдэхэм Черкасскэ лъэпкъым щаIа зэфIэкIхэр. Урысей пащтыхьыгъуэм и къулыкъу нэхъ лъагэ дыдэхэр абыхэм къыщIыхуагъэфэщар я пэжагъырщ, щIэныгъэ куу зэрабгъэдэлъырщ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЩIэ
2017-10-11
- Урысейм и онлайн-сату щIыпIэхэм иджыблагъэ къыщIалъхьащ адыгэ джэгукIэхэр зэрыт сабий тхылъхэр. АдыгэбзэкIэ ахэр къыдэгъэкIынымкIэ жэрдэмыр зейр Москва щыпсэу Урыс Аминэщ.
-
- — Си сабийхэм анэдэлъхубзэр ящIэну си нэ къикIырт. Унэм щIэсхэр адыгэбзэкIэт абыхэм нэхъыбэу дызэрепсалъэр, арщхьэкIэ зи лъахэм пэIэщIэу къэхъу сабийхэмкIэ ари сфIэмащIэ хъужащ. ИтIанэ гу лъыстащ ди бзэмкIэ сабий джэгукIэ цIыкIухэр иту зы тхылъ ди сату щIыпIэхэм зэрыщIэмылъым. Абдеж къыщыушащ мыпхуэдэ гупсысэри, — жеIэ Аминэ. Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЩIэ
Тхыдэм ухэзышэж сурэтхэр
2017-09-22
- Иджыблагъэ дунейм къытехьащ илъэсищэ зыбжанэ ипэкIэ псэуа Черкасскэ лъэпкъым и цIыху гъуэзэджэхэм ятеухуа сурэт альбом гъэщIэрэщIа. Ар зэхэзыгъэувар, цIыху щэщIым я теплъэр зэфIэзыгъэувэжар, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм щIыхь зиIэ я журналист, ЩIДАА-м и академик, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЩIэ
ЗэдзэкIакIуэхэм я еджапIэ къызэIуах
2017-08-05
- Кавказ Ищхъэрэм и литературэр илъэс куэд лъандэрэ зылъахъэ, зезымыгъэужь щхьэусыгъуэхэм ящыщщ лъэпкъыбзэхэм я зэдзэкIакIуэ ирикъуу дызэримыIэр. АнэдэлъхубзэкIэ утхэныр фIыгъуэ мылъытэщ, ауэ зы тхакIуи щыIэу къыщIэкIынкъым и IэдакъэщIэкIыр лъэпкъышхуэхэм я бзэкIэ зэрадзэкIыну щIэмыхъуэпсу.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЩIэ
Ставрополь адыгэбзэр щадж
2017-03-18
- Ставрополь крайм щыIэ «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрым адыгэбзэр щрагъэдж дерсхэр къызэригъэпэщащ. Япэ дерс зэIухар гъатхэпэм и 14-м щекIуэкIащ къалэм дэт Зэныбжьэгъугъэм и унэм.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЩIэ
Лъэпкъыр нэхъри зэрегъэубыд
2016-12-30
- Мы илъэсым хэта лъэпкъ гуфIэгъуэ махуэшхуэхэм я нэхъыщхьэу жыпIэ хъунущ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий и унафэкIэ фокIадэм и 20-м ягъэлъапIэ Адыгэхэм (Шэрджэсхэм) я махуэр. Ар мы гъэм ещанэу екIуэкIащ. Илъэс къэс цIыху нэхъыбэ кърихьэлIэу, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм зиубгъуу къызэрагъэпэщ махуэ дахэр япэ дыдэу ДАХ-м и зэхуэсым 2013 гъэм къыщыхэзылъхьар Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-м и вице-президент «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ. Абы къигъэлъэгъуар адыгэ лъэпкъым и щхьэр щигъэлъэпIэжын, щIалэгъуалэр гушхуэу щызэхыхьэн зы гуфIэгъуэ махуэ диIэн зэрыхуейрщ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЩIэ
|