«Осетие Ипщэ Республикэм и Тхылъ плъыжь»
2017-12-19
- Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм дунейм къыщытехьащ «Осетие Ипщэ Республикэм и Тхылъ плъыжь» къыдэкIыгъуэр.
- — Тхылъыр гъэхьэзырыным щIэныгъэлI зыбжанэ елэжьащ, абы къыхэкIыуи и фIагъкIэ дагъуэ хуэпщIыфынукъым. «ЩIыуэпсыр хъумэным хуэгъэпса къыдэкIыгъуэр и купщIэкIи, и мыхьэнэкIи зихуэдэ щымыIэ тхылъ телъыджэщ. Абы ихуа псэущхьэ, къэкIыгъэ лIэужьыгъуэхэр къэралым и нэIэм щIэту хъумэнымкIэ къыдэкIыгъуэм къалэнышхуэ игъэзэщIэнущ», — щыжиIащ тхылъым и пэублэ псалъэм Осетие Ипщэ Республикэм и Iэтащхьэ Бибилов Анатолий.
- КъыдэкIыгъуэм ихуа тхыгъэхэр зэрызэхэтми абы и теплъэми егугъуащ. Къапщтэмэ, плъыфэ зэхуэмыдэхэр дахэу къызытещ тхылъымпIэ напэ Iувхэр къагъэсэбэпащ, къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ я сурэту 100-м щIигъу итщ, къищынэмыщIауэ, Осетие Ипщэ Республикэм и щIыуэпсэм и теплъэ дахэхэр къыщыгъэлъэгъуащ. Тхылъым и жинтыр дыщэпскIэ гъэщIэрэщIащ.
- Тхылъ плъыжьыр — ар къэрал дэфтэрщ, Осетие Ипщэ Республикэм куэдрэ ущыхуэмызэу, кIуэдыжынкIэ шынагъуэ зиIэхэу щыIэ къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ къыщыгъэлъэгъуауэ. Апхуэдэу абы къыщыхьащ биологиемрэ экологиемкIэ щыIэ щхьэхуэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр, щIыуэпсыр хъумэнымкIэ Iэмалхэр.
- КъыдэкIыгъуэр къахуэщхьэпэ-нущ щIыуэпсыр хъумэнымкIэ щыIэ IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлIхэм, администрацэхэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я лэжьакIуэхэм, лъахэхутэхэм, биологхэм, зоологхэм, экологхэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм и зэхэлъыкIэм дихьэх дэтхэнэ зыми.
- Тхьэхущынэ Ланэ.