Шууей хасэр гъуэгуанэ тохьэ
2018-02-10
- Куэд щыгъуазэу къыщIэкIынщ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм щыщ цIыху зыбжа-нэ зэгухьэу шууей хасэ къызэрагъэпэщауэ зэрылажьэм.
- Мы Iуэхур къызэрырахьэжьэрэ зэман куэд дэмыкIами, хасэм щыщхэм лэжьыгъэ щхьэпэхэр зэфIагъэкIыну хунэсащ. Къыхэгъэщыпхъэщ щIалэхэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэр, зекIуэхэр нэхъыбэу зыхуэунэтIар шым ехьэлIауэ ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъым къыдекIуэкIа хабзэ дахэхэр къэIэтыжыным, ди щIалэгъуалэр адыгэшым и щхьэусыгъуэкIэ нэхъ быдэу зэпыщIа хъуным ехьэлIауэ зэрыщытыр. А псом нэхъ зэпкърыхауэ дэ къытхутепсэлъыхьащ шууей хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм жыджэру хэт, ар егъэфIэкIуэныр зи пщэрылъ Мыз Исмел:
- — ИгъащIэ лъандэрэ шыр зыфIэфI, абы и Iуэху зехуэным дихьэххэр ди лъэпкъым куэду хэтщ. Интернетыр къэдгъэсэбэпри, апхуэдэ цIыхухэр зырыз-тIурытIурэ дызэкъуэувауэ аращ. Зым зы жэрдэм къыхилъхьэм, адрейм нэгъуэщI къыхилъхьэурэ дызэрыцIыхуащ. Зэман дэкIри, мурад тщIащ псори дызэхуэзэу, дызэрылъагъуну икIи дызэпсэлъэну. ЯпэщIыкIэ Налшык дыщызэхуэсри, хъарзынэу гуапэу дызэбгъэдэсащ. Хасэм и лэжьэкIэнум теухуауэ дэтхэнэ зыми иIэ еплъыкIэхэм дедэIуащ. Абы щыгъуэм ди нэхъыжьхэм я чэнджэщхэр сэбэпышхуэ къытхуэхъуащ. Языныкъуэхэри тегушхуакъым, утыкум тэмэму хуэфэщэну димытыфмэ, жаIэри. Адрейхэм я фIэщ хъурт Iуэхугъуэм къежьапIэ иIэ щыхъуакIэ, къыкIэлъыкIуэхэри нэхъ ефIакIуэурэ зэрекIуэкIынур. Абы иужькIэ шэрджэсхэм я деж драгъэблэгъащ. КъыкIэлъыкIуэу Мейкъуапэ дыщызэхуэсащ. Къыхэзгъэщыну сызыхуейращи, ди зэIущIэхэм къагъэлъэгъуащ псоми зы мурад гуэр зэдэтщIыфрэ абы теухуа Iуэхугъуэр и кIэм нэдгъэсыфыну къару дызэриIэр.
- Иужьрейурэ, зекIуэ хуэдэу шым лъэкIри, хузэфIэкIри къэтщIэну Къэрэшей-Шэрджэсым шууэ дыщыIащ. Гъуэгуанэ дыздытетым къуажэхэми дыдыхьащ икIи гу зылъедгъэтащ. Мы Iуэхур зыфIэфI гуэрхэр щыIэжу щытмэ, щхьэусыгъуэ дахуэхъуу зэхэтшащ. ЗекIуэр дахэ дыдэу екIуэкIащ.
- ЦIыхухэр зэуэ мы Iуэхугъуэ етхьэжьам теухуауэ пхуегъэжьэнукъым — ахэр зыгуэркIэ къыдэхьэхын, егъэхъуэпсэн хуейщ. Нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, адыгэ лъэпкъищыр нэхъ пэIэщIэ дызэхуэхъуа нэужь шу гъуэгукIэ зэрыщIэу щытащ. Ар нобэ зэрыхэтшыжам хуабжьу щыгуфIыкIауэ жиIэрт шэрджэс лIыжь гуэрым. Ди мурад нэхъыщхьэр адыгэшым и пщIэр къэтIэтыжыныращ жытIэмэ, ар жыIэгъуэ тэмэму къэслъытэркъым. Дуней псом щыцIэрыIуэ ди лъэпкъышым езым и пщIэр иIэтыжащ икIи ар иIыгъыжщ ижь-ижьыж лъандэрэ. Аращи, ар цIыхухэм къедгъэщIэжмэ, едгъэлъагъужмэ сфIэтэ-тэмщ. Ар и щхьэусыгъуэу утыку дихьауэ аращ.
- Иджыри къыздэсым лэжьыгъэ мащIэ етхьэкIакъым, цIыхухэри нэхъ зэхыхьэ хъуащ. А псор къызэщIэпкъуэжмэ, дызыхуеям, дызыхущIэкъуам дыхуэкIуэу схужыIэнущ.
- МЭЗКУУ Андемыркъан.