ДэIэпыкъуэгъу хъухэр
2018-12-04
- КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ щызэIущIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэрэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ жэрдэмхэр зыгъэхьэзырахэмрэ. Ахэр «Доброволец России» урысейпсо зэхьэзэхуэм пхыкIащ икIи ирагъэджэнухэм хагъэхьащ.
- Зи лэжьыгъэр пхызыгъэкIа цIыху 15-м КИФЩI-м щыщу зы закъуэ яхэту аращ. Ар Налшык къалэм щыпсэу, КъБКъУ-м ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физическэ щэнхабзэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтым и магистрант КъуэщIысокъуэ Зарэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ волонтерым утыку кърихьащ «Сэ сыдэIэпыкъунущ» и проектыр. Ар тещIыхьащ зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэр щапI унагъуэхэм защIэгъэкъуэным. ЗэIущIэм къыщаIэтащ зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэм щадэIэпыкъу IуэхущIапIэхэм адэ-анэхэми щадэлажьэу ящIынымкIэ щыIэ Iэмалхэм.
- Голиковэ Татьянэ къыхигъэщащ къэралым и социальнэ Iуэхухэм зегъэужьыным волонтёрхэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIыр, апхуэдэуи къызэхуэсахэр хигъэгъуэзащ езым иригъэкIуэкI жылагъуэ лэжьыгъэм.
- ЗэIущIэм хэтахэр я жэрдэмхэм щхьэхуэу къытеувыIащ, зыIууэ гугъуехьхэр жаIащ. КъищынэмыщIауэ, тепсэлъыхьащ волонтёрхэмрэ щIыналъэ унафэщIхэмрэ зэрызэдэлажьэр ирагъэфIэкIуэным теухуауэ я мурадхэмрэ жэрдэмхэмрэ. Голиковэ Татьянэ волонтёрхэм ехъуэхъуащ «Доброволец России» саугъэтыр абыхэм къызэрыхуагъэфэщам папщIэ.
- Гу зылъытапхъэ: «Доброволец России» зэхьэзэхуэм 2018 гъэм проект мин 15-рэ 839-рэ къыщагъэлъэгъуащ. Ар нэгъабэ елъытауэ хуэдипщIкIэ нэхъыбэщ. Зэпеуэм пашэ щыхъуахэр егъэджэным теухуа программэр 2019 гъэм и кIэ пщIондэ ирагъэкIуэкIынущ.
- Налшык къалэм и щIыпIэ
- администрацэм
- и пресс-IуэхущIапIэ.