ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зи  чэзу къыдэкIыгъуэ

2018-05-23

  • «Iуащхьэмахуэ» журналым мы гъэм и япэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ. Ар, сыт щыгъуи хуэдэу, щIэращIэщ, Iуащхьэмахуэ и щыгу уэсылъэмрэ абы и лъабжьэм къыщыкI удз щхъуантIэхэм къахэшкIурыкI псыежэхымрэ я дахагъэм узыIэпишэрэ фIым ущигъэгугъыу. ЖыпIэнурамэ, журналыр «къыщалъхуа» гъатхэм (и къыдэкIыгъуэр абы и лэжьакIуэхэм   ямыягъэ щхьэусыгъуэхэмкIэ гуващ) ещхьщ, ит тхыгъэхэр щIэджыкIакIуэм зэрищIэщыгъуэнум шэч хэлъкъым.

  • Журналыр къызэIуех филологие щIэныгъэхэм    я доктор Гъут Iэдэм и «ХэкулIым и щапхъэ нэс» тхыгъэмкIэ. Ар теухуащ къызэралъхурэ илъэси 100 ирикъу тхакIуэ, щIэныгъэлI КъардэнгъущI Зырамыку. Абы щIыгъужщ езы КъардэнгъущIым и «Бэчыжь и къуэмрэ къэзакъ ябгэмрэ» хъыбарыр, псэлъафэ зыбжанэм я къежьэкIэ хъуар щигъэнаIуэ тхыгъэ кIэщIхэр, гушыIэжьейхэр. Абыхэм иджыри зэ уи нэгу щIагъэкI Зырамыку и бзэм и шэрыуагъэмрэ и къалэмыр жану зэрыщытамрэ.
  • АдэкIэ къыкIэлъокIуэ тхакIуэ, кинорежиссёр цIэрыIуэ Къандур Мухьэдин и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъум и щIыхь-кIэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд игъэхьэзыра тхыгъэр. «Адыгэхэм я къэкIуэну зэманым хуола-жьэ» зыфIищам наIуэу  уи нэгу къыщIегъэхьэ ди лъэпкъэгъум и дунейр, и гуащIэр, и зэфIэкIыр икIи а псор зэрызригъэхъулIэфым ущегъэгуфIыкI. «Кавказ» романым щыщ пычыгъуэхэри щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ ирелъхьэ «Iуащхьэмахуэм».
  • ТхакIуэ, тхыдэдж Бейтыгъуэн Сэфарбий илъэс 75-рэ зэрырикъурщ журналым и къыкIэлъыкIуэ напэкIуэцIхэр зыхухахар.  «ЗыкъэзыгъэщIам къигъэщIахэр» тхыгъэр зи IэрыкIыр абы и тхыгъэхэм фIыуэ щыгъуазэ, и гуп-  сысэмрэ и зэфIэкIымрэ пщIэшхуэ хуэзыщI, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Ширдий Маринэщ. АдэкIэ къакIуэ напэкIуэцI пщыкIухым итщ Бейтыгъуэн Сэфарбий и жыIэгъуэ-  хэр. ЦIыху набдзэгубдзаплъэм, гупсысэ шэщIа зиIэм, зи псалъэр шэрыуэм къыхуэгъэщIынур зэрыкуэдыр хьэкъ тщещI Сэфарбий абыхэмкIэ.
  • Литературэ-художественнэ, жылагъуэ-политикэ журналым прозэрэ драматургиемрэ зыщидзеин-тIэ?! Абы итщ КIэбышэ  Лилэ и «Насып кIапэ» Iуэтэжыр, Ольмезов Мурадин «Унэ лъапIэм и щэхухэр» зыфIища и пьесэр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, иужьрей тхыгъэм къытращIыкIауэ ЩоджэнцIыкIу Алий и   цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым спектакль щагъэлъагъуэ.
  • «Литературэ щIэныгъэ. Критикэ» Iыхьэм храгъэубыдащ филологие щIэныгъэхэм я кандидат Хьэвжокъуэ Людмилэ и Iэдакъэм къыщIэкIа «Си щхьэцым хэтщ иджыри фIыцIэ, иджыри си гур гугъэм пылъщ…» тхыгъэр. Ар теухуащ усакIуэ Бэлагъы Любэ.
  • ТекIужь Заретэ гуапэу тетхыхьащ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и художник, скульптор ТхьэкIумашэ Михаил. «Дахагъэр бзэ лей хуэныкъуэкъым» тхыгъэм дыщегъэгъуазэ Михаил и сабиигъуэм, и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ. Зи ныбжьыр илъэс 90 зэрырикъур зыгъэлъапIэ нэхъыжьым и IэрыкI куэд ди къалащхьэм дэтщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, аращ зыщIар Къалмыкъ БетIал, ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, 115-нэ шуудзэм я фэеплъхэр.
  • «IуэрыIуатэ» Iыхьэм хыхьэу мы къыдэкIыгъуэм   итщ Хъуэжэ и хъыбархэм щыщхэр. «ЩIэблэ» псалъащхьэр хухэхащ усакIуэ ныбжьыщIэ Мэртыкъуэ Эдуард. Абы и зэфIэкIым топсэлъыхь филологие щIэныгъэхэм я доктор ТIымыжь Хьэмыщэ.
  • Журналыр зэхуещIыж   зи акъылыр зыгъэжаныну хуейхэм я дэIэпыкъуэгъу нэс адыгэ псалъэзэблэдзымкIэ.
  • ИСТЭПАН Залинэ.