ЦIыхум зэримыгъакIуэ… автомашинэ
2018-10-04
- Мыр таурыхъым нэхъ ещхьщ. Тэтэрстаным хыхьэ Иннополис къалэм такси къыщебджэмэ, къыпхуэкIуэнущ зезыгъакIуэ цIыхур зэрымыс автомобиль. ЗэкIэ абы уитIысхьэн папщIэ гъэунэхуныгъэм ухэтыну узэрыарэзыр къыщыгъэлъэгъуа тхылъ птын хуейщ: хэгъэзыхь щыIэкъым. «Аргументы и факты» газетым и лэжьакIуэ Ходик Дарье абы тегушхуащ. Мис абы къиIуэтэжыр.
- «Автомашинэм и кIэ тIысыпIэр субыдащ. Здигъэшыну лъэныкъуэмкIэ уэздыгъэр егъаблэри, хуэмурэ йожьэ. Телъыджэщ: рулыр мэкIэрахъуэ, ауэ зезыгъакIуэр искъым! Инженер-гъэунэхуакIуэр ипэкIэ щысщ, арщхьэкIэ Iуэхум зыкIи хэIэбэркъым. Иннополис и уэрамхэм дрожэ, зы сыхьэтым километр 40 и псынщIагъыу — абы щIрагъэгъуну зыри хуиткъым. Хуэм зищIурэ автомобилым лъэсырыкIуэхэр блегъэкI. Сэмэгурабгъу лъэныкъуэкIэ хьэлъэзешэ ин къы-щыувыIащ, дыдейми гулъэф иритащ. Дыпоплъэ. Хьэлъэзешэр щытщ, дэри дыщытщ. ИкIэм-икIэ-жым, ди япэ итым ижьырабгъумкIэ егъэш, гъуэгур хуит хъуащ. Дожьэж. «Рулым цIыху Iусмэ, хьэлъэзешэм щхьэдэхынт», — жызоIэ сэ инженерым.
- — Автомашинэр хабзэ ткIийхэм тету мэлажьэ, — къызжиIащ цIыхум зэримыгъакIуэ транспортым зегъэужьынымкIэ «Яндекс» компанием и унафэщI Фокин Артём. — ЦIыхур гъуджэм иплъэурэ зы илъагъумэ, ди машинэм градус 360-р зэуэ къызэщIеубыдэф. Абы и радархэмрэ камерэхэмрэ уагъэжэкъуэнукъым. ЩытыкIэр зыхуэдэри зыхуэдэнури къехутэф. Къэралым и гъуэгухэм къыщыхъу нэщIэбжьэхэм я процент 85-р цIы-хум и зэранщ. Ди автомобилыр гурбиянкъым, шынагъуэ къыкъуэкIмэ, къоувыIэ, зэран къыхуэхъур блегъэкIри, адэкIэ макIуэ. Дауи, ди технологиер нэхъ шынагъуэншэщ. Ар я фIэщ тщIынырщ ди гъэунэхуныгъэхэр зыхуэгъэ-зар. Къыхэзгъэщынщи, Москва къикIри, ди автомобилыр Иннополис къалэми езыр-езыру кIуащ.
- Зи гугъу тщIы автомашинэхэр куэду къежьэн папщIэ щIэ гуэрхэр къагупсысын хуейкъым. Автомобилхэр къыщIагъэкI Урысейм и гъуэгухэм зэрыщызекIуэнум хуэщIауэ. Пкъралъхьэ Iэмэпсымэ псори ди къэралым щащI. Транспорт лIэужьыгъуэщIэр гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэм егъэзэ-гъын хуей къудейщ. Апхуэдэ зэ-гъэзэхуэжыныгъэхэр мы илъэсым и кIэухым халъхьэну къыщIэкIынущ.