Анэм и еджапIэ
2018-08-14
- Республикэм и Перинатальнэ центрым къыщызэIуахащ Анэм и еджапIэ. НэхъапэкIэ ди щIыналъэм апхуэдэ IуэхущIапIэ щыIакъым икIи, IэщIагъэлIхэм къызэрыхагъэщымкIэ, лъхугъэм епха IэнатIэм дежкIэ ар мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ.
- КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ КхъуэIуфэ Аслъэн жиIащ анэхэми, анэ хъуну зызыгъэхьэзырхэми ар икъукIэ щхьэпэ зэрахуэхъунур икIи еджапIэм и лэжьыгъэр ехъулIэныгъэ иIэу ирихьэкIыну ехъуэхъуащ.
- Перинатальнэ центрым и дохутыр нэхъыщхьэ Гаевэ Алёнэ тепсэлъыхьащ Анэм и еджапIэр къыщIызэIуахам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэм: дунейм къытехьэну сабийм унагъуэр хуэгъэхьэзырынымкIэ, къалъхуа цIыкIум зэрыкIэлъыплъыну щIыкIэм щыгъэгъуэзэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъунырщ. IэщIагъэлIхэм анэхэр хуагъэсэнущ сабийр зэрахуэпэнум, зэрагъэшхэнум, зэрагъэпскIынум, лъхугъэм теухуауэ зыгъэгузавэ упщIэ псоми жэуап иратынущ, психологым и дэIэпыкъуныгъи щагъуэтынущ.
- — Анэм и еджапIэр махуэ къэс лэжьэнущ, — жиIащ Гаевэ Алёнэ. — Дэ дыхьэзырщ бзылъхугъэхэр зыгъэпIейтей IуэхугъуэхэмкIэ щIэгъэкъуэн дахуэхъуну. Ахэр зыщIэупщIэ, дэзыхьэх елъытакIэ дерсхэр нэхъ купщIафIэ, щIэщыгъуэ зэрытщIыным дыхущIэкъунущ. Психолог, неонатолог, акушер-гинеколог, педиатр, зыхэт зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэдгъэпэщынущ.
- ЩхьэщэмыщI Изэ.