2021-06-17
- Укъыщалъхуа щIыналъэр, абы илъ хабзэ дахэр, щэнхабзэ екIур фIыуэ плъагъуу, анэдэлъхубзэр анэ гумащIэм хуэдэу къыбдэгъуэгурыкIуэу, абы и IэфIагъыр гурэ псэкIэ зыхэпщIэу упсэуныр насыпышхуэщ. Апхуэдэ лъэпкъ фIыгъуэхэм щIапIыкIа адыгэ пщащэхэм ящыщщ Кэнжэ (Къуэшыркъуей) жылэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и методист, егъэджакIуэ икIи гъэсакIуэ Тэтэр Аминэ. Къуажэм дэт курыт школ №20-р ехъулIэныгъэ иIэу къэзыуха хъыджэбзым и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Социальнэ лэжьыгъэмкIэ, сервисымрэ туризмымкIэ и институтым. «ХьэщIэщ Iуэхур» унэтIыныгъэмкIэ абы и бакалавриатыр фIы дыдэу къиухащ, абыкIэ арэзы мыхъуу, «Туризм» IэщIагъэм магистратурэм щыхуеджэжащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр