ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЦIыкIухэм  фIыуэ  ялъагъу  дохутыр

2021-06-29

  • Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт амбулаторэм педиатру щолажьэ Гуанэ Бэллэ. Сабийхэрщ зэIэзэри, ахэр бзэ гуапэкIэ къыдехьэх, ядогушыIэ, трагъэзэн хуей хъумэ, шынэ ягу илъыжкъым. Арщ дохутыр нэсыр — щIэныгъэ бгъэдэлърэ ар къыхуэгъэсэбэпмэщ. Езы дохутырыр Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм къыщыхъуащ, Налшык къалэ щопсэу, хъыджэбзрэ щIалэрэ иIэщ. Дэ Бэллэ и IэщIагъэм хэлъ щэхухэр зэдгъэщIэну упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.

  • — Сабий дохутыр IэщIагъэр зэбгъэгъуэтыныр уи сабиигъуэм къыщежьа хьэмэрэ…
  • — Ебланэ классым сыщIэсу сымаджэщым сагъэгъуэлъри сыщIэлъат, си пэр операцэ ящIынути. Абы иужькIэ, медицинэр IэщIагъэ сщIыну хъуэпсапIэ схуэхъуащ. Школыр къыщызухым Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и колледжым сыщIэтIысхьащ, диплом плъыжькIи къэзухащ 2001 гъэм. Илъэс дэзгъэкIри, Санкт-Петербург ПедиатриемкIэ къэрал медицинэ академием сыщIэтIысхьэщ. Япэ курсым занщIэу медсестрауэ лэжьэн щыщIэздзащ езы академием неф-рологиемкIэ и къудамэм. ГъэщIэгъуэнт еджэныр икIи гугъут. ЦIыхум и узыншагъэм пыщIа IэщIагъэр къыхэпха нэужь, еджэныр щхьэхынагъэкIэ е нэгъуэщI щхьэусыгъуэкIэ къэбгъэтIасхъэ хъунукъым. Дохутырым сымаджэм теухуауэ ихь жэуаплыныгъэр хьэкъыу ппхыкIауэ уемыджэмэ, дохутыр нэс къыпхэкIынукъым. Дэ ди IэщIагъэр гурэ псэкIэ къыхэпхын хуейщ. Ди еджапIэр ткIийт, студент щыхьэулеифынутэкъым. ТIу къэпхьмэ нэхъыфIт, дерсым ущIэмыхьэ нэхърэ. Уегугъуу узэреджэр ялъагъумэ, дезыгъаджэхэм гулъытэ лей къыпхуащIырт. Сэ икIи сызэрылажьэр ящIэрти, зыкъысщIагъакъуэрт. 2008 гъэм къэзухащ академиер. Си егъэджакIуэхэр къыздэIэпыкъуащ а еджапIэм и интернатурэм сыщIэтIысхьэжынымкIи. Сызэреджэм къыдэкIуэуи, педиатру лэжьэн щIэздзат. ЕджапIэр къэзуха нэужь, республикэм къэзгъэзэжащ. Ауэ 2014 гъэм аргуэру пIалъэкIэ сыкIуащ Санкт-Петербург — сабий нефрологиемкIэ щIэныгъэ зэзгъэгъуэтащ.
  • — ЦIыкIухэм уеIэзэн щхьэкIэ уи щIэныгъэр куууэ щытыпхъэщ, дауи. ЦIыху щIыкIэ щхьэхуи уиIэн хуейуэ пIэрэ а IэщIагъэм упэрытын папщIэ?
  • — Сэ 2011 гъэм сабий дохутыру сыуващ Щхьэлыкъуэ къуажэм и амбулаторэм. Балигъхэм садэлэжьэфынутэкъым, псалъэм папщIэ. Сабийхэм созэгъ. Сыт цIыкIухэр зыхуейр?! Псалъэ дахэ тIэкIу. ЩIэх дыдэу къыдосэ. «Сыт къоузрэ?» — жытIэрэ деупщIмэ, зэтещыпыкIауэ къыджаIэ я нэхъ цIыкIу дыдэхэм я деж щегъэжьауэ. Уеблэмэ сабий цIынэхэми я гъыкIэмкIэ къыдгурагъаIуэ къыхэзыгъэзыхьыр. Сабий фIыуэ плъагъун хуейщ — аращ ди хьэл-щэн нэхъыщхьэр. Дигу ящIоуз, зы Iэмал закъуэ яхуэтщIэнIауэ къэдгъэнэнукъым, зыкъедгъэлыжынукъым. Ди лэжьэгъуэ зэманыр щиухами, зи бын и узыншагъэ щхьэкIэ гузавэ анэхэм телефонкIэ дапыщIащ е зыдгъэгувэу IэнатIэм дыкъыщыпэрыни щыIэщ. Сымаджэ къытхуашарэ нэгъуэщI дохутыр и деж дгъэкIуэн хуей хъумэ, а IэщIагъэлIым допсалъэ, зэманкIэ дыгуроIуэри, доутIыпщ. Къигъэзэжми, ди нэIэ тетщ.
  • — Уеджэнра хьэмэрэ улэжьэнра нэхъ гугъур?
  • — Медицинэм ущыхэтым деж, ущылажьэкIи уеджэ хуэдэщ. Илъэситху къэс ди щIэныгъэм хыдогъэхъуэж. ТIури гугъущ, ауэ уи псэр хуеIэмэ, уполъэщ. АпхуэдизкIэ си лэжьыгъэмрэ сэрэ дызэпыщIащи, сымылажьэу си нэгу къыщIэзгъэхьэну сыхуейкъым. Республикэм и сабий клиникэ сымаджэщым сыщIэувам и зы щхьэусыгъуэт си щIэныгъэм нэхъри хэзгъэхъуэныр — абы жэщым улажьэ хъурти, нэхъыбэ плъагъурт, къапщIэрт. Тхылъым итым уеджэн хуейщ, ауэ ар уи нэм илъагъумрэ уи Iэм ищIэмкIэ щIумыгъэбыдэжмэ, щIэх дыдэу пщыгъупщэжынущ.
  • — Дохутырхэр фызыгъэгуфIэр гурыIуэгъуэщ — сымаджэр узыншэ хъужауэ флъагъунырщ. Фи жагъуэр сыт?
  • — ФIырэ Iейрэ зыхэмыт IэщIагъэ щыIэкъым. Ди жагъуэщ, цIыху балигъхэм, дохутыр псори зэдрагъэхьу, мыхъумыщIэу щыжаIэ щыIэщи. Нобэ «зы дохутыр тэмэм республикэм искъым» жызыIэфыр, пщэдей зи щхьэ ирихьэлIэнур ар зыхужиIахэрщ. Ауэ абы щхьэкIэ къэмынэуи, ди деж гузавэу къэкIуа дэтхэнэми сэбэп дыхуэхъуфмэ, хъужауэ къытрагъэзэжмэ — нэхъ дызыгъэгуфIэ щыIэкъым!
  • — Медицинэр IэщIагъэу къыхэзых щIалэгъуалэм сыт яжепIэнт?
  • — Мы гъэм школыр къэзыухахэм гурэ псэкIэ сехъуэхъуну сыхуейщ я мурадхэр къайхъулIэну, я гум фIыуэ илъыр къабгъэдилъхьэну! Медици-нэр IэщIагъэу къыхэзых щIалэгъуалэм я гур етауэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтмэ, си гуапэщ. Узэджэракъым нэхъыщхьэр, практикэм узэрыхэзагъэрщ — ар къагурыIуэну сыхуейт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, медицинэр IэщIагъэу къыхэзыха щIалэгъуалэм яхэтщ еджэнуи лэжьэнуи хуэмейхэр. Ауэ ди гур фIы ещIыж гурэ псэкIэ етауэ нэхъыбэр а IэщIагъэ гугъум зэрыпэрыувэм.
  • — Уи бынхэр уи IэщIагъэм ехъуапсэрэ, уи ужь ирикIуэну жаIэрэ?
  • — Хъыджэбзым мы гъэм курыт школыр къеухри, юристу еджэну хуейщ — дэри худогъэдахэ. Дохутыр IэщIагъэм зэи ехъуапсэу щытакъым, уеблэмэ щыцIыкIум: «Мамэ, кхъыIэ, умылажьэ, умыдохутыр. Нэхъыбэм лэжьапIэм ущыIэщи, куэдрэ утлъагъуркъым, дигу укъокI», — жиIэрт. Ауэ иджы фIэфIщ цIыкIухэм сэбэп сазэрыхуэхъуфыр, абыхэм фIыуэ сыкъызэралъагъур. ЩIалэр иджыри цIыкIущ — школакIуэщ, ауэ иджыпсту щыщIэдзауэ хуейщ стоматолог хъуну. Зэманым къигъэлъэгъуэнщ.
  • Епсэлъар  Гугъуэт Заремэщ.