ЩIым и къэкIуэнум уезыгъэгупсысщ
2021-06-29
- Хьэршыр зыдж щIэныгъэлI-хэм зэрыжаIэмкIэ, уэщIым къыщызылъэтыхь мащэ кIыфIхэм я зэранкIэ, ЩIы Хъурейр бзэхыжыпэнкIэ хъунущ.
- Мащэ кIыфIхэм, зэрыщыIэр хуэзыгъэфащэу, япэ дыдэу ятетхыхьауэ щытар физикэм и къудамэ телъыджэу «теорие относительности» зыхужаIэр къэзыгупсыса щIэныгъэлI гъуэзэджэ Эйнштейн Альбертщ.
- Астрофизикхэр мы зэманым зэрегупсысымкIэ, мащэ кIыфIхэр — уэщIым зыщызыудыгъу, IэщIыхьар зыIэщIэзымыгъэкIыж, и зэхэлъыкIэмкIи зэманыр зэрыщекIуэкIымкIи зихуэдэ щымыIэ къэщIыгъэ шынагъуэщ. Пкъыгъуэу зыщIилъафэм щыщ гуэри къызэримыутIыпщыжым и мызакъуэу, нэхур зыдз фотон нэгъунэ къызэрыIэщIэмыкIыжыфым и зэранкIэ, зи гугъу тщIы къэщIыгъэхэр здэщыIэри къэхутэгъуейщ.
- ЩIэныгъэлIхэр зэрегупсысымкIэ, мащэ кIыфIхэр, япкърылъ пцIэм и Iувагъ-куэдагъымкIэ, кIуэ пэтми нэхъри нэхъ иныж, нэхъ хьэлъэж хъууэрэ екIуэкIыфы- нущ, уахэм (хьэршым) къыщызылъэтыхь пкъыгъуэхэм ящыщу «хутыкъуахэр», увыIэгъуэ ямыIэу, зэрызыщIалъафэм къыхэкIыу.
- США-м щыщ щIэныгъэлI, физик Каку Мичио къыдгурегъаIуэ дыщыпсэу планетэм дежкIи мащэ кIыфIхэр ажалзехьэ лъэрыщIыкIыу къыщIэкIынкIэ зэрыхъуну щIыкIэр зыхуэдэр.
- Нэхъапэм мащэ кIыфIхэм уэщIым зыщамыгъэхъейуэт къызэрытщыхъур, арщхьэкIэ Дыгъэр зыхыхьэ ди Галактикэми а къэщIыгъэхэр къыщаущыхьу зэритыр къыщытхутэм, а Iуэхугъуэми гузэвэгъуэм дыхидзащ. Уахэ абрагъуэу щIэдзапIи ухыпIи зимыIэм щызекIуэ, хутыкъуауэ гъунэгъу зыхуэзыщI дэтхэнэри зыIэщIэзыубыдэ, «дунейр къутэжыхункIи» къэзымыутIыпщыжыну къэщIыгъэр языныкъуэхэм ирагъэщхь «зомби» зи фIэщыгъэ гъуэбжэгъуэщ шынагъуэм, — къыддогуашэ Каку Мичио.
- А щIалэм гу зэрылъыдигъэтамкIэ, дызэгъэщIылIа Дыгъэм къедза и къэухьым зи гугъу тщIы мащэ кIыфI абрагъуэхэм ящыщ зым гъунэгъу зыкъыхуищIмэ, ди планетэр щыхупIэ шынагъуэм щхьэщыхьэпауэ аращ. Ауэ щыхъукIи, щыпсэу цIыхухэм, сыт хуэдэ Iэмал къамыгупсысами, ЩIы Хъурейр къахуегъэлынукъым. «АрщхьэкIэ, иджыри зы пIалъэ гуэркIэ ди планетэм гъащIэр зэрыщекIуэкIынури хьэкъщI», — къыпещэ и псалъэхэм зи гугъу тщIы щIэныгъэлIым.
- Каку Мичио зэрытригъэчыныхьымкIэ, мащэ кIыфIым ЩIым и курыхым нэхъри нэхъ гъунэгъу зыкъыщыхуищIкIэ, гравитацэ и лъэныкъуэкIэ зыкъызэтригъэгуплIэ къару зэрымыщIэжьым (сингулярность) ди планетэм и зы джабэр хишынурэ, адрей и щIэлъэныкъуэр зэщикъузэнущ. Ауэ щыхъукIи, а Iуэхум щIыгум и зэхэлъыкIэм къыпхуэмыцIыхужын хуэдизу зригъэхъуэжынущ, псыхэр ямылейуэ къигъэукъубеи-нущ, унэхэм, лъэмыжхэм, нэгъуэщIхэми нэджэIуджэ дыдэу зыхригъэшынущ. Астрономым и псалъэхэм ятетщIыхьмэ, тхьэмыщкIагъэр абдежми къыщыувыIэнукъым: мащэ кIыфIым и къару абрагъуэм ЩIы Хъурейр адэкIэ «къызэрыридзэж» щIагъуэ щымыIэу, тхылъымпIэ кIапэу иIуэнтIэнурэ зэпкъритхъыжыпэнущ.
- Къыхэдгъэщам дыщIигъуу, щIэныгъэлI-планетолог Ги Бен Мак мы Iуэхугъуэми гу лъыдегъатэ: гъунэгъу къыхуэхъуа мащэ кIыфIым дыщыпсэу планетэр зэрызэщикъузэнум къыдэкIуэу, и курыхыр щIэзыхъумэу алъандэрэ дэгъуэгурыкIуа «мэIури» зэхичэтхъэнурэ, плазмэ пщтырыщэу щIэгъэпщкIухьар щIыгум къытригъэлъэдэнущ, икIи, узытекIукI хъуну къыщызэтена тIэкIури, зэрызэщIигъэткIукIыр плъагъуу, щIихъумэпэнущ.
- Гравитацэм и къару ин дыдэм езы планетэр, сабэ налъэ хуэ- дизи къыхимынэжу, нэхъри зэхифыщIэнурэ, пкъыгъуэжьейхэм ящыщу нэхъ цIыкIужьейхэм хуигъэкIуэжынущ, апхуэдэ дыдэу зэхичэтхъэнущ ЩIы Хъурейр зэгъэщIылIа Дыгъэри, абы къедза адрей уафэщIхэри.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.