ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июнь, 2021

Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыщхьэр хэтащ щIыналъэхэм зегъэужьыным теухуа Урысейпсо семинар-зэIущIэм

2021-06-26

  • ЩIыналъэхэм псэупIэ ухуэнымрэ инфраструктурэм зегъэужьынымрэ щызрагъэхъулIахэм щытепсэлъыхьа Урысейпсо зэIущIэу УФ-м и Прави- тельствэм и ЗэзыгъэуIу центрым щекIуэкIам КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм пэщIэту

2021-06-26

  • Зэрыдунейуэ зыубыда коронавирус уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм мы зэманым куэд егъэгулэз. МащIэу ужьыхыжауэ жыхуаIа узыфэр аргуэру къызэролэж, сымаджэхэр нэхъыбэ мэхъуж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ

Адыгэшхэр Бытырбыху щекIуэкIа шы гъэлъэгъуэныгъэм

2021-06-26

  • «Иппосфера-2021» — арат зэреджэр мэкъуауэгъуэм и 11 — 14-хэм Санкт-Петербург (Бытырбыху) щекIуэкIа шы гъэлъэгъуэныгъэм. Абы хэтащ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым икIахэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

НэгъуэщI дунейм къыщыхутауэ къыщыхъуат

2021-06-26

  • Иджыблагъэ Налшык къалэ щыхьэщIащ дуней псом щыцIэрыIуэ, модэм и тхыдэдж, коллекционер, теленэтынхэр езыгъэкIуэкI Васильев Александррэ иригъаджэхэмрэ. Къыхэгъэщыпхъэщ Кавказыр нэхъ гъунэгъуу зэригъэцIыхуну къызэригъэпэща зекIуэм и кIэух Iыхьэу ар ди щIыналъэм къызэрыкIуар. Нэхъ ипэкIэ Псыхубэрэ Кисловодскрэ щыIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ

КъБР-м и ТВ

2021-06-26

  • 1КъБР «Мир» канал
  • Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 28
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «Ди псэлъэгъухэр». Къуэдз Оксанэ, Ганновер къалэ, Германие (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.00 «Спектр». Дигорэ къэрал драмэ театрым и режиссёр нэхъыщхьэ Джелиев Казбек (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.20 «Псалъэр ейщ щэнхабзэм» (адыгэбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Щхьэлахъуэхэ я нанэм и гущэкъу уэрэдыр

2021-06-26

  • Зауэжь блэкIам и лажьаер зылъэмыIэса унагъуэ щыIэкъым. ЦIыхум къаридза удын бзаджэр нобэр къыздэсми кIыжакъым. Иужьрей зауэлIым и мащапIэ игъуэтыжыхункIэ зауэм кIэ иIэнукъым, ауэ сытми жаIакъым. Зауэ губгъуэм ихьа я быным пэплъэу, жылэм зэдай гуIэгъуэщ жаIэу мафIэм кърисыкI я гущIэр яущэхуу зи гъащIэ Iы-хьэр зыхьа адэ-анэхэр дунейм зэрехыжрэ куэд щIакъым. ЗэуапIэм Iухьахэм япэплъэу зи щIалэгъуэ дахэр лэгъунэ нэщIым щIэсу къэзыхьа, нэчыхь хьэкъкIэ зэувэлIа щхьэгъусэхэм зи гугъапIэ нэхухэр яхуэзыхъума фызабэхэр ноби щыIэщ. Адэм и IэфIыр зыхэзымыщIа быну, ахэр ягу къыщыкIкIэ нэпсыкIэр щIэзыгъэкIыу зеиншэу къэнар дапщэ хъурэ? Зы цIыху пхэщIыным уреу-дэкI, и кIуэдыкIэ хъуами и щхьэ кърикIуа- ми ущыщымыгъуазэм деж щхьэлажьэ уещIыпэ. Уи нэгу къыщIэбгъэхьэнуи хьэлъэ дыдэщ бынибгъу-пщIы дигъэкIыу зыри къызыхуэмыкIуэжа анэм игъэвар зыхуэдизыр…

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-06-26

  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • ДзасэкIэ гъэжьа мэлыл
  • Мэлылыр яупщIатэ г 30 — 35-рэ я хьэлъагъыурэ, псы щIыIэкIэ ятхьэщI, дзэху тепщэчым иралъхьэ, яшыу, шыбжий хаудэ, бжьын ущэба халъхьэри, фIыуэ зэIащIэ. Абы, зэIэщIэурэ, къундэпсо щIыIэ щIакIэ, и щхьэр трапIэж, щIыIэпIэ ягъэуври, нэху кърагъэкI. А зэманым лыр зэ-тIэу зэIащIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис