Егъэджэныгъэм и фIагъыр
2021-06-29
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ егъэджэныгъэ-щIэныгъэ IуэхущIапIэм мы махуэхэм щокIуэкI практикэ семинар инрэ щIэныгъэ конференцрэ.
- «Егъэджэныгъэм щыщыIэ къэрал мардэхэр», «УФ-м щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт и IэнатIэм щекIуэкI егъэджэныгъэм и фIа- гъыр» зэIущIэхэр къызэригъэпэщащ Егъэджэныгъэ IэнатIэм лъэпкъ аккредитацэ щыIэным- кIэ агентствэм («Росаккредагентство»). Конференцым и лэжьыгъэм хэтщ КъБКъУ-м, УФ-м и еджапIэ нэхъыщхьэ куэдым я унафэщIхэр, хамэ къэралхэм егъэджэныгъэм и фIагъымкIэ жэуап зыхь агентствэхэм я лIыкIуэхэр: AAQ (Швейцарие), FIBAА (Германие), ANQA (Армение), IQAA и IAAR (Къэзахъстан), Белоруссиемрэ и Узбекистанымрэ егъэджэныгъэмкIэ я къэрал IэнатIэхэм къикIахэр.
- КЪАРДЭН Маритэ.