ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-06-26

  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • ДзасэкIэ гъэжьа мэлыл
  • Мэлылыр яупщIатэ г 30 — 35-рэ я хьэлъагъыурэ, псы щIыIэкIэ ятхьэщI, дзэху тепщэчым иралъхьэ, яшыу, шыбжий хаудэ, бжьын ущэба халъхьэри, фIыуэ зэIащIэ. Абы, зэIэщIэурэ, къундэпсо щIыIэ щIакIэ, и щхьэр трапIэж, щIыIэпIэ ягъэуври, нэху кърагъэкI. А зэманым лыр зэ-тIэу зэIащIэ.

  • Лыр ягъэжьэн и пэ къихуэу, къундэпсор щIагъэж, лыр Iэнэ гъущэм е пхъэбгъум тракIутэри, лым кIэрыпщIахэр къыкIэрах икIи лыр ягъэжэпхъ. Лы тыкъыр жэпхъахэр дзасэм фIалъхьэри, мафIэ дэпкIэ хьэзыр хъуху ягъажьэ.
  • Лы жьар тхъуэплъ дахэу, мэ гуакIуи къыхихыу щытын хуейщ. Пщтыру Iэнэм трагъэувэ. Дашх щIакхъуэ, чыржын, хьэлIамэ.
  • Халъхьэхэр (цIыхуиплI Iыхьэ): мэлыл лыпцIэу — г 1200-рэ, къундэпсо — г 2000, бжьыныщхьэ ущэба — г 100, шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
  • ДжэдыкIэжьапхъэ, кхъуей быдэ хэлъу
  • ДжэдыкIэр фалъэм иракъутэри, тхъурымбэ хъуху яудэ. Абы халъхьэ кхъуей гъэщэща, гуэдз хьэжыгъэ, шатэ икIи хьэжыгъэр хэзэрыхьыху фIыуэ зэIащIэ. ИтIанэ а зэхащIар тхъу къэплъа зэрыт тебэм иракIэ, и щхьэр трапIэжри ягъажьэ. ЗэпыбупщIу, зэбгъэдзэкIыу лъэныкъуитIымкIи тхъуэплъ хъуху бгъажьэ хъунущ. Пщтыру тепщэчым иралъхьэ, пIастэ, мырамысэ дашх.
  • Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): джэдыкIэу – 2, кхъуейуэ — г 60, гуэдз хьэжыгъэу — г 10, шатэу — г 50, тхъууэ — г 15.
  • Къубатий Борис.
  •  
  • Дыщалъхуа  щIыналъэм
  • Чёрнэ Речкэ къуажэбгъум Ерчэн Темболэт дригъэщIыхьа «Шато Ерчэн» уардэунэр ди щIыпIэр зыгъэдахэхэм ящыщщ.

  •  
  • ЖыIэгъуэхэр
  • Бжьакъуэм куцI илъкъым
  •  Къуалэбзур мыпсалъэми, уэрэд къреш.
  •  Сэ ямылъар жан хъунукъым.
  •  Джыдэр дзагуэу мэз умыкIуэ.
  •  Дамэ зытемытми, «сылъэтарэт» жеIэ.
  •  Бжьакъуэм куцI илъкъым.
  •  Зи щхьэ имытым и гъащIэр хьэзабу ехь.
  •  Къулейр къулейсызым щIонакIэ.
  • Пщыбий СулътIан.
  •  
  • Псэлъафэр къызэрежьар
  • Хъудз гъунажэщ
  • И мэлхэм ядигъэхъуну мэлыхъуэм елъэIуу, зы щынэ е зы мэл гуартэм хадзамэ, абы зэреджэр хъудзщ. Апхуэдэу хадза хъудзыр, зыхадзар мэл мин хъуми, а гуартэ иным хэзагъэркъым. А гуартэм и дежкIэ ар хамэщи, гъунэм щехъурэхъуэкIыу фIэкIа, зэи мэл гупым и кум къыщыхутэркъым.
  • Апхуэдэу мэл гуартэ гъунэм къыщызыжыхь щынэр е мэлыр кIуэдыгъуафIэщ. Ар ящIэри, куэд щIауэ мэлыхъуэжьхэм хъудз къыIахыркъым.
  • «Хъудз гъунажэщ» псэлъафэр къызэрежьар мыпхуэдэу жаIэж. Зы гъэ гуэрым гъатхэу мэлхэр Къущхьэхъу хъупIэм яхуну загъэхьэзырырт. Зы тхьэмыщкIэ гуэрым щынэ цIыкIу закъуэ иIэти, гуартэ гуэрым хидзэу Къущхьэхъу игъэкIуэну мурад ищIащ. Мэлыхъуэхэм яхыхьэри, яхэлъэIухьу щIидзащ. АрщхьэкIэ, Iуэхум и пIалъэ зыщIэ мэлыхъуэжьхэм зыми Iахын ядакъым. Ауэ хъудз пIалъэр зымыщIэ мэлыхъуэ щIалэ гуэрым, тхьэмыщкIэм и хьэтыр илъагъури, мэл гуартэм щынэ цIыкIу закъуэр хригъэдзащ.
  • Мэлыхъуэм мэл гуартэр Къущхьэхъум ихуауэ щигъэхъурт.
  • Адрей гъэхэм хуэмыдэу, а илъэсым хьэр бийт, абы щхьэкIэ мэлыхъуэхэри нэхъ лейуэ сакъырт.
  • Пщыхьэщхьэм мэлыхъуэ щIалэм и гуартэр хъурыхъуурэ егъэзыпIэм къыщихужым, хъудз цIыкIур гъунэмкIэ къежэкIри, чыцэ лъапэм щIэлъэдащ. Дыгъужьыр къежьэу щысыххэти, ищтэри щIэпхъуэжащ.
  • ЕтIуанэ махуэм мэлыхъуэм хъудз щынэ цIыкIур гуартэм зэрыхэмытыжым гу щылъитэм, гущIыхьэ щыхъуауэ и гъусэхэм яжриIащ.
  • АрщхьэкIэ, мэлыхъуэ бзаджэжьхэр дыхьэшха къудейщ.
  • Ауэрэ, гъэмахуэр икIри бжьыхьэр къыщихьэм, мэлхэр нэхъ къекIуэтэхри Дзэлыкъуэ къэкIуащ. Абыи зыкъомрэ щагъэхъури, щIымахуэр къэблагъэу щыхуежьэм, мэлхэр унэм къахужащ.
  • — Мэлхэр къэсыжащ, — щыжаIэм, хъудзыр зей тхьэмыщкIэр гуфIэри, и щынэ цIыкIу закъуэр къихужыну кIуащ.
  • — Си щынэ цIыкIур дауэ щыт? — жиIэу мэлыхъуэм щеупщIым:
  • — Уи щынэ цIыкIур дыгъужьым ишхащ! — къыжриIащ.
  • — Е дыгъужьыжь тхьэмыщкIэ, сыту гугъу Iей ехьа! Мыпхуэдиз мэлым хэлъыхъухьу си щынэ цIыкIу закъуэр къыхиубыдыкIыу щишхыфакIэ, уэлэхьи, и хьэлэлым! — жиIащ тхьэмыщкIэм.
  • — Мыпхуэдиз мэлым хэплъыхьу уи щынэ цIыкIу за- къуэр къыхиубыдыкIыу ишхауэ аракъым, атIэ хъудз гъунажэти, аращ. Уи щынэ цIыкIур хъудзт, — жиIащ мэлыхъуэ щIалэм.
  • «Иджы щIалэм къыгурыIуащ хъудз къеIыхын зэрыхуэмейр», — жаIэри мэлыхъуэжьхэр я пащIэкIэ щIэгуфIыкIащ.
  • Аращ «хъудз гъунажэщ» жыхуаIэр.
  •  
  • Жыжьэ – гъунэгъу
  • ДжэгуакIуэхэр
  • «Сэ къэрабгъэр зы псалъэкIэ хахуэ, хэкум и хъумакIуэ сощIыф, дыгъум и хьэлыр зыхызогъэн; си пащхьэ къиувэфынукъым цIыху бзаджэр; сэ цIыхугъэншагъэм, икIагъэм срабийщ…»
  • Пасэрей адыгэ джэгуакIуэхэм ящыщ зым къызэринэкIа псалъэщ ар. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ адыгэ джэгуакIуэхэм я псалъэм апхуэдэ къару зэриIам. ДжэгуакIуэм апхуэдиз пщIэ иIэти, абы и нэмысыр зыкъутэр ягъэпшынэу щытащ.
  • Дауи, апхуэдиз пщIэ хуащIын щхьэкIэ, джэгуакIуэм и IэщIагъэм мыхьэнэшхуэ иIэн хуейт. Нэгумэ Шорэ зэритхыжамкIэ, дзэр зауэм щыIухьэм деж джэгуакIуэхэр, шы пщIэгъуалэ шэсырти, дзэм и пащхьэ иувэрт: бийм пэува дзэр пасэрей лIыхъужьхэм я хъыбар щIагъэдэIурт, хэкум и щIыхьымрэ и хуитыныгъэмрэ хъумэным цIыхур къыхураджэрт. Зауэр увыIэху, джэгуакIуэхэр лъагапIэ тест, дзэм кIэлъыплъу: хэт лIыгъэ игъэлъагъуэрэ, хэт къэрабгъагъэ къыкъуэща? А псор джэгуакIуэхэм иужькIэ яус уэрэдым халъхьэрт: лIыгъэ зезыхьар ягъэлъапIэрт, къэрабгъагъэ зыдалъэгъуам и цIэри ябзыщIыртэкъым — абы и цIэри жылэм хэIуэрт. Уэрэдым дэуэгъу иIэтэкъым, абы псалъэ хадзыжынуи джэгуакIуэр хагъэзыхьынуи зыри хуиттэкъым. ЛIыгъэ зезыхьа, хэкум, лъэпкъым папщIэ зи псэр зэуапIэм щызыта цIыхум, жылэм я унафэкIэ, джэгуакIуэхэм уэрэд хуаусырт. ЛIыхъужьыр щIалъхьа нэужь, абы и Iыхьлыхэм джэгуакIуэ цIэрыIуэхэр кърагъэблагъэрт, дунейм ехыжа лIыхъужьым уэрэд хурагъэусын щхьэкIэ. Уэрэдыр яусыху, джэгуакIуэхэм лъэныкъуэ зрагъэзырт. Уэрэдыр яуса нэужь, жылэм къыдыхьэжырти, цIыхур уэрэдым щIагъэдэIурт. Уэрэдыр цIыхум ягу ирихьамэ, абы дамэ къытекIа пэлъытэти, хэку псор зэлъищIысырт.
  • Къалэнышхуэ я пщэ дэлъащ адыгэ джэгуакIуэхэм, ахэращ тхыбзэ зимыIа лъэпкъым и тхыдэр зыхъумар, нарт хъыбархэр, пшыналъэхэр, нэгъуэщI IуэрыIуатэхэр ди деж къэзыхьэсар. ДжэгуакIуэм ищIэн хуейт лъэпкъым и тхыдэмрэ и IуэрыIуатэмрэ. А псор, дауи, зы джэгуакIуэм и гум ириубыдэфынутэкъым: зым нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ ихъумэрт, адрейм пасэрей уэрэдыжьхэр уахътыншэ ищIырт; бжьамийм епщэри, шыкIэпшынэм еуэри щхьэхуэт. ХьэщIэ къахуепсыхами, ар исыху, хьэщIэщым джэгуакIуэхэр кърашэрт, хьэщIэр уэрэдкIэ, къафэкIэ трагъэун, пасэрей хъыбархэм ирагъэдэIуэн щхьэкIэ…
  • Адыгэ джэгуакIуэхэм лIэщIыгъуэ кIыхьхэм къыпхахащ, гукIэ яхъумащ Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, Ашэмэз, Насрэн ЖьакIэ, Сэтэней-гуащэ сымэ я хъыбархэмрэ я пшыналъэхэмрэ. АфIэкIа фIыщIэ ябгъэдэмылъатэми, адыгэ джэгуакIуэхэм я цIэр уахътыншэ хъунт.
  • Къэрмокъуэ Хьэмид.
  •  
  • Псалъэжьхэр
  • Iущыр щэ мэчэнджащэ
  •  ЩымыIэ умылъыхъуэ, къыплъыхъу умыгъэпуд.
  •  Щыуагъэр бгъэзэкIуэжыну емыкIукъым.
  •  Ялъагъу псори яIуэтэжыркъым.
  •  Нэхъыжьым жьэ ет, нэхъыщIэм гъуэгу ет.
  •  Нобэрей Iуэхур пщэдей пумыгъаплъэ.
  •  IуэхукIэ умыгъэунэхуар пцIыхуу жумыIэ.
  •  Iущыр щэ мэчэнджащэ.
  •  Уэздыгъэр лъагэху, нэхур нэхъ жыжьэ едз.
  •  Унэ къыбдимысарэ гъусэ къыпхуэмыхъуарэ я хьэл пщIэркъым.
  •  Хущхъуэри ебгъэлеймэ, щхъухьщ.
  •  «ЖаIащ» жыпIэу, умыщIэ уримыпсалъэ.
  •  ЗэгурыIуэ я Iуэху псынщIэщ.
  •  Зи нэхъыжь едаIуэ и Iуэху мэкIуатэ.
  • Къуажэхьхэр
  • Набжэм тету къэджэрей
  • Дзы зимыIэу
  • Удын зыдзырей.
  • ТетIысхьэпIэ Iэта,
  • Iэтауэ кърахьэкI.
  • Быдэу зэIуащэ,
  • Пщагуэм зэрещэ.
  • Iэхъуэм и унэ,
  • Хъуным щахъумэ.
  • Сабий цIыкIухэм
  • яхуэбзаджэ,
  • Набжэм тету къэджэрей.
  • ДжатэжьитIыр зи Iэщэ,
  • Iэщ хъушэм я пашэ.
  • ЖЭУАПХЭР:
  • Уадэ. Уанэ. Хъы. ЩIакIуэ. Адакъэ. Ажэ.
  • Зэхэзылъхьар  Щоджэн Леонидщ.
  • Агънокъуэ Лашэ и хъуэрыбзэхэр
  • Ди нысэ фо
  • Хужь дахэр лIы иратауэ яшэрт.
  • — Си бжэIу Лашэ къэуву си дагъуэр имыIуэтауэ,
  • сыщIэвмыш! – лъэIуащ ар.
  • Апхуэдэу щыхъум, Лашэ абы хуэусащ.
  • — Дахэр зыгъэдахэр и набдзитIщ,
  • И набдзэкIитIри пцIащхъуэкIэщ,
  • ЛъэнкIапIитIым теуэр и щхьэцщ,
  • Кхъухьыжьыфэу тхылъымпIэр и нэкIущ,
  • НэкIущхьитIыр дыхьэрэным и пщафэщ,
  • Фадафэм зи гугъу ягъэш,
  • Хъуэхъубэр зыхуагъэшу ди нысэ
  • Гунэсу соусэр, тхьэрыкъуэ,
  • Тхьэрыкъуэ пщэхугуэурэ Iэхулъэху,
  • Зи нэгум хуитурэ псэуи,
  • ПсэукIэм и дахэр тхьэм къуит!
  • Къуитыну насыпыр щIэращIэу,
  • Джэджьей бынурэ убагъуэу,
  • Бэгъуэжари Мэзытхьэм уэ къуит!
  • Уи гуащэ уи бзэ хуэщабэу,
  • ТIысыпIэм и щабэкIэ угупсэу,
  • Нэмысыр нарт хабзэу хузепхьэу,
  • Узытемыхьэр уи тхьэмадэжьу,
  • Уи пщыкъуэжь ухуэбзэ-ухуэдэу,
  • Цей зыхуэбдым уи щытхъу иIуатэу,
  • Дунейм утетынкIэ сэ сынохъуэхъу!
  • Лъэдакъэм и махуэр
  • Мы лъэпкъ Iумахуэм уэ къыхуэгъанэ.
  • Ди унагъуэм
  • Бадзэуэгъуэ уэшхыр нытхуэхь,
  • Хьэ пасэу къэщхьэлъэ,
  • Уи лъэр щытеувэм щыхъуахъуи…
  • ХъуэхъубэкIэ сожьу,
  • Сызэжьури сыухащ.
  • Сыухащ, дахэ нысэ,
  • Ди нысэ фо,
  • Фом хуэдэу зыхыхьэм къалъагъун,
  • Уи нитIыр къызэтехи, къэбакъуэ иджы!
  • ГушыIэ
  • ЩIэп кIапсэ
  • БоткIэ еджэу щIалэжь гуэр ягъэтIысат. Тутнакъэщым зэрыщIашэу, абы исхэр къеупщIащ:
  • — Уэри сыт щхьэкIэ укъаша мыбы?
  • Бот и дамэр дришейуэрэ яжриIащ:
  • — Уэлэхьи, сымыщIэ сыт щхьэкIэ сыкъашами.
  • — Уэлэхьи, щIалэжь, дыкъыбогъапцIэмэ, пэжыр къыджеIэ дахэкIэ, — хуэгубжьащ абы тутнакъым исхэр.
  • Бот щыхагъэзыхьым, гузавэри, Iэнкунурэ яжриIащ:
  • — КIапсэ щхьэкIэ сыкъашащ.
  • — Сыт кIапсэ? — ягъэщIэгъуащ адрейхэм.
  • — ЩIэп кIапсэ… Къэздыгъуат…
  • Бгъэдэтхэм ящыщ зы щIалэм зэуэ хуилъащ:
  • — Щхьэр сыт щIэбгъэузыр, щIалэжь?! ЩIэп кIапсэ щхьэкIэ цIыху ягъэтIысрэ? Сыт дэ къомыр дыкъэбгъэпцIэну иужь ущIитыр! УщIэдмыкъухьмэ, тхьэр догъэпцI. Пэжыр дахэкIэ къыджеIэ!
  • Бот шынэри зиумысыжащ:
  • — ЩIэп кIапсэм жэм пыщIауэ щытащ.
  • Зыми зыри щыжамыIэжым, зылI къуэгъу Бот и дамэм теуIуэри, жиIащ:
  • — Уэлэхьи, щIалэжь, мыхъуа ар. Сыту щIэп кIапсэ угъурсызт а уэ къэпщтар. Бэлыхь ухидзащ, зиунагъуэрэ! Ар мыугъурсызтэмэ, жэмым и бжьакъуэм зыфIишыхьынтэкъым е уэ укъыщеIэм зэпычынт. ДяпэкIэ щIэп кIапсэ къыумыщтэ.
  • Бекъул Барэсбий.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу:2. Хадэм зэрилэжьыхь. 5. Вакъэ лъапщэ кIыхь. 6. Пасэрей фоч лIэужьыгъуэ. 8. Ар имыгъусэмэ, мастэм зыри и мыхьэнэкъым. 9. «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэ … Ранетэ. 11. Мэл …, джэд … е фэншэ, теплъэншэ. 13. АдакъэщIэрэ … пIастэрэ. 15. ЦIыхубз щыгъын. 16. Адыгэ къафэ лIэужьыгъуэ. 19. Лъэс зекIуапIэм … къутахуэ телъщ. 22. БегъымбарыцIэ, цIыхухъуцIэ. 23. … пыIэ. 24. Къэнжал хьэку цIыкIу. 27. А жыгым пщIий къыпокIэ. 28. Езыр-езыру къыщIэж псы къабзэ. 29. ГъущI тхьэгъуурэ зэрылъ кIапсэ. 32. Шыуанышхуэ. 33. Таурыхъхэм зэрыхэтымкIэ, а псэущхьэр хьилэшыщ. 34. ГъукIэм и лэжьапIэ. 36. ЩIыIум нэгъуэщIу зэреджэ. 37. Бдзэжьей зэрещэ. 38. Абы уисмэ, Америкэм е Японием укIуэфынущ. 39. Бригадэ зэпеуэм щытекIуэм ирату щыта щэкI плъыжь цIыкIу. 41. Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызыгъэлъэгъуа офицер, адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ (и цIэр). 43. Нэхущым къуэкIыпIэмкIэ къыщищI плъыжьыгъэ. 46. КъурIэн цIыкIу. 47. Блэм и бзэгу. 48. Бдзэжьей лIэужьыгъуэ. 49. Шым и щхьэц.
  • Къехыу: 1. Дунейр щыуаем деж адэкIэ-мыдэкIэ трищIэ уэс пIащIэ. 2. Сосрыкъуэ и къэшэн дахэр — Джылахъстэн и пхъур. 3. КъэгъэшыгъуафIэ. 4. ЩIыпIэ хуабэхэм къраш пхъэщхьэмыщхьэ. 5. ХадэхэкI. 7. Пщы зэрыхьэ … мэхъу. 10. …-урым бэнэкIэ. 12. ЩIалэ бжьыфIэ, Iэпкълъэпкъ зэкIуж зиIэ. 14. Къуэ, бгы щыкуэд щIыпIэ. 15. Жыгыкур зи псэупIэ псэущхьэ кIэ баринэ. 17. Бгым и бгъуэщI, и нэкIу. 18. ГурыщхъуэщI, лейуэ шэч зыщI цIыху. 20. ЦIыхубзхэм я напэщыхуэ. 21. Аруан районым щыщ къуажэ. 25. Къалмыкъ … е къэрэкъурэ … 26. Фо нэхърэ … нэхъ IэфIщ. 30. ЩакIуэм фочышэу къигъэсэбэп бдзапцIэ хъурей цIыкIу. 31. Нэхъапэхэм пщIантIэхэр, хадэхэр абыкIэ къаухъуреихьу щытащ. 35. Совет зэманым зекIуэу щыта ахъшэ жьгъей. 36. … — махуэми, си маршынэ къутар зэзгъэпцIыжащ. 39. «Адыгэ … » — Даур Аслъэнрэ Хьэнфэн Алимрэ яуса уэрэд цIэрыIуэ, Мэремыкъуэ Хъусен игъэзащIэу. 40. КIапсэ кIапэм фIэщIа пхъэ тхьэгъу, мэкъу гулъэ е пхъэ гулъэ щакъузкIэ тынш къащищIу. 41. УимыIуэху зепхуэмэ, ар уи щхьэм е уи плIэм къытехуэнкIэ мэхъу. 42. Къыдалъхуауэ, цIыхум и щIыфэм хэтщ. 44. Автомашинэм, лъакъуэрыгъажэм е шыгум я зы Iыхьэ. 45. Лъапэ зыпымыт цIыхухъу щыгъын, ди зэманым щIагъуэу зэрамыхьэжу.
  • Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
  • Мэкъуауэгъуэм и 19-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу:5. ЖьыкIурэ. 8. Арджэн. 9. Пыпхэ. 10. Фэлъыр. 12. Джэбын. 15. Iэнэмыв. 18. «Адэ». 19. Къыр. 20. Ахъуэхъу. 22. Джанэ. 25. Бадзэ. 26. Щыблэ. 27. Бжьын. 30. Алмэ. 31. Собэ. 32. МэкI. 34. Гуэн. 35. ДжэдуукIэ. 38. Жьэгъупс. 40. Тхъуэплъ. 43. Ахърэт. 44. Жьапщэ. 45. Шырыкъу.
  • Къехыу:1. Бжьэф. 2. Куржы. 3. Аркъэ. 4. Къунан. 6. Хъыдан. 7. Шхийм. 11. Лъагъуэ. 13. Балъкъ. 14. Вагъэбдзумэ. 15. Iэхъуэ. 16. Вынд. 17. Аргентинэ. 21. Хъурыфэ. 22. Джэлэс. 23. Гудзэ. 24. Ежьу. 28. Алыдж. 29. Губгъуэ. 33. КIэбгъу. 34. Гуанэ. 36. Дапхъэ. 37. Уэтэр. 38. Жьажьэ. 39. Пэщэ. 41. Хъудыр. 42. Лъакъуэ.