Щхьэлахъуэхэ я нанэм и гущэкъу уэрэдыр
2021-06-26
- Зауэжь блэкIам и лажьаер зылъэмыIэса унагъуэ щыIэкъым. ЦIыхум къаридза удын бзаджэр нобэр къыздэсми кIыжакъым. Иужьрей зауэлIым и мащапIэ игъуэтыжыхункIэ зауэм кIэ иIэнукъым, ауэ сытми жаIакъым. Зауэ губгъуэм ихьа я быным пэплъэу, жылэм зэдай гуIэгъуэщ жаIэу мафIэм кърисыкI я гущIэр яущэхуу зи гъащIэ Iы-хьэр зыхьа адэ-анэхэр дунейм зэрехыжрэ куэд щIакъым. ЗэуапIэм Iухьахэм япэплъэу зи щIалэгъуэ дахэр лэгъунэ нэщIым щIэсу къэзыхьа, нэчыхь хьэкъкIэ зэувэлIа щхьэгъусэхэм зи гугъапIэ нэхухэр яхуэзыхъума фызабэхэр ноби щыIэщ. Адэм и IэфIыр зыхэзымыщIа быну, ахэр ягу къыщыкIкIэ нэпсыкIэр щIэзыгъэкIыу зеиншэу къэнар дапщэ хъурэ? Зы цIыху пхэщIыным уреу-дэкI, и кIуэдыкIэ хъуами и щхьэ кърикIуа- ми ущыщымыгъуазэм деж щхьэлажьэ уещIыпэ. Уи нэгу къыщIэбгъэхьэнуи хьэлъэ дыдэщ бынибгъу-пщIы дигъэкIыу зыри къызыхуэмыкIуэжа анэм игъэвар зыхуэдизыр…
- Адыгэ тхакIуэ Къуиикъуэ Налбий иIэщ «Абазэхэхэм я анэ» тхыгъэ гукъутэ. Зи щхьэгъусэрэ зи къуиблрэ зауэм дэзыгъэкIа Амдэхъан щхьэкIуэр къыщыхуэкIуэм, «Хэт дэкIами, и жылэ щхьэкIэщ щIыдэкIар. И хэкум щхьэкIэщ. Къэзылъхуахэм щхьэкIэщ. Къилъхуахэм щхьэкIэщ» жиIэгъат, и зы нэпс къудами цIыхум яригъэлъэгъуатэкъым. Сыту бэшэчт, сытуи куэд и гум дигъэхуэфрэт адыгэ анэм, адыгэ цIыхубзым жыуегъэIэ апхуэдэ хъыбархэр щызэхэпхкIэ. Лъэпкъым и гъащIэр къыщыублэрэкIа илъэсищэм и кIуэцIкIэ къэхъуахэм я зы теплъэгъуэт Къуиикъуэ Налбий ди нэгу къыщIигъэувар. Апхуэдэу щыт пэтми, гур щIэмычу еныкъуэкъурт ар адыгэ псалъэр Iэзэу щызэгъэпэща тхыгъэщ жыхуиIэ гупсысэм. Ауэ пцIыт… ПцIыт, сыту жыпIэмэ адыгэ анэм апхуэдэ нэщIэбжьэ куэд иужькIи и нэгу щIэкIыну Тхьэм къыхуиухат…
- Шапсыгъ лъахэр Къэбэрдейм пэжыжьэми, адыгэ щIыналъэщ. Нобэ хы Iуфэм зыщагъэпсэхуну кIуэ ди лъэпкъэгъу куэдым аркъудей я пщIыхьэпIэ къыхэхуэркъым абдеж зэгуэр адыгэбзэр щыIуу, адыгэ хабзэр щызэрахьэу адыгэ жылэшхуэ зэрисар. Урыс-Кавказ зауэм и мафIэсым хисхьа шапсыгъ жылэр зэгуэр фоупсыр къызыщIэж кхъужь хадэхэм, бжьэ зехуэным, шылэ Iуданэ зэIущэным зэрыхуэIэпэIэсэм цIэрыIуэ ищIауэ дунейр щызэблэкIырт. АрщхьэкIэ…
- Адыгэ Хэкур щыкъутэм, щтапIэ ихьэжауэ, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ бгылъэм къинауэ ис адыгэхэр зэхуэсыжурэ псэупIэхэр яухуэжырт. Апхуэдэу, ТIуапсы пэмыжыжьэу, Псыущхъуэ деж, зы къуажэ къыщыунэхужащ. Псыущхъуэр псыежэх цIыкIу щхьэкIэ, къиумэ, Iэл зэрыхъум, ятIэпсыр ирихьэхрэ нэри пэри ихьу къызэрызэрыкIым щхьэкIэ, абы и Iуфэм Iус къуажэм ФIеикъуэкIэ еджащ. Щхьэлахъуэ ХьэкIашэ и унагъуэр къекIуэлIэжахэм ящыщти, зэрыпсэун Iуэху, гугъумрэ мыхъумрэ къызэрелын зэрихуэрт. ХьэкIашэ цIыху IэпщIэлъапщIэт, мэзым и пIалъэр ищIэрти, пхъэ къыхэхыгъуэ хъуамэ, цIыхур Iухьэ-IукIыу и унэм щыпэкIурт — хэти выгу, гу шэрхъ, губжьэ къыщIэупщIэрт, хэти хьэкъущыкъухэкI щхьэ-кIэ къелъэIурт. Псапи хищIыкIыу, гуапи ищIэфу, и фэри къимыщу жыхуаIэм хуэдэу псэун езыгъэжьэжа Щхьэлахъуэ ХьэкIашэ икIи IуэрыIуатэ ныбэт. Натыхъуейхэм я хъыбархэм къыщегъэжьауэ Къэбэрдейм я тхыдэжьхэм щыщIэкIыжу зыхимыщIыкIрэ зыщымыгъуазэрэ щыIэтэкъым — пщыхьэщхьэ хъуамэ къуажэ лIыжьыр и хьэщIэщым щызэхуэсырт, нэху щыху щыуэршэру. Дауи, апхуэдиз цIыхур зи унэ къихьэ ХьэкIашэ и бынми и нэIэ ятригъэкIыртэкъым — бгъащхъуэм и гур ягущ, шапсыгъым и хабзэр я фащэщ, жаIэу бын дыгъэ къыщIэхъуащ.
- ХьэкIашэ и уахътыр къэсу дунейм щехыжынум, и къуэм — Къасболэт — уэсяту хуищIыжащ: «Си гъащIэм сызытелэжьар си напэращи, умыгъэулъий, ар хъумэ, мылъкуу къыпхуэзгъанэри аращ». Къасболэт и адэм и псалъэм текIакъым, хуэпэжащ. ФIеикъуэ къуажэ цIыкIум удыхьарэ цIыхур щыбгъэуэршэркIэ, фIэкIыпIэ имыIэу Щхьэлахъуэхэ я гугъур къэхъеинущ. Къасболэт и цIэр псалъэм къыщыхэхуэкIи, ар зэхэзыхауэ щысхэр нобэ хуэтэ-джынущ, апхуэдизкIэ и дуней тетыкIэрэ псэукIэкIэ пщIэ зыхуригъэщIащи. «ХьэкIашэ на-пэм телъэщIыхьамэ, Къасболэт ар игъэцIууат» жаIэ фIеикъуэдэсхэм.
- ФIеикъуи нэгъуэщI зы псалъэ щызэхэпхынущ: «Къасболэтхэр анитIым я бынщ» жаIэу. Къасболэт япэ щхьэгъусэм щIалиплIрэ хъыджэбзитIрэ дигъуэтауэ ар дунейм ехыжри, нобэ зи цIэри зи щхьэри адыгэ анэм и щап-хъэу къалъытэ, Чэбэхъан, Куэшмыдэ Уэсмэн и пхъур, къишэжат. Къасболэтрэ Чэбэхъанрэ сабий пщыкIутху зэдапIащ. Езым къыщIэхъуэжа щIалихымрэ хъыджэбзищымрэ япыIуимыдзу Чэбэхъан ипIащ къызыхыхьа сабий быныр, анэ зиIэм яригъэхъуэпсакъым, щыгъыныджэ ищIакъым, игъэмэжэлIакъым. ЗэраIуэтэжымкIэ, Чэбэхъан бзылъхугъэ нэжэгужэт, сыт хуэдэ гугъуехь къыпэщIэмыхуэми, япэщIыкIэ тIысырт, ар зэригъэзахуэрти, итIанэт щызэфIихыр. Ауэ гъэщIэгъуэныр аратэкъым — псоми телъыджэ къащыхъур абы хилъхьэ гукъыдэжымрэ гунэджымрэт. ЗэфIэхыгъуейуэ къэлъагъуэ Iуэхум гушыIэрэ уэрэдкIэ пежьэрти, къарууэ хилъхьэр къыздрихыр умыщIэу ар зыхуей хуигъазэрт. ЩIым елэжь унагъуэт къызыхэкIари, Чэбэхъан щIым и фIэгъущ хужаIэу ар къигъэдаIуэрт, хилъхьар къехъулIэу, бэв хъуауэ кърихьэлIэжырт. Сыт хуэдэ Iуэхуми хэкIыпIэ зэриIэр хьэкъыу и фIэщ хъурт, ар дахэкIэ пхузэфIэмыхмэ, ущIеувэлIэни щымыIэу къилъытэрт. Чэбэхъан и псалъэхэм ящыщщ: «Дунеижьыр дахэ дэгуашэкIэщ къызэригъэщIари, щытлъагъу псори дахэ гуращэ- кIэщ зэрызэфIэтхын хуейри». Дунейм теты-хункIи абы текIакъым.
- Чэбэхъан и гум фIырэ дахагъэу илъар зыхуэдизыр кърипщIэну зы щапхъэ дахэ щыIэщ. Гъавэр кърахьэлIэжарэ цIыхур и унэ щекIуэлIэжа зы пIалъэ гуэрым хуигъазэрти, Къасболэт и япэ быныр иришажьэрт, я анэшым хьэщIапIэ ишэрт. Быным я нэхъыжь Щауэбэкъуэ гублащхьэм дэсу, езыр сабийхэм яхэсу, гъавэу кърихьэлIам анэш IыхьэкIэ еджэу къыхигъэкIар я хьэщIэ Iусу бынгъэгуфIэ-анэшгъэгушхуэ кIуэрт. Нысэ къашэкIэ апхуэдэ джэгу иращIэкIыу щытакъым, жаIэ, пхъурылъху быныр зыхуашахэм я гуфIэгъуэм апхуэдизкIэ зрагъэIэтырти.
- Чэбэхъан фIы дыдэу къыгурыIуэрт быныр егъэджэн зэрыхуейр, зыхэт дунейм щIэныгъэншэу зэрыхэмыпсэукIыфынур. ФIеикъуэ нобэ нэхъыжьу дэсхэм зэрыжаIэжымкIэ, Щхьэлахъуэхэ я унагъуэм зы лъэхъэнэ къуа- жэ сабийр къыдэмыкIыу дэзу дэту щытащ. Бынунагъуэшхуэм еджапIэм кърата унэ лэжьыгъэр щагъэзащIэкIэ, ауэ сытми зыгуэр дэфтэрым иратхэрэ щхьэж и IуэхукIэ зэбгрыжыжтэкъым, атIэ гупсэхуу зэпкърахырт, нэсу зыгурагъаIуэрти, итIанэт щызэхэкIыжыр. Къуажэ сабийхэм фIыуэ къагурыIуэрт я щхьэ здынэмысахэр, зэхамыщIыкIахэр Щхьэлахъуэхэ зэрыщагъуэтынури, яфIэфIу абы кIуэрт.
- Чэбэхъан къуажэ советым и лIыкIуэу щы- тауи къаIуэтэж, бзылъхугъэ хасэ ФIеикъуэ щызэхэзышари аращ. Къуажэм дэс цIыхубзхэр щIэх-щIэхыурэ зэхуишэсурэ гумэщIыгъуэ къезыт Iуэхугъуэхэр зэрызэфIахынум, лъэ-пощхьэпо хъухэм нахуэу ирипсалъэрт. Чэбэхъан и фIыгъэщ адыгэ къуажитIыр — ФIеикъуэрэ Нэджыкъуэрэ — зэзыпх мывэубэ гъуэ-гур нэхъ бгъуэ зэращIар, унагъуэщIэхэм щIапIэщIэхэр зэрыщыхупачар, сымаджэхэм щеплъ фельдшер IуэхущIапIэ къызэрыщызэIуахар, нэгъуэщI куэдри.
- Чэбэхъан и анэм къыпихауэ удз щIэныгъэшхуэ бгъэдэлът. 1930 гъэхэм IуэрыIуатэхэр щитхыжу Шапсыгъ хэгъэгум ита адыгэ IуэрыIуатэхутэ Меркицкэ Рашид иужькIэ игъэ-щIагъуэу жиIэжу щытащ Щхьэлахъуэ Чэбэ- хъан узыфэхэм зэрыщыгъуазэр, абыхэм зэреIэзэ удз зэмылIэужьыгъуэхэр фIыуэ зэрицIыхур, ахэр зэрызэхалъхьэмрэ сымаджэм зэрырахьэлIэ щIыкIэхэмкIэ щIэныгъэшхуэ зэриIэр. Фельдшер IуэхущIапIэр ФIеикъуэ къыщызэIуахыхункIэ сымаджэхэм удзкIэ еIэзэу къуажэм дэсар Чэбэхъан и закъуэщ. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, адыгэхэм зэрахьэу щыта удз щIэныгъэу нобэ зэрагъэпэщыжым Чэбэхъан и IыхьэфI хэлъщ.
- Зауэр Iэ щIыIэкIэ зыхэIэбахэм ящыщщ Щхьэлахъуэхэ Къасболэтрэ Чэбэхъанрэ я унагъуэр. ЩIалэхэм къащыкIэлъыджэми, и нэпсыр и къуэхэм яригъэлъэгъуакъым. Къилъхуа-къимылъхуакIэ зэхидзакъым быныр Чэбэхъан, дэтхэнэми ящхьэщыубгъуауэ псэуат, дэтхэнэми и гур ящIэузырт. Зауэр къыщежьа махуэм Iэщэр къащтэу дэкIа бы-ным яжриIар дэтхэнэ анэмрэ адэмри жаIэ- рат: къуажэми абы къыдэвнэ фи адэжьхэми я напэр тевмых, бийм фи щIыб хуэвмы- гъазэ, фезауэ абы пхъашэу…
- Пшапэр зэхэуа нэужь, Чэбэхъан щэхуу унэм къыщIэкIырти, къуажэ гупэмкIэ кIуэрт, и щIалэхэм япэплъэу. Щэху цIыкIуурэ быным якIэлъиуса мы гъыбзэр зэбгъэщхь хъун щыIэкъым, гущэкъу уэрэд фIэкIа:
- Хышхуэ гущэри къызэрыукъубий, си нану,
- Бий фIыцIэжри, уэ сэрмыгъуэ,
- къызэрохькъэ-тIэ, уэ си нану,
- Уэ уи тIасхъэр езмыгъэхьынкIэрэ
- си тобэщ, си нану,
- Топыжь гущэри сымыгъэгъуэнкIэрэ си
- псалъэщ, уэ си нану…
- Дуней губгъуэри уи зэуапIэкъэ-тIэ,
- си нану,
- Уэ си унапIэми симызэгъэжрэ-тIэ, си нану,
- Уэ зы цIыкIур укъысхуихьыжтэмэ,
- уэ си нану,
- Псыущхъуэ мыгъуэри згъэгуфIэнтэкъэ,
- си нану…
- Къуиикъуэ Налбий и «Абазэхэхэм я анэ»
- тхыгъэр мыпхуэдэу еух.
- «…Абазэхэхэм я пащхьэ ит бзылъхугъэм зыхуигъазэри, зы зауэлIым къыжриIащ:
- — Уи гуIэр жылэм зыхащIэ, емыкIум зыдумыгъэшу уи гур утIыпщи, уи нэпсыр хуит къэщI.
- — Къэмыхъу гуэр къысщыщIакъым, къызыщыщIахэм ящыщ зы сыхъуауэ аркъудейщ, — жиIащ Амдэхъан, зауэлIхэм къахэплъэри…
- Амдэхъан хьэдэхэм къащыбгъэдэкIыжам, къуршытх кIыхьхэм я щIыбкIэ дыгъэр щетIысэхыжырт… Езыри, абазэхэ зауэлIхэм щыму нэкIэ ягъэкIуатэу, дыгъэр здетIысэхыж лъэныкъуэмкIэ ежьэжащ…
- Жэщыр хэкIуэтауэ къуажэм и хьэщIэщхэм ящыщ зым уэрэд макъ къыщIэIукIащ:
- Абазэхэхэм я анэри дыгъэм
- ныдокIуатэкъэ,
- ИгъэкIуэтэжахэр напIэ зэтемыхыурэ
- кIэлъоплъ,
- Къытхэмыплъэж лIыхъужьхэм
- мы уэрэдыр яхуэвгъэIуркъэ,
- Хэт и цIэ къивмыIуэми, абазэхэ
- анэм ар къилъхуащ…»
- Чэбэхъани и насып къихьакъым и щIалэхэр илъагъужыну. ЗэрыдэкIрэ куэд мыщIауэ, зэшхэм я нэхъыщIэ Уэсмэн зауэм зэрыхэкIуэдар иту письмо щимэр Щхьэлахъуэхэ къаIэры-хьащ. Абы иужькIэ зыр зым иужь иту хъыбар гуауих Чэбэхъан зэхихыну Тхьэм къыхуиухащ. ЦIыхум закъримыгъащIэ щхьэкIэ, анэ тхьэмыщкIэм кIуэцIкIэ игъей и къуэхэр дуней губгъуэм къыщилъыхъуэрт, къэнар псэууэ къыхуихьыжыну, я нэгу иригъэплъэжыну лъаIуэрт. Анэгур пэлъэщакъым апхуэдиз гуауэм. Дунейм щехыжынуми, къыщхьэщыс- хэм яжриIащ: «СылIэми сывмыгъей, IэплIэешэкIкIэ срагъэблэгъэжыну си щIалэхэр модрей дунейм къыщыспоплъэ. Си хьэдащхьэ лъапIэ зэрыхъунум сыщогуфIыкI, си щIалэхэм я псэ щIатар Iуэху захуэщи, жылэ Iуэхущи, хэт жиIэн ахэр лIы къимылъхуауэ, анэ имыпIауэ… СыкъэзыгъэщIауэ сызэкIуэлIэ-жым сыхуэарэзыщ псомкIи…»
- 1943 гъэм шыщхьэуIум и 14-м Чэбэхъан дунейм ехыжащ. Ар щыщIалъхьа махуэм Чэбэхъан и къуэхэм ящыщ Хьэсэн зауэм зэрыхэкIуэдамкIэ хъыбар къуажэдэсхэм къаIэрыхьащ…
- Къасболэт
- Зи щхьэгъуситIми я ужь къина Къасболэт фIэлIыкIышхуэ иIащ. Псэуху еш имыщIэу Iуэхум пэрытащ, сыт хуэдэ хьэлъэми зриту, дэтхэнэ къиинми зыпэщIисэу. Щалъхуа Хэкур зыхилъхьэ щыIакъым, «адыгэ» жаIэу зэхихамэ, ин щIэхъукIырт, нэхъыбэ ищIэну хуейуэ гушхуэныгъэ къыхилъхьэрт. Шапсыгъ щIыналъэр щызэфIагъэувэжым, зи гуащIэ хэзылъхьахэм ящыщщ. Къасболэт и къуэхэм я фэр щIалэгъуалэм яриплъу дуней тетащ. И быным яжриIэнумрэ яригъэлъагъунумрэ хуэдиз абыхэм яжриIэфырт, иущийрт, адыгагъэм хуигъасэрт. Шапсыгъ щIыналъэу лъым ириIам гущIэгъурэ лъагъуныгъэрэ хуащIыну, зэгуэр абы иIэгъа лъэщыгъэр ирагъэгъуэтыжыну къыхуриджэрт.
- Зауэм хэкIуэда и къуэхэр Къасболэт гуа- щIэу зыхищIащ. Ауэ Тхьэм бгъэдилъхьэфащ, абы къащIэхъуа я щIэблэр анэмэту къызэры-хуэнар хьэкъыу пхыкIри.
- Щауэбэкъуэ
- Щхьэлахъуэ Къасболэтрэ Чэбэхъанрэ я щIалибгъум щыщу адэжь унэм къэзыгъэзэ-жар Щауэбэкъуэрэ Кърымджэрийрэщ. И ныбжьымрэ узыншагъэкIэ гуныкъуэгъуэ иIэмрэ елъытауэ Щауэбэкъуэ дзэм дашыну щытакъым. АрщхьэкIэ и къуэш нэхъыщIэхэр дигъэкIыныр къригъэзэгъакъым, я гъусэу дэкIащ.
- Хэку зауэшхуэр къэхъеин ипэкIэ Щауэбэкъуэ щIым елэжьынымрэ Iэщ гъэхъунымрэ пыщIауэ ФIеикъуэ щызэхаша колхозым щылэжьащ. ЦIыху щэныфIэт, щабэт, зыхэтхэм фIыуэ къалъагъурт. И анэм ещхьу, Щауэбэкъуэ жылэр къигъэдэIуэфу, къуажэ Iуэху зэфIэмыхьэхэр щызэблагъэкI зэIущIэхэр зэхишэу щытащ.
- Зауэр къыщыхъеям Щауэбэкъуэ илъэс 40 и ныбжьт, зэуапIэм япэу Iухьахэм ящыщщ. Топыр игъауэрэ пэт и Iэм къегуауэу къемыдэIуэж щыхъум, Щауэбэкъуэ зауэм къыIуагъэ-кIыжат, арщхьэкIэ, 1942 гъэм ирихьэлIэу нэхъыфI щыхъум, дзэм хыхьэжри, Кавказыр, Украинэр, Болгариер, Румыниер, Югославиер щхьэхуит къэзыщIыжхэм яхэтащ. Щауэбэ- къуэ и зауэ гъуэгур Будапешт деж щиухащ. Тбилиси дэт уIэгъэщым къыщеIэзэу здыщIэлъым, зауэр зэриухам, ТекIуэныгъэр къызэ- рахьам и хъыбарыр зэхихащ.
- Щхьэлахъуэ Щауэбэкъуэ зауэм щызэрихьа лIыхъужьыгъэм папщIэ къэралым и дамыгъэ зыбжанэ къыхуагъэфэщащ, Дзэ Плъыжьым и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI фIыщIэгуапэ тхы- лъитхуи къратащ.
- Щауэбэкъуэ щалъхуа къуажэм къигъэзэжри, «Шапсыгъ плъыжь» колхозым бригадиру щылэжьащ. 1978 гъэм дунейм ехыжащ.
- Кърымджэрий
- Кърымджэрий сапёр бригадэм хэтащ. Кавказым къыщригъажьэри, щIалэр Берлин нэсащ. 1943 гъэм Бэракъ Плъыжь орденыр, «Хахуагъэм папщІэ», «1941-1945 гъэхэм екІуэкІа Хэку зауэшхуэм Германием зэрыщыте- кІуам папщІэ» медалхэр къыхуагъэфэщащ.
- Зауэм ипэкIэ Кърымджэрий Ворошиловым и цIэр зезыхьэ колхозым и тхьэмадэу щы- тащ. Къигъэзэжа нэужь, «Шапсыгъ плъыжь» колхозым и Iэтащхьэу ягъэувыжащ. Щхьэлахъуэ Кърымджэрий 1977 гъэм дунейм ехыжащ.
- Жамбот
- Щхьэлахъуэ Къасболэтрэ Чэбэхъанрэ я бынунагъуэшхуэм щыщу нэхъ еджари, щIэныгъэ зыбгъэдэлъри Жамботт. МэкъумэшыщIэ ныбжьыщIэхэм я еджапIэу ТIуапсы къыщызэIуахар нэхъыфI дыдэу къэзыухахэм ящыщт ар. Еджэныр зи щIасэ Жамбот апхуэдизкIэ жьакIуэти, а еджапIэм шапсыгъ щIалэгъуалэр уэру къекIуалIэрт. ИпэкIи иужькIи къэмыхъуа Iуэхущ ар. ЦIыхур къыщIэупщIэу Жамбот тхылъ гъэтIылъыгъэшхуэ иIащ, спортым хуабжьу дихьэхырт. ФIеикъуэ къуажэ комсомол гупым я пашэу щытащ.
- Жамбот и зэфIэкIыр къалъытэри, Новочеркасск дэт хабзэхъумэ-хьэкумыщIэ еджапIэм ягъэкIуауэ щытащ. Абы щIэныгъэ куу щыз- ригъэгъуэтам къищынэмыщIауэ, дзыхь къыхуащIри, Коммунист партым хагъэхьат. Ар иужькIэ абы къыхуэщхьэпэжащ Шапсыгъ щIыналъэм и хьэкумыщIэ нэхъыжьу хахынымкIэ.
- Зауэр къызэрыхъейуэ Жамбот фIэфIу абы дэкIащ, политунафэщIуи зэуапIэм Iутащ. Ростов деж щекIуэкIа зауэ гуащIэм къыщигъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэм папщIэ Жамбот «Хахуагъэм папщІэ» медалыр къыхуагъэфэ- щауэ щытащ. Щхьэлахъуэхэ я щIалэр Щэ- рау губгъуэ (Таганрог) деж щекIуэкIа зауэм хэкIуэдащ.
- Атэлыхь
- Атэлыхь цIыху щэхуу, псэлъэн нэхърэ жаIэм едаIуэныр нэхъ къищтэу къуажэм дэ- сащ. ЕджапIэ къэухыгъуэ ихуакъым, ауэ набдзэгубдзаплъэти, езыр-езырурэ и щIэныгъэм хигъахъуэу псэуащ. Колхозым и учётчикыу щытащ, илъэс IэджэкIэ тхьэмадагъэр щызэрихьащ, ФIеикъуэ къуажэм комсомол гупхэр щызэхэзышахэм яхэтащ.
- Атэлыхь зауэм щыдашар 1941 гъэм и бжьыхьэращ. Ар зыхэхуар генерал Кириченкэ зи Iэтащхьэ Псыжь къэзакъыдзэрщ, абы хэтуи зэуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр хуит къащIыжыну къакIуэ советыдзэхэм ирагъэкIуэкI зауэ-хэм ящыщ зым, Мэздэгу деж щекIуэкIам, Атэлыхь лIыгъэ щызэрихьэу хэкIуэдащ. ЩIалэм и кIуэдыкIэ хъуамрэ и щхьэ кърикIуамрэ унагъуэм куэдрэ ящIакъым, и хъыбарыр абы и гъуса зауэлIым Щхьэлахъуэхэ къажриIэжыхункIэ.
- Iэюб
- Зауэм ипэкIэ Iэюб Ленинград заготсату IуэхущIапIэм щылажьэу, абы и унафэщIу щытащ. Iэюб бронь жыхуаIэм хуэдэ иIэт, зауэм дэмыкIынуи хуитт. АрщхьэкIэ абырэ и къуэш Хъусенрэ фIырыфIкIэ унэм пхущIэсынухэм ящыщтэкъым. Нэхъыжьхэм ямыщIэу зэ- къуэшитIыр 1941 гъэм бжьыхьэку мазэу Мейкъуапэ къакIуэхэри, абдеж щызэхаша 26-нэ фочауэ бригадэм и 116-нэ полкым хыхьащ. Мейкъуапэ щIыбкIэ зэуапIэм щыIухьэкIэ, нэхъ зыхуэныкъуэну Iэмалхэм щыхуагъасэ икIи щIэгъэхуэбжьауэ щыхуагъэхьэзыр щIыпIэм мазэ зыбжанэкIэ щыIауэ, 116-нэ полкыр Севастополь ягъэкIуащ, къалэр зыхъумэ дзэм хыхьэн хуэдэу. Iэюб шыщхьэмыгъазэт, шынэ жыхуаIэр ищIэртэкъым, бийр зэщIэмыкIуэмэ, езыр къикIуэтынутэкъым. И къуэш нэхъыщIэ Уэсмэн зауэм зэрыхэкIуэдам и хъыбарыр къыIэрыхьа нэужь, зэрыпхъуакIуэхэм нэхъри епхъэшэкI хъуащ. ФIеикъуэ щыщу Iэюб къыдэзэуа и къуажэгъу Нэпсо Долэтджэрий иужькIэ зэрыжиIэжу щытамкIэ, ар мыхъуамэ, зэуапIэм псэууэ къикIынкIэ Iэмал иIэтэкъым. УIэгъэ хьэлъэ хъууэ лъыр уэру зыщIэкIа Нэп-сор зимыщIэжу губгъуэм къинат. Зауэр жэщым щыувыIэм, Iэюб зиплъыхьри, Долэтджэрий игъуэтыжакъым. Псэууэ къелрэ къуажэм игъэзэжмэ, и адэ-анэми, Нэпсохи, къуажэдэсхэми зэраIуплъэжынур и щхьэм къиджэразэри, щэхуу щIытIым къикIри ма- хуэ псом зауэ гуащIэр щекIуэкIа губгъуэм пщыуэрэ ихьащ. Нэпсохэ я щIалэр иужьрейуэ щилъэгъуа щIыпIэм нэсщ, къигъуэтри, и джабэм илъу къыIуилъэфыжауэ щытащ.
- ЩIалэ гумызагъэр и адэжь напэм емыплъатэмэ, и гур къыхалъхьа хабзэм зэримыхуэтэмэ, апхуэдэ лIыгъэ къыхэмыхуэнри зыхуэ- Iуа щыIэтэкъым. Нэпсохэ я щIалэр псэууэ къызэрыкIа губгъуэм Iэюб икIуэдащ. Севастополь бийм щызыхъумахэм, щхьэхуит къэзыщIыжахэм я фэеплъым тет цIэхэм дыщэпс- кIэ хэтхащ Щхьэлахъуэ Iэюб ейри.
- Хьэсэн
- Хьэсэни щIалэ гупцIанэт, мыхъумыщIэм емызэгъ, дэхуэхамрэ зыхузэфIэмыкIымрэ сыт щыгъуи защIэзыгъакъуэ ныбжьыщIэт. Зауэр къыщыхъейми, япэу дэкIахэм яхэтащ. Хьэсэн ТIуапсырэ Кърым щIыналъэмрэ зыхъумахэм яхэтащ. 1943 гъэм и мэлыжьыхь мазэм десантыдзэм хэту ПцIэмэз (Новороссийск) деж къыщетIысэхым, хьэлъэу къауIат. КъеIэзэну къыздаша Бжьэдыгъукъалэ (Краснодар) дэт уIэгъэщым и псэр щыхэкIащ. Хьэ-сэн зэрыщымыIэжым и хъыбарыр Щхьэлахъуэхэ я унагъуэм щаIэрыхьам, Чэбэхъан щIалъхьауэ къуажэ цIыхухъур кхъэм къыдэкIыжырт…
- Хьэжрэт
- Хьэжрэт и анэм нэхъ ещхь быным яхэттэкъым. Сыт щыгъуи гуфIэ нэгуу, Iуэхум я нэхъ хьэлъэм пэрыхьами, уэрэдрэ гушыIэкIэ кърихьэлIэу апхуэдэ щIалэт. Пшынауэ Iэзэ- ти, ар зылъэгъуахэм нобэр къыздэсым жаIэж, пшынэр зэкIэщIихарэ макъамэ мащIэ тIэкIу къигъэIуамэ, Нэджыкъуэ щIалэгъуалэр къэсырт, Хьэжрэт къригъэпщыкIутIыкIынущ, жаIэу. ПхъэцIычауэ бэлыхьти, пхъэцIыч тхьэмпэхэр щызэтеуэкIэ, Iэгуи ухуэмеижу джэгум утришэрт, апхуэдизкIэ лъэр къомыдэIуэжу ищIырти. ФIеикъуэ колхозым лэжьыгъэкIэ къыхэщхэм я пашэу, щIалэгъуалэм сыт и лъэныкъуэкIи къахэщу щытащ.
- Зауэр къыщыхъея илъэсым и япэ мазэ- хэм ПсыфIыпэ кхъухьлъатэ телъэтыкIыпIэм- рэ ТIуапсы къалэ быдапIэхэмрэ зэщIэгъэпсыхьыным жыджэру хэтащ. АрщхьэкIэ, езыр лъаIуэри, 1942 гъэм и щIымахуэкIэ дыдэм дзэм хыхьащ. И IэщIагъэр къалъытэри, Хьэжрэт лъэмыжхэр, гъуэгухэр, псэуалъэхэр зэзыгъэпэщыж ухуакIуэ батальоным хагъэхьат.
- 1944 гъэм и бжьыхьэм, Украинэр хуит къыщащIыжым, Сумск и Iэгъуэблагъэхэм щыхэкIуэдащ. Унагъуэ щIыгъуэ имыхуа щIалэщIэм, къыдэзэуахэм зэраIуэтэжымкIэ, фIыуэ илъагъу пщащэм куэдрэ и гугъу ищIырт, кIуэжмэ, и адэ-анэм я унагъуэшхуэм хуэдэ зэрищIынум тепсэлъыхьырт. И псэр щыхэкI-ми, уэрэду иIэр арат — и Хэкурэ и унагъуэрэ я напэр зэрытримыхар.
- Хъусен
- Хъусени щIалэ гушыIэрейт. Арат япэ дыдэу къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм киногъэлъэгъуапIэ хезыгъэщIыхьауэ щытар, киномеханикым и дэIэпыкъуэгъуи хъуар. Абы и лэжьэкIэм ехъуэпса, къыдэкI фильмхэр къа- нэ щымыIэу зэзыгъэцIыхуа щIалэм киногъэлъэгъуэныгъэм хуэIэпэIэсэ зэрыхъунум щIэхъуэпс, ар къэгъэнауэ езыр абыхэм щыджэ- гуу щыхъунум хуэпабгъэ хъуащ. Хэт ищIэн, зауэр мыхъуамэ Хъусен къыхэкIыну щытар….
- Хъусен и къуэш нэхъыжь Iэюб и гъусэу 26-нэ фочауэ бригадэм и 122-нэ полкым хэтащ. Ермэлыхьэблэ (Армавир) деж щекIуэкIа зауэм хэкIуэдащ.
- Уэсмэн
- Уэсмэн къэфакIуэт, хуэдэ Шапсыгъ хэкум кърамылъхуауэ жаIэу. АпхуэдизкIэ цIыху нэфIэгуфIэти, угукъыдэжыншэми, абы и щытыкIэм укъызэримыгъэлэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Зауэм дэкIыну къыщыкIэлъыджэм, фIеикъуэдэсхэм зэрыжаIэжымкIэ, игъащIэкIэ фигу сыкъинэнщ, жиIэри ирагъэжьэну къызэхуэсахэм я утыкум лъапэрисэ щищIауэ щытыгъат… Апхуэдэущ нобэр къыздэсым Уэсмэн ягу къызэрагъэкIыжыр къуажэдэсхэми — гуапэу, гушыIэр зи щэну, цIыху дахэу…
- Уэсмэн Житомир деж щекIуэкIа зауэм хэкIуэдащ, Щхьэлахъуэхэ я унагъуэм зи хъыбар гуауэ япэу яIэрыхьари аращ.
- Рэмэзан
- Рэмэзан зэшхэм я нэхъыжьхэм ящыщт. Пасэу унагъуэ ищIри тIысыжат. Колхозым япэу хыхьахэм ящыщт. ЕджэкIэ-тхэкIэ ищIэрт, къуажэдэсхэр зыхуэныкъуэ тхылъымпIэхэмкIэ ядэIэпыкъурт, лъэIу тхылъхэр яхузэхилъхьэрт. Урысыбзэр фIыуэ зэрищIэм къыхэкIыу, куэдрэ зэдзэкIакIуэ яхуэхъурт. Рэмэзан и ныбжьрэ и узыншагъэкIэ зауэм Iуагъэхьэнутэкъым, ауэ зэуапIэм и щIыбым псэемыблэжу щылэжьащ. ТIуапсы къалэ быдапIэхэр зэщIэзыгъэпсыхьхэм яхэтащ. Къуажэдэсхэр зэдэарэзыуэ «Шапсыгъ плъыжь» колхозым и тхьэмадэу хахауэ щы-тащ.
- Рэмэзан и бынихым ящыщу щIалитIыр Хэку зауэшхуэм хэтащ — Аскэрбийрэ Аслъэнбийрэ. ТIури бланэт, шыщхьэмыгъазэт, хахуэт.
- Аскэрбий
- Аскэрбий офицерыцIэр зиIэ, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ зауэлIт. Зауэм ипэкIэ дзэ хуэIухуэщIэхэмкIэ еджапIэр къиухат. ЩIэныгъэ зиIэ щIалэр ТIуапсы щIыналъэм ит курыт еджапIэм мазэ бжыгъэкIэ щылэжьэну хунэ-сат. Зауэр къыщыхъейм, лъаIуэри и IэщIагъэрэ щIэныгъэкIэ абы зэрыхуэгъэпсар тегъэщIапIэ ищIри, Мэзкуу зыхъумэнухэм яхэхуащ. Аскэрбий и хъыбарыр кIэщI-кIэщIу- рэ унагъуэм къалъигъэIэсырт, ауэ 1941 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм Мэзкуу деж ар зэрыщыхэкIуэдар иту унагъуэм письмо къаIэрыхьащ…
- Фаинэ
- И щхьэгъусэ Аскэрбий зауэм зэрыхэкIуэдар иту письмор къыщыIэрыхьэм, унэм къинэн идакъым Фаинэ. ЛъэпкъкIэ урысми, унагъуэм дахэу хэзэгъат, адыгэ хабзэми щыгъуэзат ар. Аскэрбий дигъуэта и щIалэ цIыкIур Чэбэхъан къыхуихьри, нысэм жиIащ зауэм зэрыкIуэр, Аскэрбий илъ ищIэжыну зэрыдэкIыр. Нэху щыху гупсысэ дыджхэм хэта фызыжьыр пщэдджыжьым лэгъунлейм къыщIыхьа и нысэм и шхыныр зэрылъхьарэ къэлътмакъыр щхьэщыпхыкIыжауэ IущIащ. «Си дыщэр зи дыщэу зылъыта уэ цIыкIури узиды-щэщи, Тхьэм урианэмэтщ, си хъыджэбз. Сабийр дэ дызэрыхъу, жылэр зэрыхъу хъунщ. Дызыхэт дуней бзаджэм и архъуанэм иджэрэзахэм уэри уахохьэри, укърихыжынкIэ сылъэIуакIуэщ, Тхьэм урихьэщIэщ, си хъыджэбз — зыхъумэ, уи напэм хуэсакъ, уи щIыбыр бийм иумыгъэлъагъу». Ар жиIэри, IэплIэшхуэ зришэ-кIа цIыхубзым сабийр IэщIилъхьащ… Фаинэ къызыхыхьахэм я хабзэр и хамэтэкъыми, ерагъыу зишыIэу сабийм едэхэщIэжщ, и натIэм ба хуищIри унэм щIэкIат…
- Фаинэ Хы фIыцIэ кхъухьыдзэм и 4-нэ медицинэ-санитар бригадэм хэхуэри, медицинэ къулыкъукIэ сержант нэхъыжьу зэуапIэм Iухьащ. Фаинэ и насып къихьакъым и къуэ закъуэр илъагъужыну — 1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м Севастополь деж щекIуэкIа зауэм ар щыхэкIуэдащ.
- Аслъэнбий
- Щхьэлахъуэ Рэмэзан и къуэ нэхъыщIэ Аслъэнбии и ныбжькIэ къытехуэртэкъым зауэм кIуэну. И къуажэгъухэм я гъусэу губгъуэм итт, лэжьыгъэр къыщрихьэлIэкIэ, и адэм деж ТIуапсы кIуэрти, къалэр зыгъэбыдэхэм яхыхьэрт. Нэмыцэхэр ФIеикъуэ къуажэ 1942 гъэм гъунэгъу къыщыхуэхъум, Аслъэнбийрэ и шыпхъу нэхъыщIэ Тамарэрэ ягъэIэпхъуэхэм яхэхуащ. Апхуэдэу ахэр Магнитогорск къыщыщIидзащ. Мыбы дэт техникэ IуэхухэмкIэ IэщIагъэ щрат еджапIэм тIури щIэтIысхьа щхьэкIэ, Аслъэнбий куэдрэ зыщиIэжьакъым. И ныбжьым илъэситI хигъахъуэри, щIалэр Тюмень дэт дзэ еджапIэм кIуэхэм захригъэтхащ. А илъэс дыдэм и накъыгъэ мазэм ар сержант-тIасхъэщIэхыу ипщэ фронтым хыхьащ. Аслъэнбий Курск деж щекIуэкIа зауаем хэтащ. Абдеж къыщытехуа уIэгъэм еIэзэри, Днепр зэпрыкIыу Белоруссиемрэ Лэхь щIыналъэмрэ хуит къэзыщIыжахэм яхэтащ. ЛІыгъэ зэрихьахэм къапэкІуэу Аслъэнбий «Хахуагъэм папщІэ», «1941-1945 гъэхэм екІуэкІа Хэку зауэшхуэм Германием зэрыщытекІуам папщІэ» медалхэр къыхуагъэфэщащ. 1945 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм зи ныбжьыр илъэс 18 фIэкIа иримыкъуа щIалэщIэм, и бгъэр медалхэмрэ орденхэмрэ хэлъу, и адэжь унэм къигъэзэжащ.
- Айдэмыр
- Щхьэлахъуэ Къасболэтрэ Чэбэхъанрэ я къуэ нэхъыжь дыдэ Iэлтыхъу и бынщ Айдэ-мыр. Унагъуэшхуэм щыщу иужьрейуэ зауэм Iухьари аращ. ПщIантIэм къыдэкI щIалэщIэр Чэбэхъан игъэтIысри жриIар мырат: «Мы къуажэм дэсхэм я щхьэ кърикIуам нэхъ лей къытщыщIакъым, си щIалэ. ЗэуапIэм Iухьауэ Iут уи къуэшхэр щIэзауэр псэхугъуэ дгъуэты-жын щхьэкIэщ. СлъэкIамэ узутIыпщынутэкъым, ауэ анэ хьэкъым къищынэмыщIауэ, Хэкуми и хьэкъ птелъщ. ДызэрылIэжынур зэ закъуэщи, си щIалэ, уи натIэ къритхар арамэ, а зэ лIэгъуэм лIыгъэ хэлъхьэ, Щхьэлахъуэхэ ди цIэр дыщэ бжаблэм ирегъатхэ. Уэ уи псэугъуэт, уи дахэгъуэт, ауэ ар къэбзэужын хуейуэ IэнатIэ уиIэ хъуащи, уи псэ ущымысхь. «ЛIыхъужьщ» зыхужегъэIэ, бийм и Iэщэр уи щIыб щумыгъэгъэджэгу. Псом нэхърэ нэхъыфIыр, бжесIэн, си щIалэ — къэгъэзэж…» Ар жиIэри а зэм Чэбэхъан и нэпсыр хуэмыубыду къыфIыщIэжащ.
- Тбилиси дэт, радистхэм я еджапIэр Айдэмыр къиуха нэужь, Ростов къашэжри, абдеж щекIуэкIа зауэ гуащIэм хэтащ. Румыниер, Венгриер, Австриер, Болгариер щхьэхуит къэзыщIыжахэм яхэтащ. ЛІыгъэ зэрихьахэм папщIэ Айдэмыр «Хахуагъэм папщІэ», «Будапешт къызэращтам папщІэ», «Венэ къызэращтам папщІэ», «1941-1945 гъэхэм екІуэкІа Хэку зауэшхуэм Германием зэрыщытекІуам папщІэ» медалхэр къыхуагъэфэщащ.
- Айдэмыр къигъэзэжащ псэууэ. КъызыхэкIа лъэпкъым щытхъуцIэр къахуихьри къэкIуэжащ, и анэшхуэм и псалъэхэри игъэзэщIащ. Хъыджэбзищрэ зы щIалэрэ къызыхуэхъуа Айдэмыр жьыщхьэ махуэу псэуащ, дунейм зэрехыжрэ куэд щIакъым.
- Шапсыгъ щIыналъэм щыщ зы адыгэ унагъуэ къызэрыгуэкIым, Щхьэлахъуэхэ Къасболэтрэ Чэбэхъанрэ я унагъуэм, къуибгъу, къуэрылъхуищ, зы нысэ зауэм ягъэкIуащ. Къэзыгъэзэжар къуитIымрэ къуэрылъхуитIымрэщ. ЦIыхум и лъэужьыр кIэщIу хэкIуэдэжу жаIэ. Ауэ дауэ ар уи фIэщ зэрыпщIынур, фэеплъыр гум изыгъэхун къару щымыIэмэ, щIэжыр уахътыншэмэ.
- Псэ зыIуту дунейм тетым анэр зыщыгъупщэ щыIэкъым, сыту жыпIэмэ абы и нэпскIэ тхьэщIащ дуней гъуэгур, абы и тхьэлъэIукIэ псыхьащ дуней гъащIэр. Чэбэхъан и фIыщIэр зыхъумэ къуажэдэсхэмрэ бынымрэ хуагъэува фэеплъри адыгэ анэхэм, дуней псом тет анэхэм щIафэеплъри аращ — я нэпсыр зэрыгуащIэрщ, я тхьэлъэIу зэпымыужыр зэрыгуащIафIэрщ.
- Пщыгъупщэ мыхъун фэеплъ щыIэщ…
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым
- и щIэныгъэ обозреватель.