ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Апрель, 2021

Адыгэ пщащэр къыхожаныкI

2021-04-17

  • Урысей Федерацэм и Правительствэмрэ ФинансхэмкIэ университетым аудит, корпоратив отчётхэмкIэ и департаментымрэ иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ «Иджырей экономикэмрэ абы и къэкIуэнумрэ зэрызэтраухуэ бухгалтер учётыр, абы епха IэнатIэхэр къызэрызэрагъэпэщ Iэмалхэр» зи фIэщыгъэ III Дунейпсо щIэныгъэ зэхуэсыр. Абы хэтащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и студентхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зэрыщытам хуэдэу къызэтегъэнэн

2021-04-17

  • «Дыщалъхуа щIыналъэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр (International Day for Monuments and Sites) гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ телъыджэхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо советым и ассамблеем (ICOMOS) къыщищтащ. Абы кърикIуащ щэнхабзэм и щIэин щIыпIэхэмрэ фэеплъхэмрэ жылагъуэм гулъытэ хэха щыхуащI махуэр 1984 гъэм къыщыщIэдзауэ мэлыжьыхьым и 18-м дуней псом щыгъэлъэпIэныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

БзитIкIэ къыдокI

2021-04-17

  • Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Выдающиеся поэты Кавказа» серием хыхьэ зи чэзу тхылъыр. Абы ихуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, Горький Максим и цIэкIэ щыIэ Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща КIыщокъуэ Алим и усэ къыхэхахэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Мэлыжьыхьым и 8-м ди газетым тета «Ажэгъуэмэ» псалъэзэблэдзым и жэуапхэр

2021-04-17

  •  ЕкIуэкIыу:13. ТхьэкIумэкIыхьудз 14. Ажэгъуэмэ 15. Мэзтхьэрыкъуэж 18. КIарц 19. Санэху 20. ШапцIэ 21. Къадзыху 22. Арджэн 23. Мыкъут 28. Къудас 29. Къэбыстэ 30. Къэрэгъэш 31. Хуэшэ 33. Нып 35. Шыфтыхунэ 36. МышхумпIэ 38. Къамылыхъу 40. ЩIымэракIуэ 43. Сэрэбэгъуэ 44. Пкъынэ 45. Чэщей 46. УIэгъэгын 50. Сэхурангъэгъу 53. МэракIуапцIэ 55. Хьэкъыршдэгу 58. Мещым 59. Шылыч 62. Шэдыгъуей 63. Нэратей 64. Пхъы 65. Къэб 66. Пунэлат 70. ДжэдуукIэ 71. Нозыр 72. Къуэлэн 74. Мыщэхупщей 77. КхъужьIэрысей 78. Жэгундапкъэ 85. БлэпщыпIэ 87. Ташын 88. Банэху 89. Пхъэбгъулъэгу 93. Пхъэмыфей 94.Iэгъэбэгу 96. ХьэсапIэжь 97. ХьэкIэзэпх 99. Ажэ 101. Тхъуий 102. ШэгъэфIэIу 103. Нэрылъагъу 104. ЩIыдэ 107. Нащэ 108. Банэжь 109. ХьэщIэщ 110. Балий 111. Шэрэз 112. Мэкъут 117. Шэмэджгъэдыргъ 118. Бжьэхъунудз 119. ПсыпцIэсэрэш.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2021-04-17

  • 1 КъБР «Мир» канал
  • Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 19
  • Сыхьэтыр 10 пщIондэ лажьэркъым
  • 17.00 «Пщыхьэщхьэ таурыхъ». Цыферов Г. «Как отдыхал подъёмный кран» (6+)
  • 17.10 «Сабийхэм я дуней» (12+)
  • 17.35 «Спорт утыку цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 17.55 «Адэ-анэхэр щIоупщIэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+)
  • 19.30 «ХъыбарыщIэхэр» (16+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Адыгэ хъыбархэр

2021-04-17

  • Едыдж Батырай 1946 гъэм Тыркум, Елэмэ къуажэм къыщалъхуащ, Хайдельберг университетым (Германием) щеджащ, абы илъэс зыбжанэкIэ щылэжьащ. Филологие щIэныгъэхэм я докторщ, адыгэ IуэрыIуатэ куэд зэхуихьэсыжащ. Нарт эпосыр щихутэ лэжьыгъэ иIэщ. Мейкъуапэ къигъэзэжауэ, Адыгэ- къэрал университетым щрегъаджэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-04-17

  • IуэрыIуатэ
  • ХьэщIэ
  • ШукIасэ зы шу къеджащ:
  • — ШукIасэ! — жери.
  •  ШукIасэ хьэщIэщым икIащ.
  • — Еблагъэ!
  • — Себлэгъэнущ, — жиIащ шум, — сыбгъэхьэщIэфынумэ. Себлагъэмэ, уи хьэщIэщым мазищкIэ сисынущ. Махуэ къэс зы мэл схуэбукIынщ, сишми зы мэкъу Iэтэ ишхынущ махуэ къэс, зы шы Iэдэжи сIыгъщи, абыи махуэ и зы Iэтэ ишхынущ. Ар пхузэфIэкIынумэ, себлэгъэнущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис