ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Апрель, 2021

Я къуэпсхэм зыхуагъэзэж

2021-04-13

  • ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм къыхилъхьэри, лъэпкъхэм я лIакъуэ жыгхэр зэхэгъэувэным теухуауэ Къып Мэхьмуд и фэеплъу «ЛIакъуэеджэ» дунейпсо щIэныгъэ-узэщIакIуэ зэпеуэр иригъэкIуэкIащ. Ар хуэунэтIат адыгэ щэнхабзэм и къэгъэщIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щІалэгъуалэм гу лъегъэтэным, нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, лIакъуэ тхыдэм щыгъэгъуэзэным, адэжьхэм я цIэхэмрэ я IуэхущIафэхэмрэ ящIэу къэгъэтэджыным, ар пщIэ зыпылъ Iуэхугъуэу зэрыщытым, лъэпкъым зэрыщыщыр къэзыгъэлъагъуэ нэщэнэ зэрыхъум и гупсысэр тешэным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэпеуэхэр

КъБР-р илъэси 100 ирокъу

2021-04-13

КъБАССР-м и цIыхубэ артист КъардэнгъущI Зырамыку.

РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Къашыргъэ КIурацэ.

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Адыгэхэр: дуней псом щынэхъыжь дыдэ лъэпкъхэм ящыщ зыщ

2021-04-13

  • Зэгуэтха тхылъышхуэм Тыркум щыпсэу убыххэм я зы нэхъыжьыфI къиIуэтэжа гъэсэпэтхыдэ дигу къигъэкIыжащ. Зэгуэрым ныбжь дахэ зыгъащIэу, куэд зи нэгу щIэкIа убых тхьэмадэ жьакIэхум и къуэ закъуэр ириджэри: «Къуажэ хэгъуащхьэм нэс удэкIрэ шыгъэ-лIыгъэ щыбгъэлъагъуэу, абдеж къыщыхъум фIэкIаи дунейм къыщекIуэкIым ущымыгъуазэу щыIэныгъэр къыбгурыIуэнукъым, зэхэщIыкIи уиIэнукъым, езы гъащIэми щIагъуэу ухэзэгъэнукъым. КIуэ, дунейр къэплъыхь, зэгъэцIыху, акъыл зэгъэгъуэти къекIуэлIэж. ФIыкIэ сыт узэджэнур, Iейуэ сыт плъытэнур, цIыху гъащIэми нэхъыщхьэу сыт щыбгъэувынур — мыхэр зищIысыр зэхэгъэкIи, акъылыр уи щхьэм, хьилымыр уи гум илъу къэгъэзэж», — жриIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Шыбзыхъуэ Залинэ: «Дэ иджыпстущ дыщыпсэур!»

2021-04-13

  • Зэманым декIу! Апхуэдэу хужысIэнт Шыбзыхъуэ (Шишман) Залинэ. Инджылызыбзэм хуеджащ, иролажьэ. IэпэIэсэщ — адыгэ пщащэхэм зэрызагъэдахэ лэрыпс ещI. Шыбзыхъуэ Залинэ ди лъэпкъым и шыфэлIыфэр зыхъумэхэм ящыщщ. Ди гуапэу абы дедгъэкIуэкIа псалъэмакъымкIэ дывдогуашэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Щэм хуэIэзэ Емыжьэ МулиIэт

2021-04-13

  • Мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу адыгэ тхакIуэ, тележурналист, Адыгейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Емыжьэ МулиIэт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Новороссийск щыкIуам куэдкIэ нэхъыфIат

2021-04-13

  • «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Черноморец» (Новороссийск) — 0:2 (0:2). Налшык. «Спартак» стадион. Мэлыжьыхьым и 10-м. ЦIыхуи 150-рэ еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол