Адыгэ хъыбархэр
2021-04-17
- Едыдж Батырай 1946 гъэм Тыркум, Елэмэ къуажэм къыщалъхуащ, Хайдельберг университетым (Германием) щеджащ, абы илъэс зыбжанэкIэ щылэжьащ. Филологие щIэныгъэхэм я докторщ, адыгэ IуэрыIуатэ куэд зэхуихьэсыжащ. Нарт эпосыр щихутэ лэжьыгъэ иIэщ. Мейкъуапэ къигъэзэжауэ, Адыгэ- къэрал университетым щрегъаджэ.
- Мейкъуапэ къыщыдэкIащ Едыдж Батырай Тыркум щитхыжа хъыбархэр щызэхуэхьэса «Удыхьэшхынумэ, къеблагъэ» тхылъыр. Щыгъуазэ фыдощI Батырай итхыжа хъыбархэм.
- Тхьэджэд
- ТХЬЭДЖЭДЫР япэ щалъэгъуам, жыгыщхьэм итIысхьэри, зылI тхьэм зыхуигъэгусащ:
- — Уи джэдыр ину къэбгъэ-щIащ, дэ укъызэрытхуэупса джэдыр цIыкIущ — уигу щхьэ къыдэбгъа? — жери.
- Уафэгъуагъуэм зыкъызэщIищIащ асыхьэтым, щыблэ уащ.
- — Тхьэр къыпхуэгубжьащ: щыблэм уимыукI щIыкIэ жы-гым къехыж, — жраIащ жыгыщхьэм тес лIым.
- Тхьэджэд — гуэгуш (адыгеибзэкIэ).
- Сыт ар щIыдэмыхуэнур?
- 1930 ГЪЭХЭМ Тыркум унафэ къыщащтэгъащ тыркубзэкIэ фIэкI упсэлъэну ухуимыту. Тыркубзэ зымыщIэ адыгэ цIыхубзитI къалэм кIуат абы щыгъуэ. АдыгэбзэкIэ псалъэурэ уэрамым здыдэтым, зым игу къэкIыжащ тыркубзэкIэ мыпсалъэмэ, тезыр къытралъхьэнкIэ зэрыхъунур. Адрейм жиIащ:
- — Мыпхуэдизыбзэр зыдэхуэ мы къалэшхуэм ди адыгэбзэ дахэ цIыкIури дэхуэнщ.
- Тезырым щхьэкIи шынакъым цIыхубзитIыр: къалэм дэтыху адыгэбзэщ зэрызэпсэлъар.
- Лазымрэ хъунщIакIуэмрэ
- ТЫРКУМ япэ нэса адыгэхэр Дюзджэ щIыналъэм щетIысэхащ. Дюзджэрэ Болурэ я зэхуаку мэзышхуэ дэтащ, зы гъуэгу кIуэцIрыкIыу. Мэзым хъунщIакIуэ щIэсащ, гъуэгурыкIуэхэр яхъунщIэу.
- Зы лаз (куржы) Болу икIынурэ Дюзджэ кIуэнути, кIэрахъуэ зыкIэрищIэри шэсащ. «Мэзым щIэкI гъуэгум утемыхьэ, — жраIащ лазым, — уахъунщIэнщ». «Си бгым ищIа кIэрахъуэр флъагъурэ? Сахуэгъэзащ хъунщIакIуэм»,- жери лазыр гъуэгу техьащ. Здежьам нэсри, къигъэзэжащ лазым, ишри и кIэрахъуэри хъунщIакIуэм IэщIагъэкIауэ.
- — Шыри кIэрахъуэри дэнэ пхьа? — еупщIащ лазым.
- — Си кIэрахъуалъэр зытрезгъэхакъым. Ар страхамэ, хъунщIакIуэм есщIэнур ящIэртэкъэ! — жиIащ лазым.
- СыщIемыгъуэж щIыкIэ
- МЭЗЫМ щIыхьауэ, зы ермэлы сатуущIэ хъунщIакIуэм иубыдащ. ХъунщIакIуэм гущIэгъу зэримыIэр ищIэрти, сатуущIэр къэшынащ.
- — СумыукI закъуэ, узыхуейр уэстынщ, — жиIащ ермэлым.
- ХъунщIакIуэм и гур нэхъ щабэ къэхъуащ.
- — УзукIынкъым, муслъымэн диным къихьи, узутIыпщыжынщ, — жиIащ хъунщIакIуэм.
- — НэгъуэщI къыспумыубыдмэ, муслъымэн диным сихьэнщ, ауэ сыт абы щхьэкIэ сщIэн хуейр? — жиIащ ермэлы сатуущIэм.
- Апхуэдэ жэуап пэплъакъым хъунщIакIуэр: и щхьэм щIэтIахъуэри:
- — Сэри сщIэркъым абы щхьэкIэ пщIэн хуейр, сыщIемыгъуэж щIыкIэ зыIуегъэх, — жриIащ ермэлым.
- «Шыдыгъум» и жэуап
- КЪАЙСЭР къалэм адыгэ щIалэ гуэр дэсащ. «Шыдыгъут» абы и ныбжьэгъухэр къызэреджэр — ар цIэ лей хуэхъуат, езым зихъунщIэми. А цIэ лейр игу темыхуэж хъури, щIалэм и ныбжьэгъухэм яжриIащ:
- — Дэ дышыдыгъукъым. Мыдэ фыкъызэдаIуэ.
- И зы ныбжьэгъу и цейр зыщитIэгъащ щIалэм, цейр зейм еупщIащ:
- — Мы цейр хэт ей?
- — Сысейщ, — жиIащ ныбжьэгъум.
- — Пэжщ, ууейщ. Мэ, узотыж уи цейр, — жриIащ цейр зейм. — Шым и Iуэхури апхуэдабзэщ. Шыр адыгэм, махъшэр хьэрыпым, шыдыр Тыркум къахуигъэщIащ Тхьэм. Тхьэм къытхуигъэщIар ди IэмыщIэ идубыдэж фIэкI, къэддыгъуркъым.
- ТIысыпIэ къыщIылъысар
- ДЗЭ къулыкъум яшэ щIалэхэм яхэту, Дзыбэ Алий мафIэгум ирагъэтIысхьащ. ТIысыпIэр яхурикъуатэкъыми, и ныкъуэр зэфIэтын хуей хъуащ. Дзыбэ Алии къылъысакъым тIысыпIэ. ЗдэкIуэм, Дзыбэ Алий къыбгъэдэтыр къыщыхьащ, абы езэуэну хуейтэкъыми, хуэгубжьащ:
- — ЗыIуегъэх!- жери.
- АрщхьэкIэ модрейр къедэIуакъым, нэхъри къызэрыкIащ. ФIыкIэ щыхэмызагъэм, Дзыбэ Алий къыщыхьар къриудащ, абы къыщхьэщыжахэми удын якъуилъхьащ.
- Щысхэм ящыщ зы къеуп-щIащ Дзыбэ Алий:
- — Уэ уадыгэ?
- — Сыадыгэщ.
- — Мыдэ къакIуи, къызбгъурытIысхьэ, уадыгэмэ.
- Алий тIысыпIэ къылъагъэсащ, зэрыадыгэр щажриIэм.
- Хыв уасэ
- ГЁНЕН къалэ зы адыгэ кIуащ. АдыгэбзэкIэ зэрыпсалъэр щызэхихым, лIым полицейр къыбгъэдыхьащ.
- — Сытыбзэ узэрыпсалъэр? — къеупщIащ полицейр.
- — Адыгэбзэщ.
- — АдыгэбзэкIэ упсалъэ зэрымыхъунур щхьэ умыщIэрэ? Тезыр птын хуейщ — псалъэ къэс дыщитху, — къыпиубыдащ полицейм.
- — Сэ тыркубзэ сщIэркъым, — жиIащ лIым.
- Полицейм едауэурэ, тезырыр дыщэ щитхум нигъэсащ лIым. Дыщэ (лирэ) щитхур ахъшэшхуэт абы щыгъуэ — 1930 гъэхэм. Сыт ищIэнт лIым: хыв закъуэ иIэти, ищэжри, тезырыр ипшынащ.
- Зи Iыхьэр зыфIэмащIэ
- УНАГЪУЭ гуэрым я зы щIалэ мэлыр дихуурэ игъэхъуакIуэрт. Пщыхьэщхьэм къыдыхьэжамэ, Iэнэ хуагъэувырти, ягъашхэрт щIалэр, ауэ зигъэнщIыртэкъыми, Iэнэм къыщыпэрыкIыжкIэ гъумэтIымэрт:
- — Сэ къысхутефлъхьэ Iыхьэр нэхъ мащIэращ,- жиIэурэ.
- И адэм хуэмышэчыж щыхъум:
- — ЩIалэм и Iэнэм шхыныр тез фщIы, — жиIащ.
- Iэнэ лъакъуищым шхыныр тез ящIащ зыпщыхьэщхьэ. Iэнэм тралъхьам и ныкъуи хуэшхакъым щIалэм, итIани къыщытэджыжым гъумэтIымащ.
- — Сыт иджыри: зыбгъэнщIакъэ? — къеупщIащ щIалэм и адэр.
- — Сэ мыпхуэдиз къыщысхутевгъэувакIэ, фэ фшхар Тхьэм ищIэнщ, — жиIащ щIалэ угъурсызым.
- Си фIэщ мэхъу
- ЗЫ КЪУАЖЭ лIыфI гуэр дэсащ, и нэмэз уахъты блимыгъэкIыу. Къуажэм зы щIали дэсти, нэмэз ищIын идэртэкъым:
- — Сэ Тхьэр си фIэщ хъуркъым, — жери.
- ЛIыфIыр Тхьэм елъэIуащ:
- — Уэ узэрыщыIэр мы щIалэм и фIэщ щIы, — жери.
- ЩIалэр губгъуэм шыгукIэ дэкIащ зэгуэрым. Ар губгъуэм здитым, дунейр къызэIыхьэри, уафэр гъуэгъуащ, щыблэ уащ. И псэр IукIауэ, щIалэр къуажэм дыхьэжащ, уафэ гъуагъуэри щыблэри увыIакъым, ар и унэ ихьэжыху. Нэху игъэщри, лIыфIым деж кIуащ щIалэр.
- — Тхьэм гущIэгъу къысхуищIри, сыкъихъумащ, иджы си фIэщ хъуащ Тхьэр зэрыщыIэр,- жриIащ щIалэм лIыфIым.
- Тырку щIалэм Елэмэ игу ирохь
- ИНСТИТУТЫР къиуха нэужь, зы тырку щIалэ Елэмэ къуажэ ягъэкIуащ, зыхуеджар егъэджакIуэ IэщIагъэти. Картэм еплъри, Елэмэ къуажэр бгым зэрисыр зригъэщIащ — ар игу ирихьакъым тырку щIалэм. ИтIани сыт ищIэнт: къалэн къыщащIати, кIуэн хуейт. Шыгутедзэ къищтэри, ежьащ. Гъуэгу тетыху, шыгузехуэм и жьэр увыIакъым (шыгузехуэр Елэмэ щыщт): «Ди къуажэр дахэ дыдэщ, дэсхэри цIыхуфI защIэщ». Тырку щIалэм и фIэщ хъуакъым ар: къуажэ пхыдзам зэрагъакIуэр фIэфIтэкъыми.
- Къуажэм нэса нэужь, шыгузехуэм къыжриIар зэрыпэжыр и нэкIэ илъэгъуащ тырку щIалэм: къуажэ зэпэщщ, унэхэр щхъуантIагъэм щIигъэнащ. Къуажэм дэсхэр къыщыгуфIыкIащ егъэджакIуэм, хьэщIагъэ кърахащ. КIэщIу жысIэнщи, яхэсыхьащ. Фыз къишащ. Къишар Елэмэ и гъунэгъу тырку къуажэм щыщ пщащэт.
- ХьэгъуэлIыгъуэр адыгэ къуажэм, Елэмэ, щрагъэкIуэкIащ. Щауэмрэ нысащIэмрэ я фэтэрым ирашэжащ. Адыгэм, зэрахабзэу, жэщым джэдурэ дзыгъуэрэ уэнжакъымкIэ щIадзащ лэгъунэм. Абы кърагъэкIыр къыгурыIуэри, тырку щIалэм адыгэбзэрэ адыгэ хабзэм-рэ зригъэщIащ иужьым.
- Нэхъ згъэщIэгъуар
- ГЕРМАНИЕМ щыщ зы къалэ убых унагъуэ дэсти, нэIуасэ дызэхуэхъури, срагъэблэгъащ. Я нанэм илъэс пщIей и ныбжьт, адыгэбзэкIэ сыщепсалъэм, гуфIащ, и нэпсым къызэпижыхьащ. Заул дэкIри, унэм нэгъуэщI хьэщIэхэри къихьащ — ахэр тыркут, я гъунэгъут. Сызэрыадыгэр щажесIэм, къысщыгуфIыкIащ тырку хьэщIэхэр. Абы ящыщ зым мыр къысхуиIуэтэжащ:
- — ИлъэсипщI ныбжьым сихьауэ, ди адэм селъэIуащ: «Къалэр сыгъэлъагъу», — жысIэри. Куэд дигъэкIакъым: дышэсри, гъуэгу дытехьащ. ДыкIуэурэ, щхъуантIагъэм къыхэплъ унэ хужьыбзэхэр къэслъэгъуащ. «Зэрыкъалэ дахэ!» — жысIащ сэ. Ди адэр дыхьэшхащ: «А плъагъур къалэкъым, адыгэ къуажэщ», — жери. Адыгэ къуажэ слъэгъуатэкъым абы и пэкIэ: уэрамхэр къабзэт, унэхэр екIу защIэт, пщIантIэхэр зэлъыIухат, жыгхэр щыкуэдт.
- Адыгэ къуажэм дыблэкIри, къалэм дыдыхьащ. Ар зэрысабалъэр, зэрыфIейр щыслъагъум, аращ нэхъ згъэщIэгъуар.
- Черкесыпхъу
- ЗЫ ЩIАЛЭ къуапцIэрэ сэрэ гъуэгум дыщызэрихьэлIащ, нэIуасэ дызэхуэхъури, къызэупщIащ:
- — Дэнэ ущыщ? — жери.
- Антальем сызэрыщыщри сызэрыадыгэри жесIащ щIалэ къуапцIэм.
- — Сэ Сивасым сыщыщщ, — къызжиIащ нэIуасэ къысхуэ-хъуа тырку щIалэм. — Сивасым черкес куэд щопсэу. Зы хъыбар уезгъэдэIуэнщ. Черкесыпхъу къашат ди къуажэ. Псори щыгуфIыкIащ черкесыпхъум. Зы махуэ нэхъ дэкIатэкъым: нысэ къэзыша унагъуэм ису хъуар пщIантIэм дэту ялъэгъуащ гъунэгъухэм. Хэт бел, хэт хьэнцэ иIыгъщ. «Сыт къэхъуар?» — жари ягъэщIэгъуащ гъунэгъухэм. Унагъуэм я нэхъыжьым къажриIащ: «Псыунэ мащэ къыдотI, хьэмэм дощI. Арыншамэ, ди нысэр зы махуи исынукъым, икIыжынущ». Абдеж щрагъажьэри, жылэм дэсу хъуам псыунэрэ хьэмэмрэ ящIащ — ар къапиубыдат черкесыпхъум.
- Адыгэпхъур тхьэмадэу хахри, лIэжыхукIэ зэрихьащ ди жылэр.
- Уэркъ пщащэ
- КЪЫЩIЭУПЩIЭМ ирамыту-рэ, уэркъ унагъуэ гуэрым я пщащэм и ныбжьыр хэкIуэ-тащ. И ныбжьыр щыхэкIуатэм, «къыдэнэжынущ» жари, пщащэр курд лIыжь къулей гуэ-рым залымыгъэкIэ иратащ. ПщIантIэм щыдашым, псоми зэхахыу, пщащэм жиIащ: «Мы унэм сызэрикIыу, си ани, си ади, си дэлъхуи сиIэжкъым, ныскIэлъыкIуэми, зытезгъэхьэнукъым. АдыгэлI къыдэнэжакъэ мы жылэм — пщылIуи ирехъу».
- Курд лIыжьым залымыгъэкIэ ирата пщащэм и Iыхьлыхэр зыкIэлъигъэкIуакъым лIэжыху.
- Псэхэх
- АБАЗЭХЭ гуэр сымаджэ хъуати, тхьэ иIуащ:
- — Псэхэхым зыIэрызгъэхьэнкъым,- жери.
- И ныбжьэгъухэр щIэупщIакIуэ къыхуэкIуащ.
- — Псэхэхым зыIэрызгъэхьэнкъым жыпIэри, тхьэ пIуауэ зэхэтхащ. Ар пэж? — къеупщIащ сымаджэм и ныбжьэгъухэр.
- — СIуащ. ЗыIэрызгъэхьэнукъым, — жиIащ сымаджэм. — Дэнэ щыIэ ар езыр?
- — КъокIуэ, гъуэгу тетщ,- къыжраIащ и ныбжьэгъухэм.
- — Тхьэ соIуэ зыIэрызмыгъэхьэнкIэ, — жери абазэхэр къыщылъэтри, унэм къыщIэкIащ, ауэ лъэбакъуищэ нэхъ ичакъым: псэхэхым Iууэри, кIэ къритащ.
- КъызэрысщэхуамкIэ сщэжащ
- ЗЫ АБХЪАЗ бэзэрым кIуащ, и шыр ищэнути. Абхъазым шыр фIадыгъуащ, бэзэрым тетыху. Я къуажэ дыхьэжа нэужь, абхъазым къеупщIащ:
- — СыткIэ пща шыр?- жари.
- — КъызэрысщэхуамкIэ сщэжащ, — жиIащ абхъаз шыдыгъум.
- Абхъаз шыдыгъум шыр къидыгъуати, аращ апхуэдэу щIыжиIар.
- НатIэм къритхар
- ХЭХЭС адыгэхэм я пщащэхэр, хагъэзыхьурэ, зыхуэмейхэм щрат къэхъурт. Адыгэхэм я нэхъыбэм ар ядэртэкъым. Адыгэ пщащэ гуэр тырку къулеижьым щратым, абы и адэм жраIащ:
- — Щхьэ умыукIытэрэ: уи пщащэ дахэр тырку лIыжь щхьэ ептрэ?
- Пщащэм и адэм къажриIащ:
- — Ар и натIэм къритхат.
- — Уэ адыгэбзэкIи, тыркубзэкIи, хьэрыпыбзэкIи укъеджэфыркъым: дэнэ щыпщIэрэ уи пхъум и натIэм ар къызэрыритхар? — жраIащ пщащэм и адэм.
- КIэрахъуэ
- ТЫРКУМ къикIыжауэ, бысым гуащэ Налшык дэсти, бжэм къыщытеуIуам, къыщIигъэхьащ. БжэщхьэIум милицитI тетт.
- — Сытым уигъэгумэщIрэ? — къеупщIащ.
- — Зыми, — жиIащ бысым гуащэм. — Псори тэрэзщ.
- — КIэрахъуэ фиIэ? — къеупщIащ.
- — ДиIэщ.
- Зэхахар ягъэщIэгъуащ милицэм.
- — Дэнэ къифха?
- — Гугъу сыдехьащ. Тыркум къисхащ. Трабзон нэс къэс-хьащ, Щачи (Сочи) къэзгъэсащ, Налшык автобускIэ къэсшащ. Гугъу сызэрыдехьа жыхуэпIэм фыщIэмыупщIэ!
- — Дыбгъэлъагъун?
- — Ахьай фэзгъэлъагъун!
- — Дэнэ щыIэ?
- — Балконым тетщ, — жери яригъэлъэгъуащ.
- — КIэрахъуэращ жыхуэтIэр. Дэнэ щыIэ кIэрахъуэр?
- — Мыр кIэрахъуэркъэ?
- Къригъэлъэгъуар лъакъуэрыгъажэт.
- — И шэрхъитIыр кIэрахъуэркъэ? — къажриIащ бысым гуащэм. — Шэрхъыр вгъэкIэрахъуи, феплъ.
- Тыркум къикIыжа бысым гуащэм сэлам кърахыжри, милицэхэр унэм щIэкIыжащ.
- Тэхъу Хьэжумар
- ЗЫ ЩIАЛЭ гъуэгу шууэ здытетым зылI щIыхьащ. Ари шут. ФIэхъус ирихри, лIым и сэмэгурабгъумкIэ бгъурыуващ — япэ ищ зэрымыхъунур ищIэрт. ШууитIыр зэбгъурытурэ мэз лъапэ нэсащ.
- — Тхьэмадэ, сэ сыздежьам сыкъэсащ: Iуэху щызиIэщи, мо къуажэм сыдыхьэн хуейщ, емыкIу сыкъыумыщIмэ, — жиIащ щIалэм.
- — КIуэ, — жиIащ лIым. — Уи Iуэхур зэфIэкIмэ, къэгъэзэж.
- ЩIалэр къуажэм дыхьащ, хьэгъуэлIыгъуэ ирихьэлIэри, жэщищ-махуищкIэ хэтащ, гъуэгум къытрина лIыри игу къэкIыжакъым. Жэщищ хъуауэ, мэз лъапэм зыгуэрым мафIэ зэрыщищIым гу лъа-тащ къуажэм дэсхэм. ЩIалэм къыгурыIуащ щIэщхъу къызэрыщыщIар: къуажэм щыщ нэхъыжьхэр зыщIигъури, гъуэгум къытрина лIым кIэлъыдэкIащ. ЛIыр кърагъэблагъэри, ягъэхьэщIащ.
- ЩIалэ гулъытэншэм жэщищ-махуищкIэ пэплъар Тэхъу Хьэжумарт. Абдеж щегъэжьауэ цIэрыIуэ хъуащ Хьэжумарыр.
- Зы шеибжьэ ефэж!
- ЗЫ ЩIАЛЭ хьэщIапIэ кIуащ. Шеибжьэ зыбжанэ кърагъэфащ щIалэр. Шей къыхутрагъэувэри, хагъэзыхь:
- — Зы шеибжьэ ефэж, — жари.
- — Сефэнукъым афIэкI, — идэркъым щIалэм.
- — Шеибжьэ закъуэ!
- — Хьэуэ, — шеибжьэр IуегъэкIуэт щIалэм.
- — Тэхъу Хьэжумар щхьэкIэ зы шеибжьэ ефэж.
- — Тэхъу Хьэжумар щхьэкIэ сефэнщ, — жери зы шеибжьэ ефэжащ щIалэр.
- ГъуэгупщIэ
- ИСТАМБЫЛ икIри, зы щIалэ Хьэзей кIуащ. Жэщыр хьэщIэщым щрихащ, зылI гъусэ хуэхъури. Пщэдджыжьым гъуэгу техьэжын хуейт щIалэр, ауэ хэжеящ. ЛIым япэ зиужьри, хьэщIэщым икIыжащ, автобусым итIысхьауэ щIалэм къыпоплъэ. ЗитхьэщIщ, зихуапэри, щIалэм автобусымкIэ иунэтIащ, лIым бгъурытIысхьэжри, гъуэгу техьэжащ.
- ЛIыр япэ икIыжащ автобусым. Здежьам нэсри, щIалэм гъуэгупщIэ кърихащ.
- — ГъуэгупщIэр лIым пхуитащ, — къыжриIащ автобусыр зейм.
- ЩIалэр зрихьэлIар Тэхъу Хьэжумар цIэрыIуэрат.
- Хьэ сыхъуакъым
- ЩIАЛЭ жьэрэIурэ дэст зы къуажэ. И ныбжьэгъу гуп яхэхуэри, ядэшхащ щIалэр зэгуэрым. ЩIалэм къебзэджэкIын мурад ящIащ, зэрыгъэIущри, я лы Iыхьэр яшхащ, къупщхьэр щIалэм къыхуагъэкIуэтащ, гу лърамыгъатэу.
- — Iэнэм лыуэ къытехьар ди ныбжьэгъу щIалэм ишхащ, къупщхьэ фIэкI къелакъым, — жраIащ Iэнэзехьэхэм.
- — Пэжщ, — жиIащ щIалэм, — сэ хьэ сыхъуакъым: лыр сшхащ, къупщхьэр мис. Си ныбжьэгъухэм лым къупщхьэри дагъэкIуащ — я тепщэчхэр нэщIщ.
- Ахъшэр щIыIимыхар
- ГЪАВЭ гулъэ ишэри, зылI щэхуакIуэм деж кIуащ, и щIалэ цIыкIури зыщIигъури. Гъавэр зыщэхур адыгэт. ЩIалэ цIыкIум дэгушыIэн мурад ищIащ щэхуакIуэм.
- — Мы тырку щIалэ цIыкIур дэ-нэ къипха? — лIым къеупщIащ щэхуакIуэр, ар зэрымытыркур ищIэрэ пэт.
- — Сэ сытыркукъым, сыадыгэщ, — къилъащ щIалэ цIыкIур. Жэуапыр игу ирихьати, щэхуакIуэм лирэ щитху къыхуишиящ щIалэ цIыкIум. Модрейм Iихакъым:
- — Тырку къысфIэзыщам и ахъшэ сыхуейкъым, — жери.
- ТхьэмадэщIэ
- ЩIыналъэ гуэрым тхьэмадэщIэ къыхуагъэкIуащ. Къызэрыс нэхъ хэлъакъым: маршынэм итIысхьэри, къуажэхэр къызэхикIухьу щIидзащ, закъригъэцIыхунути.
- Зы къуажэ дыхьауэ, псынащхьэм щызэхэт фызхэм ябгъэдыхьэри, маршынэм къикIащ тхьэмадэр.
- — СыкъэфцIыхурэ? — еупщIащ фызхэм.
- — УдоцIыху: тхьэмадэщIэр уэракъэ? — къыжраIащ.
- — Си унэцIэри фщIэрэ?
- — ДощIэ, ауэ къытхуэгубзыгъыжыркъым, — ябзыщIащ фызхэм, щIалэм нэмысыншафэ ираплъати.
- ТхьэмадэщIэр Дыгъужьыкъуэхэ ящыщт.
- Аслъэнрэ къаплъэнрэ фIэкI
- ТЫРКУМ къикIри, Адыгейм зылI къэкIуат, и хъыджэбз цIыкIури щIыгъуу. ЛIым ныбжьэгъу щикуэдт Мейкъуапэ. Телефоныр ягъэзагъэртэкъым лIым и ныбжьэгъухэм. Зыр къопсалъэри: «Сэ сы-Аслъэнщ», — жи. ЕтIуанэри къопсалъэ: «Сэ сы-Къаплъэнщ».
- Хъыджэбз цIыкIур и адэм еупщIащ:
- — НэгъуэщI ныбжьэгъу ущиIэкъэ мыбы аслъэнрэ къаплъэн- рэ фIэкI? Ар сыту гъэщIэгъуэн!
- Ар фщIэркъэ-тIэ?
- ЗЫ ЩIАЛЭ автобус цIыкIу къищэхури, гъуэгум теуващ. Адыгэ къуажэ дыхьэрэ цIыху иригъэтIысхьэмэ, гъуэгупщIэ къратыркъым, здежьам нишэсрэ автобусым икIыжмэ:
- — Тхьэм уигъэпсэу, уи маршынэм и хъер улъагъу, — къыжраIэ. Абы къыфIагъэкIыркъым, гъуэгупщIэ ятын зэрыхуейр зыщагъэгъупщэ.
- Махуэ гуэрым, Антальем кIуэуэ, автобусыр псы Iуфэм къыщигъэувыIащ щIалэм. Фыз гуп исти, иригъэкIри, канистрэ яIэщIилъхьащ:
- — Псы къивгъахъуи, маршынэм къифкIэ, — жери.
- — Сыт щхьэкIэ? — я нэр къихуащ фыз гупым.
- — Антальем дринэсынщ, — жиIащ щIалэм.
- — Сыт хьэдэгъуадахэ жыпIэр? — ягъэщIэгъуащ фызхэм. — Маршынэр псыкIэ зекIуэрэ?
- — Сыт-тIэ зэрызекIуэр?
- — БензинкIэ.
- — Бензиныр ахъшэ зэриуасэр фщIэркъэ-тIэ: гъуэгупщIэ къыщIызэвмытыр сыт? — яжриIэри, фызхэр игъэукIытащ щIалэм.
- Нобэр къыздэсым
- АНТАЛЬЕМ щыщ зы тырку нэIуасэ къысхуэхъуащ. Елэмэ сызэрыщыщыр щыжесIэм, къызэупщIащ:
- — Аслъэн пцIыхурэ? — жери.
- — СоцIыху, — жесIащ. — Дызэкъуажэгъущ. Дэнэ щыпцIыхурэ Аслъэн?
- — СоцIыху, — жиIащ тыркум, пыдыхьэшхыкIри. — Дызэныбжьэгъущ. Аслъэн и зы хъыбар уезгъэдэIуэнщ, щыпцIыхукIэ. Шы къэсщэхуат зэгуэр. Шы дэгъуэт. Шыр Аслъэн езгъэлъэ-гъуащ: «Дауэ къыпщыхъурэ?» — жысIэри. «Шы дэгъуэщ, — къызжиIащ. — Си пщIэгъуалэм нэхърэ нэхъ дэгъуэщ. Шыр къызэщэ. Си шым ефIэкI нэгъуэщIым иIэу сигу техуэнукъым». «Уэсщэнукъым, — жиIащ. — Сэ схуэфащэкъэ шыфI?» «Къызумыщэмэ, къыпфIэздыгъунщ», — жиIащ Аслъэн. «СфIэбдыгъумэ, и хъер улъагъу», — жесIащ. «Хъунщ, — жиIащ Аслъэн. — Мыпхуэдэ жэщым сынэкIуэнурэ къыпфIэздыгъунущи, сакъ». ПIалъэр къыщысым, шэщым хьэр щеспхащ, сэри сыщыгъуэлъащ. Нэху щымэ — шыр бом щIэтыжкъым. Нобэр къыздэсым, шыр а жэщым Аслъэн зэридыгъуа щIыкIэр къысхуэщIэркъым.