ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-04-17

  • IуэрыIуатэ
  • ХьэщIэ
  • ШукIасэ зы шу къеджащ:
  • — ШукIасэ! — жери.
  •  ШукIасэ хьэщIэщым икIащ.
  • — Еблагъэ!
  • — Себлэгъэнущ, — жиIащ шум, — сыбгъэхьэщIэфынумэ. Себлагъэмэ, уи хьэщIэщым мазищкIэ сисынущ. Махуэ къэс зы мэл схуэбукIынщ, сишми зы мэкъу Iэтэ ишхынущ махуэ къэс, зы шы Iэдэжи сIыгъщи, абыи махуэ и зы Iэтэ ишхынущ. Ар пхузэфIэкIынумэ, себлэгъэнущ.

  • — СхузэфIэкIынущ, — жиIащ ШукIасэ, хьэщIэр хьэщIэщым иришащ, и шымрэ и шы Iэдэжымрэ шэщым щIигъэзэгъащ.
  • ХьэщIэр хьэщIэщым ихьэри, мазищкIэ исащ. МазищкIэ здисым, махуэ къэс зы мэл ишхащ. Мазищыр кIуэри, хьэщIэм жиIащ:
  • — Ыхьы, ШукIасэ, накIуэ иджы, шым дегъэплъ.
  • ШукIасэ шым я ныбэ игъэныкъуатэкъыми, хьэщIэр арэзы хъуащ.
  • — Гъуэгу дытехьэнущи, уи шым къэшэс, — жиIащ хьэщIэм.
  • ШукIасэ и шыр шэщым къыщIишащ. Шым и кIэпкъым къекъури, хьэщIэм ШукIасэ и шыр пхэщIкIэ игъэтIысащ.
  • — Ар шы пхуэхъунукъым, гъуэгум укъытринэнщ. Си шы Iэдэжым къэшэси, нежьэ, — жиIащ хьэщIэм.
  • ХьэщIэмрэ ШукIасэрэ гъуэгу техьэри, мазищ гъуэгу якIуауэ, хы тIуащIэ нэсащ.
  • — Иджы, — жиIащ ШукIасэ и хьэщIэм, — сэ мы тIуащIэм сыдыхьэнущ, уэ хы Iуфэм къыщыспэплъэ. Зы тхьэмахуэкIэ къэзмыгъазэмэ, кIуэж, укъыщIыспэплъэжын щыIэкъым.
  • ШукIасэ и хьэщIэр хы тIуащIэм дыхьащ.
  • Зы тхьэмахуэ дэкIауэ, хы тIуащIэм шыбз гуартэ къыдихури, ШукIасэ и хьэщIэм къигъэзэжащ:
  • — Упсэу? — жери.
  • — Сыпсэущ, — жиIащ ШукIасэ.
  • — Упсэумэ, шыбзым и ужь къиувэ, сэ шыбзым и пэ сиувэнщ. Хы тIуащIэм зы шу къыдэкIынущи, и гугъу умыщI, ар зыхуейр сэращи, ныблэгъэкI, — къыжриIэри, ШукIасэ и хьэщIэр шыбзым и пэ иуващ.
  • Зы теуэгъуэ якIуауэ, хы тIуащIэм къыдэкIа шур ШукIасэ къыщIыхьащ.
  • — Шыбзыр зыхур хэт? — къыщIэгубжьащ шур.
  • — Зыхур плъагъунщ, ущIыхьэмэ, – жери шур блигъэкIащ ШукIасэ.
  • Шур, ихъу-илъри, и джатэ кърихауэ блэжащ.
  • — Мыбы игу фIы илъкъым, — жери ШукIасэ шум и ужь иуващ.
  • Хы тIуащIэм къыдэкIа шумрэ ШукIасэ и хьэщIэмрэ уанэгум къызэриудауэ, ШукIасэ ящIыхьащ: хы тIуащIэм къыдэкIа шум и псэр хэкIат, ШукIасэ и хьэщIэри лъым хэлът.
  •  — Сыт къэхъуар, щхьэ фызэрыукIа?
  • — Зэшибл дыхъурти, си къуэшихыр мыбы къиукIащ, — жиIащ ШукIасэ и хьэщIэм. — Мыбы и шыбзыракъым сыкъызылъежьар, и щхьэрати, силъ сщIэжащ. Си бийм и щхьэр уанэкъуапэм епхи, си шыр утIыпщыж — уигъэгъуэщэнукъым. Сэ гъащIэ сиIэжкъым, си псэр хэкIмэ, сыщIэлъхьэжи, шыбзыр ху.
  • Ар жери ШукIасэ и хьэщIэм и псэр хэкIащ, и къуэшихым ялъ ищIэжауэ. Хьэдэр щIилъхьэри, зэшиблым я бийм и щхьэр уанэкъуапэм ирипхащ, шыбз гуартэр къызэщIикъуэжри, ШукIасэ гъуэгу къытехьэжащ.
  • Дунейм и щIэрэщIэгъуэ
  • Гъатхэ теплъэгъуэ. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

  •  
  •  
  • Псалъэжьхэр
  • Псапэ куэд хъуркъым
  •  Уи гуащIэ еплъи, уи лъэ гъэбакъуэ.
  •  Уи ин жиIэнщ, уи цIыкIу иIуэтэжынщ.
  •  Уи псалъэ гъэIэси, уи нэмыс гъэбыдэ.
  •  Уи шым ижынур пщIэжын хуейщ.
  •  Унэм зыщыгъаси хасэм яхыхьэ.
  •  Чэзу зимыIэ щыIэкъым.
  •  Щхьэж и зекIуапIэ и кIуэдыжыпIэщ.
  •  ЩIалэгъуэрэ дахэгъуэрэ зимыIэ щыIэкъым.
  •  ЩIэблэ зыщIэмыхъуэр лъэпкъ хъуркъым.
  •  Псапэ куэд хъуркъым.
  •  Iэзэгъуэ зимыIэ узыгъуэ щыIэкъым.
  •  Гур кIуэдмэ, лъэр щIэкIыркъым.
  •  Бзу кхъуей фIэкIа ямыIэ щыIэкъым.
  •  Данэр лъапэкIэ зэрехуэ.
  •  Насып зиIэм шыIэ иIэщ.
  •  Пщы зыфIэпщым пщылI къыпфIещ.
  •  ЛIыгъэ щIапIэ лIы икIуадэркъым.
  •  Адакъэр мыIуэкIи нэху щын къанэркъым.
  •  Акъылыр жьыгъэ-щIагъэкъым.
  •  Бжэн щынэ къилъхуркъым.
  •  Гурэ гурэ лъагъуэ зэхуаIэщ.
  •  
  •  
  • ГушыIэхэр
  •  Сэ насып сиIэт, ахъумэ…
  • — Уэлэхьи, Хьэжбий, нобэ сыщIэфлъхьэж пэтамэ, — жиIащ Дизыкъуажэ и ныбжьэгъум щыхуэзам.
  • — Сыту, Iэгъу? Къэхъуар сыт?
  • — Насып уиIэмэ, сыт хэлъ, ахъумэ нобэ сэ къэплъагъур метрибгъу зи кIыхьагъ пкIэлъейм сыкъехуэхащ, ауэ…
  • — Е зиунагъуэрэ, абы дауэ укъела-тIэ? — Хьэжбий гузавэу и ныбжьэгъур щызэпиплъыхьым:
  • — Аракъэ-тIэ, «ауэ» жыхуэсIэр. Сэ насыпыжьыр сиIэти, етIуанэ теувапIэм дежщ сыкъыщехуэхар, — жиIащ Дизыкъуажэ.
  • СызэрыщыIэр къищIэнщ
  • ЦIыхухэм ауан къригъэщIын мурадкIэ Дизыкъуажэ фIыуэ къэзымылъагъу гуэрым хъыбар игъэIуащ ар къуажэпщым и пхъум лъыхъу хуэдэу.
  • Хъыбарыр къуажэ псом щызэлъащIысащ. Ар псоми зэхахауэ Дизыкъуажэ къыщищIэм:
  • — Псоми щызэхахакIэ, езы пщым и пхъум дежи хъыбарыр нэсащ, куэду фIыщ. НэгъуэщI мыхъуми, пщым ипхъу тхьэIухудым ищIэнщ сэри сызэрыщыIэр, — жиIащ абы.
  • Жылау Нурбий.
  • Прозэу тха усэ
  • Лъагъуэ
  • Алэрыбгъу иным трапхъа налкъут хьэдзэ куэду, вагъуэ цIыкIухэр уафэм щолыд. Къыпщохъу ахэр зэIущащэ. Нащхьэ къыпхуащI. КъыпщогуфIыкI. Зи дахагъэм иригушхуэж тхьэIухуд пцIанэу, мазэр утыкум исщ. Ар нуркIэ мэгуашэ… ЩIылъэри зиукъуэдияуэ щылъщ, а жэщ уафэм худоплъейри. Тхьэгъэлэджхэр щыусэ губгъуэри, щэху Iэджэ зыгъэпщкIу мэз Iуври, а псом къащхьэщытыж къурш лъагэри — псори, псори хосыхь псысэ дахагъэкIэ гъэнщIа жэщ мамырым…
  • Мыпхуэдэ жэщыр къызыхуигъэщIар лъагъуныгъэрщ. Хьэуам щыткIу псалъэхэрщ. Малъхъэдисыр зыщIэт нэхэрщ. Лъэнтхъуийуэ зыкъозышэкI Iэхэрщ. Дыгъэ хъуаскIэу укъэзыс бахэрщ…
  • Ауэ сэ си закъуэщ ныжэбэ… Си закъуэ дыдэщ… СокIуэ.. Согупсысэ… Зэуи ГукъэкIыжхэм сахуозэ… СогуфIэ… Сонэщхъей… Сощыгъуэ… Ауэрэ кызбгъэдохьэ Гугъэр… Ар си дамэм къытоуIуэ… Си Iэблэр еубыд… Сырешажьэ… Сыплъэмэ, — лъагъуэщ… Мазэгъуэ жэщым хэкIуэдэж нурыбэ лъагъуэщ…
  • IутIыж Борис.
  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • Джэш хьэнтхъупс, хугу хэлъу
  • Джэш лъэсар псы щIыIэм халъхьэри, мафIэ иным тету зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. МафIэр цIыкIу ящIри, шыуаныщхьэр техауэ дакъикъэ 25-30-кIэ ягъавэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. А псыр иракIут, шыуаныр ятхьэщI, псывэ щIакIэжри, тхъурымбэр къытрахыурэ сыхьэтитI, тIурэ ныкъуэкIэ ягъавэ. Вэным дакъикъэ 15-20 иIэжу шыгъу хадзэ.
  •  Джэшыр зыхэвыкIа псыр иракIут, шыуаныр ятхьэщIри джэшыр иракIутэж. Абы шэ гъэпщта щIакIэ, зэ къытрагъэкъуалъэри хугу лъэса халъхьэ, зэIащIэри шыуаныщхьэр трапIэ. МафIэ щабэм тету хьэзыр хъуху, дакъикъэ 15-18-кIэ ягъавэ.
  • Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсым бжьын гъэлыбжьа традзэ, шыуаныщхьэр трапIэри дакъикъитху-хыкIэ щагъэт. Пщтыру Iэнэм трагъэувэ, фалъэм иту, шатэпс текIауэ. ЩIакхъуэ е лэкъум дашх.
  •  Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): джэш плъыжьу — г 50, хугуу — г 20, япэу зэрагъавэ псыуэ — г 1000, етIуанэу зэрагъавэ псыуэ — г 1000, шэуэ — г 400, шатэпсу — г 40, шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
  • Бжьын гъэлыбжьам: тхъууэ — г 30, бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 30, шыбжий сыр хьэжауэ — узыхуейм хуэдиз.
  • Шэрэ форэ
  • Мы шхыныгъуэр сымаджэхэм иреIэзэн щхьэкIэ зэхалъхьэу щытащ. Сэбэпышхуэ яхуохъу шхалъэ, нерв, тхьэмщIыгъу уз зиIэхэм. Нэхъ къагъэсэбэпыр бжэнышэ хуабэщ, жэмышэ, хывышэ щIэмыхуахэри хъунущ, ауэ гъэпщтауэ щытын хуейщ. Шэ гъэхуэбам е гъэпщтам фо гъэткIуа халъхьэ, фIыуэ зэIащIэжри шхэн и пэ къихуэу, махуэм щэ, зэрыхуабэу ираф.
  • Халъхьэхэр: шэуэ — г 250-рэ, фоуэ — г 40.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр»
  • тхылъым къитхыжащ.
  • ЖыIэгъуэхэр
  • ЦIыху Iейм къуищIэр епщIэжмэ…
  •  Уежьауэ къэбгъэзэжыныр мыфIми, угубжьауэ къэбгъэзэжыфмэ фIыщ.
  •  Зэмыфэгъу Iэджэу зэхэухуэна гум илъ бампIэр зэхэпхыжыну сыту гугъущэ!
  •  ЦIыху Iейм къуищIэр епщIэжмэ, езым ещхь ухъунущ.
  •  Щхьэл мывитIыр гъавэ имылъу куэдрэ зэщихъуэмэ, къоплъыщэри зэточ. Ещхьыркъабзэщ щхьэри. Псалъэ дыдж куэдым абы лей ирах, щхьэл мывэм ещхьу, зэбгъэпэщыжу зэтеплъхьэжи хъуркъым.
  • ЧЭГЪЭДУ СэIихьэт.
  • Хьэщыкъуей Олег
  • Сабийхэм папщIэ
  • Гъатхэ
  • Гъатхэ, гъатхэ —
  • Нэ къуэлэн.
  • Мазэ набдзэ
  • Дахэ.
  • Дыгъэм щхьэцыр
  • Хуеухуэн,
  • Жьым щхьэцпыщIэ
  • Хепхэ.
  • Удз IэлъэщIыр —
  • ЩIым хуидар –
  • Теубгъуащ
  • И дамэм…
  • ТхьэIухуд
  • Сурэту сщIащ –
  • Ещхьыркъыбзэщ
  • Мамэ!
  •  
  • Оксанэ
  •  Зи гугъу фхуэсщIыну,
  • Оксанэ жыхуэсIэр,
  • Iэсэу гъэсауэ,
  • Уасэ имыIэу,
  • ИIэр игуэшу,
  • ГушыIэ фIэфIу,
  • ФIыр зэхищIыкIыу,
  • ЩIыкIафIэ цIыкIущ.
  • ЦIыкIуми и ныбжьыр,
  • Бжьэм щымышынэу,
  • Шынэ имыщIэу,
  • ИщIэм уехъуапсэу,
  • Псэ къыхигъакIэу,
  • ПкIауэу къипкIыхьу,
  • КIыхьу мыпсалъэу,
  • Псапэри къихьрэ
  • Къихьари къуиту,
  • Итар мыкIуэду,
  • Куэд къратыжу,
  • Пэжу щыту…
  • Зэрыщыту зэрыхъур –
  • Илъэситху къудейщ!..
  •  
  • Къэсшэнут ди унэм
  •  Къэсшэнут ди унэм
  • жираф,
  • СщIам къытхимылъхьэну
  • Iисраф…
  • Къэсшэнут ди
  • унэм махъшэ,
  • Сыхъуамэ къэзлэжьу
  • ахъшэ…
  • Къэсшэнут ди унэм
  • благъуэ,
  • Къысхуадатэмэ
  • унагъуэм…
  • Къэсшэнут унэм
  •  хьэщхьэвылъэ –
  • Хъуркъым зыри
  • абы теплъэ!..
  •  
  • Нобэ бжэкIэ зэзгъэщIащ
  •  
  • Нобэ фIыуэ
  • Сылэжьащ, —
  • Нобэ
  • БжэкIэ зэзгъэщIащ:
  • Зы, тIу, щы,
  • ПлIы, тху, хы…
  • Мис аращи –
  • Къыпызощэ:
  • Блы, и, бгъу…
  • Бгъум кIэлъыкIуэ
  • Бжыгъэр –
  • ПщIыщ…
  • КъыщIэздзэжмэ:
  • Зы, тIу, щы…
  • Сэ уэншэку
  • Соубгъур щIым:
  • Нобэ Iейуэ сезэшащ, —
  • Нобэ
  • БжэкIэ зэзгъэщIащ!
  •  
  •  Псалъэзэблэдз
  •  
  • ЕкIуэкIыу:4. ХадэхэкI зыхэт хьэсэм хищIэ хабзэ цIыв лъэпкъ. 5. Лы лей зытелъ цIыху. 6. КIуэ пэтми бжьиз зымыкIу. 7. … нэужьым удзыр къызэщIэрыуащ. 11. Джатэ, сэшхуэ, … 12. Мэжджытым хэтщ … джапIэ. 17. Шыуанышхуэ. 19. Адыгэ IуэрыIуатэм къыхэщыж цIыхубз пелуан. 20. ГъэшхэкI. 22. Къуажэм … щыхуэхъум, шууейм нэхъ хуэм зищIащ. 24. Хэку зауэшхуэм и зэманым фронтым и командир нэхъыщхьэу щыта, маршал, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь. 26. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ театрым и джэгуакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артисткэ Щэрмэт Людэрэ уэрэджыIакIуэ Iэзэ Къул ФатIимэрэ я къуажэ. 28. Ахъшэ … 29. Егъэлеяуэ ерыщ. 32. «Гукъыдэж» псалъэр нэгъуэщIу зэрыжаIэ. 34. ГъэшхэкI. 35. ЩIакхъуапхъэ. 36. Колхоз тхьэмадэу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь … Башир.
  • Къехыу:1. ХъумакIуэ, къэрэгъул, … 2. Жыг зытеуэри мэгурым, … зытехуэри мэгурым. 3. Илъэситху ипэкIэ Бразилием щекIуэкIа дунейпсо Олимп зэхьэзэхуэхэм дыжьын медаль къыщызыхьа адыгэ щIалэ. 5. ЩIыпIэ хуабэхэм щыIэ псэущхьэ пIащэ, тонн зытхухых къишэчу. 8. Лажьэ зимыIэу ягъэкIуэда куэд иужькIэ … ящIыжащ. 9. Щтырыгъу. 10. Нэпсей, зи мылъкум тегужьеикIа цIыху. 11. Нартыху, гуэдз, хьэжыгъэ, нэгъуэщI ерыскъыпхъэхэр зракIутэ. 13. ХьэщIэ лъапIэм хуаукI Iэщым зэреджэ. 14. Таурыхъхэм узыщрихьэлIэ псэущхьэ шынагъуэ, щхьэ зыбжанэ фIэту. 15. Адыгэ макъамэ Iэмэпсымэ. 16. ЗэрышагъащIэхэм я пэш. 18. Гъэмахуэм Iэщым я фэр изых бадзэшхуэ. 21. Пасэрей зауэлIым и джанэ, гъущI хъарурэ зэрылъу. 23. Дыгъэм и плъыфэ. 24. Къалэ-лIыхъужь. 25. Iэзэ къашэри … ирищIщ. 26. Ди унэр … Iэджэу зэтетщ. 27. Бгым и лъагапIэ. 30. Шэд хуабэм зыхигъэджэрэзэну зи щIасэ Iэщ. 31. ТхакIуэхэу, журналистхэу Къэрмокъуэхэ Мухьэмэд, Хьэмид, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, уэрэдусхэу Согуэ Данил, Щомахуэ Хьэсэнбий, уэрэджыIакIуэ Нэхущ Чэрим сымэ я къуажэ. 33. … и щIагъ нанэ щыIэкъым. 35. ГушыIэр … и щIасэщ.
  • Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
  •  
  •  Мэлыжьыхьым и 10-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу:4. Нахътэ. 6. Алъп. 7. Щыхь. 9. Тау. 10. Бжы. 11. Чэт. 13. Шал. 14. Нэд. 16. Тхъупс. 18. Тобэ. 21. Арыкъ. 22. Абазэ. 23. Тохуэ. 26. Тэрч. 27. Ригэ. 28. КIыщ. 30. КIей. 31. Тут. 33. Мэкъу. 34. Хъушэ. 35. Цей. 37. Хукхъуэ. 39. Шырыкъу.
  • Къехыу:1. Пащты. 2. Щтауч. 3. Гулъ. 5. ЛIы. 6. Анэл. 8. Хьэкъун. 10. Бахъуэ. 12. Тебэ. 13. ШынакъыкI. 15. Дамэлей. 17. Сибэч. 18. Тезыр. 19. Цым. 20. Боз. 24. КIэщт. 25. Бгыкъу. 29. Щхьэц. 30. КIытэ. 32. Тхъурыжь. 33. МэзылI. 36. Ер. 38. Кхъуэ.