ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ пщащэр къыхожаныкI

2021-04-17

  • Урысей Федерацэм и Правительствэмрэ ФинансхэмкIэ университетым аудит, корпоратив отчётхэмкIэ и департаментымрэ иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ «Иджырей экономикэмрэ абы и къэкIуэнумрэ зэрызэтраухуэ бухгалтер учётыр, абы епха IэнатIэхэр къызэрызэрагъэпэщ Iэмалхэр» зи фIэщыгъэ III Дунейпсо щIэныгъэ зэхуэсыр. Абы хэтащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и студентхэри.

  • Дунейр зэщIэзыщта узыфэм и ягъэкIэ, щIэныгъэ зэхуэсыр ар зэхэзышахэм пэIудзауэ фIэкIа яхуегъэкIуэкIакъым. Апхуэдэу щыт пэтми, абы и лэжьыгъэм жыджэру хэтащ Урысейм, Белоруссием, Къэзахъстаным, Узбекистаным, Таджикистаным, Люксембург, Финляндием, Латвием я еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лIыкIуэу цIыху 200-м щIигъу. ЩIэнIуатэр и щхьэусыгъуэу къызэгъэпэщакIуэхэр иужь итащ щIыналъэхэм бухгалтер учётыр зэрызэрахьэ щIыкIэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр къыхэгъэщыным, ахэр дунейпсо щапхъэм зэритIасэр, абы зэрыхуэгъэкIуапхъэ гъуэгухэр къэхутэным. ЩIэнIуатэм къыщыIуа гупсысэхэр нэхъыщхьэ дыдэу зыхуэкIуэжыр зыщ: урысейпсо икIи дунейпсо бухгалтер учётымрэ абы и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ зы мардэм хуэша зэрыхъуным и хэкIыпIэхэр къэхутэным, арыххэуи экономикэ зэхьэзэхуэ узыншэмрэ инвестицэмрэ нэхъ щIэгъэхуэбжьа щIыным.
  • Ди щIыналъэм щыщу щIэнIуатэм хэта цIыхуитхум иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнымкIэ къахэщащ «Экономикэ» унэтIыныгъэмкIэ IэщIагъэ зэзыгъэгъуэт, 2-нэ курсым щеджэ Мэлыхъуэ Миланэ. Абы къыхуагъэфэщащ Дунейпсо зэхуэсым и фIыщIэгуапэ тхылъым и ещанэ нагъыщэр.
  • Мэлыхъуэм и лэжьыгъэр теухуат щIыналъэм е IуэхущIапIэм хухах мылъкум щIимыгъу, нэгъуэщI къыхэхъуапIэ зимыIэ бюджетым и мыхьэнэм, ар бухгалтер учёт зэращIым, дуней псом щиубыд увыпIэм. Зи гугъу тщIы мылъку лIэужьыгъуэм и зехьэкIэм теухуауэ иджыри къэс щIэныгъэ еплъыкIэ теубыда щыIэкъым. Ди щIыналъэм и щхьэхуэныгъэхэр къилъытэурэ ар япэ дыдэу утыку къизыхьар Мэлыхъуэ Миланэщ.
  • Зи ехъулIэныгъэм дыщыгуфIыкI адыгэ пщащэм лъэпкъыр зыIэтын, и цIэр дахэкIэ жыжьэ зыгъэIун щIэныгъэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ къыхэкIыну дохъуэхъу!
  • ШУРДЫМ Динэ.