ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2020

Зи  псэр  дахэ  цIыху

2020-07-28

  • УсакIуэ  КIуащ  БетIал  къызэралъхурэ  илъэси  100  щрикъум  ирихьэлIэу
  • Долинск и мэзхэр, и удз гъэгъахэр, и чыцэ баринэхэр… Уэгум уэрэд къыщизыш бзухэр… Махуэ хуабэм щыгуфIыкIыу ежэх псы къабзэр…
  • Мыбдеж гумрэ псэмрэ зыщагъэпсэху.
  • Мы жэнэт щIыпIэм срехьэ зэман блэкIам и уэгум. Мыбы ехъумэ си сабиигъуэ мытыншам и зы Iыхьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Урысейпсо  утыкум  щытокIуэ

2020-07-28

  • Ди республикэм щыщ школакIуэ зыбжанэ щытекIуащ къэралым предмет зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ щекIуэкIа олимпиадэхэм я кIэух Iыхьэхэм. Апхуэдэхэщ 11-нэ классыр мы гъэм къэзыуххэу Абазэ Алим (Тэрч къалэ, курыт школ №2), Бетыгъуэн Амир (Аруан къуажэм дэт курыт школ), Бэрбэч Даянэ (Налшык къалэ, гимназие №14), Хьэмжу Мадинэ (Налшык къалэ, «ДыгъафIэ къалэ»). Алимрэ Амиррэ физическэ щэнхабзэмкIэ, Даянэ — инджылызыбзэмкIэ, Мадинэ — ОБЖ-мкIэ пашэ щыхъуащ зыхэта зэпеуэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Бажэр, уашхэр, кхъуэщыныр

2020-07-28

  • Бажэмрэ Уашхэмрэ хъуакIуэщакIуэ ежьауэ, зы кхъуэщын къагъуэтащ, и щхьэр щхьэщыпхыкIауэ.
  • — Мы дызрихьэлIар плъагъурэ, Уашхэ цIыкIу! Дыунащ! — жиIащ Бажэм. — Шэ си гугъэщ мыбы итыр. И щхьэр ттIэтэнщи, деплъынкъэ!
  • Кхъуэщыным и щхьэр ятIатэри, еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным зыхуэгъэхьэзырынымрэ абы пыщIа махуэшхуэ дауэдапщэхэр егъэкIуэкIынымрэ зи нэIэ щIэтыну республикэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

2020-07-25

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэра­гъэ­пэщрэ илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным зыхуэгъэ­хьэ­зырынымрэ абы пыщIа махуэшхуэ дауэдапщэхэр егъэкIуэкIынымрэ зи нэIэ щIэтыну республикэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэу мы унафэм щIыгъу ­гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуахэр къэщтэн.
  • Къару имыIэжу къэлъытэн «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэры­ри­къур гъэлъэпIэным зыхуэгъэхьэзырынымрэ абы пы­щIа махуэшхуэ дауэдапщэхэр егъэкIуэкIынымрэ зи нэIэ щIэтыну республикэ къызэгъэпэщакIуэ комитет къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2019 гъэм гъатхэпэм и 29-м къыдигъэкIа Унафэ №23-УГ-м щыщ Iыхьэу къызэгъэ­пэщакIуэ комитетым хэтхэм ехьэлIам.
  • Мы Унафэм къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
  •          Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
  •          и Iэтащхьэ                                    КIУЭКIУЭ Казбек
  • Налшык къалэ
  • 2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м
  • №91-УГ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дыхуейщ дызэзыгъэкIуж фэеплъхэм

2020-07-25

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэ­рэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар крайм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ цIыху щхьэ­хуэхэмрэ къабгъэдэкIыу иужь тхьэмахуэм куэдым зыкъысхуа­гъэзащ Адлер щыIа фэеплъ дамыгъэр зэрыIуахыжам теухуауэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щыжаIэхэм ехьэлIауэ. Къапщтэмэ, куэдым яфIэхьэдэгъуэдахэщ дизайнер цIэрыIуэ Лебедев Артемий и видеороликыр. Сэри абы се­плъащ икIи юристхэм я пщэ ­ислъхьащ урысей законода­-тельст­вэр а гъэлъэгъуэныгъэм къызэ­рызэпиуд щIыкIэр яуб­зы­хуну. Къэпщытэныгъэм кърикIуэм елъытауэ хабзэм къигъэув Iуэхугъуэхэр дублэнущ икIи Iуэ­хум кърикIуэм Iэмал имыIэу фыщызгъэгъуэзэнущ.
  • Фигу къэзгъэкIыжынщи, 2020 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м Сочэ и Къалэ зэхуэсым и депутатхэмрэ Свято-Троицэ члисэм и дин лэ­жьакIуэхэмрэ я жэрдэмкIэ Адлер хьэблэм щагъэуващ Кавказ зауэм и лъэхъэнэм абдежым щыIа пасэрей быдапIэм и домбеякъ картэр зытет фэеплъ дамыгъэ. Ар ящIащ ­хуитыныгъэ къезыт документхэр ямы­Iэу, къалэм и жылагъуэм я гупсысэр къамылъытэу икIи зрамыгъащIэу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, «Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэинхэм я объектхэм (тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэ­еплъхэм) я IуэхукIэ» Федеральнэ ­законымрэ Краснодар крайм абы техуэу къыщащта хабзэмрэ, къи­щынэмыщIауэ, Сочэ къалэм ведомствэхэм зэдай и топонимикэ комиссэм и положенэр къызэпауду.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

НыбжьыщIэхэм я зэфIэкI лъагэхэр

2020-07-25

  • Зыуэ щыт къэрал экзаменхэм (ЕГЭ) къарикIуэхэр мы махуэхэм наIуэ къохъу. Ди ­гуапэ зэрыхъущи, къэпщытэ­ны­гъэхэм къагъэлъагъуэ ныбжьыщIэхэм щIэныгъэфI зэрабгъэдэлъыр, я зэфIэкIми зэрыхэхъуар.
  • Мы махуэхэм наIуэ къэ­хъуащ урысыбзэмкIэ ЕГЭ-м кърикIуахэри. Нэгъабэрей къэпщытэныгъэхэм еплъытмэ, Iэмалыншэу зыхуеину балл нэхъ мащIэ дыдэр къэзымыхьыфахэм я бжыгъэм хэщIащ. Апхуэдэуи экзаменыр зытахэм ящыщу цIыхуи 10-м абыкIэ балли 100 къахьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Эрдогъан Тайип Истамбыл и мэжджытышхуэм нэмэз щещI

2020-07-25

  • Тыркум и президент Эрдогъан Тайип бадзэ­уэ­гъуэм и 24-м азэн къыщыджащ, КъурIэным щыщ Iэят къыщеджащ, иужь­кIэ жумгьэ нэмэзри щищIащ Истамбыл къы­щызэIуахыжа мэжджы­тышхуэм. Иужьрей илъэс 86-м къриубыдэу апхуэдэ Iуэху а уардэунэм япэу къыщыхъуауэ аращ.

  • СОФИЕ Щихъым и цIэр зезыхьэ музейм, нэхъ пасэм муслъымэнхэм я тхьэ елъэIупIэу щытам, аргуэру мэжджыт статус ­игъуэтыжыным теухуа псалъэмакъыр къызэрежьэрэ куэд щIащ. Апхуэдэу щытми, абы яужь ихьэу ар зэрызрагъэхъулIэрэ куэд щIакъым. Абы теухуа унафэ Тыркум и къэрал Советым къищтащ 2020 гъэм ба­дзэуэгъуэм и 10-м, а махуэ дыдэми Эрдогъан Iэ тридзащ указым. А псом ипэIуэкIэ, мэкъуауэ­гъуэм и 5-м, Тыркум и президентым и дэIэпы­къуэ­гъухэм пщэрылъ ящи­-щIауэ щытащ кърахьэжьа Iуэхум хэплъэу, музейр мэжджыт зэращIыжым ехьэлIа зы­хуэфащэ до­кументхэр ягъэ­хьэзыры­ну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2020-07-25

  • Бадзэуэгъуэм и 25,
  • щэбэт
  • УФ-м СледствиемкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэщ
  • Урысейм псым къулыкъу щезыхьэкI и полицэм и махуэщ
  • УФ-м и Сату IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
  • Белоруссием и мафIэсгъэункIыфI IуэхущIапIэ­хэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
  • 1472 гъэм шэрджэс кхъухь 24-рэ тенджыз ФIыцIэм зэпрыкIри, Тыркум теуауэ щы­тащ.
  • 1567 гъэм Венесуэлэм и къалащхьэ Каракас и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
  • 1942 гъэм щIидзащ Кавказым папщIэ екIуэкIа зауэм. Советыдзэхэмрэ нэмы­цэхэмрэ абы папщIэ зэпэ­щIэтащ 1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 25 щегъэжьауэ 1943 гъэм жэпуэгъуэм и 9 пщIондэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

1 КъБР * «Мир» канал

2020-07-25

  • Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 27
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэ­хуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «И гъащIэр гъуазджэм пы­щIауэ». «Нурет» къэ­факIуэ гупым и унафэщI Беслъэней Владимир (12+)
  • 7.00 «Ди псэлъэгъухэр». Пшынауэ Жыгун Эдуард (ады­гэб­зэкIэ) (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэ­хуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Жюрегингде асыра мени». УсакIуэ Коч Леман (США) (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 8.35 «Сабиигъуэм и дуней». «Живая классика» урысейпсо зэпеуэм щытекIуа Джап­пуевэ Лейлэ (балъкъэ­рыб­зэкIэ) (12+)
  • 9.05 «Си лъахэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ОТР Общественное Телевидение России

2020-07-25

  • Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 27
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъы­бархэр» (16+)
  • 6.30 «Зэманымрэ цIыхумрэ». ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис (12+)
  • 7.00 «Елмэсхъан» (12+)
  • 7.45 «Усэхэр зэрыт тетрадь» (12+)
  • 8.00 «Зиусхьэн мышынэ». РАМТ-м и Урысей ЩIалэгъуалэ театрым и спектакль (16+)
  • 17.00 «Усэхэр зэрыт тетрадь». Ахматовэ Ан-нэ (12+)
  • 17.25 «Музейхэр» (6+)
  • 17.55 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Филологие щIэныгъэхэм я доктор Гъут Iэдэм (12+)
  • 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и РАДИО

2020-07-25

  • Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 27
  • 00.00 — Макъамэ  99,5-FM (урысыбзэкIэ)
  • 1.00 — Макъамэ  99,5-FM (адыгэбзэкIэ)
  • 1.35 — «Фэр папщIэ» (адыгэбзэкIэ)
  • 2.00 — «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ)
  • 2.30 — «Жэщыбг нэужьым» (адыгэбзэкIэ)
  • 3.00 — «Орайда» (балъкъэрыбзэкIэ)
  • 4.00 — «Сахна» (балъкъэрыбзэкIэ)
  • 5.00 — Макъамэ  99,5-FM (урысыбзэкIэ)
  • 6.35 — «ПщIэну щхьэпэщ» (урысыбзэкIэ) (12+)
  • 6.45 — 7.00 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и радио

2020-07-25

  • Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 27
  • «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
  • 11.30, 13.10, 15.10, 18.10
  • 7.10 — 8.00 «Пщэдджыжьым жьыуэ» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ)
  • 8.10 — 8.35 «Театрым и тхыдэр зытхар абы щылэжьахэрщ». Токъуий Хъусен (адыгэбзэкIэ)
  • 8.35 — 9.00 «Пащтыхьыгъуэ телъыджэм и уэрэдхэр». Гуртуевэ Мариам (балъкъэрыбзэкIэ)
  • 11.45 — 12.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» циклым щыщщ (адыгэбзэкIэ)
  • 13.25 — 14.00 «Шэджагъуэ хуабэм»
  • 15.25 — 15.50 Гъут Iэдэм. «Дэбагъуэ-дадэм теухуа хъыбар» (адыгэбзэкIэ) 
  • 15.50 — 16.00 «Си Iэгум фыкъитIысхьэ, бзухэ». Тут Заур (адыгэбзэкIэ)
  • 18.25 — 18.30 «Дигу имыхужхэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
  • 18.30 — 18.35 «Псоми тедгъэкIуэдэнур дакъикъитхущ»
  • 18.35 — 19.00 ФIыуэ флъагъу макъамэхэр (адыгэбзэкIэ)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зи гъащIэр макъамэ зэфэзэщ УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, композитор цIэрыIуэ Даур Аслъэн Алий и къуэр къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу

2020-07-25

  • И вагъуэр
  • ноби маблэ
  • Композитор, егъэджакIуэ, дирижёр, публицист, IуэрыIуатэдж, жылагъуэ лэжьакIуэ Даур Аслъэн Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ Хьэбэз адыгэ къуа­жэм къыщалъхуащ 1940 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м. Щысабийм щегъэ­жьауэ ар дахьэхащ адыгэ хъыба­ры­жь­хэм, «Нарт» эпосым, цIыхубэ уэрэ­джы­Iа­кIуэхэмрэ музыкант цIэ­­рыIуэ­хэмрэ я лэжьыгъэм, лъэпкъ хабзэхэр зэрагъэ­защIэм, хьэгъуэлIыгъуэхэм щилъагъу къафэхэм.
  • Къуажэм, районым щыIэ самодея­тель­ностхэм щыжыджэрт, накъырэ епщэрт, бэрэбанэ еуэрт. Иджыри школакIуэу, Шэрджэсым и къэфакIуэ ансамблым и бэрэбэнауэу, ар хэтащ Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс щиплI зэрырикъум и щIыхькIэ 1957 гъэм Москва щрагъэкIуэкIа гу­фIэгъуэ Iуэхухэм. Абы щилъэгъуахэмрэ щы­зэхихахэмрэ, композитор цIэрыIуэ Мурадели Вано зэрыхуэзамрэ зэреп­сэ­лъылIамрэ хьэкъыу пхагъэкIат Аслъэн макъамэншэу зэрымыпсэуфынур икIи игу ирилъхьат ар IэщIагъэ ищIыну.
  • Даурым и мурадыр пасэу къехъулIащ. Ставрополь къалэм дэт музучилищэм и дирижёр къудамэм щIэныгъэ щызрегъэгъуэт (абы щыгъуэ Черкесск къалэм апхуэдэ еджапIэ дэтакъым). ИужькIэ ­къеух Москва щыIэ консерваторэм и композитор къудамэри аспирантурэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-07-25

Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр Налшык щызэIуощIэ. ИжьымкIэ къыщыщIэдзауэ: композитор ­Даур Аслъэн, музыковед, тхакIуэ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр, уэрэджыIакIуэ Гъэсашэ Наталье, композитор Молэ Владимир. 1988 гъэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ар сыт щыгъуи пIащIэрт

2020-07-25

  • ЦIыхум ущыдэлажьэкIэ, махуэ къэс ущызэрылъа­гъукIэ ­игъащIэкIэ апхуэдэу екIуэкIыну къыпфIощI. Ар щIыжы­сIэ­ращи, хэт и гугъэнт Аслъэн ап­хуэдэу зэуэзэпсэу тхэкIыжыну?
  • Дэ, профессиональнэ компо­зиторхэр, куэд дыхъуркъым, цIыху зытхухщ. Аслъэн дунейм щехыжам щыгъуэ шэуэ къыттехуат икIи хуабжьу зыхэтщIат. Щхьэх, езэш жыхуэпIэр имыщIэу лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм хуэлэжьа цIыхущ ­Даурыр. Сэ езыр сыкъапщтэмэ, макъамэ стхыну сыщетIысылIэр си гум сыкъыщрихуэкIым дежщ. Аслъэн аратэкъым — мыувыIэу лажьэрт, макъамэ ­телъыджэхэри щIэх-щIэ­хыурэ къигъэщIырт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше