Нобэрэ пщэдейрэ
2020-07-28
- Бадзэуэгъуэм и 28, гъубж
- Гъуэжь узым ебэныным и дунейпсо махуэщ
- Урысейм и PR-IэщIагъэлIым и махуэщ
- 1586 гъэм Европэм япэ дыдэу кIэртIоф къашащ. Колумбием къришри, а къэкIыгъэр Инджылызым къишат Хэрриот Томас.
- 1697 гъэм Камчаткэ хытIыгуныкъуэр зэрыщыIэр къахутащ.
- 1713 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ Рижскэ губерниер.
- 1858 гъэм криминалистикэм япэ дыдэу къыщагъэсэбэпащ IэпапIэхэр.
- 1914 гъэм Япэ дунейпсо зауэм щIидзащ. Ар дунейм щекIуэкIа зауэ нэхъ ин дыдэхэм — хэта къэралхэм, зи псэр щызыта, гузэвэгъуэ хидза цIыхухэм я бжыгъэкIэ — ящыщу къалъытэ. ЦIыху мелуанипщIым щIигъу хэкIуэдауэ, мелуан 22-рэ уIэгъэ щыхъуауэ щытащ а зауэм. 1914 гъэм бадзэуэгъуэм и 28-м къыщыщIэдзауэ 1918 гъэм щэкIуэгъуэм и 11 пщIондэ екIуэкIа а зауэм хэша хъуауэ щытащ а зэманым ирихьэлIэу дунейм къэралу тета 59-м щыщу 38-р.
- 1928 гъэм Нидерландхэм я къалащхьэ Амстердам къыщызэIуахащ IХ гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Зэхьэзэхуэхэм щIадзакIэт накъыгъэм и 1-м. Олимпиадэр зэхуащIыжащ шыщхьэуIум и 12-м.
- 1942 гъэм СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и цIыхубэ комиссарым Iэ щIидзащ 227-нэ унафэм, «Зы лъэбакъуэкIи къимыкIуэтын!» къыхуеджэныгъэр щыубзыхуам.
- 1944 гъэм Белоруссие ССР-м щыщ Брест къалэр советыдзэхэм фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
- 1957 гъэм Москва къалэм къыщызэIуахащ щIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я VI дунейпсо фестивалыр. Абы хэтащ къэрали 131-м къикIа ныбжьыщIэ мин 34-рэ. «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблыр а фестивалым и лауреат хъуащ.
- 1958 гъэм Москва къыщызэIуахащ усакIуэ цIэрыIуэ Маяковский Владимир и фэеплъ.
- 1980 гъэм СССР-м и къалащхьэм щыIэ Ваганьковэ кхъэм щыщIалъхьащ Высоцкий Владимир и хьэдэр. А нэщхъеягъуэм кърихьэлIат цIыху минхэр.
- 1984 гъэм Лос-Анджелес (США) къалэм къыщызэIуахащ ХХIII Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Абы хэтакъым Совет Союзымрэ абы и дарэгъу къэралхэмрэ я спортсменхэр.
- 1992 гъэм Урысейм и МЧС-м и къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ къулыкъущIапIэр къызэрагъэпэщащ
- 1995 гъэм Индием и Бомбей къалэм и цIэр Мумбаи жиIэу зэрахъуэкIащ.
- Франджы драматург Дюма Александр (къуэр) къызэралъхурэ илъэси 195-рэ ирокъу.
- Сирием щыпсэуа жылагъуэ лэжьакIуэ, Сорбоннэ дэт университет цIэрыIуэр къэзыуха, «Шэрджэсхэм я тхыдэр», «Пащтыхьхэм я бийуэ шэрджэсхэм ирагъэкIуэкIа зауэхэр» лэжьыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Сэмгугъу Iэмин къызэралъхурэ илъэси 120-рэ ирокъу.
- Швейцарием щыщ, хыхэр джынымкIэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Пикар Жак къызэралъхурэ илъэс 98-рэ ирокъу.
- Кинорежиссёр, актёр, сценарист, УФ-м и цIыхубэ артист Басов Владимир къызэралъхурэ илъэс 97-рэ ирокъу.
- СССР-м и цIыхубэ артисткэ Макаровэ Иннэ къызэралъхурэ илъэс 94-рэ ирокъу.
- Совет, урысей кинорежиссёр, драматург, актёр, тхакIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Мережкэ Виктор и ныбжьыр илъэс 83-рэ ирокъу.
- Совет актрисэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Вертинская Марианнэ и ныбжьыр илъэс 77-рэ ирокъу.
- Урысей актрисэ, РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Бело-хвостиковэ Наталье и ныбжьыр илъэс 69-рэ ирокъу.
- Венесуэлэм и президенту щыта Чавес Уго къызэралъхурэ илъэс 66-рэ ирокъу.
- Актрисэ, теленэтынхэр езыгъэкIуэкI, «ТЭФИ» саугъэтыр зыхуагъэфэща Меньшовэ Юлие и ныбжьыр илъэс 51-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 24-рэ, жэщым градус 18 — 19 щыхъунущ.
- Бадзэуэгъуэм и 29,бэрэжьей
- Къаплъэным и дунейпсо махуэщ
- Молдавием и Конституцэм и махуэщ
- Румынием и лъэпкъ гимным и махуэщ
- 1696 гъэм урысыдзэхэм яубыдащ Iузэв тырку быдапIэр.
- 1836 гъэм Франджым и къалащхьэ Париж и Вагъуэм и утыкум (иджы абы зэрехьэ Шарль де Голль и цIэр) къыщызэIуахащ Триумфальная арка зыфIаща ухуэныгъэ телъыджэр.
- 1914 гъэм VI Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр зэрыщымыIэнум теухуа унафэ къащтащ. Ахэр Германием щызэхэтын хуеят, ауэ Япэ дунейпсо зауэр къызэрыхъеям и зэранкIэ зэпеуэхэр ирагъэкIуэкIауэ щытакъым.
- 1936 гъэм СССР-м и ГъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм къыдигъэкIащ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэм теухуа положенэм и унафэр.
- 1942 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и унафэ-кIэ къащтащ Суворовым и орденым и нагъыщищри, Кутузовым и орденым и нагъыщитIри, Невский Александр и орденыр.
- 1948 гъэм Инджылызым и къалащхьэ Лондон къыщызэIуахащ ХIV Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр шыщхьэуIум и 14-м зэхуащIыжащ.
- 1963 гъэм япэу уэгум ихьащ цIыхухэр къызэрырашэкI Ту-134 кхъухьлъатэ лIэужьыгъуэщIэр.
- 1974 гъэм, СССР-м Къэрал шынагъуэншагъэмкIэ и комитетым и унафэщI Андропов Юрий и унафэкIэ, терроризмэм ебэныным хуэгъэпса «Альфа» гупыр къызэрагъэпэщащ.
- 1990 гъэм Калинин къалэм фIащыжащ нэхъапэм зэрихьа Тверь цIэр.
- 1997 гъэм адыгэ пхъурылъху, Иорданием и пащтыхьыкъуэ Алий Бен-Хъусен «Кабардинка» ансамблым хэтхэм яIущIащ.
- 1981 гъэм зэхэтащ инджылыз пащтыхьыкъуэ Чарльзрэ Спенсер Дианэрэ я хьэгъуэлIыгъуэр.
- Дуней псом щыцIэрыIуэ сурэтыщI Айвазовский Иван (и цIэ-унэцIэ дыдэр Ованес Айвазянщ) къызэралъхурэ илъэс 203-рэ ирокъу.
- Совет Союзым и цIыхубэ артист, СССР-м и Къэрал саугъэтым щэнейрэ и лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Кадочников Павел къызэралъхурэ илъэси 105-рэ ирокъу.
- Абхъазым щыщ еджагъэшхуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, юридическэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, Абхъазым щIэныгъэхэмкIэ и академием и президент Шамбэ Тарас и ныбжьыр илъэс 82-рэ ирокъу.
- ЩIэныгъэлI, адыгэхэм я мэкъумэш, ботаникэ щэнхабзэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Хьэкъун Барэсбий къызэралъхъурэ илъэс 79-рэ ирокъу.
- Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Сэхъутэ Нурбий и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу.
- Сирием щыщ дзэ къулыкъущIэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, генерал-майор, СХьР-м и Адыгэ ФIыщIэ хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Къэбэрдей Аднан и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу.
- Совет, урысей композитор, уэрэджыIакIуэ, продюсер, УФ-м и цIыхубэ артист Крутой Игорь и ныбжьыр илъэс 66-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 — 27-рэ, жэщым градус 18 — 19 щыхъунущ.