Хэкум и къыщхьэщыжакIуэ нэсхэр
2020-07-28
- 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр дунейпсо тхыдэм къыщалъытэ нэхъ гущIэгъуншэ дыдэу, цIыху гъащIэ нэхъыбэ дыдэ зыхьауэ. Ди къэралым и щхьэхуитыныгъэм щIэзэууэ абы хэкIуэда совет цIыхухэр мелуан бжыгъэ мэхъу. Ди республикэм икIауэ зауэм дэкIащ цIыху мин 60-м щIигъу, абыхэм ящыщу мин 40-м щIигъур абы хэкIуэдащ е хъыбарыншэ хъуащ.
- Ди щIыналъэм и Совет (иджы Шэрэдж) районым хыхьэ Зэрэгъыж щыпсэухэм ящыщу Iэщэ зыIыгъыфыну зы цIыху балигъи къэнакъым Хэку зауэшхуэм дэмыкIыу. Абыхэм яхэтащ а жылэм щыпсэу Къардэн лъэпкъым щыщ цIыху 22-рэ. Къардэнхэ я щIалэ 13-м зауэшхуэм и губгъуэхэм я щхьэхэр щагъэтIылъащ е хъыбарыншэу кIуэдащ. Апхуэдэхэщ Къардэнхэ Мудар и къуэ СулътIан, Увжыкъуэ и къуэхэу Мышэрэ Мухьэдинрэ, МыштIыкъ и къуэ Барэсбий, Чэмал и къуэ Iэмин, Бэчмырзэ и къуэ Сайдин, Мырзэбэч и къуэ Хьэсин, Яхья и къуэхэу Хьэзрэтрэ Хьэрунрэ, Цу и къуэхэу Мухьэмэтджэрий, Аслъэнджэрий, Хьэжджэрий, Мэтджэрий сымэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, дэ мащIэ дыдэщ тщIэр Хэкум и щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи псэр зыта а ди къуэшхэм яIа дзэ къулыкъуцIэхэм, къыхуагъэфэща дамыгъэхэмрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ ятеухуауэ. Абыхэм я нэхъыбапIэр зауэм и пэщIэдзэхэм абы хэкIуэдащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ди советыдзэхэм Москварэ Сталинградрэ деж ехъулIэныгъэфIхэр къыщахьу я лъэр быдэу ува нэужьщ, ди зауэлIхэм цIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыфIащу е зэрахьа лIыгъэхэм папщIэ дамыгъэ гуэрхэр кърату щыхуежьар. Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм ящыщ зыбжанэ Хэкум епцIыжауэ къалъытэу щIыпIэ жыжьэхэм ягъэIэпхъуауэ зэрыщытами и зэран къыдэкIащ къэбэрдейхэм, «джэдылIэм здихьа бабыщым» ещхьу, Кавказым дызэрыщыщ къудейм къыхэкIыу.
- Зэрэгъыж жылэм щыщу зауэм дэкIа Къардэнхэм я щIали 9-р псэууэ къэкIуэжащ. Апхуэдэхэщ лейтенант нэхъыжь зэкъуэшхэу ПIытIу и къуэхэу Хьэсэмбийрэ Бабийрэ, Увжыкъуэ и къуэ Назир, Iэсхьэд и къуэ Мухьэмэд, Бэчмырзэ и къуэ Хьэбалэ, МыштIыкъ и къуэ Къасым, Хьэнэф и къуэхэу Хьэтурэ Назиррэ, Цу и къуэ Залымджэрий сымэ.
- ПIытIу и къуэ хахуэхэр
- Къардэн Хьэсэмбий 1920 гъэм Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ. Унагъуэм я нэхъыжь ПIытIу быныфIэ хъуат: абы пхъуищрэ (Баблинэ, ФIыцIэ, ХьэкIуцэ) къуищрэ (Хьэсэмбий, Бабий, Лъостэмбий) иIэт. Зэрэгъыж жылэщIэр 1927 гъэм япэу псэупIэ зыхуэхъуахэм ящыщащ ПIытIу и унагъуэшхуэр. КъуажэщIэу тIысам къэIэпхъуахэм яхэтащ Къардэнхэ я унагъуи 8, цIыху 62-рэ ису.
- ЩIалэхэм я нэхъыжь Хьэсэмбий 1939 гъэм дзэм ираджащ, къэралым къулыкъу хуищIэну. Адыгэ щIалэр хэтащ а илъэсым СССР-мрэ Япониемрэ яку къыдэхъуа зауэ зэпэщIэувэныгъэм. Ротэм и командир, лейтенант нэхъыжь Къардэныр куэдым щапхъэ яхуэхъуащ хэлъа лIыгъэмрэ къигъэлъэгъуа хахуагъэмкIэ. Апхуэдэ дыдэу къикIуэт имыщIэу, и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс Хьэсэмбий хэтащ Хэку зауэшхуэм. Зэрихьа лIыгъэхэм папщIэ абы къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэ лъапIэхэр, щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр. Абыхэм ящыщщ «Хэку зауэ» орденым и етIуанэ нагъыщэр, «Хахуагъэм папщIэ», «Японием дызэрытекIуам папщIэ», «Германием дызэрытекIуам папщIэ», «Берлин къызэращтам папщIэ», «Зауэ зэфIэкIхэм папщIэ» медалхэр, нэгъуэщIхэри.
- Щалъхуа щIыналъэм 1946 гъэм къэкIуэжа нэужь, Хьэсэмбий и къару куэд ирихьэлIащ бийм зэхикъута цIыхубэ хозяйствэр зэтегъэувэжыным. Я жылэм щызэхэта колхозым и председателу лэжьащ ар, гугъуехьхэм къапимыкIуэту, къуажэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным гурэ псэкIэ хущIэкъуу. 1955 гъэм Хьэсэмбий машинэ зэжьэхэуэм хэкIуэдащ. ЗауэлI хахуэм, унафэщI щыпкъэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм и фэеплъыр яхъумэ абы къыщIэна унагъуэм, и бынхэу Руслан, Леонид, Мухьэмэд, Ритэ сымэ.
- ПIытIу и къуэхэм я етIуанэ Бабий 1921 гъэм къалъхуащ. Хэку зауэшхуэм щыщIидзам щыгъуэ, Бабий дзэм къулыкъу щищIэкIэт, Орел къалэм дэт дзэ къалэ цIыкIум и инженер батальоным хэту. Зауэм и хъыбар къазэрыIэрыхьэу, дзэ гупыр Смоленск дежкIэ ядзащ, Москва къыхуэкIуэ бий зэрыпхъуакIуэм пэщIэувэну. Щыхьэрым ебгъэрыкIуэ фашистыдзэр къызэтрагъэувыIа нэужь, Бабий инженер курсхэм щрагъэджащ, иужькIэ КъуэкIыпIэ фронтым ягъэкIуащ лагъымщIэх взводым и пашэу. Командир IэкIуэлъакIуэм и нэIэм щIэт зауэлIхэм къызыхуэтыншэу ягъэзащIэрт дзэм и унафэщIхэм пщэрылъ къыщащI лэжьыгъэ псори: лъэмыжхэм лагъым щIалъхьэрт, тIасхъэщIэххэр зрикIуэну лъагъуэхэр «ягъэкъабзэрт». Берлин нэсу бийр и гъуэм изыукIыхьыжахэми яхэтащ Бабий. Абы къыхуагъэфэщащ «Хэку зауэ» орденым и етIуанэ нагъыщэр, «Хахуагъэм папщIэ», «Москва зэрахъумам папщIэ», «Белоруссиер хуит къызэращIыжам папщIэ», «Германием дызэрытекIуам папщIэ», «Берлин къызэращтам папщIэ», нэгъуэщI къэрал дамыгъэ лъапIэхэри.
- Зауэр иуха нэужь, иджыри илъэси 8-кIэ Белоруссием къулыкъу щищIащ Бабий, а щIыналъэм и мэзхэр, губгъуэхэр лагъымхэм щагъэкъабзэу. ИужькIэ щалъхуа щIыналъэм къигъэзэжащ, и щхьэгъусэ Верховская Валентинэ Александр и пхъур, и къуэхэу Анатолийрэ Владимиррэ и гъусэу. Унагъуэм иужькIэ къахэхъуащ Сергей зыфIаща щIали. Зэщхьэгъусэхэр япэщIыкIэ Налшык, иужькIэ Тырныауз щыпсэуащ. Бабий «Молибден» рудникым щылэжьащ электровозым дэсу, къырыр лагъымкIэ зыкъутэхэм яхэту. И ныбжьыр илъэс 50 ирикъуа къудейуэ арат, уз хьэлъэ къеуалIэу Бабий дунейм щехыжам щыгъуэ.
- Бабий и гугъу пщIыуэ къэбгъанэ хъунукъым абы и щхьэгъусэ Валентинэ. А белорус бзылъхугъэр Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм партизан гупым хэтащ, и зэфIэкIхэм дамыгъэ лъапIэ куэд къыпэкIуащ. Зыхэхуа Къардэн лъэпкъым пщIэрэ нэмысрэ щызэзыгъэгъуэта Валентинэ гуауэ куэд илъэгъуащ: и щхьэгъусэфIым куэдрэ кIэлъыпсэуакъым абыхэм я къуэхэр. Ахэр зэкIэлъхьэужьу дунейм ехыжащ. ГъащIэ кIыхькIэ Тхьэр зыхуэупса Валентинэ илъэс 90 хъуху псэуащ. Абы и гъащIэр хуагъэдэхащ и къуэрылъху IэфIхэм. Я адэшхуэ-анэшхуэ хахуэхэм я фэеплъхэр сакъыу ноби яхъумэ абыхэм.
- КъикIуэт зымыщIэ Назир
- Къардэн Назир 1923 гъэм Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ. ЩIалэщIэр фронтым Iухьащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэхэм ящыщу нэхъ гугъуу щытауэ къалъытэ 1942 гъэм и гъэмахуэм. Бийр ерыщу лъэныкъуэ псомкIи къыщыдэбгъэрыкIуэрти, ди советыдзэхэм хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтырт. Адыгэ щIалэр фашистхэм япэщIэуващ, къикIуэт имыщIэу. Ар яхэтащ Кавказ щIыналъэр бийм щызыхъумахэм. 347-нэ фочауэ дивизэм и тIасхъэщIэх гупым хэту зауэу, Тэн Iуфэм нэсащ Назир. Абдеж щекIуэкIа зэзауэ гуащIэхэм ящыщ зым ар уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ, уIэгъэщым щIэлъа нэужьи унэм къагъэкIуэжащ. ИужькIэ игу къигъэкIыжу зэрыщытамкIэ, Тэн деж щекIуэкIа зэзауэм лIыгъэ къагъэлъагъуэу хэтащ ди лъахэгъу щIалэхэу Аушыджэр щыщ КъалакIуэ Исмэхьил, Зэрэгъыж щыщ Къуэн Хьэжсуф, Псыгуэнсу икIа Бозий Хьэсэн, Уэзрэдж щыщ Къумахуэ Сулеймэн, Каменномост щыщ Хьэмыз Iэмырхъан сымэ.
- Ныкъуэдыкъуагъэ игъуэтами, Назир зыхыхьэжа унагъуэм и дежкIэ гуфIэгъуэшхуэт я къуэ нэхъыщIэр псэууэ лъапсэм къызэрихьэжар. Зауэ гущIэгъуншэм ихьакIэт абы и къуэшхэу Мышэрэ Мухьэдинрэ я гъащIэр.
- Зауэ нэужьым Назир щылэжьащ Зэрэгъыж дэт пощтым и унафэщIу, иужькIэ Налшык къэIэпхъуэри, «Искож» комбинатым щыIащ. Назир и фэеплъ нэхум хуэфащэу мэпсэу абы къыщIэна и бынхэу Мухьэдин, Станислав, Ларисэ, Лерэ сымэ, абыхэм къащIэхъуэ щIэблэ дахэр.
- Шинель кIапэм и фIыгъэкIэ
- Къардэн Мухьэмэд 1909 гъэм Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Iэсхьэди ящыщащ Зэрэгъыж къуажэщIэм япэу дэтIысхьахэм. Мухьэмэд зауэм и пэм къыщыщIэдзауэ 1943 гъэм и дыгъэгъазэ пщIондэ фронтым Iутащ, бий бзаджэм хахуагъэ хэлъу пэщIэту. 1942 гъэм уIэгъэ хьэлъэ хъуащ ар. Абы иужькIэ зэман кIыхькIэ зигъэхъужащ, Дагъыстэным ягъэIэпхъуа уIэгъэщым щIэлъу. Ныкъуэдыкъуагъэ зыгъуэта щIалэр унэм къагъэкIуэжыну унафэ щыIами, зэрымыщIэкIэ етIуанэу дзэм ираджэжащ икIи иджыри илъэсым щIигъукIэ фронтым Iутащ, бийр зэхэкъутэным зэфIэкIрэ къарууэ иIэр ирихьэлIэу. 346-нэ фочауэ дивизэм хэту абы нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм щихъумащ Кавказ щIыналъэр. Ипщэ фронтым щекIуэкI зэзауэ гуащIэхэм языхэзым Мухьэмэд аргуэру уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ: гъунэгъуу къыщыуа лагъымым къиIэта щIыгулъым щIихъумащ, и щхьэм сэкъат игъуэтащ, и тхьэкIумэхэм зэхамыхыжи хъуащ. Зэхэуэхэр зэтеувыIа нэужь, уIэгъэхэмрэ яукIахэмрэ зэщIащыпэжыну губгъуэм ихьа санитар бзылъхугъэ цIыкIухэм ящыщ зым гу лъитауэ щытащ ятIэ гулъым къыхэщ шинель кIапэм. Ар къитIэщIри, санитарым къигъуэтыжауэ щытащ зи псэр иджыри Iут зауэлIыр. ИужькIэ Мухьэмэд куэдрэ щIегъуэжащ, псэзэпылъхьэпIэм къизыха бзылъхугъэ цIыкIум и цIэмкIэ зэремыупщIам щхьэкIэ.
- УIэгъэщым аргуэру щIэлъри, Мухьэмэд къулыкъум пищащ Ленинакан къалэм щыIэ лъэсыдзэм хэту. Зауэм щызэрихьа лIыгъэхэм къыпэкIуэу Мухьэмэд къратащ «Хэку зауэ» орденым и етIуанэ нагъыщэр, «Зауэ зэфIэкIхэм папщIэ», «Германием дызэрытекIуам папщIэ» медалхэр, щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр. ЗауэлI хахуэу фронтым Iутар и Iэ зэтелъу тIысыжакъым, унэм къагъэкIуэжа нэужь. Ар пхъащIэ Iэзэу жылэм дэсащ, абы щызэхэт хозяйствэм, унагъуэ щхьэхуэм сэбэпышхуэ яхуэхъуу.
- 1996 гъэм Мухьэмэд дунейм ехыжащ. Абы къыщIэнащ бын хъарзынэхэр: щIалэхэу Аслъэмбий, Аскэрбий, Мусэрбий, Мухъутарбий, Iэулэдин, хъыджэбзхэу Майерэ Мерэрэ. ЗауэлI хахуэр щыпсэуа унэм кIэрылъщ щIыхь пхъэбгъу, Мухьэмэд Хэку зауэшхуэм зэрыхэтам щыхьэт техъуэу. АдыгэлI нэсу дунейм тетам и фэеплъыр яхъумэ къыщIэхъуа щIэблэм.
- ЛIыхъужьыгъэ ин
- Къардэн Хьэбалэ лIыгъэ хэлъу нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм езэуащ, и къаруи гъащIи щымысхьу. Абы и къуэш нэхъыжь Сайдини фронтым ираджащ, Хэку зауэшхуэм и пэщIэдзэ дыдэм. Куэд дэмыкIыу унагъуэм тхылъ къахуэкIуащ ар хъыбарыншэу зэрыкIуэдар иту. Адэ-анэм плъапIэрэ гугъапIэу яIэжыр Хьэбалэ закъуэт, ахэр жэщи махуи Тхьэшхуэм елъэIурт, я быныр ажалым щихъумэну.
- Апхуэдэуи хъуащ. УIэгъэ мыхъуу Хьэбалэ зэпичащ зауэ гъуэгуанэ кIыхь, бгырыс цIыхухъум зэрихабзэу, бэшэчагърэ шыIэныгъэкIэ, лIыгъэрэ хахуагъэкIэ зауэлI куэдым щапхъэ яхуэхъуу. Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Хьэбалэ ягъэлъэгъуат «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр зратынухэми яхэту, арщхьэ- кIэ…
- 1944 гъэм и бжьыхьэм советыдзэхэр Германием и къэрал гъунапкъэхэм зэпрыкIри, зауэм абы щыпащащ. Бийм и щIыналъэм щекIуэкI зэзауэ гуащIэхэм хэту, Хьэбалэ зыхэт гупыр къэухъуреиныгъэм ихуащ икIи гъэру яубыдащ. 1945 гъэм и мэлыжьыхьым советыдзэхэмрэ америкэдзэхэмрэ Эльбэ псым деж щызэхуэза нэужь, Къардэныр яхэтащ американецхэм хуит къащIыжахэм, арщхьэкIэ ди дзэхэм къазэрыхыхьэжу, гъэрыпIэм исахэм «къэралым и епцIыжакIуэ» фIащри, тутнакъэщым ирагъэтIысхьащ, тезыру илъэси 10 тралъхьэри. Зи щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа къэралым къыхуигъэува пIалъэ ткIийр и кIэм нэс ирихьэкIащ Къардэным. Хуит хъужу щалъхуа щIыналъэм къэкIуэжа нэужь, зэфIэкIыу иIэр ирихьэлIащ Хэку зауэшхуэм щызэрихьа лIыгъэхэри бгъэдэлъа хахуагъэри къэзымылъыта къэралыр егъэфIэкIуэным.
- Унагъуэ дахи иухуэжат Хьэбалэ. Зэщхьэгъусэхэм къащIэхъуащ къуиплIрэ пхъуитIрэ: Къанщобий, Барэсбий, Алёшэ, Iэдэм, ФатIимэ, Маринэ сымэ. Гугъуехь куэди бэлыхь мымащIи гъащIэм щызышэча Хьэбалэ жьыщхьэ махуэ хъужауэ псэуащ, хей ящIыжу къуаншагъэр щхьэщахыжа нэужь. Зэрэгъыж дэса ветеранхэм ящыщу иужьрейт Хьэбалэ. ЗауэлI хахуэм, адэм, адэшхуэм и фэеплъыр ящыгъупщэркъым бынхэми абыхэм къащIэтэджа щIэблэми.
- Берлин нэсыхукIэ
- Къардэн Къасым хуэдэу зи автомашинэ ису 1941 гъэм Хэку зауэшхуэм дэкIыу ар дыдэм ису 1945 гъэм къэзыгъэзэжа куэд щыIэу къыщIэкIынкъым. Зэрэгъыж къыщыщIэдзауэ Берлин нэсащ зи гугъу тщIы, «полуторка»-кIэ зэджэу щыта хьэлъэзешэ машинэр. ИужькIи куэдрэ колхоз губгъуэхэм итащ, езы Къасым дэсу.
- Хэку зауэшхуэр къызэрыхъейуэ фронтым ираджахэм, къэралым и щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи гъащIэр зытахэм ящыщащ Къасым и къуэш нэхъыжь Барэсбий. И шынэхъыжьыр зэрыдашрэ куэд дэмыкIауэ, дзэм ираджащ 1912 гъэм Псыгуэнсу къыщалъхуа Къасыми. Гвардием и сержант нэхъыжь Къардэным и машинэ шэрхъыр зауэшхуэм и илъэсхэм щIыналъэ куэдым щыджэрэзащ. ЗэуапIэм Iутхэм шэхэр, лагъымхэр, ерыскъы яхуIушэнырат Къасым и къалэн нэхъыщхьэр. А пщэрылъыр абы игъэзэщIэн хуейт дапщэщи: уэшх къешхми, уэс къесми, дыгъэ пэзазэ уафэгум щитми, пшагъуэ Iувым щIылъэр щиуфэбгъуами. Тхьэм фIыуэ къилъэгъуа, «джанэ щыгъыу къалъхуа» адыгэ щIалэм хузэфIэкIащ а къалэн мытыншыр къызыхуэтыншэу, ныкъусаныгъэншэу икIи и чэзум сыт щыгъуи игъэзэщIэн. Куэдрэ къэхъурт биишэ къытелъалъэм зыпыIуидзурэ зэуапIэм щынэс. ЗауэлIхэм ерыскъы щахуишэкIи апхуэдэ дыдэт: дыгъуасэ зыщагъэбыда щIыпIэм нобэ ахэр щыщумыгъуэтыжи щыIэт, арщхьэкIэ щIалэ губзыгъэм, набдзэгубдзаплъэм хузэфIэкIырт ди дзэхэр щитIысыкIа щIыпIэщIэр къигъуэтын. Зыхэт дзэм я гъусэу, и «полуторка»-м ису Къасым нэсащ Германием, дыхьащ абы щыхьэр Берлин. ТекIуэныгъэ иныр цIыхубэм къахуэзыхьахэм ящIыгъуу щалъхуа щIыналъэми къигъэзэжащ. Хэку зауэшхуэм щхьэмыгъазэу хэта Къардэным бгъэдэлъа зэфIэкIхэм къыпэкIуащ къэрал дамыгъэ куэд. Абыхэм ящыщщ «Хэку зауэ» орденым и етIуанэ, ещанэ нагъыщэхэр, Жуковым и цIэкIэ ягъэува орденыр, «Хахуагъэм папщIэ», «Германием дызэрытекIуам папщIэ», «Берлин къызэращтам папщIэ», «Зауэ зэфIэкIхэм папщIэ» медалхэр.
- Зауэ нэужьми Къасым хьэлэлу хуэлэжьащ къэралым. Абы къыхуагъэфэща гуащIэдэкI дамыгъэхэмрэ щытхъу, фIыщIэ тхылъхэмрэ абы и щыхьэтщ. Адэм и щапхъэм тету дунейм тетщ абы къыщIэна и бынхэу Наусбий, Олег, Хьэбас, Лизэ сымэ, абыхэм я щIэблэр.
- Хьэтурэ Назиррэ
- Къардэн Хьэту 1916 гъэм Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ. Ар зыщыщ унагъуэр 1927 гъэм Зэрэгъыж къэIэпхъуащ икIи а щIыпIэм гъащIэм щыпащащ. Хьэнэф и бынхэм я нэхъыжь Хьэту гуащIэдэкI лэжьыгъэм щIапIыкIати, гугъуехьхэм щымышынэу, лъэпощхьэпохэм запыIуимыдзу къэтэджащ. Хэку зауэшхуэм и япэ илъэсхэм фронтым ираджахэм яхэтащ Хьэту. Бгырыс щIалэ Iэчлъэчыр къикIуэт имыщIэу бийм пэщIэтащ, къалэн къыхуащI псори къызыхуэтыншэу игъэзащIэу. Хэлъа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ Хьэту къыхуагъэфэщащ зауэ дамыгъэ лъапIэхэр, щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр. КъищынэмыщIауэ, зауэ нэужьым хьэлэлу зэрылэжьам (ар Зэрэгъыж жылэм щызэхэта хозяйствэм и мэл фермэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ щытащ) къыпэкIуащ нэгъуэщI къэрал дамыгъэхэри. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абыхэм ящыщ зыгуэри щахъумакъым Къардэнхэ я унагъуэм.
- Унагъуэ хъарзыни иухуат Хьэту. Къардэн зэщхьэгъусэхэм къащIэхъуат быни 7: Хьэжысмел, Хьэждаут, Хьэзешэ, Мирамин, СуIэдин, ШэIимэт, Iэсият сымэ. ЦIыху пэжу, зэпIэзэрыту, жиIам тебгъуэтэжу зи гъащIэр зыхьа нэхъыжьыфIым и фэеплъыр ящыгъупщэркъым абыхэм.
- Хьэнэф и къуэнэхъыщIэ Назир 1918 гъэм къалъхуащ. Хэку зауэшхуэр щыщIидзам щыгъуэ, Назир дзэм къулыкъу щищIэу щыIэт. 213-нэ шууей полкым, иужькIэ 585-нэ фочауэ полкым хэту Къардэныр зэуащ, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу. Зауэр иуха нэужьи Назир иджыри зы илъэскIэ къулыкъу щищIащ Украинэм. Щалъхуа щIыналъэм къыщигъэзэжам щыгъуэ, абы и бгъэм щылыдырт и зауэ зэфIэкIхэм папщIэ къыхуагъэфэща дамыгъэхэр. Апхуэдэхэщ «Хэку зауэ» орденым и етIуанэ нагъыщэр, «Хахуагъэм папщIэ», «Германием дызэрытекIуам папщIэ», «Берлин къызэращтам папщIэ» медалхэр, нэгъуэщIхэри.
- Мамыр гъащIэм хыхьэжа нэужь, Назир я къуажэ щызэхэт хозяйствэм щылэжьащ хадэхэкI бригадэм и пашэу, иужькIэ шы фермэм и унафэщIу. Колхозым и япэ трактористхэм яхэту, абы лэжьыгъэшхуэ кърихьэлIащ «гъущIышыр» и дэIпыкъуэгъуу. И псэ хьэлэл лэжьыгъэри гулъытэншэ хъуакъым. Назирщ зыхуагъэфэщауэ щытар колхозым япэу къэкIуа «Запорожец», итIанэ «Жигули» автомашинэхэр. КъинэмыщIауэ, абы къратауэ щытащ «ГуащIэдэкI ЩIыхь» орденым и нагъыщэ псори, нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэхэр, щIыхь тхылъхэр.
- ЗауэлI хахуэм, гуащIэдэкI лэжьыгъэ хьэлэли къезыхьэлIа хэкупсэм щIэблэ хъарзынэ къыщIэхъуащ. Абырэ и щхьэгъусэ Тамарэрэ быни 8 зэдагъуэтащ: Залымбий, Женя, Заурбий, Ленэ, Лизэ, Жылэбий, Хьэсэнбий, Къазбэч сымэ. Дэтхэнэми ирагъэгъуэтащ гъащIэм зэрыхэтыфын IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ, нэхъыщхьэращи, лъэпкъ гъэсэныгъэ екIу. бынхэри абыхэм къащIэува щIэблэри ирогушхуэ я адэшхуэ лIыхъужьым и дуней тетыкIам, ар дапщэщи щапхъэ яхуэхъуу.
- А зы псэ закъуэр
- Къардэн Залымджэрий и адэ Цу, адрей и унэкъуэщхэми я гъусэу, 1927 гъэм Зэрэгъыж жылэщIэм къэIэпхъуауэ щытащ. Цу и къуэхэу Мухьэмэтджэрий, Аслъэнджэрий, Хьэжджэрий, Мэтджэрий, Залымджэрий сымэ Хэку зауэшхуэм щIимыдзэ щIыкIэ дзэм ираджакIэу къэралым къулыкъу хуащIащ. Зауаем и губгъуэхэм лIыгъэ яхэлъу, хахуагъэ къагъэлъагъуэу щызэуащ зэшхэр, ауэ Тхьэм иухатэкъым ахэр псэууэ зэрихьэлIэжыну, адэжь лъапсэм псори къекIуэлIэжыну. Мухьэмэтджэрий, Аслъэнджэрий, Хьэжджэрий, Мэтджэрий сымэ я гъащIэр щIатащ ТекIуэныгъэ Иным. Украинэ щIыналъэм щызауэу, Залымджэрий зыхэт дзэ гупыр къэухъуреихьыныгъэм ихуащ икIи нэмыцэхэм гъэр ящIащ. Хэку зауэшхуэр иуха нэужь, нэмыцэ гъэрыпIэм кърагъэкIыжу хуит къащIыжа щIалэр Сыбырым ягъэкIуащ, илъэси 10 тралъхьэри. Тхьэм и фIыщIэкIэ, абы щыкIуэдакъым Залымджэрий, и псэр, гъащIэр яхуихъумащ щалъхуа лъапсэм къыщежьэ, дунеягъэм щаIэ гугъапIэ псори а зы псэ закъуэм езыпхауэ илъэсхэр езыхьэкI адэ-анэм.
- Хей ящIыжу ди щIыналъэм къэкIуэжа нэужь, Залымджэрий хьэлэлу хуэлэжьащ къэралым, Псыгуэнсу къуажэм Iэпхъуэжри, абы щызэхэт колхозми щылэжьащ, пщIэ иIэу. Зауэм, лэжьыгъэм я ветеран Залымджэрий унагъуэ дахэ иухуат, щIалищи къыщIэхъуат: Аслъэмбий, Лъостэмбий, Заурбий. НэхъыщIэр иджыри цIыкIуу дунейм ехыжащ. Адрей щIалитIыр унагъуэ дахэ хъужауэ, щIэблэ узынши къащIэувауэ Псыгуэнсу дэсщ, я адэм, адэшхуэ хахуэм и фэеплъыр яхъумэу.
- Зи гъащIэр щIэблэм я щапхъэ Къардэн зэшхэм я нэхъыбапIэм я сурэтхэр фIэлъщ Зэрэгъыж дэт курыт школым и тхыдэ музейм. Фэеплъ плIанэпэм увыпIэ щагъуэтын хуейщ музейм зи дэфтэрхэр щIэмылъ Залымджэрийрэ Хьэтурэ. Ар ягъэзэкIуэжыну дащогугъ а зауэлI хахуэхэм къащIэна щIэблэхэм.
- Зэрэгъыж къуажэм щыщ Къардэн зэунэкъуэщ ветеранхэм ятеухуа тхыгъэхэр зыгъэхьэзырар а жылэм щыщ Къардэн Хьэдис Мудар и къуэращ. Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, Къардэнхэ я лъэпкъ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ, хэкупсэ нэсу зи гъащIэр зыхь Хьэдис къыщыхъуа унагъуэшхуэми зыхащIащ зауэм и гуауэр. Абы и къуэш нэхъыжь СулътIан лIыхъужьыгъэ зэрихьэу хэтащ Хэку зауэшхуэм икIи ТекIуэныгъэ Иным и псэр щIитащ.
- Хьэдис 1942 гъэм Зэрэгъыж къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, ар щеджащ Налшык дэт медучилищэм (иджы КъБКъУ-м и медколледж). ИужькIэ лэжьапIэ ягъэкIуащ медицинэ IэщIагъэлIхэм щыхуэныкъуэ Оренбург областым. Абы икIри дзэм къулыкъу щищIащ илъэси 3-кIэ, спорт ротэм хэту, бэнэкIэ хуитымкIэ тренеру. 1966 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэси 5-кIэ щылэжьащ Оренбург дэт стоматологие поликлиникэм, а къалэм бэнэкIэ хуитымкIэ и командэ къыхэхам и тренеруи щытащ. И Iуэхухэр дэкIыу, пщIэрэ нэмысрэ къыхуащIу лажьэми, хэкупсэу къэхъуа адыгэ щIалэм лъэкIакъым щалъхуа щIыналъэм къимыгъэзэжын. 1971 гъэм ар щеувэхыжащ ди щIыпIэм икIи куэд дэмыкIыу КъБКъУ-м и тхыдэ факультетым щIэтIысхьащ, иужькIэ аспирантурэри къиухыжри, кандидат диссертацэри ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIыжащ. Хьэдис илъэс куэдкIэ пэрытащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм. Ар щытащ КъБКъУ-м и егъэджакIуэу, егъэджакIуэ нэхъыжьу, «Призвание» медучилищэми щригъэджащ. Къардэным и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэу 50-м нэс, методикэ унэтIыныгъэ зиIэ тхыгъэ зыбжанэ.
- А псоми нэмыщI, Къардэн Хьэдис жыджэру хэтщ республикэм щекIуэкI жылагъуэ гъащIэм. Къардэнхэ я лъэпкъ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и япэ къуэдзэу щыту, абы хэкупсэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэшхуэ зэфIех. НэхъыжьыфIыр щIэх-щIэхыурэ къыщопсалъэ щIыпIэ телевиденэмрэ радиомрэ, абы и къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэхэр куэдрэ къытохуэ ди республикэм къыщыдэкI журналхэмрэ газетхэмрэ. Ахэр теухуащ ди щIыналъэм и тхыдэ блэкIам, зыщыщ Къардэн лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм, абы и цIыху пажэхэм.
- Ди лъэпкъыр зэрыгушхуэ, зэрыпагэ адыгэлI нэсым, щалъхуа щIыналъэм и къэкIуэнум, абы къихъуэ щIэблэм я гъэсэныгъэм папщIэ гууз-лыуз зиIэ хэкупсэм, цIыху набдзэгубдзаплъэм икIи зэпIэзэрытым дохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэу иджыри куэдрэ дяпэ итыну.
- ЖЫЛАСЭ (КЪАРДЭН) Маритэ,
- КъБР-м щIыхьзиIэ и журналист.