ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ислъамым и нур

2020-07-28

  • Уаз
  • Гъэр и кIэм ноблагъэ
  • Муслъымэн махуэрыбжэмкIэ мухьэрэм мазэр илъэсым и япэ мазэщ (илъэсыщIэр къохьэ). Ар Алыхьым нэхъ лъапIэ дыдэу къигъэщIа мазиплIым ящыщ зыщ. Абы теухуауэ КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ Iэятхэр, хьэдисхэри щыIэщ.

  • Зи мылъкум сэджыт хэзымытыкIахэм папщIэ
  • Муслъымэн махуэрыбжэмкIэ къэплъытэмэ, гъэр и кIэм зэрынэблэгъам ипкъ иткIэ, фигу къыдогъэкIыж зи мылъкум сэджыт хэзымытыкIахэм а къалэныр зэрагъэзэщIапхъэр. Сэджытыр Алыхьым къыттрилъхьа къалэнитхум ящыщщ. КъурIэным къыщыкIуащ: «Уа, Iиман къэзыхьахэ! Дэ фэтта мылъкум сэджытыр хэвгъэкI, благъи, ныбжьэгъуи, къыфщхьэщыжыни щывмыгъуэтыжыну махуэр (Къемэт махуэращ зи гугъу ищIыр) къэмыс щIыкIэ!». Сэджытым ехьэлIауэ КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ Iэят 30-м щIигъу.
  • Сэджыт ептыну яхуэфащэщ тхьэмыщкIэхэм, хуэныкъуэхэм, сэджытыр къыхэхынымрэ ар зыхуэфащэм Iэрыгъэхьэжынымрэ телажьэхэм, нэгъуэщI диным къикIыу ислъам диным къихьахэм (абыхэм я Iиманыр иджыри иримыкъупауэ щытмэ, абыхэм сэджыт яхухэхыпхъэщ, ягури фIы щIыпхъэщ), щIыхуэ зытелъхэм (ар Алыхьым игъэхьэрэма IуэхугъуэкIэ къамыщтамэ), къащэхужу щхьэхуит къащIыжа пщылIхэм, щIыпIэ жыжьэ щыIэхэм, ар езым и щIыпIэм щыкъулейми щыкъулейсызми, абы емылъытауэ (ауэ ар Тхьэм и гъуэгум тету щытмэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Тхьэм хуэжыIэщIэмэ).
  • Сэджытыр хагъэкI дыщэм, дыжьыным, ахъшэм, Iэщым, гъавэм.
  • Фирхьэун бзаджащIэм и гъащIэм щыщ пычыгъуэхэр
  • Фирхьэун дунейм къызэрытехьар
  • БзаджащIэм и гъащIэм сытетхыхьын ипэ къихуэу фигу къэзгъэкIыжыну сыхуейщ ахъэр зэманым (дунейр щыкъутэжынум) и нэщэнэхэм ящыщу зы: КъурIэн лъапIэмрэ хьэдисымрэ къызэрыщыкIуащи, псэущхьэхэр къэпсэлъэнущ дуней къутэжыгъуэр къыщыблэгъам и деж. Абы и щыхьэтщ мы хъыбарри:
  • Мысырым щыпсэурт илъэси 170-рэ зи ныбжь, бын зимыIэ Iэхъуэ лIыжьыр. Абы и цIэр Мусхьэбт. Зы махуэ гуэрым абы илъэгъуащ губгъуэм щыхъуакIуэ, шкIащIэ цIыкIу зи гъусэ жэмыр. Мусхьэб хуабжьу абы ехъуэпсат икIи ефыгъуат. Алыхь Iэмырти, жэмыр къэпсалъэри (псэущхьэхэр зэрыпсэлъэнур нэщэнэшхуэхэм ящыщщ), къыжриIащ Мусхьэб щIалэ къызэрыхуалъхунур, адэкIи къыпищащ а щIалэр жыхьэнмэ Iыхьлыуэ зэрыщытынур.
  • Ныбэм илъ сабийр къалъхун ипэ къихуэу, Мусхьэб дунейм ехыжащ. Сабийр къалъхури, Уэлид фIащащ. ЩIалэ цIыкIур анэм ипIурэ, балигъыпIэ иува нэужь, пхъащIэм иритащ IэщIагъэ иригъэгъуэтын папщIэ. АрщхьэкIэ, а IэщIагъэр къуэм игу ирихьакъым. Ар ахъшэкIэ джэгу хъуащ. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр Алыхьым игъэхьэрэмами, абы ахэр къыфIэIуэхутэкъым, анэр игъэпсэлъэххэртэкъым. «Сэ сызэрыхуей дыдэм хуэдэущ сызэрыпсэунур», — жиIэрти, и щхьэм къихьэм фIэкIа имыщIэурэ, гъуэгу мыгъуэм теуващ. Ахъшэ фIахьыхукIэ унэм щIэлъыр щIихыурэ ищэрт. Унэм щIихын щимыгъуэтыжым, езым щыгъ щыгъын нэгъунэ ищэн хуей хъуащ. Мис итIанэ Фирхьэун цIэмкIэ къеджэ хъуащ, уеблэмэ, и цIэ дыдэр цIыхухэм ящыгъупщэжащ. Тутнакъэщым щисым ису, адрейм мыхъумыщIагъэ илэжьу апхуэдэут абы и гъащIэр зэрекIуэкIыр.
  • Фирхьэун адэ къыхуэхъуар
  • Мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ лIыжьым IэщIэкIа и шыр къыхуэмыубыдыжу кърихуэкIыу щилъагъум, Фирхьэун шыр къиубыдыжри, лIыжьым хуишэжат. Ар дадэм хуабжьу гуапэ щыхъуащ, икIи жриIащ: «Сэ мылъкушхуэ збгъэдэлъщ, дунейм сехыжмэ, си мылъкур къызыхуэзгъэнэн быни сиIэкъым. Сэ гурэ псэкIэ сыарэзыуэ бын узощI». Фирхьэун бзаджащIэр (ар абы ицIыхуртэкъым) бын ищIри, зришэлIэжащ лIыжьым. Абы иужькIэ лIыжьыр куэдрэ псэужакъым, мылъкушхуэр Фирхьэун къыхуэнащ. АрщхьэкIэ, ахъшэкIэ джэгуным дихьэха щIалэм щIэиныр куэдрэ хурикъуакъым.
  • Фирхьэун тепщэгъуэр зэрызыIэригъэхьар
  • Мылъкур щиухым, Фирхьэун къигупсысащ нэгъуэщI хэкIыпIэ тынш: кхъэм щIалъхьэну дахам щхьэкIэ налог хихыу щIидзащ, икIи ар пщым и унафэу жиIэурэ пцIы иупсырт. Ауэ а пцIыр къыщIэщащ пщым и пхъур щылIам щыгъуэ. А махуэращ пщым къыщищIар лIам щхьэкIэ налог зэрыхахыр. Лейзехьэр яукIыну пщым унафэ щищIым, Фирхьэун гужьейри, мылъкуу зэхуихьэсар пщым хуригъэхьащ. Ар щилъагъум, къэнэпсейри, пщым и губжьыр щхьэщыкIащ, уеблэмэ, Фирхьэун и блыгущIэт ищIащ.
  • Пщым и пщIыхьэпIэр
  • Зы жэщ гуэрым пщым пщIыхьэпIэ шынагъуэ илъэгъуащ. ПщIыхьэпIэм и мыхьэнэр къаригъэIуэтэн мурадкIэ абы фIыуэ хэзыщIыкIхэм я деж кIуэну гъуэгу техьащ. Фирхьэун къыщыIущIэм, щIэупщIащ «дэнэ уежьа?» — жиIэри. Iуэхур зыIутыр пщым Фирхьэуным хуиIуэтащ. Фирхьэун псалъэ дахэ защIэкIэ пщыр чэщанэм щIишэри, и щхьэр пиупщIащ. Мис апхуэдэу пщым и тахътэм Фирхьэун итIысхьащ, тепщэгъуэр зыIэщIилъхьащ.
  • А махуэм щыщIидзэри, дунейм ехыжыху Фирхьэун жиIащ: «Сэращ Алыхьыр, сэращ щхьэщэ зыхуэфщIынур». Псом япэу абы щхьэщэ хуэзыщIар Iиблисщ. Фирхьэун и блыгущIэтхэри, и хъумакIуэхэри, Iэзэ-гъуазэхэри абы хуэпщылIырт, псоми абы щхьэщэ хуащIырт. А зэманым IисраIил и быным куэд яхэтт АлыхьымкIэ фIэщхъуныгъэ щыпкъэ ябгъэдэлъу, Тхьэ закъуэм хуэпщылIу. Алыхьым и гъуэгум тетхэм леишхуэ ярихыу хуежьащ Фирхьэун бзаджащIэр. Ауэ абы ищIэртэкъым ар зытекIуэдэжыну лIыкIуэ лъапIэр Алыхьым къызэригъэкIуэнур.
  • Фирхьэун бзаджащIэм и пщIыхьэпIэр
  • Дызэрыщыгъуазэщи, Фирхьэун Алыхьым и бийуэ щытащ. «Сэращ Алыхьыр» жызыIэу щытахэм ящыщ зыщ ар.
  • Зэгуэрым ар жейуэ здэщылъым, макъ телъыджэ гуэр зэхихащ: «IисраIил и быным щIэблэ къахэхъуащ. Абы зыIэщIилъхьэнущ уи тепщэгъуэр». Фирхьэун къэушри, щтэIэщтаблэу къызэфIэтIысхьащ. «Iэсият, зэхэпха уэри а псалъэмакъыр?» — еупщIащ ар и щхьэгъусэм. «Зэхэсхащ», — жэуап къитащ Iэсият. Нэхъри шынащ Фирхьэун.
  • Зэман дэкIри, аргуэру щхьэукъуауэ, пщIыхьэпIэ елъагъу: ЩIалэ гуэр аслъэным тесу къыбгъэдыхьэри, и щхьэм башкIэ къеуауэ, иужькIэ, и лъакъуэр иубыдри, хым хидзауэ. Фирхьэун и нэгу щIэкIам игъэшынауэ унафэ ищIащ пщIыхьэпIэм и мыхьэнэр къызыгурыIуэу хъуар зэхуашэсыну. Абы хэзыщIыкIхэм, дауи, къагурыIуат пщIыхьэпIэм и мыхьэнэр (Фирхьэун зытекIуэдэжыну щIалэрат и нэгум щIэкIыр), арщхьэкIэ бзаджащIэм щышынэхэри, и пэжыпIэр жраIакъым, атIэ, «зыри къикIыркъым уи пщIыхьэпIэм. Ар шейтIаным уигъэлъэгъуауэ аращ», —  жраIа къудейщ.
  • КъыкIэлъыкIуэ жэщхэми, Фирхьэун зэрыжейуэ, а щIалэ дыдэр къыхуэкIуэрти, къыжриIэрт: «Сыту ущымыукIытэрэ укъэзыгъэщIа Алыхьым? Псори дыкъэзыгъэщIа Алыхьым щхьэ упэщIэува?» Зэми хым хитхьэлыхьу и нэгу щIэкIырт. Зы жэщ гуэрым илъэгъуауэ щытащ абы и щхьэгъусэ Iэсият дамэ къытекIауэ уэгум къызэрыщилъэтыхьыр (Iэсият ислъам диным къихьауэ щытащ).
  • Фирхьэун бзаджащIэр хуабжьу игъэпIейтейрт и нэгу щIэкIхэм. Аргуэру унафэ ищIри, пщIыхьэпIэм хэзыщIыкI псори зэхуишэсащ. И нэгу щIэкIахэр щахуиIуатэм, и пщIыхьхэм я мыхьэнэр къыжраIащ: «ЩIалэ цIыкIу къалъхунущ. Тепщэгъуэр зеинури уэ узытекIуэдэжынури аращ, абы жиIэнущ: «Алыхьым срилIыкIуэщ».
  • Мусэ и пхъуантэмрэ бзагуэ хъуа лIыжьымрэ
  • Фирхьэун лейуэ зэрихьэр псалъэ къудейкIэ къыпхуэмыIуэтэным хуэдизт. IисраIил и быным леишхуэ къатехьэрт, сабийхэм деж щегъэжьауэ ягъэпщылIырт, къарууншэ зыхузэфIэмыкIыжхэр яукIырт, ар зылъагъу адэ-анэм ягу темыхуэу лIэхэрт. Апхуэдэурэ IисраIил и быныр мащIэ хъууэ хуежьащ. Ауэ щыхъукIи, Фирхьэун илъэгъуа и пщIыхьэпIэм и мыхьэнэр (ар зытекIуэдэжыну щIалэр къызэралъхунур) апхуэдизкIэ и гум щIыхьати, унафэ ищIащ щIалэ цIыкIуу къалъхур яукIыну. АрщхьэкIэ, бзаджащIэм и блыгущIэтхэм жаIащ щIалэ цIыкIуу къалъхур яукIмэ, яхуэпщылIын зэрамыгъуэтыжынур. Апхуэдэу щыхъум, мурад ящIащ зы гъэм къалъхур ягъэпсэуну, адрей гъэм дунейм къытехьэр яукIыну.
  • ЩIалэ цIыкIухэр щаукI илъэсым къалъхуат Тхьэр арэзы зыхуэхъун Мусэ лIыкIуэ лъапIэр. Абы ипэ ит гъэм къалъхуат Мусэ и къуэш Хьэрун (Тхьэр арэзы зыхуэхъуныр).
  • Мусэ дунейм къыщытехьам, сабийм и нэгум кърих нурым гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Анэр хуабжьу и сабийм щхьэкIэ гузавэрт, Фирхьэун зэрыщихъумэнур ищIэртэкъым. АрщхьэкIэ, Алыхьым и гущIэгъур гъунапкъэншэкъэ?!
  • Алыхь IэмыркIэ анэм къыгурыIуащ и сабийр пхъуантэм дигъэтIысхьэу Нил псым триутIыпщхьэн зэрыхуейр. Пхъуантэр къезыща лIыжьыр: «Сыт мы пхъуантэр зэрыпщIынур?», — жиIэу къыщеупщIым, Iуэхур зыIутыр хуиIуэтащ абы. АрщхьэкIэ лIыжьыр мыхьэнэншэу къыщIэкIри, Фирхьэун и деж кIуащ бзэгу хуихьыжыну. БзаджащIэ джаурым и пащхьэ лIыжьыр зэриувэу, ар бзагуэ хъуащ. ЖиIэр къащыгурымыIуэм, «делэ гуэр хъунщ», — жаIэри, къыдахужащ. Бэзэрым зэрынэсыжу абы и бзэр къиутIыпщыжащ. ЕтIуанэу тригъазэри, Iиманыншэр Фирхьэун и деж кIуащ бзэгу ихьыну, арщхьэкIэ, аргуэрым и бзэр иубыдыжащ, къищынэмыщIауэ, нэфи хъуащ. ЖиIэр щызэхамыщIыкIым, фIыуэ яубэрэжьри, къыдадзыжащ. Бзагуи нэфи хъуа лIыжьыр унэми кIуэжыфыртэкъым. Гъуэгыурэ абы жиIащ: «ЯIэлыхь закъуэ, си щыуагъэр къызгурыIуэжащ. Мы зэ закъуэм гущIэгъу къысхуэпщIыжатэмэ, си гъащIэ псор тыхь хуэсщIынт Уи арэзыщIыныгъэм!». Алыхьым имыщIэ щэху щыIэкъым, лIыжьым и псалъэхэр и гум къызэрыбгъэдэкIым ипкъ иткIэ, Алыхьым абы гущIэгъу хуищIри, и бзэри къиутIыпщыжащ, и нэхэри къигъэплъэжащ. Къэплъэжу, Мусэ и нэгу иплъа лIыжьым Iиман щыпкъэ къихьащ икIи ар псэуху Алыхьым и гъуэгум текIакъым.
  •  
  • Фирхьэун Мусэ зэрипIар
  • Фирхьэун зыпхъу закъуэ иIэу арат, ари сымаджэт ( «фаджэ» зыхужаIэ уз зэрыцIалэр пкърытт), дохутыри Iэзэ-гъуази сэбэп хуэхъуртэкъым. Ауэ псоми жаIэрт абы и хущхъуэгъуэр Нил псышхуэм къызэрыхэкIынур.
  • Зы махуэ гуэрым Фирхьэун джаурым и пхъур псы Iуфэм деж щагъэджэгуу здэщытым, толъкъуным тафэм къытридзащ Мусэ зыдэлъ пхъуантэр. Ар хъыджэбз цIыкIум къищтэри, зэтрихащ. Пхъуантэм дэлъ сабийм хъыджэбз цIыкIур зэреIусэу, хыхьэжащ абы и щIыфэ къищэщахэр. Ар зылъэгъуа гупым пхъуантэм дэлъ сабийр унэм яхьащ. Iуэхур зыIутыр Фирхьэунрэ Iэсиятрэ жраIащ. Iэсият Iиман къихьат Алыхьыр зэрызакъуэмкIэ, ауэ и щхьэгъусэ джаурым ар иджыри щибзыщIырт. Апхуэдэу щыхъум, мурад ящIащ сабийр абыхэм япIыну. Iэсият занщIэу къыгурыIуат ар къызэрыгуэкI сабийуэ зэрыщымытыр.
  • Фирхьэун и пщIыхьым хэта сабийр и гум илъти, нэхъри шынэ къищтат, «сызытекIуэдэжынур мы сабийрауэ пIэрэ», жиIэурэ. АрщхьэкIэ Iэсият и лIыр къигъэдаIуэри, Мусэ япIын щIадзащ.
  • Мусэрэ и анэмрэ Алыхьым зэрызэхуишэжар
  • Сабийр быдзышэ езыгъэфэн ягъуэтыртэкъым. Быдзышэ зиIэ псори зэхуашэсат, арщхьэкIэ, сабийм къищтэртэкъым зыми я бгъэр.
  • А зэманым Мусэ и анэм и гур гуауэм ирикъутыхьырт Нилым триутIыпщхьа и сабийм щхьэкIэ. Мусэ и шыпхъум Алыхьым игу кърилъхьащ уэрамым дыхьэу и дэлъхум и хъыбар къилъыхъуэну. Iэсият и деж ар щыщIыхьэм, илъэгъуащ IэплIэм илъ сабийр. Iуэхур зыIутыр къыщищIэм, жиIащ: «Сэ къыфхуэсшэнщ ар быдзышэ фхуезыгъэфэн», — жиIэри, и анэр Iэсият и деж къишащ. Анэр и сабийм зэрыIуплъэу, и гур къызэрыгъуэтыжащ. Муси и анэр къицIыхужщ, анэм и бгъафэм зыщIидзэри, ирикъуху шхащ. ЛIыкIуэ лъапIэм Алыхьым хьэрэм щищIат нэгъуэщIым и быдзышэр. Абы теухуауэ КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ Iэятхэр.
  • Фирхьэун игугъэт Мусэ быдзышэ езыгъафэр зи сабий яукIа анэхэм ящыщ зыуэ, арщхьэкIэ Iэсият щыгъуазэт Iуэхур зыIутым.
  • Iэсият жиIащ: «Сабийм быдзышэ ефэн щигъэтыхукIэ си деж щыпсэу».
  • — «Сэ уи деж сыщыпсэумэ, модэкIэ си лъапсэр хэкIуэдэжынущ. Абы нэхърэ нэхъ къэсщтэнут сабийр къызэптрэ, быдзышэ емыфэж хъуху си деж щыбгъэIатэмэ», — жиIэу Мусэ и анэм щижиIэм, Iэсият абы арэзы техъуащ. Мис апхуэдэу анэм Мусэ илъэситIкIэ быдзышэ иригъафэри, итIанэ сабийр Iэсият иритыжащ.
  • Фирхьэун джаурым Мусэ иукIыну хуэмейуэ зы махуи дэкIакъым, ауэ Алыхьым и ЛIыкIуэ лъапIэр щихъумащ а бзаджащIэм и Iейм.
  • Мусэ лIыкIуэ лъапIэмрэ Фирхьэун бзаджащIэмрэ я гъащIэм адэкIэ кърикIуар «Ислъамым и нурым» и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэм тетынущ.
  •  
  • Мухьэрэм мазэм и епщIанэ махуэр
  • Мухьэрэм мазэм и епщIанэ махуэр IэшрыIщ. Мы гъэм ар шыщхьэуIум (августым) и 29-м тохуэ. КъурIэн лъапIэм къызэрыщыкIуамкIэ, а махуэращ уафэхэри, щIылъэри, мелыIычхэри, япэ цIыхури (Iэдэм бегъымбарыр) Тхьэм къыщигъэщIар. А махуэращ дунейр щыкъутэжынури.
  •  
  • ЛIэщIыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм уриплъэжмэ, Алыхьым и лIыкIуипщIым фIыгъуэшхуипщI къащыдигъэкIуа махуэщ ар. А махуэращ Нухь лIыкIуэ лъапIэм и кхъухьыр псыдзэм къыщелар; Алыхьым и лIыкIуэ Мусэрэ абы и дзэмрэ Фирхьэун бзаджащIэм щыщихъумар; Тхьэр арэзы зыхуэхъуа Мухьэмэд бегъымбар лъапIэри и Iумэтхэри Тхьэм джаурхэм ящихъумащ (джаурхэм я гум шынэ кърилъхьэри, муслъымэнхэм къемызауэу щIэпхъуэжахэщ IэшрыI махуэм); IэшрыI махуэущ Хьисэ лIыкIуэ лъапIэр Тхьэм щыдрихьеижар; Юнус (Тхьэр арэзы зыхуэхъуныр) джейм и кIуэцIым псэууэ къикIыжащ; Алыхь IэмыркIэ Iэюб цIыхухэм я узхэр ящхьэщих хъуащ; Яхькъуб лIыкIуэмрэ и къуэмрэ зэрыгъуэтыжащ; Сулеймэн пщы хъуащ; Исуф тутнакъэщым кърагъэкIыжащ. Мис а Iуэхугъуэ псори къыщыхъуар IэшрыI махуэущ.
  • IэшрыI махуэм Мэккэм дэт Кээбэм тепхъуа щэкIышхуэр трахри, щIэ тралъхьэ.
  • Мухьэрэм мазэм нэхъ лъапIэ дыдэу хэтыр 10-нэ махуэращ икIи 9-нэ, 10-нэ, 11-нэ махуэхэр къэбнэщIыныр суннэтщ.
  • Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «Рэмэданым иужькIэ къэбнэщIыну нэхъ псапэ дыдэ зыпылъыр мухьэрэм мазэращ». А мазэ лъапIэращ Мухьэмэд бегъымбарыр Мэккэм икIыу Мадинэм щыIэпхъуар.
  • Сыт нэщI щIаIыгъыр IэшрыI махуэм?
  • IэшрыI махуэм муслъымэнхэм нэщI щIаIыгъым и щхьэусыгъуэр а махуэм и лъапIагъыращ. Зи узыншагъэр пэмылъэщ цIыхухэр мынэщIыфми, а махуэм нэщIар хэзыгъэщхьэжым и псапэри гъунапкъэншэщ. Абы и щыхьэтщ мы хъыбар кIэщI цIыкIур: Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым и зэманым зы тхьэмыщкIэ гуэр IэшрыI махуэм нэщIат. Ауэ абы и къулейсызагъым къыхэкIкIэ зэрыхэщхьэжын иIэтэкъым. Апхуэдэу щыхъум, сату зыщIу бэзэрым тес муслъымэн цIыхухъум бгъэдыхьэщ, Iуэхур зыIутыр жриIэри, елъэIуащ щIыхуэу зы дыжьын динар къритыну. АрщхьэкIэ, къритакъым. Муслъымэным пэмыжыжьэу сату зыщIу щыс журтым зэхихат а тIум я псалъэмакъыр. Журтыр къулейсызым къыбгъэдыхьэри, зэрынэщIам папщIэ тыгъэ къыхуищIащ дыщэ динарипщI.
  • ЩIыхуэ зытын зымыда муслъымэным жэщым пщIыхьэпIэу илъэгъуащ: хъугъуэфIыгъуэр здэщыIэ жэнэтым дыхьэну щыхуежьэм, бжэр зэхуащIри къыжраIауэ: «Мы псэупIэр уэ пхухахауэ щытащ. Ауэ нобэ щегъэжьауэ мыбы и бжэр уэркIэ зэхуэщIащ. Мы псэупIэр зыпэплъэр сату зыщIу уи гъунэгъуу щыс журтырщ».
  • ПщIыхьэпIэм игъащтэу къэуша лIым и гъащIэ псор и нэгу къыщIыхьэжат. И гур зэбгъэжауэ муслъымэныр журтым бгъэдыхьэри, жриIащ: «НэщI иса тхьэмыщкIэм епта сэдэкъэм къыпэкIуэ псапэр сэ къызэт. Си гъащIэ псом мылъкуу зэхуэсхьэсар уэстынщ», — жиIэри. Журтым жэуап къритащ: «Алыхьым жимыIэкIэ, сэ ныжэбэ си нэгу щIэкIа жэнэт унэр мылъкукIэ схъуэжыну. Сэ ислъам диныр къэсщтащ ныжэбэ щыщIэдзауэ». ТIуми а зы пщIыхьэпIэр я нэгу щIэкIауэ арат.
  • Аращи, умуслъымэн къудейкIэ жэнэтыр къыпхуэлэжьынукъым, жэнэтым узыхьынур Iиманымрэ IуэхущIафэмрэщ.
  • IэшрыI махуэм щIэнэщIыр апхуэдиз псапэ къызэрыпэкIуэращ.
  • Хьэдис лъапIэхэр
  • «Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «Алыхьымрэ Къемэт махуэмкIэ Iиман зиIэхэм я хьэщIэхэр ирагъашхэ!»
  • *   *  *
  • «Уа, Алыхьыр зи фIэщ хъуахэ! Гъунэгъум къыфхуищI тыгъэхэм фелъэпауэ хъунукъым, ар мэл лъакъуэ фIэкIа мыхъуми».
  • *   *  *
  • «Шэч хэлъкъым Алыхьыр зэрыхьэлэлым, хьэлэлхэри фIыуэ зэрилъагъум, апхуэдэхэм яхуэфащэри зэрабгъэдилъхьэжым».
  • Зи бзэ мыпсалъэм и гуэныхь къэвмыщтэ
  • Зы щIалэ гуэр икIи тхьэмыщкIэт, икIи зеиншэт. Псыкъуийм кърихыу ищэ псы тIэкIум къыпэкIуэ мылъку мащIэ дыдэм фIэкIа зыри хэхъуэ иIэтэкъым. ЩIалэм нузыр ищIат мэрем махуэ лъапIэ къэс къилэжьыр тхьэмыщкIэхэмрэ зеиншэхэмрэ ятригъэкIуэдэну икIи абы къыпэкIуэ псапэр дунейм ехыжа и адэ-анэм хуатхыну Алыхьым елъэIурт. ИкIи и нузырыр игъэзащIэрт. Зы мэрем махуэ гуэрым зыри къыщыхуэмылэжьым, Тхьэ зэриIуам папщIэ гузавэри, дин щIэныгъэлIым и деж кIуащ ечэнджэщыну. Iуэхур зыIутыр абы щыхуиIуатэм, цIыху Iущым къыжриIащ: «Си щIалэ, цIыхухэм къадэхуэжа (хыфIадзэжа) хъарбыз шхахуэхэмрэ хъэуан шхахуэхэмрэ зэщIэкъуи, Iэщым егъэшх, абы къыпэкIуэ псапэр уи адэ-анэм хуатхыну Алыхьым елъэIу», — жиIэри.
  • ЩIалэм апхуэдэу ищIа нэужь, жэщым пщIыхьэпIэу илъэгъуащ и адэмрэ анэмрэ къыхуэкIуауэ къыжраIэу: «Тхьэр арэзы къыпхухъу, ди щIалэ, мэрем махуэ къэс саугъэтхэр къытхубогъэхьри, дыпхуэарэзыщ. Мы мэрем блэкIам жэнэтым къыщыкIа хъарбызрэ хъэуанрэ Алыхьым къыдитащ».
  • Аращи, зи бзэ мыпсалъэр умыгъэмэжэлIэныр псапэшхуэхэм ящыщщ.
  • Мэжджыт  цIэрыIуэхэр
  • Малайзием и къалащхьэ Куала-Лумпур дэт «Джамек» мэжджытышхуэм турист куэд йокIуалIэ. Зепхьэ диным емылъытауэ ущIагъэхьэнущ а мэжджытым, ауэ къыщекIуэкI хабзэхэр къызэпыбуд хъунукъым.
  • Ар яухуащ 1909 гъэм. Мэжджытым азэн джапIэу тIу иIэщ, щхьэуэ щы фIэлъщ. 2017 гъэм мэжджытыр нэхъ ин ящIащ, и цIэри яхъуэжащ. Нобэ абы зэреджэр «СулътIан Абдул Сэмэд»-щ.