ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сыгъэр щхьэхуитщ, уэгу псор гу абгъуэу

2020-07-30

  • Гугъуэт  Заремэ  и  усэщIэхэр
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, зи хъэтI зиIэж усакIуэу зэфIэува Гугъуэт Заремэ и IэдакъэщIэкIхэм ящыщ усэхэм ягъэдахэ нобэрей ди къыдэкIыгъуэр.

  • Гугъуэт Заремэ Хьэбас и пхъур Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Къармэхьэблэ къуажэм 1988 гъэм къыщалъхуащ, КъБКъУ-м филологиемкIэ и факультетым и адыгэбзэ къудамэр къиухащ. Университет нэужьым  «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспонденту къэувауэ щолажьэ, иджыпсту сабиитI епIри унэм дэсщ.
  • «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм Заремэ яцIыху газетым щрихьэкIа лэжьыгъэмкIэ, къытехуа и  тхыгъэхэмкIэ. Апхуэдэуи бгъэдэлъ зэчийм и щыхьэт наIуэщ илъэс зыбжанэ ипэкIэ и усэхэр иту къыдэкIа «Хьэуа Iубыгъуэ» тхылъыр, адыгэбзэкIэ тхэ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр иту дунейм къытехьа «КъудамэщIэ», «Шыхулъагъуэм» и вагъуэхэр» тхылъхэм ихуа и IэдакъэщIэкIхэр.
  • Заремэ гум,  псэм къыбгъэдэкIыу зэрытхэр япэ усэ сатырхэмкIэ зыхыбощIэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, укъызэджэр уэ уи дунейм щыщ Iыхьэ гуэру къыпфIегъэщIыф.  Лъагъуныгъэм, гъащIэм, лъэпкъым, хэкум, дыкъэзыухъуреихь дунейм теухуа усэхэр и куэдщ Заремэ. Апхуэдэ гупсысэхэр куууэ икIи шэрыуэу къеIуэтэфри, аращ адрей тхакIуэ ныбжьыщIэхэм къащхьэщызыгъэкIыр. Ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ Гугъуэтым и усэщIэхэм ящыщ.
  • НэщIэпыджэ Замирэ.
  • *  *  *
  • Дунейр си пащхьэм щоуназэ,
  • Гухэлъ зеиншэм сыкъефыхь.
  • Сэ мор си вагъуэщ… мор си мазэщ,
  • КъысхуещI аргуэру уафэм тыхь.
  • ЗызощIри лъапцIэ, сокIуэтыжыр,
  • Бжэ гъэбыдахэр Iузохыж.
  • Языхэз бжэIум уимытыжми,
  • Жэуап зыгуэрым къызетыж.
  • Си гукъэкIыжым едыгъужыр
  • Уэрамым къыдэна дуней.
  • Бжьыхьэ лъэужь къызогъуэтыжыр —
  • А бжьыхьэм пщIащэр пыхурейт…
  • Дунейр си IэплIэм щоуназэ,
  • Дыгъуаси ноби зэхохьэж.
  • Си щэхур ещIэ, ещIэ мазэм,
  • Си щэхур напIэм щIокIуэдэж.
  • Анэ
  • Гупсысэм сыщищIым гуитIщхьитI,
  • Си ужь къыщиувэм псалъитI,
  • Си анэм и макъ зэхызох:
  • «Уэ хэди, псэм фIэфIыр къыхэх».
  • КъитIысхьэмэ уафэм мазэщIэ,
  • Уафэгум вагъуэбэ щыхьэщIэм,
  • «Мы жэщым фIы гуэркIэ елъэIу», —
  • КъызжеIэ, нур иту и нэкIу.
  • Зэгуэр сытоувэри гъуэгу,
  • Ар хэплъэу къысфIэщIрэ тIэкIу…
  • «Псэм и пэ уи напэр ирещ» …
  • Гъуэгу гъусэу къызетыр чэнджэщ.
  • Мы гъащIэм щIэх дищIми балигъ,
  • Дэ анэм и псалъэм диIыгъщ.
  • ТхьэлъэIуу и макъ къытщхьэщытщ,
  • Аращ дызыщIыжыр псэхуит.
  • *  *  *
  • Бжьыхьэ уафэр гупсысэ хьэсэщ.
  • Хозэрыхьри абы илъэсыр,
  • И бзэгупэм уи цIэр пымыкI.
  • ГукъэкIыжыр жэщым щIегъэстыр.
  • Сынежьэжми уи лъахэм лъэсу,
  • Услъагъунуи си гум къэмыкI.
  • Тхьэмпэ плъыжьхэр зэхузохьэсыр,
  • Языхэзми гухэлъ лъызгъэсу.
  • Уафэ хьэсэм сыпходэIукI…
  • Гъунэгъу дадэм тхьэмпэ егъэсыр.
  • ГукъэкIыжым къыщыщI мафIэсым
  • ЩIэщэщ дэпым гур къресыкI.
  • *  *  *
  • Уи сурэт закъуэр къызощтэжри,
  • НэгъуэщI дуней сыхобзэхэж,
  • НэгъуэщI хьэуа сыхоIубэж.
  • Уи сурэт закъуэр къызощтэжри,
  • НэгъуэщI щIымахуэ сытохьэж,
  • НэгъуэщI зыгуэрым сыхуопэж.
  • НэгъуэщI уэрэд, нэгъуэщI макъамэ,
  • НэгъуэщI уэрам, сымыцIыхуауэ,
  • НэгъуэщI унэбжэ, гъэбыдауэ,
  • ИгъащIэм зыми Iуимыхауэ.
  • БжэщхьэIум си лъэр къытенауэ,
  • Зы гъуджэ гуэр срагъэплъауэ,
  • Къищар сэрауэ-сэрмырауэ,
  • Зыгуэрым и Iэр къишияуэ…
  • Ауэ…
  • Уи сурэт закъуэр къызощтэжри,
  • Зэрыдунейуэ къыслъохьэж,
  • НэгъуэщIу хъуари мэлъэлъэж,
  • НэгъуэщIу хъуари мэбзэхыж,
  • НэгъуэщI щIымахуэр Iурехыж,
  • Уи деж гупсысэм сынехьыж.
  • *  *  *
  • Уи нитIыр, уэсыр, си тхьэлъэIур,
  • ГъащIитI зи ныбжь щIымахуэ гъуэгур.
  • Уигу щIыIэрысым зыдезгъэкIуу,
  • Уэс налъэ йоткIухьыж си Iэгум.
  • Мы жэщым уэсыр къыпыщэщу,
  • Къуажэ жейбащхъуэм йодэхащIэ.
  • Мы жэщым уи цIэр къиIущэщу,
  • Мазэр хъыринэ ирегъащIэ.
  • Уэс налъэ къэс къытощ уи нитIыр,
  • Уэс налъэ къэс егъэпщкIу зы щэху.
  • ЩIымахуэ шылэм и кум ситу
  • Уэс жылэ зыIэпызогъэху…
  • Уи нитIыр, уэсыр, си тхьэлъэIур
  • ЩIымахуэ вагъуэхэм яхъумэ.
  • Жэщыр щыупщIыIукIэ, соплъэ уэгум,
  • Уэс налъэ къэс щхьэц налъэ тхъууэ.
  • *  *  *
  • Чыщбалъкъ и Iуфэр си сабиигъуэщ,
  • Си сабиигъуэщ бгыху.
  • Дыгъэм игъафIэ сэтэней губгъуэр
  • ЖэщкIэ иджы си пщIыхьщ.
  • Уафэр я гъуэгуу лъэтэж кърухэм,
  • Псыхъуэм къыдыхьэ шы гуартэм,
  • Уэрэд жызыIэ гъэмахуэ бзухэм
  • Си сабиигъуэр яIуатэ.
  • Си анэр зэуэ адыгэ пшынэр
  • Си сабиигъуэ макъамэщ.
  • Бгы лъапэм щIэжу къэзгъуэта псынэм
  • Иджы соIубыж, схуэлIауэ.
  • Дэшхуей жыгыжьым ищIа хъыринэм
  • ЙощIэр си сабиигъуэр.
  • А къэзыжыхьурэ джэла гъыринэм
  • Си гур иджы хуэмыгъуэщ.
  • Гухэлъ уэлбанэ
  • Аргуэру уафэр къызогъачэ,
  • Аргуэру щыблэм зызошэкI.
  • Гъэмахуэ уэшхыр си IуфакIэу,
  • Гухэлъ уэлбанэ узоIуэкI.
  • Гухэлъ уэлбанэм и ткIуэпс уэрхэм
  • Щыуагъэ мин къыпхурабжэкI.
  • ЗыщыбгъэпщкIуа пшэ унэ гуэрхэм
  • Уэшх защIэу зыкъаублэрэкI.
  • Дыгъэм и нэкIу уримыгъаплъэу,
  • Лъэныкъуэ зещIри, къыппокIуэкI.
  • СитIысхьэжауэ уафэ-тахътэм,
  • Гухэлъ уэлбанэ узощIэкI.
  • *  *  *
  • Дыщэ хъарыр къызэпхъухи,
  • Къызбгъэдэс ныщхьэбэ…
  • Уафэм пшэплъыр ирекъухри,
  • ЩIы диям тоIэбэ.
  • Хьэцыбанэ мыщIэ плъыжьыр
  • ХокIуэсэжыр жэщым.
  • Махуэм банэу къыхичыжыр
  • Йощэщэж и куэщIым.
  • Уафэм пщIыхьу щызэхалъхьэм
  • ЩIожеикIыр къуажэр.
  • Си щхьэцыгъуэм Iэ къыдилъэу,
  • Бжьыхьэм срешажьэ.
  • Вагъуэ быным сызэхахри,
  • Уафэм щызэщIоблэ…
  • Тхьэмпэ хъарыр къызэпхъухи,
  • Къызбгъэдэс ныщхьэбэ.
  • *  *  *
  • БалигъыпIэ иува си усэр
  • ЛъапэпцIийуэ пщIантIэм къыдохьэж.
  • Дунейм щыщу зы дурэш къылъысмэ,
  • Щэхуу кърихьэкIхэр щеIуэтэж.
  • БалигъыпIэ иува си усэр
  • Жьыбгъэ мащIэм IэфIу хозэрыхь.
  • Хадэм йохьэ, жыгхэм ар йоIусэ,
  • Тхьэмпэ къэс дамыгъэ трещIыхь…
  • Тетщ бжэщхьэIум, и гупсысэр изу,
  • Мы екIуэлIэжыгъуэр сыту гугъу…
  • Къыпэплъа унэбжэ дамэдазэр,
  • Жьыбгъэр къыщыIухьэкIэ, мэкIыргъ.
  • *  *  *
  • Нэхущым вагъуэ ибжыжти,
  • ИрикIутэжт уафэ жып.
  • Пщэдджыжьым и Iупэ плъыжьыр
  • Хьэуа щIыIэмыл еIубт.
  • Мы къуажэм щхьэщытт удыгъи,
  • Жей щIыхуэ иджы ипшынт.
  • Адакъэм и Iуэгъуэ псыгъуэм
  • Хьэуам щешэкIат дыжьын.
  • Згъэзэжти си сабиигъуэм,
  • Жейбащхъуэу сытетт бжэщхьэIу.
  • Ирихурт уэнжакъым Iугъуэ,
  • Къыпихыу щIакхъуэмэ IэфI.
  • *  *  *
  • Мы си гур уэгум щопсэлъыхъу,
  • Шыхулъагъуэм мыщIэу тещэщауэ.
  • Е утехьэгъуэщ, е упщIыхьщ,
  • Жей IэфIым сыщыпхэгъуэщауэ.
  • ЗыщIызопхъуэт — уи гъусэу, дэни!
  • Йолъэт си Iэгум хьэндырабгъуэ.
  • СоIэтыр напIэр, сынэджэну,
  • Сыгъэр щхьэхуитщ, уэгу псор гу абгъуэу.
  • *  *  *
  • ЩIымахуэм зэрегъэшхыр и дзэр,
  • Илъэс блэкIахэр зэхелъхьэжри.
  • Си Iупэм щодиижыр уи цIэр,
  • Шыцуэсым хьэуам зыщеIэжьэ.
  • Дуней зеиншэм и фэр пыкIмэ,
  • Зэрыджэм плъыжьу къреIэж.
  • Иджыри уи цIэр сопIыр IукIэ,
  • КъэсщIауэ укъалъхун япэж.
  • Хьэ банэ макъыр
  • Хьэ банэ макъыр жэщым хозагъэ,
  • Уафэр зэсшэкIыурэ сыббгъэдотIысхьэ.
  • Мо гъуэгущхьиблым языр ди лъагъуэщ,
  • ЩыдгъэфIэжыну зэгуэр ди жьыщхьэ.
  • Хьэ банэ макъым жэщыр йосэжыр,
  • Бжьыхьэу къэсщIэжым балигъ сохъукI.
  • ЖэщкIэ уэздыгъэр щыблэ унэжьым
  • ГъащIэм и макъыр къытхущIоIукI.
  • Хьэ банэ макъым си гур дотыншыр,
  • Жэщыр си пэшым къыщохуэбэж.
  • Къуажэр къысIуплъэурэ нэбэнэушэу,
  • Щызоущэхур си гум зы пэж.
  • ЩIымахуэ уэрамыр
  • Уэсым игъафIэрт къалэ уэрамыр,
  • Мазэ хъурейм тхуигъэтIыгъуэрт насып.
  • Зэджэр уэрауэ, зэджэр сэрауэ,
  • Жьым дыкъифыхьурэ уэсыр ищыпт.
  • Жэщым хэкIуасэрт щIымахуэ уэсыр,
  • Къалэм зэхилъхьэрт гухэлъ уэрэд.
  • ЛIыгъэу си пащхьэм щызэхуэпхьэсыр
  • Си нэм щIэкIуадэурэ, уэсым дыхэтт.
  • Къалэ уэрамым щIипщытыкI си гур
  • Мазэ гуфIакIэм къыщыхуэбэжт.
  • Уэсыр чэсейуэ исэрт уи Iэгум,
  • ЩIымахуэ дахэт, щIымахуэ пэжт.
  • Уафэм гухэлъыр щыунэзауэ,
  • Жэщым и щIыфэм уэскIэ къеIусэрт.
  • ЩIымахуэ шылэу дызэхуэзауэ,
  • Уэсыр ди гъусэт, уэсыр ди гъусэт!
  • Тенджызым еIуатэ
  • Гупсысэр тенджызым хокIуатэ,
  • Мы си гур жьы щIыIэм епхъуатэ.
  • Мы си гур толъкъуным хокIуадэ,
  • Толъкъуным гуузыр еIуатэ.
  • Ужьыхырт си лъэпкъым и жьэгур,
  • Хуишийуэрэ уафэм и Iэгур,
  • Ибгынэрт… Ибгынэрт и Хэкур,
  • Лъы уэрым ириIэу и гъуэгур.
  • И гуауэм си лъэпкъыр ихьыжырт,
  • И быныр и куэщI щыдиижу.
  • И хьэдэр абы хуэмыбжыжу,
  • Лъэмыжу къиувэрт и ужьым…
  • И быныр къыщалъхур хамэщIым,
  • ПэIэщIэу ар Хэкум и куэщIым.
  • И уафэр, и щIылъэр нэгъуэщIу,
  • ХамэщIыр къыпежьэу IэнэщIу.
  •  
  • Щокъугъыр мы жьыбгъэр тенджызым,
  • ЗыхищIэу толъкъуным и гызыр.
  • Мы си нэхэр уэгум щоплъызыр,
  • Тенджызым мы си гур щоузыр.
  • Уи уэрамым
  • Уи уэрамым иджы сыщогъуащэ,
  • Уи уэрамым иджы сыщокIуэд.
  • Пкъо уэздыгъэм иутхыпщI нэху мащIэм
  • Еукъуэдиижыр уи уэрэд.
  • Уэшхым IэплIэ защIэу зызошэкIыр,
  • ТкIуэпсхэри си лъэгу щызогъэджэгу.
  • Мы уэрамыр уэшхым къозэвэкIыр,
  • КъыщызэпырыкIкIэ уафэ гъуэгу.
  • Уэ, зэман, зыщIыпIи умыпIащIэ,
  • Мы уэшх хуабэр си плIэм тумылъэф.
  • Мы уэрамым сыдэтащ игъащIэм,
  • ЖэщкIэ сыщеIубу хьэуа IэфI.
  • Мы уэрамым умылъыхъуэ и кIэм,
  • Уэшхыр си гум щызу сытегъэт.
  • Пкъо уэздыгъэм хэкIэзызэр уи цIэрщ,
  • Уэшхым щыкIэрахъуэр уи сурэтщ.
  • Уи нитIыр
  • Уи нитIыр тенджызым и фэт,
  • Уи нитIыр игъащIэм сцIыхут.
  • Уи нитIым сыIуст и Iуфэм,
  • … Уи нитIыр аргуэру псыфт.
  • Ехъуэжыр и теплъэр уафэм
  • Е къащхъуэу, е щIыху-фIыцIафэу.
  • Уи нитIым зихъуэжкъым и фэм,
  • Уи нитIым толъкъун къыщофэ.
  • Уи нитIыр йотIысхьэ си гум,
  • Мы си бгъэм дещIыхьыр жьэгу.
  • Мы гъащIэм сигъуащэм и кум,
  • Уи нитIыр схуохъужыр гъуэгу.
  • Мы си гум имыIэ лъащIэ,
  • Мы си гум имыIэ нэз.
  • Тенджызым сыхоплъэ гъащIэу,
  • Сынешэ уи нитIым нэс.
  • Мы си гур тенджызым и фэщ,
  • Мы си гум тенджызыр изщ.
  • Толъкъуныр щыбыб и щIыфэм
  • Мы си гур IэфIу щоуз.
  • *  *  *
  • Къызэщоури, уэсэпс еIубауэ,
  • ЩIыуэпсым зеукъуэдий.
  • Нэхущ жейбащхъуэм пшэплъым  хуищI бахэр
  • Ещтэжыр дыгъэ лъэдийм.
  • Зеукъэбзыпэри, хуиту мэбауэ,
  • Жьыбгъэр щоджэгу и джийм.
  • Къэрабэ хужьхэр жьым къищыпауэ,
  • Уэгу къэхъуэпсам хуеший.
  • Мес, псыIэрышэр бгышхуэм йопсалъэ,
  • ГуфIэурэ йошкIурэх.
  • Вагъуэхэм уэгум щызэрат пIалъэм
  • Уащхъуэр щоумэзэх.
  • Гугъуэтхэ я уэсыр
  • Гугъуэтхэ я уэсыр псысэу
  • Гъатхэкум къыхозэрыхь.
  • ЩIымахуэр гъатхэм и гъусэу…
  • Сэ тIуми сызэпаплъыхь.
  • Уэс налъэр тотIысхьэ щIыIэу,
  • Йохъуапсэри жыг гъэгъам.
  • Мы уэсыр къыддогушыIэ,
  • Къыщыфэу гъатхэ хьэуам.
  • Мэгъуащэ, мэщащэ уэсыр,
  • Щыуауэ зыкърепхъых.
  • Гухэлъыр мы уэсым хэзщи,
  • Гъатхэкум зыщреплъыхь…
  • Гугъуэтхэ я уэс мылъхуэсыр
  • Ди плъэгъуэхэм доткIукIыж…
  • Гъатхэкуу къыщескIэ уэсыр,
  • Уэ си гум укъегъэкIыж.
  • Мэжджытжыг мэгъагъэ
  • Щогъагъэ хадэм мэжджытжыг,
  • Гухэлъыр щыму зэпэтIыгъщ.
  • Гъатхэкуращ насып лэгъунэр,
  • Из сощIыр си Iум гъатхэм и мэр.
  • Жыг хадэм гъатхэр йодэхащIэ,
  • БэуэкIэ щIылъэм ирегъащIэ.
  • Псынэпсым къыхэIукI макъ псыгъуэр
  • Дунейм аргуэру и щIэщыгъуэщ.
  • Щогъагъэ си гум мэжджытжыг,
  • Зы гъатхэ тIуми зэпэтIыгъщ.
  • Мо уафэ къабзэу гухэлъ гъуджэм
  • Ди вагъуэу дапщэ къыщыуджрэ!
  • Мы гъатхэм ешэкIащ удыгъэ,
  • Хьэуам ди плъэгъуэхэр хиIыгъэу.
  • Сэ гъатхэм Iурыслъхьащ уи макъ,
  • НыпкIэлъыжысIэу «зыхуэсакъ».
  • *  *  *
  • Си гупсысэр пкъырымызэгъэжу,
  • МэкIэрахъуэ, мэджэрэз дунейр.
  • Си Iэр бутIыпщыжмэ, ущIегъуэжу,
  • УтепшэхъукIынущ щIы хъурейм.
  • Уафэм си гукъанэу дэспхъеяхэр
  • Уафэгъуагъуэу, щыблэу къызэгуоч.
  • Пшэ гуэрэным уэшхыу къыпхитхъахэр
  • УмыгъэудэIужмэ, ягъэ йокI.
  • Си гупсысэм игъэундэрэщхъуауэ,
  • ЩIылъэм зимыщIэжу пыхьэ-пыкIщ.
  • Си жэуапыр жэщым хэIуэщхъуауэ,
  • Уафэм вагъуэ мин щоункIыфIыкI.
  • Уи гъунапкъэм бжыхь къебгъэувэкIахэм
  • Салъэцырхъмэ, мэкъутэж дунейр!
  • Си уэлбанэм утеплъэкъукIакъэ, —
  • НыплъэщIыхьэжынущ тIэуней.
  • *  *  *
  • Зэгуэр, гъатхэкуу, тхурабзат гущэкъу,
  • Дыкъытемыхьэ щIыкIэ мы дунейм.
  • Пщэдджыжьу дыгъэр къиплъэри ди нэIу,
  • Ди Iэгум трипхъат лэдэх щыкъуей…
  • Сэ гъатхэ къэс си Iэгур соIуэтыж,
  • Пщэдджыжь къэсыхуи дыгъэ тызогъапсэ.
  • Уи Iэгу лэдэххэм ещхь сымыгъуэтыж,
  • ГущапIэм къыхэсхауэ, лэдэх кIапсэ…
  • Аргуэру гъатхэщ. Гъатхэ укIытэхщ.
  • НысащIэ джанэщ щIылъэм зыщитIагъэр.
  • Нэхущым гъатхэ дыгъэм сыIуплъэху,
  • Уи псалъэ жылэ си гум къыщогъагъэ.
  • *  *  *
  • Къуажэр хьэ банэ макъым
  • Iуэщхъуурэ щIожеикI.
  • Мы си гупсысэ къакIуэр
  • Жэщым къыхокIиикI.
  • Мы си гупсысэ къакIуэм
  • Уи цIэр изоудэкI.
  • Жэщым сIэта и кIапэм
  • ГъащIэ къеублэрэкI.
  • ПщIыхьым къыхэхуа псалъэр
  • Жэщым и куэщIым илъщ.
  • Уафэм къыщыщIэзгъалъэ
  • Вагъуэхэр щIыIэмылщ.
  • Жэщым и щIыфэ щIыхум
  • КъыщытрищIэм нэху,
  • Си гум ущыIурехри,
  • Уи нэм сыщIэмыплъэф.
  • Сурэтхэр  Бгъэжьнокъуэ  Заурбэч  ищIащ.