Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. Къурмэн хьид махуэ лъапIэмкIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур
2020-07-30
- Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу Къурмэн хьид махуэ лъапIэмкIэ!
- Ар ислъам диным и махуэ нэхъ лъапIэхэм икIи пщIэ зыхуащIхэм ящыщщ, гумащIагъэм, пщIэ зэхуэщIыным, гущIэгъум я дамыгъэщ, мамырыгъэм и лъапIагъыр, хьэлэлыгъэр и лъабжьэщ, цIыхухэр фIы щIэным хуегъэуш.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм сакъыу яхъумэ я адэхэмрэ адэшхуэхэмрэ я щэнхабзэ, псэкупсэ щIэин лъапIэхэр. Муслъымэн зэгухьэныгъэхэр нобэ жыджэру хэтщ республикэм щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэм, социальнэ, егъэджэныгъэ, цIыхур узэщIыным хуэгъэза жэрдэмхэр гъэзэщIэным, къыдэкIуэтей щIэблэр хэкупсэу гъэсэным, тхыдэмрэ нэхъыжьхэр зытета хабзэхэмрэ пщIэ хуащIыным хуэущииным. Псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иIэщ лъэпкъхэр, дин зэхуэмыдэхэр зезыхьэхэр мамыру, зэгурыIуэу зэдэпсэуным, зэкъуэтыныгъэр, зэныбжьэгъугъэр, зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэным, лъэпкъхэм зызэхащIыкIыу зэдэпсэуным абыхэм хуащI хэлъхьэныгъэм.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу псоми мы махуэ лъапIэм, гуфIэгъуэм сохъуэхъу узыншагъэ быдэ, насып, зэIузэпэщыгъэ яIэну.