ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Уафэбгыкъу  и нэлат

2020-07-30

  • МэшбащIэ Исхьэкъ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48,
  • 50 — 51, 54 — 57, 62, 65 — 68, 70 — 72, 74, 77, 79, 81 — 83, 85 — 86-хэм итщ).
  • XXXVI
  • Къуэ куу зэпэзэвым щежэх Тамбиипсым и хъушашэр бжьэпэтес-хэм зэхах къудейщ. Иналыбгыр щымщ. Нэщхъейщ фокIадэ ды-гъэм и уафэ гъуэгуанэр. Ешауэ тонэцIыхь дыгъэшхуэр. Гупсысэхщ абы къыпэплъэ Iуащхьэмахуэ и набжьэ тхъугъэр.

  • Иорданием и принц Алий бен-Хъусейн Мейкъуапэ щохьэщIэ. 1994 гъэ

  • Къурш жьэгъур тIысыпIэ зыщIа къэбэрдейхэр — бзылъхугъэхэр, сабийхэр, лIыжь-фызыжьхэр — гунэджыншэу хъыбар поплъэ. Зэхуэмыдэщ цIыхухэм кърахьэкI псалъэри: зым зауэм зыхуегъэпс, адрейри кърымхэмрэ къэбэрдейхэмрэ я зэкIужыкIэм топсэлъыхь. Дыгъэри, къуршхэри, цIыхухэри щытыкIэ зэхэмыбзым тезэшащ. ЩIыри, уэри, псыри IурымэхыкIа нэхъей, зы пщIащэ мыдымыжу уэмщ дунейр. Апхуэдэ дыдэу уэмщ, аддэ уэгу кърыкупсэм щIэджэразэ къуршыбгъэм и дамэ хурзалэхэр. ЗэщIимых-зэщIимылъхьэщафэ лъащIэм щIиукъуэдия жьыху-дамэпкъхэр. Хъейркъым пшэ бырыбхэр. Щымщ жьыбгъэ тэмакъыр.
  • Жыг баринэшхуэм и жьауэм щызэрадза жьэгу нэпцIым бзылъхугъитI щолъэуджыджэ. ХупцIынэ пщар IэшкIэ хъурейуэ яупIэпIыжурэ зопсалъэ а тIур. Зэпсалъэри сыт… зодауэ. Зы бзылъхугъэр фIыуэ нэхъыжь щхьэкIэ, адрей нэхъ щIалэм псалъэ дичыхыну и мурадкъыми, зэдауэр куу мэхъу. Нэхъыжьым и Iэхэр илъэщIурэ:
  • — УвыIэжыт! Арат иджы къэмыхъужар?! Зэхэсхынуи сыхуейкъым! — жеIэ, мэIэбэри нэхъыщIэр IэплIэкIэ и бгъэм щIекъузэ.
  • Мэмыхуэрэ Налмэсрэ махуитI хъуауэ апхуэдэу зодауэ. Пщащэр магъ, апщIондэху Мэмыхуэ и гур къиузыкIыурэ аргуэру мэшхыдэ.
  • — Зэхэпхыркъэ, Мыхуэ, сэ сыхуамышэмэ, адыгэхэм къэзэуат къарищIэкIынущ. Кърым  хъаныр  езыри залымщ, къэбэрдейхэр нэхъри хьэзаб хидзэнущ.
  • — Си псэ пытуи, пымытыжуи — уестынукъым! Куэдщ уэ абы щыпшэчар… Уэ нэхърэ нэхъ дахэ Iэджэ исщ Къэбэрдейми, мис абыхэм я чэзущ иджы! Ирырешэ нэгъуэщI гуэр. Зыри уэркIэ си щIыхуэгъукъым. Уестынукъым жысIащи, уестынукъым! Сымыгъуэ, Мэрем и псэм дапхуэдиз уэ дэпхар? Иджыпсту и фэм ипхыр-щэ?! Мэрем и закъуэкъым: Елэни, Даури, зыми къыгурыIуэнукъым а иджы уэ зытебухуар!  Уи  анэ  дэлъхум  и щхьэр фIэпхыну ара узыхэтыр? Сэ-щэ…Сэ укъызэплъ хъунтэкъэ?
  • Налмэс къыщиудри, макъкIэ къэгъащ, арыххэуи зиубыдыжри:
  • — НатIэм къритхар бжэгъукIэ ираудыжыркъым, Мыхуэ. Сэ зыр тыхь сахуэфщIи, сэ схуэдэ сабий Iэджэ къевгъэл! Абы нэхърэ, си зы лъэIу къысхуэщIи…
  • — Сыт уи лъэIу, иджы, на-а? — Мэмыхуэ IэгуитIкIэ пщащэм и нэкIу хъурейр зэщIиIыгъэурэ, и нэ псыIэшхуэхэм куууэ щIоплъэ.
  • — Лъахъстэн куэншыбэ схуэщI.
  • — Ар сыт щхьэкIэ?
  • — Сыхуеинущ.
  • — А сымыгъуэти, сыгущэт… мыбы жиIэхэр?!
  • — Мыхуэ… Iейкъым абы сыщIыхуейр. СхуэщI, кхъыIэ…
  • — ЗэрыпщIынур жыIэ… Зэ догуэт! Уи анэ дэлъхур къэкIуэжа сфIощI…
  • Миншакъ жыг дакъэ щхьэгуэм тетIысхьэурэ бзылъхугъитIым яIуплъэри, зыми щымыгъуазэм ещхьу:
  • — Къэхъуар? ФыщIызэрызехьэр сыт?
  • Мэмыхуэ щIым хэплъэурэ мэщатэ:
  • — Ди щхьэ — ди щхьэ догъеиж…
  • — Мыр зэ фымыпIащIэ, зиунагъуэрэ, Алыхьым и къарур лъэщщ. Сыт?.. Ди пхъур тегушхуауэ ара?
  • — Аращ, Миншакъ, — къопсалъэ  езы пщащэр.
  • Ашабэм и нэ ешахэр пхъурылъхум тедиеурэ, гущIэлъэфу мэщатэ, и IэштIым дакъэр лъэгуажьэтесым жыру хекъузэри:
  • — Налмэс… Хьэкъыу зыпхыгъэкI мыр: псори фIыкIэ иухынущ. Сэ аращ сщIэр. Уэри, Ашабэхэ я нысэ, пщIэну сызыхуейр ардыдэрщ: псори фIы хъужынущ.
  • XXXVII
  • Домбей лъапэ и мэкъупIэ бгылъэхэм щызэщIалъхьэжа IэнэIэтэхэр бжьыхьащхьэ уэшх уапIэу гъуабжэ-щхъуафэт. Иджыри пэзэ-зэну хъуапсэрт фокIадэ дыгъэр, арщхьэкIэ кIуэщIа дыгъэпсым къыIэпыху нэпс хуабэншэр къурш жьыбгъэ щхьэкIэрысым зыIурилъафэрти, бжьыхьэпэ пщIыхьым хэбзэхыжырт.
  • Мэкъу пыпхъуэ задэм пэмыжыжьэу щIым хэжыхьыжа мывэ джейм тест къэбэрдей пщы уэлийр. Зэи хуэмыдэжу, нышэдибэ мамырт ХьэтIохъущокъуэпщым и нащхъуэ нэбзийхэр. Лэдэх кIантIэхэр къыхэмыщыжу зэлъыIухы- пат и натIэ лъагэр. Щтауч IущIам хуэдэт пщым и жьэпкъыпэ дыкъуакъуэу пащIагъуэ зытещхъэжар.
  • Дыгъужьыфэ джэдыгу пIащIэр   и  плIабгъуэ  задэм  дамэпкъ  ижьымкIэ щытеупцIауэ, ХьэтIохъущокъуэр ириплъэрт Домбей къыпэщылъ къуршыщхьэ мэз лъахэм.
  • Пщы уэлийм, зы жыжьэ гуэрым хэплъызэурэ, бжьыхьэмэ къэуатыр хуиту щызыIуришэкIмэ, лъэщу зызыIэта и бгъэчым къыдэщIыщIэрт жьгъыру щабэ зыщI афэ джанэ Iэлъынзэрыдзэхэр.
  • Шузакъуэ лъэмакъыр жыжьэ дэгум къиIукIыурэ къыщыблэгъа-        пэм, Кургъуокъуэ и Iэдакъэ ижьыр зытегъэщIа сэшхуэр бгъунжу щIигъэкIуэтри, зэплъэкIащ.
  • Къэзанокъуэр мывэ джейм пэIэщIэу епсыхыу, пщы уэлийм къыщыхуиунэтIым:
  • — ФIэхъус апщий, Жэбагъы, — жиIэурэ ХьэтIохъущокъуэр тэджри щIалэм пежьащ.
  • — Сыгувауэ щытмэ, къысхуэбгъэгъунщ, зиусхьэн.
  • — Дыкъэса къудейщ дэри. Угувакъым.
  • Бейгуэлхэм шхуэмылакIэхэр зэщIакъуэу щыIукIуэтыжым, пщы уэлийм:
  • — Сыт уи хъыбар, Жэбагъы?
  • — Псори дызэрызэгурыIуауэ хьэзырщ. Кърымхэм я шэтыр тIысыпIэхэр ди нэIэрэ ди IэмыщIэрэ къизэгъащ. Ди зауэлI «бийхэри» абдеж къыщытпоплъэ… кърым хъаныр ящIыгъуу.
  • — Сыт жыпIэр? Кърымхэм я хъаныр дэ къытпэплъэуи! — нэщхъейуэ гушыIэнэпцI зещI ХьэтIохъущокъуэпщми, игу пихыу щIегъуж: — Хьэуэ. Сыти-сыт, ауэ пщащэр еттыжыну арэзы дыхъун хуеятэкъым. КъызгуроIуэ, яхъумэнущ, я нэIэ текIынукъым, итIани, хэт ищIэрэ…
  • Жэбагъы и жагъуэт Налмэс теу-хуа мы псалъэмакъыр. Игу къеуэрт пщащэм лъыса Iыхьэр. Псалъэ иIэтэкъым а Iуэхум ехьэлIауэ.
  • — Къэрэкъурэ гъурцри хьэзырщ, зиусхьэн, шыдыкIэхэм кIэращIэ-      нур къащыпакIэщ, — псалъэмакъыр зэрихъуэкIын папщIэ, гупсысэм къыхеIу Жэбагъы.
  • Къэзанокъуэмрэ ХьэтIохъущокъуэмрэ а къатехьэлъэм къыпакIухьыну иухауэ къыщIэкIынтэкъыми,  бжьэпэм къытохьэ шы къарэ дахитIкIэ зэщIэщIа гулэгъунэр. Бжьэпэ нэзым ущу декIуэкI а  шы къарэхэм якIэлъыплъурэ Жэбагъы нэщхъейуэ:
  • — Мес ежьахэщ, — жеIэри макъ лъагэкIэ къыщIегъуж: — Къытхуэгъэгъу, Алыхь, мы пщащэм и гъуэгуанэр! Дызэрыхейм уэ зырщ и щыхьэтыр…
  • Пщы уэлийм, гулэгъунэм и ужь имыплъэфу, и щхьэр лъэныкъуэкIэ ирихьэкIащ.
  • XXXVIII
  • Махуэ гъуэгуанэр зи щIыбырылъ дыгъэ тхъуэплъыр къухьэпIэ нэзым щIогъуэлъхьэж. Шы къарэ натIэгъуджэхэр мэущ, сабэ лэрыгъур шылъэкIэ щIапхъыу. ШитIым якIэрыщIа гулэгъунэм дыгъэ нэфыдзэр гууэщIу къытоущхьэри, къурш джабэ гъуэплъым тхыцIэ-         кIэ зыдегъэщэтэж. Пщэдеи къыщIэкIынущ а дыгъэр. Пщэдейм щыIэщ абы и уэгур. Ныжэбэ къэхъунур фокIадэ мазэизыгъуэм и теплъэгъуэ Iыхьэщ…
  • Къаплъэн-Джэрий Уафэбгыкъу Iэхэлъахэр тIысыпIэ зэрищIрэ, къэбэрдейм пщырэ, уэркърэ, лъхукъуэлIу исыр зылI и быну зэкъуэувэжат. ЗауэзекIуэхэм хуэIэижьу къэгъуэгурыкIуа къэбэрдей адыгэхэмрэ абыхэм зыкъыщIагъэкъуэну лIыгъэрэ напэрэ къызыкъуэзыха я лIакъуэгъу закъуэтIакъуэмрэ иджы яубзыхупат кърым залымыгъэм и пIалъэр.
  • «Хьилэри лIыгъэм щыщщ» жызыIа пасэрейр, щхьэхуитыныгъэр ерыщу къизэууэ, илъэс мин зыбжанэкIэ къекIуэкIа лIакъуэм и бынт. Апхуэдэ лIакъуэ зыбжанэ зиIэ лъэпкъым и къуэпсыр дзэ фIыцIэ-ми къыпикIуэтынукъым. А дзэр      зейр Кърымым и хъанрауэ щытмэ, хъанхэм я хьэсэпэ здынэсри адыгэхэм я щыпэлъагъутэкъым. Къаплъэн-Джэрий и дзэр зэрыIуакъутыкIыну Iэмалыр ХьэтIохъущокъуэпщым илъэс енкIэ иIущIщ, ипсыхьри дохъутейм иригъэзэгъэжат. Хъаныдзэр Iузэв къыщыIухьа махуэм щегъэжьауэ къэбэрдей адыгэхэр зауэм хуэхьэзырт. Iуэхур зытеухуар: кърымыдзэр япэщIыкIэ — зэблэгъэкIуэтын, итIанэ — къурш мыцIыхум зрегъэпхъэн, адэкIэ — гугъэндыгъэн ещIэкIауэ, гъэбэлэрыгъын, а псори зэхуэкIуа нэужь —  уащхъуэдэмыщхъуэу ятеуэжын. ХьэтIохъущокъуэпщымрэ и шупашэхэмрэ Iущу яубзыхуат кърымыдзэм зэрезэуэну хьисэпыр. Ар теуэгъуитIу зэхэтт.
  • Япэ теуэгъуэр зи Iыхьэр къурш жьанэмрэ бгъуэнщIагъ зэгъуэкIхэмрэ щитIысыкIа адыгэ зауэлIхэрт. Абыхэм я къалэнт езауэрэ пэт икIуэтыж защIурэ, кърым дзащхьэр Тамбиикъуэ дэшэныр. Къуэ зэв  куум дэзэрыхьа лъэсыдзэр шабзэкIэ трапхъэнкIэжа нэужь, кIуапIэрэ жапIэрэ зимыIэж шуудзэм зыпэщIасэрти, дыкъуакъуэу зэгуапхъыжырт, зы Iыхьэр къуэбг хьэмэшыпхэ ирашэрти, абдеж щызэтраукIэрт. Апхуэдэ зэуэкIэр адыгэ-хэм я пасэрей хабзэжьт, лъэпкъыр зауэ губгъуэ зэи къизымына Iэмал Iущт ар.
  • ЕтIуанэ теуэгъуэу къэбэрдейхэм къаухъуреихьын хуейт кърымы-дзэм щыщу Къаплъэн-Джэрий зыщIыгъу адрей щIылъэныкъуэр. А къалэныр къэбэрдей пщы уэлийм езым и пщэ дилъхьэжат. ХьэтIохъущокъуэр зи шупашэ дзэр Уафэбгыкъу Ищхъэрэ щыIэ мэз лъапэхэм щIэст, Балъкъ псыхъуэм и ижьырабгъу Iуфэр плъапIэу. Пщы уэлийм иджы жэщтеуэ ищIмэ, Балъкъ къуэкIиишхуэм зэ диубыда кърымыдзэм зыгъэзапIэрэ лъагъуэрэ имыIэжыху трилъэщIыкIынут.
  • Къущхьэхъу жэщхэр бжьыхьакIуэ пшагъуалъэщ. ЗэхэзекIуэр кIыфIым деж IупщIкъыми, бийрэ мыбийрэ зэхэзещхъуэн зэрыщIмэ, адыгэхэр езыр-езыру зэрыупщIэтэжынкIэ шынагъуэщ. Абы и Iэмалыр: жэщ зауэр мазэ изыгъуэм ирегъэхьэ-лIэн. Къэбэрдей пщы уэлийр а пIалъэм пэплъэрти, апщIондэху кърым хъаныр зэригъэбэлэры-гъыну къигупсысар «зэкIужыгъуэ Iэмалырт». Кърым хъаным къэбэрдей лIыкIуэхэм къапигъэтIылъа тезыр лIэужьыгъуэхэм мыхьэнэ мащIи зэрамыIэр пщы уэлиймрэ шупашэхэмрэ къагурыIуэрт. Мазэ изыр къущхьэхъу жэщ уафэм къызэриувэу лъэлъэжынут Къаплъэн-Джэрий и къэбэрдей пщIыхьхэр. Ашабэ Миншакъ гугъу ехьу Кърымым къыщилъыхъуэжа и пхъурылъхур псэм питхъыу кърым хъаным иджы щIыхуригъэшэжыфам и щхьэусыгъуэри а мазэ изыгъуэрт…
  • ХьэтIохъущокъуэпщым иубзыхуа жэщтеуэм къыщагъэсэбэпыну я мурадт ижь лъандэрэ адыгэхэм къадекIуэкI Iэмалыр: шыкIэхэм, шыдыкIэхэм ящIэпха къэрэкъурэ пхыр гъущэм мафIэ щIэгъэстауэ, тэтэр шы табынхэм яхэутIыпщхьэн…
  • Кърым зауэлIхэр жей IэфIым здыхэтым мафIэм игъэгужьея псэущхьэ табынхэм зэбгрыжу щIадзэмэ, зэрыхьзэрий шынагъуэ къэхъунущ. Зэхэзежэхэм мыдэкIэ щапэплъэнущ къэбэрдей шабзауэхэр. Псыхъуэ къуэкIийр езыри гъуэгуакъуэ зэвщ. ЩIыпIэр мыцIыхущ, мафIэсымрэ жэщ фIыцIэмрэ къэбэрдей адыгэхэм я дэщIэгъущ.
  • Дыгъэр зэрыкъухьэрэ куэд щIатэкъым. Мазэр нэгъуэщI дунейхэм иджыри щыхьэулейрт. Налмэ-си зыри хищIыкIыртэкъым и лъэпкъэгъухэм зэрагъэкIэса мурадым. Гулэгъунэр щыдридзейхэри зыхимыщIэу, гупсысалэт иджы пщащэр. Здашэмрэ къыпэплъэмрэ и щIэщыгъуэжтэкъым абы. ИщIэжыртэкъэ-тIэ и щхьэр къыздрихыжар! Алсу кIуэцIейм и ауан щIэнакIэр, и фыгъуэ Iуплъэгъуэр… ИщIэжыркъэ а хъан нэкIущхьэплъыжьым и хьэрэмынэ джэду кIуэкIэр! Хъаным и уардэунэм щыпсэуху Налмэс и къабзагъэм Къаплъэн-Джэрий къыщIемыIар езы пщащэми псэкIэ зыхищIэрт: Тыркум нэхъ лъапIэIуэу зэрыщащэжынум хуагъэтIыгъуэу арт! Иджы-щэ?
  • Налмэс и Iэпхъуамбэ псыгъуэхэмкIэ пэщащэурэ куэншыбэ щIагъым щIэлъ къамэ цIыкIум тоIэбэ-ри, нэщхъейуэ мэщатэ: «Ярэби, мы хьэIуцыдзхэм, мыхъуми, си хьэдэр иратыжыну пIэрэ си лъэпкъэгъухэм? Ди жылэ кхъэлъахэм сралъхьэжтэмэ, сыкъэзылъхуаитIым сапэгъунэгъуу, зэм-зэм Мэреми си кхъащхьэм ныбгъэдыхьэнт… Мэрем! Кърымым сыщрашами, абы сыгуIэу сыщисми, зы дакъикъэ си гум имыутIыпщы-фа Мэрем… ДыщIэхъуэпсатэкъэ хьэгъуэлIыгъуэ, бынунэ?! Иджы сыт?
  • … Къысхуигъэгъуну пIэрэ? СыкъэзылъхуаитIыр-щэ? Абыхэм я псэ-хэм ящIэ сэ сигу илъыр. Сэ зыр тыхь сащIкIэрэ, сабиищэ, сабий щитху къахуегъэлыну сщIатэмэ! Си лъэпкъым зымащIэкIэ нэхъ  мыхъуми къыхуэщхьэпэнщ Алыхьым сызыIуигъэува мы IэнатIэр. ЩIым хэткIуэну си лъым къигъэлыбынщ  си лъэпкъэгъу щIалэхэм ялъ. Къигъэлыбынщи пэщIэувэнщ кърым залымыгъэм. Апхуэмыдэу хъунукъым. Армырамэ, си адыгэр пщылIыпIэ гъэзапIэншэм ихьэнущ. Сэрщи, сыт? «ЩIопщыкъу жьы еубыд» жаIэртэкъэ пасэрейхэм? Зы жьыпэуэгъу цIыхухэр щысхъумэфхэмэ, ари си хэлъхьэныгъэщ. Лъэпкъым къы-лъихьа мы гуауэшхуэм срищхьэузыхьыну Алыхьым иухат. «Жыг ягъэсри — цIыху ягъэхуабэ» жеIэ Жэбагъы. Сымыжыгми,  псэм  и  хуабэрэ  лъым  и пщтыррэ хущызнэнщ си Къэбэрдейм…»
  • Налмэс аргуэру куэншыбэм йопэщэщри, аргуэру погуфIыкI. Пщащэм къыгурыIуэрт хъаныр езым иукIкIэ адыгэхэм яхь бжьыр зэратемыкIынур, итIани, игу фIы ищIыжырти, «КъагурыIуэнщ хъанхэм си адыгэм утегушхуэ зэрымыхъунур», — жиIэурэ нэхъри зигъэбыдэрт.
  • Шы къарэхэм яшэ гулэгъунэр Къаплъэн-Джэрий и шэтырыпIэм нэблэгъат. Дыгъэр зэрыкъухьэрэ куэд щIатэкъым, уафэр иджыри лъащIэху мащIэт. Къущхьэхъу хъун тIыгъуэжым щыхъуакIуэрт кърымыдзэм и шы табынхэр. Нэм къиплъыхьыр шэтырт: абрагъуэхэу, инхэу, нэхъ цIыкIуIуэхэу, цIыв хъу-рей нэхъей, цIыкIурэ-цIыкIунитIэж-             хэу. Зейм елъытауэ, я теплъэхэри зэщхьтэкъым а шэтыр зэмыфэгъухэм.
  • Пщащэм и нэгу ткIийм Елэн игу узу щIэплъэри:
  • — Налмэс, модэ плъагъурэ мо шэтырыбгъур. Абдежщ ди гъуэгуанэм и кIэухыр. Уигу умыухыж, си шыпхъу. Зыгъэбыдэ.
  • — Адыгэ гъуэгум кIэух иIэт-тIэ? — нэщхъейуэ щIалэм педзыж Налмэс.
  • Елэн къэуIэбжьауэ йоплъ упщIэ къызэрымыгуэкI къыпэзыгъэтIы- лъа пщащэм.
  • — Налмэс, а уэ узэгупсысар пэжкъым. ПщIэрэ… уи закъуэкъым уэ.
  • — СощIэ. Си закъуэкъым. Хъаным зэи Iумыхуэну бдзэм срикъунтхщ сэ.
  • — Аракъым зи гугъу сщIыр. Къэбард абы щыIэщ. ИтIанэ… и нэм нэсмэ, лей къыптедгъэхьэнукъым. ЩIалэхэм укъыIэщIаудыжынущ. Зыми ущымышынэ, дахэ.
  • (КъыкIэлъыкIуэнущ).