ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Iуащхьэмахуэ  лъапэ туристхэр  ирегъэблагъэ

2020-07-30

  • Европэм и къурш нэхъ лъагэ дыдэм — Iуащхьэмахуэ — и зыгъэпсэхупIэхэм лэжьэн щIадзэжауэ хьэщIэхэр къахуокIуэ. Пандемием и зэранкIэ зэхуэщIауэ щыта хьэщIэщхэр къызэIуахыжащ, кIапсэ гъуэгухэри бадзэуэгъуэм и 10-м щегъэжьауэ яутIыпщыжащ.

  • «Дэ ди гуапэу къыдогъэблагъэ зыщагъэпсэхуну ди щIыналъэр къыхэзых-хэр. Дыщогугъ щыIэ щытыкIэм елъытауэ ягъэува мардэхэм псори тетыну. COVID-19-м пэщIэтыным теухуа хабзэхэм тету зы вагоным цIыхуитI нэхърэ нэхъыбэ фитIысхьэ хъунукъым, къуршым удэзыш кIапсэ гъуэгухэр къыщывгъэсэбэпкIэ», — апхуэдэу цIыхухэм захуегъазэ «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм и администрацэм.
  • ЦIыху куэд щызэхуэс щIыпIэхэм зыгъэпсэхуакIуэхэр гъунэгъуу зэбгъэдэмыхьэу щыщытын зэрыхуейри, дэтхэнэ зыми и узыншагъэр зэрихъумэж Iэмэпсымэхэр къигъэщхьэпэну зэракъалэнри ягу къагъэкIыж.
  • «Дэ къыдэлъыта Iуэху псори зэфIыдогъэкI фи зыгъэпсэхугъуэр нэгузыужьу, бэIутIэIуншэу, гукъинэжу ди деж щывгъэкIуэн, фи узыншагъэм зэран хуэхъун Iуэху къыкъуэмыкIын папщIэ. Кiапсэ гъуэгухэм фIэдза вагонхэр щIэх-щIэхыу-рэ дезинфекцэ дощI, нэгъуэщI зыхуэфащэ лэжьыгъэхэр хьэщIэщхэми шхапIэхэми щыдогъэкIуэкI», — щыжеIэ туристхэм зэрызыхуагъазэм икIи езыхэри къыхураджэ сакъыныгъэр зи лъабжьэ чэнджэщхэр уэим ямыщIыну.
  • Мы зэманым «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм щолажьэ бгым лыжэкIэ къызэрежэх гъуэгу зэпэщу километр 15,4-рэ, кIапсэ гъуэгуу блы. 2015 гъэм абы щаухуащ Европэм щынэхъ лъагэ дыдэ кIап-         сэ гъуэгур — ар метр 3847-м деж щыIэщ.
  • ЦIыхухэм яфIэфIщ къуршхэм зыщагъэпсэхуныр. Iуащхьэмахуэ лъапэ адрейхэм яхуэдэжкъым — ар туристхэм я кIуапIэщ илъэс хъурейм. Апхуэдэу щыт-ми, коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зиубгъуу зэрыхуежьэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыгъэпсэхупIэ псори зэхуэщIауэ щытащ гъатхэпэм и кIэм щегъэжьауэ. Иджы, узыфэм зыщыхъумэным хуэгъэпсауэ республикэм щагъэува мардэ ткIийхэр хуэм-хуэмурэ щыIуахыжащ, адрей IэнатIэхэми хуэдэу, санаторэ-курорт IуэхущIапIэхэри хуит хъужащ я лэжьыгъэр зэтраухуэжыну.
  • КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, щIыналъэм 2018 гъэм щыхьэщIащ цIыху мин 552,3-рэ. Абыхэм ящыщу нэхъыбэм зыщагъэпсэхуар Iуащхьэмахуэ лъапэрщ — мин 392,3-м. Илъэс кIуам республикэм турист мин 602-рэ къыхуеблэгъат — абыхэм ящыщу Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщагъэпсэхумэ нэхъ къэзыщтар мин 451,6-рэ хъурт.
  • 2020 гъэми нэхъыбэж къазэрыхуэкIуэнум зыхуагъэпсат зыгъэпсэхупIэм и лэжьакIуэхэм, ауэ пандемием къызэпиудащ ахэр зыщыгугъар. Абы кърикIуаращи, Къэбэрдей-Балъкъэрым туристу къакIуэм я бжыгъэм и процент 50-р кIэрыхуащ япэ илъэс ныкъуэм къриубыдэу. Апхуэдэу щытми, щытыкIэр щефIэкIуэжакIэ, компаниер щогугъ ягъуэта хэщIыныгъэхэр зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм щыщу къэна зэманми ирагъэкъужыфы-ну.
  • ДЖАТОКЪУЭ Марьянэ.