ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къалэ администрацэм щыхэплъэнущ  налшыкдэсхэм къыхалъхьэ жэрдэмхэм

2020-07-28

  • Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз къалэдэсхэм иджыблагъэ захуигъэзащ щыхьэрыр егъэфIэкIуэным сэбэп хуэхъуну къалъытэ жэрдэмхэр къыхалъхьэну икIи ахэр я IуэхущIапIэм къыхуагъэхьыну. Абы теухуа хъыбар зэбгригъэхащ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм.

  • «Ди гъащIэр хуэм-хуэмурэ тоувэж дызэса псэукIэм икIи нобэ ди къалэн нэхъыщхьэу къэтлъытэр къалэр дэтхэнэ зы цIыхум и дежкIи зэIузэпэщ тщIынырщ, иджырей зэманым къигъэувхэм ятещIыхьауэ абы зедгъэужьынырщ. Дэ ттеухуауэ къытIэрыхьэ хъыбархэм яхэтщ ди лэжьыгъэм хэлъ ныкъусаныгъэхэм гу лъыдэзыгъэтэжхэри, гукъеуэхэри, чэнджэщхэри, Iуэху пыухыкIахэр гъэзэщIэным ехьэлIа жэрдэмхэри. Абыхэм ящыщ языныкъуэхэр зумыгъэтIылъэкIыу пхуэгъэзэщIэнущ, яхэтщ зэфIэбгъэкIын папщIэ мылъкушхуэ зыхэлъхьэн хуейхэри, зэманышхуэ зытекIуэдэнухэри. Языныкъуэхэр нэхъапэIуэкIэ дэ дубзыхуауэ дызэлэжьхэм ящыщщ, яхэтщ зэи къыхамылъхьауэ щIэ дыдэхэри», — щыжеIэ Ахъуэхъум администрацэм и сайтымкIэ цIыхухэм зэрызахуигъазэм.
  • Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм къыхегъэщ къыхалъхьэ жэрдэмхэми, нэгъуэщI къалэхэм заужьынымкIэ зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэм я хъыбархэми набдзэгубдзаплъэу зэрыхэплъэр, дэтхэнэ зы лъэIуми цIыхухэм я сэбэпу къыхэкIынур зэрызэпалъытыр.
  • «Налшыкдэсхэм я тхыгъэ псори сэ къысIэрагъэхьэ икIи си лэжьэгъухэрн абыхэм зэреплъыр зэхыдогъэкIри, къыхалъхьам купщIэ зэрыхэлъыр наIуэ къэхъуа нэужь, ахэр гъэзэщIэным яужь дохьэ е мытэммэу къэтлъытэхэр къатщтэркъым. ЖыпIэ хъунущ къалэдэсхэм гу зылъата Iуэху куэд гъэзэщIэным иджыпсту яужь дызэрихьар — дэ зыхуей худогъазэ жылагъуэ зэхуэсыпIэхэр, парк цIыкIухэр, жьы хъуа бжьамийхэр зыдохъуэкI, гъууэгу кумблъэмбхэр догъэсей, «додыж», светофорыщIэхэр догъэув», — къыхегъэщ Ахъуэхъум.
  • ЦIыху куэдым администрацэм зыхуагъазэ гъуэгухэм лъэс зэпрыкIыпIэхэр щыгъэбелджылыным, лъакъуэрыгъажэкIэ къыщыбжыхь хъуну щIыпIэхэр убзыхуным, машинэ гъэувыпIэхэр щIыным теухуауэ. А псоми хоплъэри, зэрагъэзэщIэнум хуагъэхьэзыр. ЗыщIадзауэ ящI проектхэм ящыщщ Къуэныкъуейм и цIэр зезыхьэ уэрамыр щызэрагъэпэщыжым абы лъакъуэрыгъажэ къэжыхьыпIэ зэрыхуащIар, — къыхигъэбелджылыкIащ администрацэм и унафэщIым. КъимыдэкIэ, махуэ гъунэгъухэм яужь ихьэнущ Лениным и проспектымрэ Толстойм и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ я зэпылъыпIэм деж хуэзэу лъэс зэпрыкIыпIэ щыщIыным.
  • «Дэ дыхьэзырщ фи дэтхэнэ тхыгъэми дыхэплъэну. Ахэр [email protected] пощтымкIэ къевгъэхь хъунущ е социальнэ сетхэм ифлъхьэ, #мэриивработу хештегым щIэту. Сэ фIыщIэ хузощI ди лэжьыгъэм къыхыхьэ дэтхэнэми», — щыжеIэ Ахъуэхъум и тхыгъэм.