ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2019

Адрей щIыналъэхэм  я  дежкIэ щапхъэщ

2019-07-23

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуащ УФ-м щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Кобылкин Дмитрий.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

КIыщокъуэ  Алим  ягу  къагъэкIыж

2019-07-23

  • Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэсищэрэ тхурэ зэрырикъум и щIыхькIэ пэкIу щекIуэкIащ абы и фэеплъым деж. КIыщокъуэ Алим и цIэр зезыхьэ уэрамым тет Налшык къалэ администрацэм и гупэм къит фэеплъым деж щызэхуэсат жылагъуэ, политикэ Iуэху зезыхьэхэр, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэр, лъэпкъ интеллигенцэр, усакIуэм и благъэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ПэкIухэр

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-07-23

  • Бадзэуэгъуэм и 23, гъубж
  • Джейхэмрэ хыкхъуэхэмрэ я дунейпсо махуэщ. 1986 гъэм ягъэуващ, а псэущхьэхэр илъэс 200-кIэ гущIэгъуншэу зэрызэтраукIам и зэранышхуэ дыкъэзыухъуреихь дунейм зэрекIым игъэгузавэри. Абы лъандэрэ джейхэр къаубыдуи, я лыр ящэуи ядэркъым.
  • Абхъаз Республикэм и Къэрал ныпым и махуэщ.
  • Осетие Ипщэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ. Абы щыгъуэщ дунейм къыщытехьар япэ осетин газетыр — 1906 гъэм Владикавказ къыщыдэкIыу щIидзащ «Ирон газет» («Осетинхэм я газет») жыхуиIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Куэдым ящыщ зы

2019-07-23

  • И Iыхьлыхэм  иджыри  къэс  ящIакъым  Шал  Мухътар
  • и  псэр  Сальск  тафэхэм  зэрыщитар
  • Дэ етIанэгъэ дгъэлъэпIэнущ ди къэралым ис лъэпкъ псоми ди зэхуэдэ гуфIэгъуэр — ТекIуэныгъэ иныр илъэс 75-рэ зэрырикъур. Абы иджы щыщIэдзауэ зыхуагъэхьэзыр. ЗэфIагъэкIахэр мащIэкъым — «Полк уахътыншэ» зэщIэхъееныгъэр къызэрагъэпэщащ, «Мемориал» зэгухьэныгъэр мэлажьэ, газетхэм мычэму традзэ Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьахэм ятеухуа тхыгъэхэр, н.къ. Ауэ нэхъыбэж къапэщытщ. Абыхэм ящыщу нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэри хъыбарыншэу кIуэдахэр къэлъыхъуэжынырщ, хэкIуэдахэм я хьэдэхэр зыщIалъхьа щIыпIэхэр къэгъуэтыжынырщ. Апхуэдэхэм я бжыгъэр куэдыкIейщ икIи дэтхэнэми и Iуэху зыхуэкIуар зэгъэщIэныр цIыху къалэну зэрыщытым къыдэкIуэуи икIи псапэшхуэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Си адэм и макъ  къыхоIукI

2019-07-23

  • Ди адэ-анэм насыпыфIэу илъэс 62-рэ къызэдагъэщIащ. ЛъэныкъуэкIэ укъыщеплъмэ, къыпщыхъункIэ хъунут зи дуней еплъыкIэрэ зи хабзэрэ зиIэж лъэпкъ зырызым къыхэкIахэм я нэчыхьыр быдэ мыхъуну. Ди адэр илъэс 24-рэ, ди анэр — 20 щыхъухэм зэпызыщIа гурыщIэ къабзэм гъащIэ кIыхь къыщIэлът. Сыт хуэдизу къабзэу щытын хуейт атIэ а гурыщIэр, зауэми, гъащIэм къахуигъэува адрей гъэунэхупIэ гугъухэми гурэ-псэкIэ зэщIыгъуу пхыкIыфын папщIэ?! ГъащIэм и бэIутIэIу псоми пэлъэщащ а тIум я гурыщIэр. Гухэлъ къабзэрэ пэжыгъэрэ лъабжьэ зыхуа-щIа унагъуэм къихъуа бын- хэр псэ хуабагъэ зэи дыщыщIакъым, сыт и лъэныкъуэкIи адэ-анэм я лъагъуныгъэм дыкъихъумэрт. Ди адэр дунейм ехыжа нэужь, ди анэм къызитыжауэ щытащ абы и Iэрытххэр щызэхуэхьэса, зэманым фагъуэ ищIа папкэ Iувышхуэр. Абы дэлът щызэрыцIыхуа махуэм къыщыщIэдзауэ ди адэм ди анэм къыхуигъэхьа письмохэр. Абы сыкъеджэжыху, си тхьэкIу-мэм къоIуэ си адэм и макъыр, абы и псэлъэкIэр, и гушыIэ- кIэ дахэхэр, адыгэ лъахэм ехьэлIа хъыбархэр. Хэку зауэшхуэм щыгъуэ си анэмрэ си шыпхъу нэхъыжь Татьянэрэ къахуигъэхьа тхыгъэхэм седжэжмэ, къызгуроIуэ ди адэм псалъэ хуабэкIэ а тIум зэрахуэсакъыфар. АдэкIи, дунейр мамыр хъужа нэужь, Налшык икIыу командировкэ жыжьэхэм щыкIуэхэм къытхуитхауэ щытахэм яхэлъ лъагъуныгъэр си гум щыкIуэщIыркъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

ЩIалэгъуэ

2019-07-23

  • ЯтIагъуэ гъэжьам елэжь пщащэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр къэзыуха, филолог IэщIагъэр зэзыгъэгъуэта ХьэцIыкIу Миланэ сурэт техынми дехьэх, апхуэдэуи илъэсиплI хъуауэ ятIагъуэм хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр къыхэщIыкIыным йолэжь.
  • КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм нэгъабэ «Гранд Кавказ» хьэщIэщым (Налшык къалэ) къыщызэригъэпэщауэ щыта гъэлъэгъуэныгъэм Миланэ и IэдакъэщIэкIхэри хэтащ. Куэдым зезыпщыта хъыджэбзым и Iуэху еплъыкIэмрэ гупсысэхэмрэ тфIэщIэщыгъуэу депсэлъащи,   ди гуапэщ абыхэм фыщыдгъэгъуэзэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Таврида 5.0»-м КъБР-м  щыщ зэчиифIэхэр хохьэ

2019-07-23

  • Мы гъэм япэу ди къэралым щокIуэкI «Таврида 5.0» щIалэгъуалэ зэхыхьэ ин. Кърым къыщызэрагъэпэща щэнхабзэ, гъуазджэ форумым мы зэманым и гуащIэгъуэщ. Ди гуапэ зэрыхъущи, урысейпсо фестиваль-зэпеуэм хэтщ ди республикэм и лIыкIуэхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Къэгъэзэгъуэ»

2019-07-23

  • Налшыкдэсхэм къинэмыщIауэ, ди къалащхьэм щыхьэщIэхэр я гуапэу здашэ «Тамерис» шхапIэр зей Едыдж Нихьаи зэрыадыгэгум щыхьэт техъуэ лэжьыгъэшхуэ ищIащ. Абы итхащ «Къэгъэзэгъуэ» зыфIища тхылъ. ГурыIуэгъуэщ Iуэхуншагъэм къызэрыхимыхар. Лъэпкъым хуиIуэтэжын иIэт Тыркум щыпсэу адыгэхэм ятеухуауи, и сабигъуэм къыщыщIэдзауэ игу ириубыдамрэ и нэгу щIэкIамрэ итхыжащ, дызэригъэхъуэпсэжын, ди хабзэ, ди бзэ, ди Хэку жыдигъэIэн папщIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Ещанэ  увыпIэр  къехь 

2019-07-23

  • Калугэ областым и Медынь къалэм дэт «Русский бой» спорт IуэхущIапIэм щекIуэкIащ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ зыхэта, универсальнэ зэуэкIэмкIэ Европэм и чемпионат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019-07-23

  • БэнэкIэ хуит
  • Къэралым и чемпионатым  къыщыхожаныкI
  • Сочэ къалэ дэт «Айсберг» спорт уардэунэм щекIуэкIащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионат. Абы щыбэнащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Гъуазджэм и цIыхухэр

2019-07-23

Дуней псом щыцIэрыIуэщ тенор телъыджэ Тут Заур.

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр