ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2019

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-07-04

  • Бадзэуэгъуэм и 4, махуэку
  • США-м и лъэпкъ гуфIэгъуэщ — я щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1776 гъэм Iэ традзащ США-р зыми и унафэ зэрыщIэмытыр щIэзыгъэбыдэ Декларацэм.
  • Югославием щагъэлъапIэ я щхьэхуитыныгъэм щIэбэнахэм я махуэр
  • Латвием журтхэм цIыхугъэншагъэ щыкIэлъызэрахьам хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1941 гъэм бадзэуэгъуэм и 4-м Ригэ нэмыцэхэм щагъэсащ журтхэм я тхьэелъэIупIэхэр, абы екIуэлIахэри зэрыщIэсу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Адыгэ псалъэр» къезыгъэхьхэм захудогъазэ

2019-07-04

  • 2019 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм къаIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щIэдзыныр иухащ.
  • Ди газетым тезыдзэну хуейхэм хъыбар идогъащIэ: ар къевгъэхьын папщIэ иджыри Iэ щыщIэвдз хъунущ пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми. Мази 5-м «Адыгэ псалъэ» газетым и уасэщ сом 548-рэ кIэпIейкIэ 05-рэ.

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

Лъэпкъ гъуазджэм лъагъуэ  нэху щыпхызыша Мурат Чапай

2019-07-04

  • Псэужатэмэ, иджыблагъэ и ныбжьыр илъэс 80 ирикъунут РСФСР-м, КъБР-м щIыхь зиIэ я артист, Адыгейм и цIыхубэ артист, лъэпкъ гъуазджэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа Мурат Чапай.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Щоджэн Хьэутий и тхылъыщIэ утыку кърехьэ

2019-07-04

  • Щоджэн Хьэутий иджыблагъэ къыдигъэкIа «1837:Тайны странствования Лермонтова по Кавказу» тхылъым дыгъуасэ лъэтеувэ щыхуащIащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым. Абы кърихьэлIат щIэныгъэлIхэр, тхыдэджхэр, тхакIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, Лермонтовым и творчествэр фIыуэ зылъагъухэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-07-04

  • 1 КъБР „Мир” канал
  • Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 8
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «Нанэ и псэ». Адэ-анэхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.00 «Узыншагъэр хъумэным теухуауэ» (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

ДзыхьмыщI Анзор: Къуажэдэсхэм ди зэгурыIуэныгъэм, зэрыIыгъыныгъэм я фIыгъэщ ди ехъулIэныгъэхэр

2019-07-04

  • Тхыдэ къулей зиIэ, зэманым декIуу псэу, дызэрыгушхуэ цIыху щэджащэ куэд къызыдэкIа жылэжьщ сыкъыщыхъуа Хьэтуей къуажэр. Генерал-майор Анзор Хьэту и жылэр илъэси 170-рэ хъуауэ Урыху псым и сэмэгурабгъу лъэныкъуэм къыщысщ. ЖыпIэнурамэ, зыужьыныгъэ гъуэгуанэшхуэ и щIыбагъ къыдэлъщ икIи сытым дежи нэхъыфIым хущIэкъуу къогъуэгурыкIуэ. «Урыхупс ефахэр тхьэIухуду гуащэщ, Урыхупс ефахэр нарту лIы щэджащэщ», — щитхыгъащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур и усэхэм ящыщ зым. Хэт ищIэн, урыхупсым и Iубыгъуэр, абы и акъужьрагъэнщ къуажэдэсхэм я зэфIэкIым, я гуащIэм лъабжьэ хуэхъури. Нэхъыщхьэращи, я нэхъыжьыфIхэм я щапхъэр я гъуазэу жылэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, къуажэм къыщрахьэжьэ Iуэхур псори зылI и быну зэкъуэувэрэ зэфIахыу мэпсэу. Пэжщ, апхуэдэ зэхэтыкIэр куэдкIэ елъытащ къуажэ тхьэмадэм. Абы и лъэныкъуэкIи ди насып къикIащ, а къалэныр зыгъэзащIэ ДзыхьмыщI Анзор и жылэм и нобэмрэ и пщэдеймрэ езэш имыIэу хуэлажьэ, абы и къэкIуэнум дахагъэрэ фIыкIэ хуэхъуапсэ, жэуаплыныгъэшхуэ зыхэлъ, къызэгъэпэщакIуэ жыджэру щыт унафэщIу къытхущIэкIащ. Къулыкъум зэрыпэрыт илъэситIрэ ныкъуэм къриубыдэу икъукIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ, зыхущIэкъухэр нэхъыбэжщ. И IуэхущIафэхэр хуэбгъэщIагъуэу псалъэмакъыр къыщIэбдзэмэ, Анзор занщIэу узэпеудри, жеIэ: «Си закъуэ къарукIэ сэ зыри схуэщIэнутэкъым, сытым дежи къуажэдэсхэр къыс- къуэуващ, адэкIи зыхуэдгъэувыж къалэнхэр зэгъусэу зэфIэтхынущ. Ахэр си щIыб къызэрыдэтыр зэрызыхызагъащIэрщ къару къызэзытри Iуэхушхуэхэм сытезыгъэгушхуэри».

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

2019-07-04

  • Налшык къалэ и етIуанэ курыт школым фIы дыдэу щеджа, Ломоносовым и цIэр зэрихьэу Мэзкуу дэт къэрал университет цIэрыIуэм и юридическэ факультетым и къудамэм (Криминалистическое сопровождение и защита бизнеса) щIэтIысхьэу ари диплом плъыжькIэ къэзыухыу дызыгъэгуфIа дипхъу цIыкIу Елгъэр Динарэ дохъуэхъу узыншэу, захуагъэр и гъуазэу и IэщIагъэм гу къабзэкIэ куэдрэ ирилэжьэну.
  • И адэшхуэ Кашиф, и анэшхуэхэу Зоерэ Мэкъуауэ Розэрэ,
  • и адэ-анэ Залымрэ Мадинэрэ, и дэлъху Астемыр,
  • и Iыхьлыхэр, и ныбжьэгъухэр.

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Тембот Ахьмэдхъан текIуэныгъэ къехь — 39:0-у

2019-07-04

  • Италием и Фаенцэ къалэм щекIуэкIа бэнэкIэ хуитымкIэ ныбжьыщIэхэм я европэпсо зэхьэзэхуэм фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Тембот Ахьмэдхъан. И хьэрхуэрэгъухэм зы очкои яримыту ди лъэпкъэгъум зэпеуэм и дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Магас «къалэ Iущ»

2019-07-04

  • Ингуш Республикэм и цIыху бжыгъэр мин 500 иджыблагъэ ирикъуащ. Абыхэм я процент 60-р къалэхэм дэсщ, я къалащхьэ Магас мин 35-рэ хуэдиз щопсэу. Къалэм унэрэ IуэхущIапIэу дащIыхьыну я мурадым и процент 30-ращ зэфIэкIар, ауэ лэжьыгъэр щIэгъэхуэбжьауэ йокIуэкIри, илъэс зыбжанэм къриубыдэу цIыху мини 150-м нэсым Магас псэупIэ яхуэхъуну жаIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку