|
Июль, 2019
2019-07-02
- «Iуащхьэмахуэ и саугъэт» лыжэм дихьэх-хэм я урысейпсо зэIущIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхуащIыжащ. Слалом инымрэ слалом къызэрыгуэкIымрэ щызэпеуэн папщIэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щызэхуэсат къэралым и щIыналъи 10-м я лIыкIуэу спортсмен 200.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-07-02
- Къэралым и щIыпIэ куэдым мы зэманым щокIуэкI «Армэ-2019» гъэлъэгъуэныгъэхэр. Дзэ техникэм, Iэщэфащэхэм, зыхъумэжыныгъэ комплексым и иужьрей ехъулIэныгъэхэм я выставкэ убгъуа иджыблагъэ щекIуэкIащ Налшык къалэми. Ар къызэригъэпэщащ Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-07-02
- Бадзэуэгъуэм и 2, гъубж
- Спорт журналистым и дунейпсо махуэщ. 1924 гъэм бадзэуэгъуэм къызэрагъэпэщащ спортым тетхыхь, тепсэлъыхь журналистхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэр.
- Кооперативхэм я дунейпсо махуэщ
- Днепр псым и дунейпсо махуэщ
- Уфологым и дунейпсо махуэщ
- Узбекистан Республикэм и къэрал гербыр къыщащта махуэщ
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-07-02
- Махуэ зыбжанэ ипэкIэ илъэситху ирикъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрми, СССР-у щыта къэрал абрагъуэми, Урысей Федерацэми къыщалъыта икIи а щIыналъэхэм я цIэхэр фIыкIэ зыгъэIуа ди лъахэгъу, физик щэджащэ Къумахуэ Мурадин Iэбубэчыр и къуэр дунейм зэрехыжрэ. Абы и къэхутэныгъэу 4-м ящыщу тIур нэгъуэщI къэралхэм къыщыдэкIа журналхэм ихуащ, «Къумахуэм и бзий», «Къумахуэм и оптикэ» фIэщыгъэхэр яIэу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
2019-07-02
- «Принт-Центр» тхылъ тедзапIэм, и бжыгъэр щитху хъууэ, иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Свет в окне. Жизнь и творчество» зыфIаща тхылъ. ЩIэныгъэлIхэу КхъуэIуфэ Хьэчим, Къэжэр Иннэ, Брай (Тхьэмокъуэ) Женя сымэ ягъэхьэзыра лэжьыгъэр теухуащ тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Брай Адэлбий.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
2019-07-02
- УФ-м и МЧС-м ди республикэм щиIэ и къудамэ нэхъыщхьэм и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, «РусГидро» ОАО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр филиалым хыхьэ Аушыджэр гидроэлектростанцым мафIэс къэмыгъэхъуным хуэгъэза зыгъэсэныгъэ-къэпщытэныгъэ Iуэхугъуэхэр щекIуэкIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-07-02
- ЗЭПЕУЭР ЗЫХУЭГЪЭПСАР
- — Адыгэ щауэм и нэмысым щIэблэр зэрыщыгъуазэр къэхутэн, адыгэ лъэпкъым зэрищIэблэр къагурыIуэрэ абы хуэфащэу псэуным къыхуеджэн;
- — Адыгэ лъэпкъым и лъапIэныгъэхэм (адыгэбзэм, адыгэ хабзэм, тхыдэм, щIэнгъуазэм, щэнхабзэм, н.) я къарур зыхегъэщIэн, абыхэм дегъэхьэхын;
- — Лъэпкъым къигъэщIа щэнхабзэм и дахагъыр зыхегъэщIэн;
- — Лъэпкъыпсэ-хэкупсэу щIэблэр гъэсэн.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Зэпеуэхэр
Хэкум папщIэ
2019-07-02
- Лэскэн ЕтIуанэм щыщ ПщыукIхэ ФIыцIэрэ Дисэрэ щIалиблрэ хъыджэбзищрэ зэдагъуэтат. Унагъуэм исыр колхоз губгъуэм щылажьэрт. Къундетрэ Хъызыррэ щIалэхэм я нэхъыжьт. Зауэр къыщыхъеям ахэр илъэс плIыщIым щхьэдэхат, унагъуэуи тIысыжахэт. Адэ-анэм я гъусэу псэухэрт щIалитхур: Исхьэкъ, Iэбэч, Хьэту, Хьэрун, Мухьэмэд. 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м Хэку зауэшхуэм щIидза нэужь, дыгъуасэ губгъуэм ита лэжьакIуэхэм Iэщэ къащтэри зауэм кIуащ, я Хэкур яхъумэжыну.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Сыт нанэхэр щIэIэфIыр апхуэдизу?
2019-07-02
- Анэ лъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ ин, нэхъ хуабэ, нэхъ кIэншэ сыт щыIэ? «Зыри», — жыпIэми ущыуэнукъым. Дунейм гугъу ехьу укъытрегъэхьэри, жэщ-махуэ имыIэу къыпщхьэщысщ, уимыгъагъыу, угукъыдэмыжмэ, къоIэзэу, уигъашхэ-уихуапэу, узыхуей ухуимыгъэныкъуэу. Анэм и Iэхэр къодэхэщIамэ, шынагъуэ псори пщхьэщыкI къыпфIощI, уи гур мэпсэху, IэфIу уожей. Мы дуней псор къызэхакIухьамэ, уи анэм хуэдэ ямыгъуэтын къыпфIощI, урогушхуэ, уогуфIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
Къарэнашэ Марусэ Хьэжджэрий и пхъур илъэс 85-рэ зэрырикъуамкIэ дохъуэхъу
2019-07-02
-
- ФIыуэ тлъагъу, зыпэтщI щымыIэ ди анэ, анэшхуэ гумащIэ! Дынохъуэхъу уи ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъуамкIэ!
- Уи узыншагъэр мыкIуэщIу, дэрэжэгъуэ уиIэу, гъащIэм и IэфIыгъэ псори зыхэпщIэу, нанэ жьыщхьэ махуэ къыпхужаIэу куэдрэ укъытщхьэщытыну ди гуапэщ. Илъэсищэ ущрикъур дгъэлъэпIэну, дунейм тет фIыгъуэм ущымыщIэну Тхьэм жиIэ!
-
- Уи бынхэмрэ къуэрылъху-пхъурылъхухэмрэ.
Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу
Уэзырат Тхьэм быну къызитар
2019-07-02
- Бицу Анатолий, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ
-
- Уэзырат сэ сиIар гурыфIыгъуэу,
- Уэзырат Тхьэм быну къызитар.
- Семыхъуапсэу зыми, семыфыгъуэу
- Сэ уэрат дунейм сыщIытетар.
-
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-07-02
- КъытщIэхъуэ щIэблэр псэукIэ узыншэм, спортымрэ физическэ щэнхабзэмрэ хуэущииным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Псом хуэдэжкъым а къалэныр мы зэманым — хъыбарегъащIэ Iэмэпсымэхэм заужьауэ псори Интернетымрэ телефонымрэ «къимыкIыу щис» лъэхъэнэм. Иорданием щыщ адыгэ щIалэ Хьэгъундокъуэ Елдар КъБКъУ-м спортымкIэ факультетыр къиухащ. Илъэситху ипэкIэ Налшык къэIэпхъуащ и унагъуэр и гъусэу. А зэманым къриубыдэу ныбжьыщIэ куэд спортым хуигъэсащ, нобэр къыздэсми абы и лъэныкъуэкIэ щIэблэм лэжьыгъэшхуэ ядрегъэкIуэкI икIи и гъэсэнхэм къахэкIащ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьахэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
Европэм и Кубокым щIэбэну
2019-07-02
- Оренбург дэт «Оренбуржье» спорт комплексым щекIуэкIащ дзюдомкIэ Европэм и Кубокыр къэхьыным ехьэлIауэ 2005 — 2006, 2007 — 2008 гъэхэм къалъхуахэм я зэхьэзэхуэ.
- Зэпеуэм хэтащ Урысейм и къалэ 41-м, Къэзахъстаным, Таджикистаным, Къыргъызстаным, Куржым, Азербайджаным къикIа спортсмен 500-м щIигъу.
- 2005 — 2006 гъэхэм къалъхуахэм я гупым щыбэна хьэлъагъым япэ увыпIэр щиубыдащ Къумыкъу Астемыр. Къущхьэ Тамерлан етIуанэщ, Шыгъушэ Артуррэ Беслъэней Идаррэ жэз медалхэр къахьащ.
- 2007 — 2008 гъэхэм къалъхуахэм я деж дыщэ медалыр щызыIэригъэхьащ Беслъэней Дамир.
- Спортсменхэр ягъасэ Урысейм спортымкIэ и мастер Иванов Дмитрийрэ Апхуд Анзоррэ.
- МЭЗКУУ Къанщобий.
Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр
|