КIыщокъуэ Алим ягу къагъэкIыж
2019-07-23
- Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэсищэрэ тхурэ зэрырикъум и щIыхькIэ пэкIу щекIуэкIащ абы и фэеплъым деж. КIыщокъуэ Алим и цIэр зезыхьэ уэрамым тет Налшык къалэ администрацэм и гупэм къит фэеплъым деж щызэхуэсат жылагъуэ, политикэ Iуэху зезыхьэхэр, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэр, лъэпкъ интеллигенцэр, усакIуэм и благъэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр.
- Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. Абы жиIащ КIыщокъуэ Алим и IэдакъэщIэкIхэм адыгэ, къэралпсо, дунейпсо литературэхэр нэхъри зэрагъэбеяр, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа тхакIуэм къыщIэнахэм яIэ щIэупщIэм нэхъри зэрыхэхъуэр, и тхыгъэ телъыджэхэр ди зэманым зэрыпэджэжым къыдэкIуэу, блэкIари къэкIуэнури къызэрыщигъэлъэгъуар, абыхэм зыхуэзыгъазэхэм дерс къызэрыхахыр. Министрыр кIэщIу къытеувыIащ усакIуэшхуэр къызэралъхурэ илъэсищэрэ тхурэ зэрырикъум и щIыхькIэ зэхыхьэ нэхъыщхьэхэр ирагъэкIуэкIыну зэраубзыхуам. Апхуэдэу къигъэлъэгъуащ усыгъэмкIэ «Всадник чести» дунейпсо фестивалыр, зэхыхьэ щхьэпэхэр, гъэщIэгъуэнхэр къызэрызэрагъэпэщынур.
- — Ди республикэми Москваи мыхьэнэ, жэуаплыныгъэ ин зыпылъ къэрал къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэм щыпэрыта, зи тхыгъэхэм дуней псом щIэупщIэ щаIэ КIыщокъуэ Алим дэнэ щIыпIэ щымыIами, къыщалъхуа щIыналъэм, зыхилъхьэ щымыIэ, усэ куэд зытриухуа Щхьэлыкъуэ къуажэм и гур хуэпабгъэу къекIуэкIащ. УсакIуэр гукIи псэкIи и Хэкум хуэлэжьащ икIи хуэпэжащ, хуей щыхъуми къыщхьэщыжащ, — жиIащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и тхьэмадэ Беппаев МутIэлип.
- КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI ХьэIупэ ДжэбрэIил кърихьэлIахэм ягу къигъэкIыжащ «Нал къута» романыр дунейм къытехьа нэужь, тхакIуэр зыпхыкIа гугъуехьхэр. Абы и псалъэм къыхигъэщащ КIыщокъуэм и лэжьыгъэхэм композиторхэми уэрэджыIакIуэхэми гулъытэ зэрыхуащIар, абы и псалъэхэр зыщIэлъ «На мою ладонь садитесь, птицы» усэм Жырыкъ Зауррэ Тут Зауррэ мамырыгъэм, щIыхьым, хуитыныгъэм я гимн къызэрыхащIыкIар, «Телъхьэ уанэр си шым», нэгъуэщI и уэрэдхэр цIыхубэм фIыуэ зэралъэгъуар. ХьэIупэм жиIащ ар щыпсэуа унэр зэрагъэпэщыжыну, тхакIуэм и тхыгъэхэм куэдрэ узыщрихьэлIэ, адыгэхэм я дамыгъэу къекIуэкIа кхъужьей жыгри абы щагъэтIысыну зэрихъуэпсапIэр.
- — Ди республикэм ис лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъри зыгъэбыдахэм ящыщщ, илъэс пщIы бжыгъэхэмкIэ зи цIэ зэпыщIауэ къекIуэкIа, адыгэ, балъкъэр литературэхэм я классик КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ. Ар щыхьэт тохъуэ усакIуэшхуэхэм лъэпкъ зэхэгъэж ямыщIу, щалъхуа щIыналъэм щыпсэухэр ялъытэу, фIыуэ ялъагъуу зэрыщытам, — жиIащ тхылъ тедзапIэм и унафэщI, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм хэт Котляров Виктор.
- КъБР-м цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис жиIащ и цIыхугъэу щыта КIыщокъуэ Алим Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэр жыжьэ зэрыщигъэIуам зэрыригушхуэр, абы и псалъэми и щхьэми сыт щыгъуи пщIэ иIэу, щапхъэу, хузэфIэкIымкIэ куэдым дэIэпыкъэгъу яхуэхъуу, хуэгуапэу къызэрекIуэкIар, «Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» щIыхьыцIэр къыщыхуагъэфэщам, республикэм ис лъэпкъ псоми я зэхуэдэ махуэшхуэу а гуфIэгъуэр зэрызэдагъэлъэпIар.
- — КIыщокъуэм и тхыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэжащ лъэпкъ тхыдэр, Хэку лъагъуныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ я уасэр. Абы и лэжьыгъэхэм удихьэхыу къыхощыж республикэм щыпсэу лъэпкъхэм яку дэлъ зэхущытыкIэ, хабзэ дахэр, — жиIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. — КIыщокъуэм лъэпкъым къытхуищIар псалъэкIэ къэIуэтэжыгъуейщ. УсакIуэм и фэеплъыр зыщыдмыгъэгъупщэу, къытхуигъэна лэжьыгъэхэм захуэдгъазэу, и пщIэр дымыгъэкIуэду, и дуней тетыкIам дыхуэфащэу, щIэблэр абыхэм щIэтпIыкIыу, нэгъуэщI лъэпкъхэм дадэгъуэгурыкIуэфу, къытхуигъэна щIэинхэм пызыщэфын лъэпкъыу Тхьэм дигъэпсэу!
- КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Тхьэгъэзит Юрий къыхигъэщащ, гъэ къэси хуэдэу, цIыхубэм зэпымыууэ ящIыгъу усакIуэшхуэр къыщалъхуа, дунейм щехыжа махуэхэм ирихьэлIэу ягу къызэрагъэкIыжыр, псалъэ гуапэхэр зэрыхужаIэр зэрыуасэншэр, абы и IэдакъэщIэкIхэм гупсысэ куу зэращIэлъыр, адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуищIар.
- ЗэIущIэм къыщыпсэлъахэр къеджащ КIыщокъуэ Алим и Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщу нэхъыфIу ялъагъу усэхэм икIи къыхагъэщащ абы и тхыгъэ купщIафIэхэр дунейпсо классикэ литературэм и фIыпIэу къызэралъытэр, и лэжьыгъэхэм я щIэупщIэм кIуэ пэтми хэхъуэурэ зэрыкIуэнур.
- Щхьэлыкъуэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къуныжь Хьэчим кIэщIу къытеувыIащ КIыщокъуэ Алим пщIэ ин зэрыхуащIым, и щIэинхэм зэрыригушхуэм икIи республикэм исхэр къыхуриджащ цIыхубэ усакIуэр зыщамыгъэгъупщэну. Абы зэхуэсахэр тхакIуэр къыщалъхуа я жылэм иригъэблэгъащ, зэхыхьэм щыпащэну.
- ПэкIур къызэзыгъэпэщахэмрэ абы зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ КIыщокъуэхэ я лъэпкъым къыбгъэдэкIыу фIыщIэ яхуищIащ КIыщокъуэ Юрий.
- ЗэIущIэр и кIэм щынэблагъэм, Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я республикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье игъэхьэзыра ныбжьыщIэхэр КIыщокъуэ Алим и усэхэм удихьэхыу къеджащ, тхакIуэм и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ, абы и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэм щIэту.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.
- Сурэтхэр Елъкъэн Артур трихащ.
- Щхьэлыкъуэ щагъэлъапIэ
- Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, КъБАССР-м и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ, илъэси 105-рэ зэрырикъур Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм щагъэлъэпIащ.
- Зэхыхьэм кърихьэлIат КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Беппаев МутIэлип, тхакIуэр зыцIыхуу щытахэр, абы и IэдакъэщIэкIхэр гунэс зыщыхъухэр, къуажэдэс нэхъыжьхэр, ныбжьыщIэхэр. КIыщокъуэм и кхъащхьэм удз гъэгъахэр тралъхьа нэужь, гупым хэтхэр кIуащ абы и цIэр зэрихьэу Щхьэлыкъуэ дэт курыт еджапIэ №2-м икIи Алим и музейм зыщаплъыхьащ. Абы щIэлът усакIуэм къигъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэм щыщхэр, и Iэрытххэр, и тхылъхэр.
- Къызэхуэсахэм иужькIэ школым и залышхуэм гуфIэгъуэ зэхыхьэм щыпащащ. Абы къыщыпсэлъащ къуажэ администрацэм и тхьэмадэ Къуныжь Хьэчим. Абы къыхигъэщащ КIыщокъуэм къигъэна лъэужь дахэр зы адыгэ дунейм тетыху зэрымыкIуэдыжынур, ар къуажэдэсхэми я напщIэм телъу зэрыщытыр.
- Шэджэм щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Iэрыпщэ Жаннэ жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэр дуней псом щызыгъэIуа усакIуэш-хуэу тIу я районым къызэрыщалъхуар. Ахэр КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэщ. «Абыхэм я вагъуэр ноби щоблэ уафэгум. МыкIуэдыжынщ абы къытхуагъэна лъэужь дахэр», — жиIащ абы.
- Къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ а еджапIэм и унафэщI Хъутат Луизи. «Дуней псом къыщацIыху усакIуэ цIэрыIуэм и цIэр ди еджапIэм зэрызэрихьэм дрогушхуэ. Лъэпкъым хуэщхьэпэн цIыхушхуэ куэд ди еджапIэм дяпэкIи къыщIэкIыну ди хъуэпсапIэщ», — къыхигъэщащ Хъутатым.
- Пшыхьым еджакIуэ цIыкIухэр КIыщокъуэм и усэхэм къыщеджащ, абы и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэд цIэрыIуэхэм къызэхуэсахэр ирагъэдэIуащ.
- Уэркъ Жыраслъэн.