ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2019

КIуэкIуэ Казбек къипщытащ гъуэгущIэхэр, транспорт зэхэкIыпIэхэр зэращIыр

2019-07-18

  • Лэжьыгъэ IуэхукIэ Дзэлыкъуэ, Прохладнэ районхэр къыщызэхикIухьым КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек къипщытащ республикэм и жылагъуэхэр зэпызыщIэ гъуэгущIэхэмрэ транспорт зэхэкIыпIэхэмрэ зэращIыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-07-18

  • Бадзэуэгъуэм и 18, махуэку
  • Манделэ Нельсон и дунейпсо махуэщ. 1918 гъэм къалъхуащ цIыхум и хуитыныгъэхэр къызэпамыудыным и бэнакIуэ лъэщ, ЮАР-м и президенту щыта, Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща Манделэ Нельсон.
  • УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я хозяйственнэ IэнатIэм пэрытхэм я махуэщ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Беслъэней жылэм и блэкIамрэ и нобэмрэ

2019-07-18

  • Иужьрей илъэсхэм тхыдэджхэм, лъахэхутэхэм къэралым и къалэхэм, къуажэхэм я тхыдэр джыным нэхъ жыджэру гулъытэ хуащI хъуащ. Жылагъуэ щхьэхуэхэм я къекIуэкIыкIар зэхуэхьэсыжынымкIэ, ар утыку къихьэжынымкIэ Iуэхугъуэ пыухыкIахэр щызэфIагъэкIащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэми. Апхуэдэ зы лэжьыгъэшхуэщ иджыблагъэ абы къыщыдэкIа «Аул Бесланей. История и современность» тхылъыр. Ар и IэдакъэщIэкIщ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэрэшей-Шэрджэс институтым тхыдэмрэ археологиемкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ пажэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Къардэн Асият.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

ГурыщIэ къабзэхэм я пащтыхь

2019-07-18

  • Балъкъэр усакIуэ телъыджэ Зумакуловэ Танзиля нобэ илъэс 85-рэ ирокъу
  • Псом япэ ит
  • Балъкъэр усакIуэ Зумакуловэ Танзиля Iуащхьэмахуэ районым хыхьэ Гирхожан жылэм 1934 гъэм бадзэуэгъуэм и 18-м къыщалъхуащ. Абы и сабиигъуэр зауэ нэужь лъэхъэнэм ирихьэлIати, а зэманым и гугъуехь псори игъэващ. 1940 — 1944 гъэхэм ар щеджащ къуажэм дэт пэщIэдзэ еджапIэм. АдэкIэ щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным щыпищар балъкъэр лъэпкъыр здаша Къыргъызращ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-07-18

  • 1 КъБР «Мир» канал
  • Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 22
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.35 Утыку». Балъкъэр усакIуэ Мечиев Кязим къызэралъхурэ илъэси 160-рэ ирокъу (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.15 «ПщIэну щхьэпэщ» (адыгэбзэкIэ (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Социалист лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 105-рэ щрикъум ирихьэлIэу. «Ди кхъужьеижьыр гум ихуакъым» (адыгэбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

УадыгэлIкъэ уэ, Чылар, уадыгэлIкъэ…

2019-07-18

  • Шортэн Аскэрбий щыхьэт тохъуэ
  • Къэбэрдей литературэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ къыщыхъуащ 1954 гъэм — дунейм къытехьащ Шортэн Аскэрбий и «Бгырысхэр» тхыдэ романым и япэ тхылъыр. Роман-эпопеем (тхылъиплI мэхъу) къызэщIеубыдэ XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ 1870 гъэхэм нэс.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Псори  иропIейтей

2019-07-18

  • ПлъэкIмэ, уемыфыгъуэ Кавминводхэм. Зэгуэр къалэ-курорту зиужьын хуейуэ ягъэбелджылыуэ, IуэхуфI куэди совет зэманым щащIа Налшык ущыщу пхузэфIэкIынукъым ди къалащхьэмрэ Кавминводхэмрэ я нобэрей махуэр зыхуэдэр зумыгъэпщэн. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэдкIэ яужь дыкъинащ, далъэщIэмыхьэжыфынри хэлъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

Бзылъхугъэ  гъащIэ  мащIэхэр

2019-07-18

  • ЦIыхур щылэжьэф ныбжьым ит бзылъхугъэхэм щыщу дэтхэнэ еплIанэри зэрылIыкIыр лышх узыфэхэрщ (процент 23,8-рэ), апхуэдизым нэс (процент 22,9-рэ) лъынтхуэ узыфэхэм яукI, процент 19,2-р — машинэ зэжьэхэуэм хэкIуадэхэмрэ, зызыукIыжхэмрэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэрал Iуэху

Зэныбжьэгъугъэр я  гъуазэу

2019-07-18

  • «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Анжи» (Мэхъэчкъалэ) — 1:1 (0:0). Налшык. «Спартак» стадион. Бадзэуэгъуэм и 16-м. ЦIыху 400 еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол