ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адрей щIыналъэхэм  я  дежкIэ щапхъэщ

2019-07-23

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуащ УФ-м щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Кобылкин Дмитрий.

  • Бысымхэмрэ хьэщIэ лъапIэмрэ япэщIыкIэ щыIащ Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Жэмтхьэлэ Ищхъэрэ къуажэм дэт псыгуэн зыбжанэм къегъэщIылIа IуэхущIапIэм.
  • Кобылкин Дмитрийрэ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ а щIыпIэм къыщызэрагъэпэща IуэхущIапIэм и ухуэныгъэхэр къаплъыхьащ. ЛIыщхьэхэм ящIыгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, республикэм щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильяс, Налшык къэрал опытнэ-щакIуэ хозяйствэм (ГООХ) и унафэщI Сыжажэ Хьэсэн сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • Республикэм и щакIуэ хозяйствэм, зэрыщыту къатщтэмэ, гектар мин 250-м нэблагъэм зыщиубгъуащ, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щиIэ и щIыгум губгъуэ бабыщи мэз джэди къыщагъэхъу фермэрэ инкубатору зыбжанэ итщи, абыхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ. ЗэкIэлъхьэужьрэ дзэл дахэхэмкIэ къэухъуреихьыжа псы итыпIэхэр илъэс бжыгъэ ипэкIэ къагъэщIэрэщIэжащ Налшык къэрал опытнэ щакIуэ хозяйствэм (ГООХ) и лэжьакIуэхэм.
  • ЩакIуэ хозяйствэм и иубыдапIэхэм (вольерхэм) 2019 гъэм и накъыгъэ мазэм япэ дыдэу къыщрагъэшащ Кавказ Ищхъэрэм фIэкIа нэгъуэщI зы щIыпIи узыщримыхьэлIэ мэз джэд лъэпкъыгъуэм щыщу щэ бжыгъэхэр. Ар икъукIэ ехъулIэныгъэшхуэу къэлъытапхъэщ. Сыту жыпIэмэ, щIыуэпсым щхьэхуиту щыпсэу зи гугъу тщIы лIэужьыгъуэр абы япэкIэ иратхауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Ингуш, Шэшэн республикэхэми я Тхылъ Плъыжьхэм.
  • ЛIыщхьэхэм а махуэм зыщагъэгъуэзащ Жэмтхьэлэ ибгъукIэ къыщызэрагъэпэща IуэхущIапIэм губгъуэ бабыщрэ мэз джэду пщIы бжыгъэхэр къызэрыщIаутIыпщыкIам, ахэр щIыуэпсым щхьэхуиту щыпсэуну, щыбэгъуэну зэрыхаутIыпщхьам.
  • — Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зэрыщыту къатщтэмэ, щакIуэ-опытнэ хозяйствэхэм я бжыгъэр, арэзы дыкъамыщIу, щымащIэщ УФ-м. Абы къыхэкIыуи, дэркIэ лъапIэщ, мыхьэнэшхуи зиIэщ Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI, щIыуэпсым щыкIуэдыжыпэным нэса псэущхьэхэмрэ джэдкъазхэмрэ я бжыгъэр зэтегъэувэжыным, хэгъэхъуэным, я гуи я пси етауэ, яужь ит IэщIагъэлIхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр дэгъуэу фыкъызэрызэгъэпэщар. Нобэ мыбдежым щытлъагъур къэралым и адрей щIыналъэхэм я дежкIи щапхъэщ, биологие зэмылIэужьыгъуагъэр хъумэнымкIэ IэмалыфIхэр зэрыщыIэм теухуауэ, — къыхигъэщащ Кобылкин Дмитрий.
  • ИпэжыпIэкIэ, ди республикэм щакIуэ Iуэхум хухаха и щIыпIэхэр я инагъкIэ, Кавказ Ищхъэрэм и адрей щIыналъэхэм елъытауэ, щынэхъыбэ дыдэщ. Абы къыхэкIыуи, хьэкIэкхъуэкIэ, губгъуэ бабыщ, мэз джэд хуэдэхэм я бжыгъэр щызэтегъэувэжынымкIэ, абыхэм ящыщу щэ бжыгъэхэр щIыуэпсым щхьэхуиту хэутIыпщхьэжынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и зэфIэкIыр зэрылъагэри, къэралым и щакIуэ хозяйствэм 2030 гъэм нэсыху зэрызиужьыну стратегием къыщыгъэлъэгъуа пщалъэхэр ди республикэм зэрыщахуэгъэзэщIэнумкIэ шэсыпIэ уихьэ зэрыхъунури къыжиIащ хьэщIэ лъапIэм.
  • А махуэ дыдэм Кобылкин Дмитрийрэ КIуэкIуэ Казбекрэ республикэм и мэзхъумэ IэнатIэм и къудамэхэм я унафэщIхэм иратащ мэзым и щытыкIэр щIэпщытыкIынымкIэ, къыщыхъу мафIэсхэр щыгъэункIыфIынымкIэ сэбэп хъуну техникэщIэ зэмылIэужьыгъуэу 16. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыIэрыхьащ «Экология» лъэпкъ проектым и зы Iыхьэу щыт «Мэзхэр къегъэлын» программэр зэрагъэзащIэм ипкъ иткIэ.
  • Илъэс куэд хъуауэ иджы япэу, транспорт хэхар ди щIыналъэм къыIэрохьэ, федеральнэ бюджетым и мылъкукIэ къащэхуауэ. ТехникэщIэр къуакIэбгыкIэхэ-ми гъурц зэхэкIэжахэми зэрыпхыкIыфым къыхэкIыу, мэзхэм мафIэс къыщыхъу   и щIыпIэхэм псынщIэу нэсыфынущ.
  • — Президентым и накъыгъэ унафэм белджылы къытщищIахэм дригъуазэкIэрэ, 2024 гъэр къихьэху дэ къэрал псом щызэдгъэпэщын хуейщ мэзхэм къыщыхъу мафIэсхэм дазэрыпэлъэщын техникэщIэу зи бжыгъэр минихым нэблагъэ. 2019 гъэм и закъуэ дэ къытхуащэхунущ нэхъапэм ди мурадам нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъыбэ. Машинэхэр псори Урысейм щащIащ. Догугъэ ахэр щIыналъэхэм щIэгъэкъуэныфI яхуэхъуну, — къыпищащ и псалъэм Кобылкин Дмитрий.
  • — Къэбэрдей-Балъкъэрым лъэпкъ проектхэр щагъэзащIэ. Къыхэгъэщыпхъэщ экологием пыщIа Iуэхухэм ди щIыналъэм дежкIи мыхьэнэшхуэ зэраIэр. ТехникэщIэ къызэрытIэрыхьэр, республикэм биологие зэмылIэужьыгъуагъэр хъума хъуным хуэлажьэ проектхэр дгъэзэщIэнымкIэ щIэгъэкъуэныфI фызэрыхъур нобэ дывгъэлъэгъуащ. ДыщIызэхуэза унэтIыныгъэм а Iуэхум нэхъри зэрызригъэужьынум шэч хэлъкъым, — къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
  • 2024 гъэр къэсыху республикэм, псори зэхэту, къыIэрыхьэнущ зи гугъу тщIы техникэм хуэдэу 60-м нэблагъэ. Дызэрыт илъэсым и гугъу тщIымэ, ар иухыху, КъБР-м апхуэдэ машинэу иджыри 19 къыхуаутIыпщынущ.
  • КЪУМАХУЭ  Аслъэн.