ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Си адэм и макъ  къыхоIукI

2019-07-23

  • Ди адэ-анэм насыпыфIэу илъэс 62-рэ къызэдагъэщIащ. ЛъэныкъуэкIэ укъыщеплъмэ, къыпщыхъункIэ хъунут зи дуней еплъыкIэрэ зи хабзэрэ зиIэж лъэпкъ зырызым къыхэкIахэм я нэчыхьыр быдэ мыхъуну. Ди адэр илъэс 24-рэ, ди анэр — 20 щыхъухэм зэпызыщIа гурыщIэ къабзэм гъащIэ кIыхь къыщIэлът. Сыт хуэдизу къабзэу щытын хуейт атIэ а гурыщIэр, зауэми, гъащIэм къахуигъэува адрей гъэунэхупIэ гугъухэми гурэ-псэкIэ зэщIыгъуу пхыкIыфын папщIэ?! ГъащIэм и бэIутIэIу псоми пэлъэщащ а тIум я гурыщIэр. Гухэлъ къабзэрэ пэжыгъэрэ лъабжьэ зыхуа-щIа унагъуэм къихъуа бын- хэр псэ хуабагъэ зэи дыщыщIакъым, сыт и лъэныкъуэкIи адэ-анэм я лъагъуныгъэм дыкъихъумэрт. Ди адэр дунейм ехыжа нэужь, ди анэм къызитыжауэ щытащ абы и Iэрытххэр щызэхуэхьэса, зэманым фагъуэ ищIа папкэ Iувышхуэр. Абы дэлът щызэрыцIыхуа махуэм къыщыщIэдзауэ ди адэм ди анэм къыхуигъэхьа письмохэр. Абы сыкъеджэжыху, си тхьэкIу-мэм къоIуэ си адэм и макъыр, абы и псэлъэкIэр, и гушыIэ- кIэ дахэхэр, адыгэ лъахэм ехьэлIа хъыбархэр. Хэку зауэшхуэм щыгъуэ си анэмрэ си шыпхъу нэхъыжь Татьянэрэ къахуигъэхьа тхыгъэхэм седжэжмэ, къызгуроIуэ ди адэм псалъэ хуабэкIэ а тIум зэрахуэсакъыфар. АдэкIи, дунейр мамыр хъужа нэужь, Налшык икIыу командировкэ жыжьэхэм щыкIуэхэм къытхуитхауэ щытахэм яхэлъ лъагъуныгъэр си гум щыкIуэщIыркъым.

  • 1945 гъэм, зауэр щиухам, си адэр Прибалтикэ фронтым майору щыIэт. «Бгыщхьэ хужьым укъеплъыхмэ» автобиографическэ повестым абы щетхыж Сальск бжьэпэм къыщыщIэдзауэ Кёнигсберг нэсыху къикIуа и зауэ гъуэгуанэр. Нэхъапэм ар саперу, иужькIэ дзэ корреспонденту щытащ. Ажалымрэ зауэлIымрэ зы лъэбакъуэ фIэкIа ямызэхуакуу псэзэпылъхьэпIэ сыт хуэдизрэ ар ихуа, сыт хуэдиз гугъуехьи игъэвын хуей хъуа — абыхэм зэи и гугъу ищIакъым. Ауэ 1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 2-м къигъэхьа тхыгъэм и гугъу щищIырт апхуэдиз укIыгъэрэ лейрэ зылъэгъуам зыхищIахэм ящхьэж зы Iуэхугъуэ. КъызэрысщыхъумкIи, ар абы имытхыжыни хузэфIэкIынутэкъым. Зауэм къригъэха тхыгъэхэмкIэ пхуэгъэнэIуэжынукъым абы зэпича гъуэгуанэр зыхуэдэр, зауэм и кIэуххэрщ ар здэ-                   щыIэ щIыпIэхэр нэхъ къыщигъэлъагъуэ хъуар:  Кёнигсберг, иужькIэ Либавэ, Ригэ къритхыкIахэм здэщыIар итщ. А къалэм къригъэха телеграммэм «СынокIуэж» — зы псалъэрт итар…  
  • КIыщокъуэ Еленэ.
  • Фронтым къикI тхыгъэхэр
  •  Япэ письмо
  • Уузыншэм, Надеждэ!
  • Сыныпхуэтхэну сыщыхуэхъухэм деж а Iэмалыр зыIэщIэзгъэкIыркъым. Куэди щIакъым сынызэрытхэри, иджыри, мис, сыщысщ. Сэ сыфIщ, сыузыншэщ. Газетыр зэпыу имыIэу къыдыдогъэкI, псори хъарзынэу йокIуэкI. Сэр щхьэкIэ уэ зэи умыгузавэ, зэзэмызэххэщ щытыкIэ гугъу сыщихуэр. Сэ къызжаIэ ди хъыджэбз цIыкIур нэхъыфI зэрыхъужыр, абы хуабжьу сыщогуфIыкI. Ирехъуж нэхъ псынщIэу. А цIыкIур хуит-къым сымэджэну — уставым иткъым апхуэдэ. И унафэщIхэм хуит дымыщIарэ къыдэмыдаIуэу сымэджэныр къыщыхилъхьакIэ, тIэкIуи детхьэкъун жызоIэ.
  • Иджыблагъэ ахъшэ тIэкIу нэзутIыпщащ, иджыри незгъэхьынущ, ауэ зэкIэ къысIэрыхьакъым. Ауэ уэ гъатхэмрэ щIымахуэмрэ фIыуэ зыхуэгъэхьэзыр. (Сэ езыри гъатхэм сынэкIуэжынкIэ хъунщ). Мыщэр пщIэркъэ, мэзым губзыгъэу зэрыщыпсэур — гъэмахуэ псом мэгъэтIылъэ, къыкIэлъыкIуэну илъэсым мымэжэлIэн хуэдэу. Уэри апхуэдэу щIыи, ущыуэнкъым. ГъэтIылъыгъэм уи жыпыр иугъуэнкъым, ахъшэ къыбжиIэркъым. Мэлыл бгъуэтмэ, къэщэхуи гъэгъу. Уэ пщIэжынщ нэхъыфI зэрыхъунур. ИтIанэ, адыгэхэм кхъуей ягъэгъу. Апхуэдэ къэпщэхуакъэ? Уэ пщIэрэ ар куэдрэ зэмыкIуэкIыу зэрыщылъыр? Апхуэди зэгъэпэщ.
  • Хъунщ, ерыскъы гугъур къэдгъэнэнщ. Уэ, зэрыхъукIэ, яужь ит сэ стеухуауэ нрагъэхь сомыр бадзэуэгъуэм, шыщхьэуIум нэхъ фIэмыкIыу зы- Iэрыбгъэхьэну. А зэманхэращ гъэ  псор  зэрипхыну ерыскъыр щызэбгъэпэщыфынур. Уигу игъэлъ.
  • Иджыблагъэ сэ зы щIыпIэ гуэрым сыщыIащ. Зэи срихьэлIакъым апхуэдэ нэщхъеягъуэ. Нэмыцэхэм зэтраукIащ жылэдэс, мамыру псэу ди цIыхухэр. Абыхэм яхэтт сабийхэри. Сэ слъэгъуащ цIыхубз щIалэ дыдэм и пхъум и Iэпкълъэпкъ цIыкIухэр зэхуихьэсыжу, абы къилъыхъуэрт а сабийм и Iэ лъэныкъуэ цIыкIур, ауэ игъуэтыжакъым. НэгъуэщI зыгуэрми и дэлъху цIыкIум и хьэдэр апхуэдэу зэхуихьэсыжырт. Апхуэдэурэ псоми я хьэдэ къупщхьэхэр къащыпыжырт. Ар сыту гуузт. Мыпхуэдэ гуауэр цIыхум щыгъупщэну? Зэи щыгъупщэнукъым.
  • Уэ унасыпыфIэщ, си дахэ, апхуэдэ гуауэ умыгъэвам и мызакъуэу, икIи плъэгъуакъым. Согугъэ икIи апхуэдэ игъащIэкIэ уи нэгу щIэмыкIыну.
  • ЗэкIэ хъунщ, узыншэу!
  • Алим.
  • ППС1580
  • п/я №1 политотдел
  • 2.7.42 гъэ
  • P.S. СагъэлъапIэу тыгъэ къысхуащIа щIыхь тхылъыр ныпхузогъэхь, хъумэ ар.
  • Бгъуэтынумэ, письмо щимэм дэлъу, тутыныр зыкIуэцIашыхь тхылъымпIэм хуэдэ къысхуегъэхь.
  • ЕтIуанэ Письмо
  • Уузыншэм, Надя!
  • Уи тхыгъитI къысIэрыхьащ. Хуабжьу сыщыгуфIыкIащ хадэ зехьэным узэрегугъум. Тэмэму уощIэ. Мы гъэр, ди жагъуэ зэрыхъущи, ерыскъыпхъэкIэ егъэлеяуэ гугъуу щытынущ, аращи, уи къарум къихьыху лажьэ. Сэ сыбдэIэпыкъунщ сомкIэ. Мы мазэм икухэм аттестат нэстхынщ.
  • Сэ сыфIщ, сыузыншэщ. Уэ Кулиевым зыхуэбгъэгусащ госпиталым сызэрыщIэлъыр нызэритхам папщIэ. Сэ абы сыщIэхуэнкIэ мыхъуну уогупсысри аращ. Иджы, си щэхур къыщыщIэщакIэ, бжесIэнщ фронтым сызэрыIухьэрэ госпиталым тIэуней-рэ сыщIэлъын хуей зэрыхъуар — щIышылэмрэ мэлыжьыхьымрэ. Сэ ар ныпхуэстхыну сыхуеякъым.
  • Уэ уощIэ сэ си гъащIэ еплъыкIэмрэ си хьэлымрэ.
  • Мыгувэу си гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ гуэр къыщыхъуну къыщIэкIынщ, ауэ сэ абы си гур фIы къищIыркъым.
  • Михай зэрыпсэур, зэрыузыншэр егъэлеяуэ си гуа- пэщ, ауэ зауэр къызэрыхъейрэ зы тхыгъэ кIапэ къысIэригъэхьакъым. Ар си жагъуэ сщIыркъым — езыми щыму сыподжэж. Зауэр иухрэ сынэкIуэжыну си насып къихьмэ, сэ абы хуэфащэу сетхьэкъужынкъэ.
  • Си жагъуэ хъуащ Дугоевыр. Зауэм хэтакъым, ауэ хэкIуэдащ. Ар гуауэщ. Зауэм ущыхэкIуэдэну ухуитщ, тылым хъунукъым…
  • Уэ зыри къысхуэптхатэ-къым ЩоджэнцIыкIум теухуауэ. Ар апхуэдэу хэкIуэдар пэжмэ… Къэбэрдей литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъар мыпсэужмэ, утемыукIытыхьу ди литературэм зи цIэ къыщипIуэн пашэ щыIэжкъым. Ар ди щIыпIэ унафэщIхэм зыкIи яхуэбгъэгъу хъунукъым. ЛъэпкъылI пажэу диIэр дыгъужьхэм иратри ирагъэшхащ. Напэ зезыхьэу яхэтыр мащIэщ!
  • Уэ къысхуэтх, къэбэрдей газетым и редакторыр хэтми, хъумэ, хуезгъэхьынщ си тхыгъэ. Ар зы щхьэгъэуз гуэру щымытмэ.
  • Керим нэкIуэжауэ къыщIэкIынщ. Плъагъумэ, схущIэупщIэж. НэкIуэжамэ, Iэмал имыIэу ныхуэстхынщ.
  • ЗэрыжыпIэмкIэ, ди хъыджэбз цIыкIур къэжэпхъащ. Ар сыту фIы. Сэ абы къызэрымыкIуэу сыщогуфIыкI. И адэм игу зэрилъым хуэдэу, езыми и адэр щремыгъупщэ.
  • Абы ныхузогъэхь адакъэм теухуа си рассказыр.
  • Мыдрей си рассказхэри сыхуейт уэ ныпхуезгъэхьыну, ауэ нэсыну пIэрэ уи деж. Усэ куэди стхауэ сиIэщ. Уэ уи деж ахэр нэхъ хъума щыхъунт, ауэ ныпIэрымыхьэу кIуэдынкIэ сошынэ. Си лэжьыгъэхэр кIуэдмэ, гугъуехьыр псыхэкIуадэ хъунущ, щIэрыщIэу къыщIэздзэжын хуейуэ.
  • ЩIэх-щIэхыурэ къатхэ, нэхъыбэми я гугъу къысхуэщI.
  • Р.S. Цагъуэр дауэ щыт? Псэумэ, узыншэмэ, сэлам схуехыж. Сэ абы щхьэхуэу сыныхуэтхэнщ.
  • Хъунщ, къыздалъхуахэми, псоми сэлам схуехыж.
  • Алим.
  • 2.06.43 гъэ
  • Ещанэ письмо
  • Уузыншэм, Надя
  • КъысIэрыхьащ уи тхыгъэмрэ газетхэмрэ. Егъэлеяуэ псом щхьэкIи фIыщIэ пхузощI. Хуабжьу си гуапэщ, сынызэролъэIуу хъуар зэрыбгъэзащIэм папщIэ. Уэ уи фIыгъэкIэ абыкIэ къыщекIуэкIыу хъуам сыщыгъуазэщ. ГуфIэгъуэшхуэщ ди хъыджэбз цIыкIур зэрыузыншэр, тэмэму зэрызиужьыр. Уэ псори тэ-   мэму, фызыхуэныкъуэ щымыIэу къыщыптхкIэ, сыт хуэдэу сыфхуэмызэшми, гукъыдэж согъуэт. Сэ сощIэ сы- щынэкIуэжынур тIуми къыфхуэмыгъэсу фыкъызэрызэжьэр.
  • Уи тхыгъэм сыкъыщеджащ конкурсыр адэкIэ зэрадзам. Ар сэркIэ фIыщ. АпщIондэху зыгуэр стхыну хьэзыр сыхъу-ну къыщIэкIынщ. ЩIэщыгъуэу зы ныкъуэтх гуэр сиIэщ. Ауэ… тхыгъэ лъэщ къэбгъэщIын папщIэ, уи гупсысэр хьэзаб гуэрым пхыкIын хуейщ. Мыр сэ си фIэщу жызоIэ. ЦIыхум псэкIэ зыхищIэ гуэрым имыгъэпIейтеймэ, зыгуэрым зэхэзехуэн имыщIмэ, фIагъ зиIэ тхыгъэ  къыхуэгъэщIынукъым. Сэ зи гугъу сщIыр тхакIуэхэмрэ, усакIуэхэмрэ, художникхэмрэщ. Лъэщу зыгуэр къэбгъэщIын папщIэ, апхуэдэ дыдэу лъэщу зыгуэр ппкърыузыкIын хуейщ, нэгъуэщIу жысIэнщи, уи Iэпкълъэпкъ псор зэщIиIыгъэу, зы лъынхуэ цIыкIу къэмынэу игъэлажьэу, укъызэщIиIэтэу зы гупсысэ емылыдж гуэрым уиIыгъын хуейщ, зы дакъикъэкIи уимыутIыпщу. Мис а къигъэщIым езыр зэрыщыту хыхьэпа нэужь, телъыджэм упэплъэ хъунущ. Зэчий зыбгъэдэлъ цIыхухэр адрейхэм къащхьэщыкIыу, нэгъуэщI гуэру щIэгупсысэри аращ. Ар тэмэмщ, зыми емыщхь цIыху ахэр зыщIри аращ.
  • Пэжщ, сэ, конкурсым щхьэкIэ схуэтхынукъым зыми емыщхь апхуэдэ тхыгъэ, ар иджыпсту си зэфIэкIым къимытIэсэнщ. Ауэ, сыхуейщ, си гупсысэмрэ си къарумрэ фIыуэ къызэщIэзгъаплъэу, зэрыхъукIэ нэхъыфIу сытхэну. Абы селIэлIэнущ.
  • Иджыпсту фэ, дауи, гъатхэм и гуакIуэгъуэм фыхэту къыщIэкIынущ. Татэ дыгъэ бзийхэм зригъэурэ, гъатхэм, удзхэм щыгуфIыкIрэ, мыувыIэу къижыхьу къыщIэ-кIынщ. Сэ гъатхэ сиIэкъым. МыбыкIэ щыпшагъуэщ, уэшхи къыщошх.
  • Си гугъэмкIэ хъунщ. Псоми схущIэупщIэж.
  • Алим.
  • 16.04.45 гъэ
  •  
  • ЕплIанэ письмо
  • Уузыншэм, Надя!
  • Уи письмор, уи гугъэмрэ уи гур зэрызэщыуамкIэ гъэнщIар, къысIэрыхьащ. ЗыщIэсIэжьэм и щхьэусыгъуэм узэрыщIэупщIэр згъэщIэгъуащ. «ЗыIэжьэн» псалъэр мы дэ дыздэщыIэм къыщыбгъэсэбэп хъуххэнукъым. ЗытIэжьэркъым, дыщыIэу аращ.
  • ГурыIуэгъуэращи, зэкIэ зыри гурыIуэгъуэкъым. Дэ псоми къэхъунур къэтщIэну дыхэту аращ. Ауэ хэт а къэхъунур зыщIэр?
  • Зауэр иухащ, ауэ а кIэухыр дэ иджыри зыхэтщIакъым. Газетхэм ущеджэкIэ, къыпщохъу зэкIэ зауэм кIэух имыгъуэтауэ. Сыт хуэдэу щымытми, узэригугъэм хуэдэу, щIэхфэх дызэхуэзэжыну фэ теткъым.
  • Наурызыр зэрыхэкIуэдар куэд щIауэ сощIэ, си жагъуэ хъуащ ар. Хьэбашэ теухуауэ схужыIэнур зы закъуэщ. Мыбы сыщрихьэлIащ абы и псэр щыхэкIа дакъикъэхэм дэщIыгъуа гуэрым. Хьэбашэ гъэру яубыда нэужь, нэмыцэхэм яукIауэ аращ. Ар пэжщ. Нэхъыжьхэр абы прыремыплъэ. НахуэкIуэжынукъым ар абыхэм. Ауэ ар абыхэм яжумыIэ.
  • Си поэмэр тхын сухащ икIи нэзутIыпщащ. Фэ ар мыгувэу ныфIэрыхьэнущ. Сэ абы фIэсщащ «Адэ». Иреджэхэ. Сэ ар къыдэмыкI щIыкIэ иджыри зэ сеплъыжыну сыхуейт.
  • Иджы сэ аргуэру къутырым сыдэсщ. Махуэ бжыгъэкIэ къалэм дыщыпсэури, мыбы къэдгъэзэжащ. ФIы дыдэт, псыежэх щыIамэ. ИхъуреягъкIэ шэдылъэщ, зыгъэпскIыпIи зыщIыпIэкIи щыIэкъым. ЩIыпIэ щIагъуэкъым мыхэр.
  • Хъунщ ар зэкIэ. Узыншэ дыдэу.
  • Алим.
  • Мэкъуауэгъуэ  мазэ,  1945 гъэ.
  • Псыкъуийм псы къизышыр КIыщокъуэ Алимщ.1944 гъэ