ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2019

«Урысей зэкъуэтым» и щIыналъэ къудамэм зыхуэфащэ документхэр итащ

2019-07-16

  • «Урысей зэкъуэт» партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм КъБР-м и Парламентым и еханэ зэхуэсыгъуэм и депутатхэм я кандидатхэм я спискэр иригъэтхын папщIэ зыхуеину документ псори республикэм и ХэхакIуэ комиссэм иритащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-07-16

  • Бадзэуэгъуэм и 16, гъубж
  • 622 гъэр Муслъымэн махуэгъэпсым и щIэдзапIэщ. Мухьэмэд Бегъымбарыр Мэчэм икIри Мадинэ кIуащ.
  • 1790 гъэм США-м и Конгрессым унафэ къищтащ къэралым и къалащхьэ-щIэ Вашингтон щаухуэну щIыр абы хухэхыным теухуауэ.
  • 1909 гъэм автомобил- хэр къыщIэзыгъэкI «Ауди» компаниер къызэрагъэпэщащ.
  • 1932 гъэм Донецкэ областым и къалащхьэр Артёмовск (иджы Бахмутщ) ирахри, Сталинэ (иджы Донецкщ) яхьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Иорданием  и  лIыкIуэр ди университетым щылажьэхэмрэ щеджэхэмрэ яхуоза

2019-07-16

  • Лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм здэщыIэм, Иордание Хьэшимит пащтыхьыгъуэм и лIыкIуэ Адайле Амджад КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я Администрацэм и лэжьакIуэхэр щIыгъуу бадзэуэгъуэм и 13-м щыIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

Лъэпкъ газетыр – унагъуэ къэс

2019-07-16

  • Жэпуэгъуэ революцэ иным лъэпкъ цIыкIухэм къытхуихьащ егъэджэныгъэри щIэныгъэри. Пэжщ, апхуэдэу жыпIэмэ, иджы зи жагъуэ хъухэри щыIэщ. Ауэ, сэ къызэрыслъытэмкIэ, революцэм и ужькIэ адыгэм ди щэнхабзэм, ди щIэныгъэм, ди гъэсэныгъэм, ди экономикэм заужьынымкIэ лэжьыгъэ ин иригъэкIуэкIащ ди адыгэ газетым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019-07-16

  • КъикIуэт  зымыщIэ  лIыхъужь
  • ЯмыIэт щхьэх, ямыщIэт еш
  • И бынхэм адыгэ щIыналъэм.
  • Ягъэхъурт Iэщ, ягъэкIырт мэш, —
  • Яхьт гъащIэр, я Iэр Iуэхум хэлъу.
  •  

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Адыгагъэр зи пщалъэу къытхэта Дыкъынэ Хьэмид

2019-07-16

  • ПщIэ зыхуэпщIу икIи къыпхуэзыщIу, щапхъэ зытепхыу, чэнджэщэгъу пхуэхъуу, ныбжьэгъуфIу, къуэш пэлъытэу уиIа цIыхур щыпфIэкIуэдым деж гущIыхьэ пщымыхъуу къанэркъым. Апхуэдэ цIыхут Дыкъынэ Хьэмид. Иджыблагъэ, бадзэуэгъуэм и 9-м, дунейм ехыжащ а лIы Iумахуэр. Шэч къытесхьэркъым ар зыцIыхуу щытахэми, къыдэлэжьа псоми а хъыбарыр я жагъуэ зэ-рыхъуам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

2019-07-16

УсакIуэ КIуащ БетIалрэ абы и щхьэгъусэ Хьэпэ Тамарэрэ Налшык паркым зыщагъэпсэху. Абыхэм ягъусэщ тхакIуэ, щIэныгъэлI Шортэн Аскэрбий. 1956 гъэ

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Дызэкъуэтмэ,  дызыпэмылъэщын  Iуэху  щыIэкъым

2019-07-16

  • Ди газетым зэрытетащи, бадзэуэгъуэм и 5 — 6-хэм Черкесск къалэ щызэхэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэ. Абы кърихьэлIат хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лIыкIуэхэр, хасэ тхьэмадэхэр, лъэпкъ Iуэхум гуузлыуз хузиIэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

Гъэсэныгъэм и фIыгъэкIэ

2019-07-16

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ егъэджапIэ-щIэныгъэ IуэхущIапIэм щекIуэкIащ «Жемчужина России Эльбрус-2019» зыфIаща зэIущIэр. Абы хыхьэу къызэIуахащ американ сурэтыщI Лихацкая Еленэ и «Ксило-лето» гъэлъэгъуэныгъэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 105-рэ ирокъу

2019-07-16

Налшык щохьэщIэ тхакIуэ цIэрыIуэ Закруткин Виталий. Абы дэщIыгъущ КIыщокъуэ Алимрэ Гуртуев Бертрэ. 1962 гъэ

 

 

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

2019-07-16

  • Самбэ
  • Ди  щIалэхэм  я  зэфIэкI
  • Элиста къалэм и «Ойрат Арена» спорт комплексым щекIуэкIащ самбэмкIэ «Къалмыкъым и Кубок» республикэ зэхьэзэхуэ зэIухар. Абы хэтащ зи ныбжьыр илъэс 13-14-м ит Урысейм и ипщэ щIыналъэхэмрэ Къэзахъстанымрэ къикIа спортсмен 200-м щIигъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

«Псыкуэдым»  куэдыIуэ  къыхудагъэкI

2019-07-16

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм зэгуэрым лъэ быдэкIэ къыхыхьа Псыкуэд къуажэм и командэр иджы къыпхуэцIыхужынкъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Урысей  гвардием  къулыкъу  щызыщIэхэр сабийхэм  ядолажьэ

2019-07-16

  • Урысей гвардием и дзэхэмкIэ управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм къулыкъу щызыщIэхэр иджыблагъэ щыIащ «ЛъагапIэ» санаторэм сабий нэхъ дэхуэхахэм папщIэ къыщызэрагъэпэща «Пэрыт» сменэм зыщызыгъэпсэху цIыкIухэм я деж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха