Нобэрэ пщэдейрэ
2019-07-23
- Бадзэуэгъуэм и 23, гъубж
- Джейхэмрэ хыкхъуэхэмрэ я дунейпсо махуэщ. 1986 гъэм ягъэуващ, а псэущхьэхэр илъэс 200-кIэ гущIэгъуншэу зэрызэтраукIам и зэранышхуэ дыкъэзыухъуреихь дунейм зэрекIым игъэгузавэри. Абы лъандэрэ джейхэр къаубыдуи, я лыр ящэуи ядэркъым.
- Абхъаз Республикэм и Къэрал ныпым и махуэщ.
- Осетие Ипщэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ. Абы щыгъуэщ дунейм къыщытехьар япэ осетин газетыр — 1906 гъэм Владикавказ къыщыдэкIыу щIидзащ «Ирон газет» («Осетинхэм я газет») жыхуиIэм.
- 1687 гъэм Париж кIуащ Урысейм и япэ посольствэм щылэжьэнухэр.
- 1881 гъэм Льеж (Бельгие) къалэм къыщызэрагъэпэщащ ГимнастикэмкIэ дунейпсо федерацэр — дунейм щыяпэ спорт зэгухьэныгъэр.
- 1903 гъэм «Форд» корпорацэм япэ автомобиль къыщIигъэкIащ.
- 1930 гъэм Москва авиационнэ институт къыщызэIуахащ.
- 1985 гъэм къэралым и дзэхэм хагъэхьащ Iэщэ лIэужьыгъуэщIэ — «Тополь» ракетэхэр.
- 1992 гъэм Абхъазым и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ Куржым къызэрыгуэкIым икIи къэрал щхьэхуит зэрыхъум теухуауэ.
- 1994 гъэм «УФ-м и Конституцэ судым и IуэхукIэ» законым къару игъуэтащ.
- Урыс усакIуэ, критик Вяземский Петр къызэралъхурэ илъэс 227-рэ ирокъу.
- Совет усакIуэ-уэрэдус Матусовский Михаил къызэралъхурэ илъэси 104-рэ ирокъу.
- Совет дзэ къулыкъущIэ, генерал-майор, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Нэхущ Мырзэбэч (Борис) къызэралъхурэ илъэс 96-рэ ирокъу.
- «Кабардинка» ансамблым и къэфакIуэу щыта, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ДзыхьмыщI Къэралбий къызэралъхурэ илъэс 75-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 21 — 22-рэ, жэщым градус 19 — 20 щыхъунущ.
- Бадзэуэгъуэм и 24, бэрэжьей
- Урысейм щагъэлъапIэ Кадастр инженерым и махуэр
- Удз гъагъэхэмкIэ IэщIагъэлIхэм я махуэщ
- 1790 гъэм Франджы и ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэм, Барботан къалэ цIыкIум пэмыжыжьэу, къыщехуэхащ вагъуэижыпкъ (метеорит). ЩIым къытехуауэ дунейпсо тхыдэм япэу иратхар аращ.
- 1937 гъэм Америкэм щыщ кхъухьлъатэзехуэ Эрхарт Амалие кхъухьлъатэкIэ япэу Атлантикэ хым щхьэпрылъэтыкIащ.
- 1938 гъэм псым занщIэу хэткIухь кофе хьэжар къагупсысащ.
- 1942 гъэм нэмыцэдзэхэм Дон Iуфэ Iус Ростов къалэр яубыдащ икIи Кавказыр къэзэуным яужь ихьащ.
- 1956 гъэм ягъэтIылъащ физикхэм я къалэу къалъытэ Дубнэ и лъабжьэр.
- Франджы тхакIуэ, драматург Дюма Александр (адэр) къызэралъхурэ илъэс 217-рэ ирокъу.
- Урыс революционер, тхакIуэ, философ, критик Чернышевский Николай къызэралъхурэ илъэси 191-рэ ирокъу.
- Адыгэхэм я макъамэ Iэмэпсымэхэр щIыным хуэIэзэу щыта Ойберман Владимир къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу.
- Композитор, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Даур Аслъэн къызэралъхурэ илъэс 79-рэ ирокъу.
- Философие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор Къэзан Хьэмзэт и ныбжьыр илъэс 79-рэ ирокъу.
- Урысей актрисэ, уэрэджыIакIуэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Мирошниченкэ Иринэ и ныбжьыр илъэс 77-рэ ирокъу.
- ТхакIуэ, критик, литературовед, филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъут Iэдэм и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу.
- Узбекистаным и президент Мирзиёев Шавкат и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирокъу.
- Урысей хоккеист цIэрыIуэ, дунейпсо чемпионатхэм тхуэнейрэ, Олимп Джэгухэм тIэунейрэ я чемпион, Урысейм щIыхь зиIэ и тренер, УФ-м хоккеймкIэ и командэ къыхэхам и гъэсакIуэ нэхъыщхьэу щыта Быков Вячеслав и ныбжьыр илъэс 59-рэ ирокъу.
- Адыгейм щыщ усакIуэ, тхакIуэ, драматург Хъунэгу Саидэ къыщалъхуа махуэщ.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 24-рэ, жэщым градус 19 — 20 щыхъунущ.