ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Куэдым ящыщ зы

2019-07-23

  • И Iыхьлыхэм  иджыри  къэс  ящIакъым  Шал  Мухътар
  • и  псэр  Сальск  тафэхэм  зэрыщитар
  • Дэ етIанэгъэ дгъэлъэпIэнущ ди къэралым ис лъэпкъ псоми ди зэхуэдэ гуфIэгъуэр — ТекIуэныгъэ иныр илъэс 75-рэ зэрырикъур. Абы иджы щыщIэдзауэ зыхуагъэхьэзыр. ЗэфIагъэкIахэр мащIэкъым — «Полк уахътыншэ» зэщIэхъееныгъэр къызэрагъэпэщащ, «Мемориал» зэгухьэныгъэр мэлажьэ, газетхэм мычэму традзэ Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьахэм ятеухуа тхыгъэхэр, н.къ. Ауэ нэхъыбэж къапэщытщ. Абыхэм ящыщу нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэри хъыбарыншэу кIуэдахэр къэлъыхъуэжынырщ, хэкIуэдахэм я хьэдэхэр зыщIалъхьа щIыпIэхэр къэгъуэтыжынырщ. Апхуэдэхэм я бжыгъэр куэдыкIейщ икIи дэтхэнэми и Iуэху зыхуэкIуар зэгъэщIэныр цIыху къалэну зэрыщытым къыдэкIуэуи икIи псапэшхуэщ.

  • Ди  къэралым исауэ къыщIэкIынукъым Хэку зауэшхуэм  хэлъхьэныгъэ — и гуащIэкIэ, псом нэхърэ нэхъ лъапIэжыращи, и гъащIэкIэ — хуэзымыщIа лъэпкъи, унагъуэ щхьэхуи. Шэч гуэри къытумыхьэну абыхэм ящыщщ Шалхэ. Нэхъыбэу къыщыхэжаныкIари зэуапIэ IэнатIэрщ. Ауэ зыкъыхагъэпIиикIын, зыщытхъужын зэрафIэмыфIым къыхэкIыу, абы куэд тражыIыхьакъым. Сэ езыр сыкъапщтэмэ, апхуэдиз илъэскIэ газетым сызэрыщылажьэу, зауэм хэта икIи тIэу уIэгъэ абы щыхъуа си адэм нобэр къыздэсым сытетхыхьакъым…
  •  Пэжщ, ди лъэпкъым щыщ щIалэхэм зауэм щагъэхъахэр гулъытэншэу къэнауи жыпIэ хъунукъым: Шалхэ я уэрамхэр щыIэщ ахэр нэхъ Iуву щызэхэс къуажэ-хэм. Ауэ яхуэфэщэн пщIэ зымыгъуэтхэри мащIэкъым. Псом хуэмыдэу зи хъыбар ямыщIахэр. Иджы псори и пIэ иувэж хуэдэщ, апхуэдиз илъэс дэкIами.
  • Къэрэгъэш щыщ Шал зэкъуэшитху зауэм кIуащ. Ахэр Мухътар, Хъуран, ТIалэ, Хъусен, Хьэмид сымэщ. Псэууэ къэзыгъэзэжар Хьэмид и закъуэщ, адрейхэр хэкIуэдащ. Абыхэм ящыщу Мухътар и кIуэдыкIар и щIэблэхэм ящIэртэкъым иджыри къэс. Ауэ, псалъэжьым зэрыжиIэщи, зыри лъэужьыншэ хъуркъым.
  • А къуажэм щыщ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Шал Хъусен къеIуэтэж:
  • — ФIыщIэ  лей хуэсщIыну сыхуейщ Уэтэр Азэмэт. Къэрэгъэш къыщалъхуами, къыщыхъуами, ар Санкт-Петербург щопсэу, щолажьэ, «Мемориал» зэщIэхъееныгъэм хэтщи, Хэку зауэшхуэм хэкIуэда ди лъахэгъухэр къэлъыхъуэнми зэманышхуэ трегъэкIуадэ. Аращ къэзыхутар ди Мухътар и хьэдэр Ростов областым хыхьэ Мартыновскэ районым хиубыдэ Новониколаевкэ къутырым щыIэ къуэшыкхъэм зэрыщIэлъыр. Дэ, дауи, зытIэжьакъым. Хьэтуей щыщ  ди  ныбжьэгъуфI Къарэ Алим (хуабжьу къыддэIэпыкъуащ, Тхьэр арэзы къыхухъу) и маши-        нэ IэхуитлъэхуитымкIэ гъуэгу дытехьащ зи адэр хэкIуэда Хьэбас, лъэпкъым ди тхьэмадэ Борис, сэ, Сафудин сымэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, псом япэу дыздэкIуар зи гугъу ищIа къуэшыкхъэ зэлъыIухарщ. Абы тетт Мухътар и цIэри.  Удз гъэгъа Iэрамэрэ Къэрэгъэш итха щIы IэмыщIэрэ тетлъхьащ абыхэм я фэеплъым. Дэ гуапэу къытIущIащ икIи сыт и лъэныкъуэкIи къыддэIэпыкъуащ районым и Iэтащхьэм и къуэдзэ Гончаровэ Наталье. ЕтIуанэ махуэм дригъэблэгъащ районым и Iэтащхьэ Мартынов Александр. Абы  адыгэхэм ятеухуауэ куэд ищIэу къыщIэкIащ, Мухътар зыхэта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу   дивизэм теухуауэ дызыщымыгъуазэ Iэджэм дригъэдэIуащ. Апхуэдэу къыджиIащ езыр зи унафэщI щIыналъэмрэ ди республикэмрэ быдэу зэрызэпыщIар, Мартыновскэ районым ди Бахъсэн, Тэрч, Дзэлыкъуэ куейхэм къуэш зэпыщIэныгъэ къазэрыхуиIэр.
  • Гукъинэж тщыхъуащ Карпенкэ В. В. и цIэр зезыхьэ музейм щытлъэгъуахэр. Абы и унафэщI Субботинэ Наталье (а цIыхубз телъыджэм занщIэу иригушхуэу къыджиIащ и малъхъэр зэрыадыгэр) Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хухэха пэш щхьэхуэм дыщIишащ. Апхуэдэ дыдэу мы щIыпIэм сэшхуэ пцIанэкIэ нэмыцэ танкхэм щапэщIэува ди лъахэгъухэм зэрахьа лIыгъэм къытхутепсэлъыхьащ Федюнинэ Татьянэ, дэ дыщрагъэблэгъа Московскэ къутырым 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм и цIэр зэрихьэу дэт школым и унафэщIыр.
  • Дэ Ростов областым дыщIэкIуа Мухътар и къуэ Хьэбас псом хуэмыдэу и гуапэ хъуар и адэр щызэуа щIыналъэм илъэс къэс 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм и фэеплъ футбол зэхьэзэхуэ зэрыщрагъэкIуэкIырщ. Ар къызыхэкIари  гурыIуэгъуэщ: Хьэбас езыр футболист Iэзэу щытащ, пIалъэ кIыхькIэ ныбжьыщIэхэм я гъэсакIуэу лэжьащ. «Шокъу» жиIэри, дэ дрихьэлIащ апхуэдэ зэхьэзэхуэ екIуэкIыу. ПщIэшхуэ къытхуащIри, Хьэбасрэ сэрэ зэпеуэм къыхэжаныкIахэм зэрагъэпажэ саугъэтхэр ирыдагъэтащ.
  • Сэ мыбдеж къыщысхуэIуэтэжыфынукъым бысымхэм хьэщIагъэ къыдахар, къытхуащIа нэмысыр зыхуэдизыр. Ар IэфIу сыт щыгъуи дигу илъынущ. Нэхъыщхьэращи, дэ иджы Iэмал дгъуэтащ Мухътар зыщIэлъ кхъэм дыкIуэу абы и сыным Iэ дэтлъэну. Ар куэд и уасэщ.
  • Хъусен и псалъэхьэм щIыдгъужынщи, ди лъахэгъухэм Сальск тафэхэм щызэрахьа лIыхъужьыгъэм куэд тетхыхьащ, тражыIыхьащ, дяпэкIи тепсэлъыхьынущ. Ауэ щIыналъэ япэжыжьэр яхъумэу зи псэр зыта ди лъэпкъэгъухэм Хэкум и пащхьэм щаIэ къалэным хуэпэжа къудейкъым, атIэ зэрымыпсэужу ягъэзащIэ нэгъуэщI зы пщэрылъи: абыхэм лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр, зэпыщIэныгъэхэр ягъэбыдэ. Ахэр мыхъуамэ, дэнэт дэ къыщытцIыхунур Тэн (Дон) щIыналъэм щыIэ Мартыновскэ районыр.  Абы щыпсэухэми, Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящIэнут? Иджы дэ дызэгъунэгъу дыдэщ.
  • Хъусен къызэрыджиIамкIэ, абы илъэгъуа къуэшыкхъэхэм адыгэ унэцIэ куэд тетщ. Езыми инстаграмкIэ хъыбар яригъэщIащ я унэцIэджэгъухэм. ЗыщыплIым фIыщIэ къыхуащIащ, абы и сэбэпкIэ я Iыхьлым и хьэдэр зыщIэлъ кхъэр къагъуэтыжауэ жаIэри. Аращи, лIыхъужьхэм я лъэужьыр кIуэдыркъым.
  •  Шал  Мухьэмэд.