ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2019

Илъэс  60  хъуауэ къалэмыр иIыгъщ

2019-07-06

  • Шэджэм районым щыщ Нартан къуажэм щIыхь зиIэ и цIыху, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеран, журналист лэжьыгъэ нэхъыфIхэмкIэ республикэ конкурс куэдым щытекIуа Мэрем Зэдин илъэс 60 хъуауэ республикэм и печатым зэрыщылажьэр иджыблагъэ щагъэлъэпIащ КъБР-м и Журналистхэм я союзым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

2019-07-06

  • Адыгэ джэгур зэхаублэ
  • Адыгей. Республикэм и щыхьэр Мейкъуапэ и къалэ паркым и ихьэпIэ нэхъыщхьэм деж махуэку къэс щекIуэкIынущ адыгэ джэгу. Iуэху гуапэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщщ «Абрэджхэр» ансамблыр. Джэгум ирагъэблагъэ гупыж зыщI дэтхэнэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

Мы махуэхэм

2019-07-06

  • Бадзэуэгъуэм и 6, щэбэт
  • Кооперативхэм я дунейпсо махуэщ
  • Днепр псым и дунейпсо махуэщ
  • Литвам и къэралыгъуэм и махуэщ
  • Къэзахъ Республикэм щагъэлъапIэ я къалащхьэ Астана и махуэр.
  • 1997 гъэм Къэзахъстаным и парламентым унафэ къищтащ я къалащхьэр Алма-Ата ирахыу Акмола (иджы абы зэреджэр Астанащ) яхьыным теухуауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Фэращ си гъуазэр

2019-07-06

  • Къуажэ школыр къэзухыу, КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэм сыщыщIэтIысхьам, си псэр гугъэрт, пабгъэрт, пэплъэрт фIы гуэрым. Хэплъэрт дунейм си акъылыр, сечэнджэщырт гупсысэм, сыхуейт къэсщIэну къыспэщылъ си гъащIэм гукъыдэж къызэзытыну хэлъыр зыхуэдизыр. Сыхуейт си гъащIэм къызипэса цIыхугъэм и дахагъым хэзгъэхъуэну. СыщIэхъуэпсырт дунейми и гущIагъ шэрхъым щIэлъыр сытми къэсщIэну. Сыт хуэдэ акъужь пщэдей къысхуепщэнур? Сыт хуэдэ дурэш къыщыслъысыну пIэрэ гъащIэм? Сихуэну пIэрэ сыджэрэзу сэ архъуанэм?

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIымрэ псымрэ я къабзагъэр дывгъэхъумэ

2019-07-06

  • Куэд тепсэлъыхь хъуащ дыкъэзыухъуреихь дунейм, ди къалэхэм, къуажэхэм я къабзагъэм, псыежэххэмрэ гуэлхэмрэ я Iуфэхэр, губгъуэхэмрэ къуэкIийхэмрэ пхъэнкIий идзыпIэ зэращIым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Спартак-Налшыкым» къыпэплъэр сыт?

2019-07-06

  • Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2018 — 2019 гъэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэр зэриухрэ мазэм щIигъуащ. КъыкIэлъыкIуэм щыщIидзэнум иджыри траухуакъым икIи и чэзууэ къыдолъытэ «Спартак-Налшыкым» зэпеуэ блэкIам къыхуихьахэмрэ дызыхуэкIуэм къыпэплъэмрэ дытепсэлъыхьыну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-07-06

  • КъэкIыгъэхэр
  • Бжьын
  • Бжьыныр зымышхрэ ерыскъыхэлъхьэу къэзымыгъэсэбэпрэ щIы хъурейм лъэпкъ къыщыгъуэтыгъуейщ. Аращ дэнэкIи куэду щIыщащIэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис