ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIалэгъуэ

2019-07-23

  • ЯтIагъуэ гъэжьам елэжь пщащэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр къэзыуха, филолог IэщIагъэр зэзыгъэгъуэта ХьэцIыкIу Миланэ сурэт техынми дехьэх, апхуэдэуи илъэсиплI хъуауэ ятIагъуэм хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр къыхэщIыкIыным йолэжь.
  • КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм нэгъабэ «Гранд Кавказ» хьэщIэщым (Налшык къалэ) къыщызэригъэпэщауэ щыта гъэлъэгъуэныгъэм Миланэ и IэдакъэщIэкIхэри хэтащ. Куэдым зезыпщыта хъыджэбзым и Iуэху еплъыкIэмрэ гупсысэхэмрэ тфIэщIэщыгъуэу депсэлъащи,   ди гуапэщ абыхэм фыщыдгъэгъуэзэну.

  • — Миланэ, сытым къыхэкIа ятIагъуэ гъэжьам уелэжьыныр?
  • — СхужыIэнукъым абы сыпыщIа зэрыхъуам щхьэусыгъуэ пыухыкIа иIауэ. СызэреплъымкIэ, иджыпсту Урысейми ди щIыпIэми гулъытэ нэхъ щыхуащI абы. ЦIыхухэм я IэкIэ зыгуэрхэр ящIыну гупыж ящI хъуащ. Абы хеубыдэ ятIагъуэ гъэжьам къыхэщIыкIа хьэпшыпхэри кIуэ пэтми яфIэгъэщIэгъуэн зэрыхъур. Абы урилэжьэн папщIэ, техникэ щхьэхуэ (хьэкур зэгъэпэщыпхъэщ) уиIэн хуейщ, апхуэдэуи адрей гъуазджэхэм къащхьэщыкIыу нэхъ гъуэтыгъуейщ а Iуэхум ухуэзыгъэсэфын IэпщIэлъапщIэхэри. Арауэ къысщохъу мы Iуэхум ди деж зыщIыщимыубгъуар. Ауэ, нэхъыжьыIуэхэм зэращIэжщи, Налшык къалэм и Александровскэ хьэблэм дэту щытащ керами-кэ заводышхуэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар хуэмурэ хокIуэдэж. НэгъуэщI къэралхэм къакIэрымыхуу, а IуэхущIапIэм хьэкъущыкъухэр къыщыщIагъэкIырт. А зэманым кхъуэщынхэкIхэм елэжьахэм ящIэж ар. Къэралым цIыхум апхуэдэ IуэхуфI къыхузэригъэпэщыфу зэрыщытам ущедаIуэкIэ, уохъуапсэ икIи уи жагъуэ мэхъу  ди зэманым ар къызэрымысар. Шэч хэмылъу, нобэ унэтIыныгъэ куэдкIэ зыужьыныгъэ дгъуэтащ, ауэ тIэщIэхуащ мы зэманым хъарзынэу екIуну щыта гуэрхэри.
  • КхъуэщынхэкIхэр щIыным сыщыдихьэхым, абы зэрелэжьым сыхуэзыгъэсэн республикэм щызмыгъуэту Ставрополь сыкIуэри, а Iуэхум зы лIыжь гуэрым ма-щIэ-куэдми сыхигъэгъуэзащ. АдэкIэ сэ езым хуэмурэ щэхухэр къэстIэщIащ. Гукъыдэж къызэзыт лэжьыгъэм сызыIэпишауэ, Интернетым си IэдакъэщIэкIхэр къыщислъхьэм, цIыхухэр ехъуэпсащ, дыхуейт зыдгъэсэну щыжаIэм, студие къызэIусхыныр абы къыхэкIащ. ИлъэситIкIэ абы дерсхэр щезгъэкIуэкIащ, балигъхэм къищынэмыщIа, сабийхэми садэлажьэу.
  • — Сабийм дежкIэ ар сыткIэ сэбэп?
  • — Сабийхэр псынщIэу дахьэх апхуэдэ Iуэхухэм. Ауэ, пэжыр жыпIэмэ, мы IэщIагъэм сабийр хуэбгъэсэну нэхъ гугъущ, и техникэр хьэлъэщ, къару пхэлъын хуейщ, зэманыфIи токIуадэ. Абы къыхэкIыу сабийхэр лъэщапIэм къыщашэм къалэ-         ну зыхуэзгъэувыжакъым Iэмал имыIэу ахэр а гъуазджэм хуэIэзэ сщIыну. Сабийр мы Iуэхум къыхэпшэным и сэбэпына-         гъыр зэпхар нэгъуэщIщ — ятIагъуэм елэжьыху, пэщэщэху абыхэм я къэухьым хохъуэ. Къапщтэмэ, сэ езым си сабийри, зэрыцIыкIум щхьэкIэ къэзмыгъанэу, бгъэдэсшэурэ ятIагъуэм хызогъэIэбэ, и Iэпэхэр игъэлэжьэн, и жыджэрагъым хигъэхъуэн папщIэ. Iэпэр нэхъыбэрэ зэрылажьэм къищынэмыщIа, ятIагъуэм и зэхэлъыкIэр къэпхутэну ухущIэкъухукIэ, цIыхум  и акъылми псэлъэкIэми зрегъэужь, къыкIэлъыкIуэу и гупсысэкIэр жан мэхъу. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр яIэщ цIыхумрэ мы гъуазджэмрэ. ЯтIагъуэ гъэжьам къыхэщIыкIа кхъуэщынхэкIым и фIагъыр къэзыгъэлъагъуэщ щIым щIэптIэу илъэсищэ бжыгъэ дэкIа нэужьи, зы-       ри къыщымыщIауэ ар къызэрыщIэпхыжыфынур.    
  • — Уи зэфIэкIым зэрыхэбгъэхъуэным иужь уит?
  • — Хьэкъущыкъу щIыным нэхъ хуэIэкIуэлъакIуэ сыхъуну сыхуейт. Скульптурэм елъытауэ, тепщэч пщIыныр IэджэкIи нэхъ тыншу къыпщыхъунущ зэ еплъыгъуэкIэ. АрщхьэкIэ ар захуэу, джафэу, псынщIэу пщIыным лэжьыгъэшхуэ ибохьэлIэ. Хьэкъущыкъухэр сщIыну щIэздзэри, дришхэну къэтщта нэужьщ ныкъусаныгъэ куэдым гу щылъыстар. ЯтIэр щыцIынэм псори захуэу уолъагъу, ауэ бгъэжьэжа нэужь, псори наIуэ къохъу. Зы мывэ цIыкIу е нэгъуэщI зыгуэр пIэщIэкIамэ, лэжьыгъэр кIуэдауэ убж хъунущ. Аращи, абы и лъэныкъуэкIэ си Iэзагъэм хэзгъэхъуэну си мурадщ.
  • Щхьэхуэу абы ущыхуеджэн еджапIэ диIэкъым. Ауэ ди зэманым Интернетым и къарур инщ. Японием щыпсэу урыс цIыхубз IэпщIэлъапщIэ Герман Татьянэ зыпысщIауэ илъэс етIуанэ хъуауэ видеокIэ цIыхуипщIым (Урысейм и нэгъуэщI къалэхэми щыщу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу сэ зыращ хэтыр) ар къыддолажьэ, куэдым дыхегъэгъуазэ. Мы гъэм абы и дерсхэр къэдухынущ. 2018 гъэм ди лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ Москва и ВДНХ-м махуитIкIэ щекIуэкIащ. Мы гъэми дерсхэр псори зэфIэкIа нэужь, иджыри         зы гъэлъэгъуэныгъэ абы къытхузэригъэпэщынущ.
  • Филолог IэщIагъэр къыхэсхын хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр литературэм, усэ зэхэлъхьэным сызэрыдихьэхрати, ахэри IэщIыб сщIакъым. Ауэ иджыпсту щIэзджыкI литературэр гъуазджэм  нэхъ епхащ, псом хуэмыдэу сфIэфIщ совет искусствовед Волковэ Паолэ и IэдакъэщIэкIхэр. Гъуазджэм и теориер пщIэкIэ зэфIэкIыркъым, IэкIэ куэдрэ улэжьэн, ар зыхэпщIэн хуейщ.
  • Нэгъабэ сэри курс къызэзгъэпэщри, Интернет IэмалымкIэ цIыхухэм садэлэжьащ. ЛъэщапIэм деж кхъуэщынхэкIхэр зэращIыр щызгъэлъагъуэу, упщIэхэм жэуап щесту. Си гуапэ зэрыхъущи, зыкъыспащIащ Урысейм и нэгъуэщI къалэхэм щыпсэухэми, уеблэмэ Канадэм щыщ зыми. Мы гъэми сигу илъщ иджыри апхуэдэ курс къызэзгъэпэщыну. Бжьыхьэм си мурадщ си лэжьыгъэхэр Налшык щызгъэлъэгъуэну.
  • — Упсэу, Миланэ. Уи мурадхэр къохъулIэну ди гуапэщ.
  •  Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
  •  
  • Театр гъуазджэ
  •  Утыкушхуэм   къыхуигъэщIа
  •  КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Дэгу Каринэ иджыблагъэ япэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщащ «Star KBR» зэпеуэм и зы Iыхьэм. Каринэ пшыхьым щигъэзэщIащ Сэхъу Хьэсэн хуитха «Гухэлъыр мыдаIуэ» уэрэдыр.
  • Каринэ тыдогъэпсэлъыхь щэнхабзэм зэрыдихьэхам, зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм.
  •  
  • — Еханэ классым сыщIэсу ди курыт еджапIэм щIалэгъуалэм къыддэлэжьэну кърагъэблэгъат Гуэнгъэпщ Юрэ. Абы уэрэдым дихьэххэр игъасэрт, театр теплъэгъуэхэр ядигъэувырт. Сэри сыкIуэурэ щэхуу сакIэлъыплъырт, ауэ сытегушхуэртэкъым егъэджакIуэм сыбгъэдыхьэну, сахыхьэмэ зэрысфIэфIыр жесIэну. Зэгуэрым егъэджакIуэм езым сызыбгъэдишэри къызжиIащ бжэ къуагъым сыкъуэмыту, си зэфIэкIым сеплъыжмэ нэхъ къызэрысхуэщхьэпэнур. Апхуэдэу утыкум япэу абы сришауэ жыпIэ хъунущ, — дыщегъэгъуазэ Каринэ.
  • Курыт еджапIэм щIэсыху, хъыджэбзым и зэфIэкIыр мызэ-мытIэу щигъэлъэгъуащ ныбжьыщIэхэм уэрэд жыIэнымкIэ я зэпеуэхэм. Школыр къыщиухым, зэдзэкIакIуэхэр щагъэхьэзыр еджапIэм зэрыщIэтIысхьэнум егугъуу зыхуигъэхьэзырат, апхуэдэуи щIэхъуэпсырт гур зыгъэхъуж дохутыр хъуну. АрщхьэкIэ Каринэ уэрэ-дым и гъащIэр ирипхмэ нэхъ къищтащ.
  • — Си мурадыр си анэм щыжесIэм, Гъэсашэ Наталье къызигъэдэIуэну сишащ, абы къыджиIэм адэкIэ си Iуэхур трищIыхьыну. Наталье си дэфтэрхэр Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым ест зэрыхъунур щыжиIэм, IэщIагъэ схуэхъунум шэч къытесхьэжакъым, — жеIэ Каринэ.
  • УэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэр балигъ гъащIэм хэзыша и япэ егъэджакIуэхэр Куэт Къанщобий, Батыр Мухьэдин сымэщ, абыхэм я деж зыщыхуигъэсащ оперэ уэрэд жыIэкIэм и щэхухэм. Хъыджэбзым зэрыжиIэмкIэ, абыхэми, Гъэсашэ Натальи я чэнджэщ куэд ар щIэдэIуащ икIи нэхъыжьхэм я псалъэр гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуащ. Къапщтэмэ, ахэращ утыку къыщихьэ-кIэ ноби абы къыдэIэпыкъур.
  • — Ди зэфIэкIым зэрыхыдигъэгъэхъуэным и мызакъуэу, Батыр Мухьэдин адэм хуэдэу гуапэу сытым дежи къыдбгъэдэтащ. Абы къыджиIэрт: «Утыку фихьамэ, а IэщIагъэм фи гур нэсу къыхузэIуфх, арыншамэ, цIыхум я деж нэфхьэсынур мащIэщ». Апхуэдэ дыдэуи Гъэсашэ Наталье сыт и лъэныкъуэкIи дигъэIущащ, артистым и пщэ къалэнышхуэ къызэрыдэхуэр зэпымыууэ къыджиIащ. «ЦIыхум щапхъэу ялъагъур утыкум итращи, къыщIывдэплъеин щап-хъэ фхэлъын хуейщ», — жиIэрт абы.
  • ЕджапIэ нэхъыщхьэм щIэсу, Каринэ хэтащ Осетие Ипщэм щекIуэкIа «Нартхэм я мыIэрысэ» фестиваль-зэпеуэм. Езым япэ дыдэу итха уэрэдыр абы щигъэзащIэри, ар лэжьыгъэ нэхъыфIу къызэралъытам и щыхьэту, саугъэт нэхъыщхьэр къыхуагъэфэщауэ щытащ. «АпхуэдизкIэ а Iуэхум сыхэтыну си нэр къыхуикIырти, Куржымрэ а республикэмрэ щызэмыфIым зэманкIэ зэрырихьэлIами семыплъу, махуитхукIэ абы дыщыхьэщIауэ щытащ, — жеIэ уэрэджыIакIуэм. — А зэпеуэм КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкIыу дыкIуауэ арати, си дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт апхуэдэ утыкум ехъулIэныгъэ къыщысхьыным. Дауэ мыхъуми, уи зэфIэкIыр уи фIэщ пщызыщI ехъулIэныгъэ щIэдзапIэм къыщыпхьмэ, къару къыпхелъхьэ, укъримыгъэкIуэтыжу. Зы зэман гуэр уэрэд тхынми сыдихьэхауэ щытащ, уеблэмэ лэжьыгъэ зыбжани си Iэдакъэ къыщIэкIащ. ЗэкIэ а Iуэхур зэпызгъэуащи, хэт ищIэрэ, зэман дэкIмэ, езыр-езы-ру абы сыхуэкIуэжыну пIэрэ жызоIэ.
  • Музыкэ театрым хъыджэбзыр щыувагъащIэ зэманым ирихьэлIэу, «Шэмхьун и фызышэм» щелэжьырти, Каринэ абы хагъэхьащ Жангуащэ и ролыр щигъэзэщIэну. «Театрым илъэс 30-кIэ, нэхъыбэжкIэ щылэжьа артист пажэхэм я гъусэу утыку сыкъихьэн зэрыхуейм мащIэу сытешыныхьырт. Къуныжь Алим абы щыгъуэм сытригъэгушхуащ: «Каринэ, мы ролыр зэрыпхуэгъэзэщIэнур сощIэри, зы щхьэкIи умыгузавэ», — жиIэри. ИкъукIэ фIыщIэ яхузощI япэ лъэбакъуэхэр щысчым сызыдэлэжьа режиссёрхэми, утыку си гъусэу къихьахэми — дэтхэнэми си лэжьыгъэр къыздаIыгъащ.
  • Илъэсибл дэкIащ абы лъандэри, Каринэ и зэ-фIэкIым хэхъуэ зэпытщ, КъБР-м и Музыкэ театрым игъэув оперэхэмрэ опереттэхэмрэ ехъулIэныгъэхэр къыщегъэлъагъуэ. Ар хэтащ «Севастопольский вальс» опереттэм, «Мадинэ» оперэм Лалинэ и ролыр щигъэзэщIащ, мы зэманым «Аршин мал алан» опереттэм Асият и ролыр щегъэзащIэ. Театрым бжьыхьэм игъэлъэгъуэну игъэхьэзыр «Травиата» оперэм Виолеттэ и ролыр уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэм къыщыхуагъэфэщащи, мы зэманым абы егугъуу йолэжь.
  • УэрэджыIакIуэм и зэфIэкIыр, зэрыхабзэу, къэзыгъэлъагъуэр и цIэр фIыкIэ жыжьэ зэрыIурщ. Карини нэхъыбэу зыхущIэкъур аращ. «ЦIыхур дунейм къыщытехьэкIэ ар и IуэхущIафэ гуэркIэ цIыхубэм ягу къинэн хуейуэ къызолъытэ. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, щэнхабзэращ сызыхэтри, абы и лъэныкъуэкIэ си Хэкум сэбэп сызэрыхуэхъунырщ къалэн нэхъыщхьэу зыхуэзгъэувыжыр», — къыхегъэщ ди псэлъэгъум.
  • Каринэ и уэрэдхэр щигъэIуащ адыгэхэр нэхъыбэу щыпсэу Тырку щIыналъэм щекIуэкI щэнхабзэ фестивалхэми. Театрым и мызакъуэу, ди республикэми, гъунэгъу щIыналъэхэми къыщызэрагъэпэщ пшыхьхэм уэрэджыIакIуэр ирагъэблагъэ, адыгэ уэрэдыжьхэр къэгъэщIэрэщIэжауэ ахэм щегъэзащIэ. Каринэ уэрэд нэхъыбэ и анэдэлъхубзэмкIэ зэригъэзэщIэнум хущIокъу, къэбгъэлъагъуэмэ, Сэхъу Хьэсэн, Мамий Аслъэн сымэ ядолажьэ, Иуан Владимир и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр и гуапэу егъэзащIэ.
  • КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
  •  
  • КъэкIуэнур  зейхэр
  •  ЩIэныгъэлIныбжьыщIэ  Ало Астемыр
  •  КъБР-м и ЩIалэгъуалэ Правительствэм мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министр, зэфIэкI зиIэ щIалэгъуалэм защIэгъэкъуэнымкIэ «УМНИК» программэм ахъшэ саугъэт къыщызыхьа Ало Астемыр щIэныгъэ лэжьыгъэми жылагъуэ Iуэхуми дихьэха щIалэщIэщ.
  • Мы  гъэм абы диплом плъыжькIэ къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и агроном факультетым и магистратурэр, ауэ илъэс зыбжанэ хъуауэ ехъулIэныгъэхэр къыщигъэлъагъуэу щолажьэ агрохимие IэнатIэм и «Къэбэрдей-Балъкъэр» станцым. IэщIагъэлIхэр бэджэндырылажьэхэм япыщIащ щIым и щытыкIэнур зыхуэдэр къапщытэ, нэгъуэщI Iуэхутхьэбзэхэри зэфIах.
  • ЩIэныгъэ Iуэхум Алор къыщыхэжаныкIащ лэжьыгъэ зыбжанэкIэ. Абыхэм ящыщщ ещанэ курсым щIэсу ар зэгъэбыдылIа кафедрэм и гъусэу зэлэжьар, гуэдзыр бэв хъун щхьэкIэ ехьэлIапхъэ хущхъуэщIэм теухуауэ (аращ «УМНИК»-м утыку къыщрихьари), фошыгъум и пIэкIэ къэбгъэсэбэп хъуну къэкIыгъэм («стевия» фIэщыгъэр зиIэм) ехьэлIауэ ирагъэкIуэкIа гъэунэхуныгъэр, чэтэнудзыр (лён) ди щIыпIэхэм зэрыщыбгъэкIынур.
  • ЕджапIэм щIэсыху, Алом къратащ и ехъулIэныгъэхэм щыхьэт техъуэ къэрал стипендие зэмылIэужьыгъуэхэр. Псалъэм папщIэ, 2017 гъэм щIалэм къыхуагъэфэщащ УФ-м и Правительствэм и стипендиер, къыкIэлъыкIуэ илъэсым къратащ КъБР-м и Iэтащхьэм и цIэкIэ ят стипендиер, 2019 гъэм — УФ-м и Президентым и стипендиер.
  • ЩIалэгъуалэ Правитель-ствэм хыхьэн и пэ къихуэу, Астемыр жылагъуэ Iуэхухэми зэрыхуэжыджэрри къигъэлъэгъуэну хунэсащ.  КъБКъМУ-м и Студент советым, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэм, Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм епха щIалэгъуалэ советым, «ЩIалэгъуэ гвардие» зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм хэтащ. «ЩIалэгъуалэ Правительствэм Iэмал къыдет ди Iуэху еплъыкIэр республикэ унафэщIхэм ялъэдгъэIэсыну, апхуэдэ дыдэу къулыкъущIэхэм я лэжьыгъэм мыдрейхэр щыдгъэгъуэзэну, — жеIэ абы. — КъБР-м мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министр Говоров Сергей сыIущIащ, илъэситIым дызэрызэдэлэжьэнур дубзыхуащ. А лэжьыгъэхэм хыхьэу, КъБКъМУ-м и студентхэр зэхуэсшэсри, республикэм мэкъумэш Iуэхум зэрыщелэжьым, къэралым а IэнатIэм пэрытхэм зэрызащIигъакъуэм, къапщтэмэ, министерствэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм, ягъэзащIэ программэхэм ятеухуауэ презентацэ щысщIащ. КъищынэмыщIауэ, къалэм щекIуэкI Iуэхугъуэ псоми дызэрыхэтынум дыхущIокъу: щIыуэпсыр хъумэным ехьэлIа Iуэху куэд къызыдогъэпэщ, урысейпсо щIалэгъуалэ зэхыхьэхэм докIуэ. ЩIалэгъуалэ Правительствэр зэрысэбэпыр шэч зыхэмылъщ».
  • Алор хэтащ Воронеж къалэм щекIуэкIа «Къэралым и щIалэгъуалэ гуп» урысей-псо егъэджэныгъэ зэIущIэм, Кърымым мэкъумэш IэнатIэмкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щызэхэ-та зэхыхьэм. Дагъыстэн Республикэм 2017 гъэм абы щигъэлъэгъуащ «Гуэдз гъэкIынымкIэ иджырей Iэмалхэр къэгъэсэбэпын» и лэжьыгъэр икIи етIуанэ увыпIэ щиубыдауэ щытащ.
  • «Къэбэрдей-Балъкъэрыр, зэрытщIэщи, мэкъумэш щIыналъэщ, дищIхэм гъавэ бэв къыщохъу. Мы Iуэхум сыдихьэхыу сыхэтщи, IэщIагъэ къыхэсхамкIэ сызэрыщымыуар си дежкIэ хьэкъщ», — дыщIегъу щIалэм.
  • КъуэщIысокъуэ Линэ.
  •  
  •  Мэздэгу   щIалэ
  •  Лъэныкъуэ куэдкIэ зыбужьыну ухуеймэ, ди зэманым апхуэдэ IэмалыфIхэр щыIэщ, икIи ахэр къэзыгъэсэбэп щIалэгъуалэри ди мащIэкъым.
  • Хьэрылъху Александр мэздэгу адыгэхэм ящыщщ, ауэ и унагъуэр Налшык дэсщ. ЩIалэм КъБКъУ-м дизайнымкIэ и колледжыр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр къиухащ, ауэ зэрысабийрэ и адэм и гъусэу лъэщапIэм зэрыщIэтар къыщхьэпэжащи, илъэси 10-м щIигъуауэ езыри гъущIхэкIхэм йолэжь.
  • Адыгэ Iуэхум гукIи псэкIи зэрыпэгъунэгъуращ  мы щIалэм дытетхыхьын хуей щIэхъуар. И IэщIагъэр къигъэсэбэпри, лъэпкъым хуэщхьэпэн Iуэхум ар и ужь ихьащ. Александр гъущIым къыхищIыкI лъэпкъ дамыгъэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Адыгэ Республикэми щызэбгрыкIащ. Абазэхэ, Ерыджокъуэхэ, Сатушыхэ, Борэхэ, МэшлIэкъуэхэ, ЦIыпIынэхэ, Пэнэфхэ, Тхьэкъуахъуэхэ, Думэнхэ, Сыжажэхэ, ЖэнэлIхэ, Лыджыдэхэ, Мамхэгъхэ, Къулхэ, Мамийхэ, Тхыгъохэ, Къэрэшхэ, нэгъуэщIхэми я дамыгъэхэр абы яхуищIащ. «Дэтхэнэ дамыгъэми ущелэжькIэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэгъуэтыпхъэщ. Дамыгъэхэм зы щIыкIэ яIэми, ахэр зэщхькъым, «хьэл-щэн» хэха дэтхэнэми яIэщ. Ахэр щысщIкIэ, зэрысхузэфIэкIкIэ, си гуи си пси хызолъхьэ, си дежкIэ а лэжьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ», — жеIэ щIалэм.
  • Шэч хэмылъу, щIэупщIэ сытым дежи зиIэ IэщIагъэщ Александр къыхихар. Ар Сочэ, Геленджик къалэхэм ирагъэблагъэурэ щылэжьащ, ауэ Налшык щиIэ и лъэщапIэр нэхъыщхьэщ икIи иджыри йогупсыс адыгэ Iуэхум пэгъунэгъу хьэпшып гуэрхэр зэрищIынум.
  • ЩIалэм пасэу къиухауэ щытащ музыкэ школри. Гитарэ еуэнымкIэ зригъэгъуэта щIэныгъэр нобэр къыздэсым зыIэщIигъэхуркъым, уеблэмэ адыгэ макъамэхэм дехьэхри, уэрэдыжьхэр къигъэщIэрэщIэжурэ жеIэ.
  • Александр Налшык щыпсэуми, мэздэгу адыгэхэм быдэу зэрапыщIар къыхегъэщ, щIэх-щIэхыурэ и анэшхуэм, благъэ-Iыхьлыхэм я деж мэкIуэж лъагъунлъагъу.  «Лъэпкъ щэнхабзэм апхуэдизу сыщIыдихьэхар, мыбыкIи хуэдэу мэздэгу адыгэхэми ди хабзэжь куэд зэрытхъумар, ахэр нобэр къыздэсым къыддекIуэкIыу зэрыщытыр арагъэнущ. Ди япэ итахэм зэфIагъэува щэнхабзэм пщIэ хуэтщIу, я щIэиныр зэхэтщIыкIыу дыпсэун хуейуэ къызолъытэ», — къыхегъэщ абы.
  • АЛЪХЪО Дыжьын.
  •  
  •  
  • Шууей  ахъырзэманхэр
  • Тверь областым щыIэ «Конаковым и шэщхэр» шы-спорт клубым иджыблагъэ шыгъажэмкIэ щекIуэкIа урысейпсо чемпионатым пашэ щыхъуащ Къалэ Мухьэмэд.
  • Километри 160-кIэ къызэдэжэным шууеи 7 щызэхьэзэхуати, кIэух Iыхьэм нэсар плIыращ. Абыхэм ящыщу сыхьэт бжыгъэ нэхъыфI дыдэр къэзыгъэлъэгъуар Къалэ Мухьэмэдщ. Ар зытеса хьэрып-адыгэ шы лъэпкъым щыщ «Эльбрус» и гъуэгуанэр къызэпичащ ику иту сыхьэтым километр 15,91-рэ и хуабжьагъыу икIи 10:03:25 бжыгъэр къигъэлъэгъуащ.
  • Абы дакъикъи 5-м щIигъукIэ къыкIэрыхуащ Москва щыщ Колодезниковэ Анастасие зытеса «Монстр» (инджылыз-къэбэрдей шы лъэпкъщ). Джатэ Щэмил зытеса адыгэш «Нарт» (шыр Сибэч Ар-тур ейщ) ещанэ хъуащ. Хъупсырджэн Залым зытеса «Баркас» еплIанэщ.
  • Къыхэгъэщыпхъэщ, мы зэпеуэм къыдэкIуэу, Къалэ Мухьэмэдрэ «Эльбрус»-рэ зыхэта дунейпсо зэхьэзэхуэми  япэ увыпIэр къызэрыщахьар.