ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2019

ЛъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр

2019-07-09

  • Ди республикэм хабзэ дахэ зэрыщыхъуащи, махуэ лъапIэхэр куэдрэ щаIэт Налшык дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм. Абыхэм ящыщ зыщ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм я урысейпсо махуэм теухуа зэIущIэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м и ЦIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Iуэхум Iуэху къыпоувэ

2019-07-09

  • Бадзэуэгъуэм и 5 — 6-хэм Черкесск къалэм щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зэхуэс. Абы и лэжьыгъэм хэтащ Кавказ Ищхъэрэм, Тыркум, Иорданием, Сирием, Израилым, Германием я лIыкIуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

2019-07-09

  • Бадзэуэгъуэм и 9,  гъубж
  •  Азербайджаным и дипломатие къулыкъум и лэжьакIуэхэм я махуэщ
  •  Аргентинэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1816 гъэм ар Испанием къыгуэкIащ.
  •  Къэзахъстаным и налог IэнатIэм и махуэщ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ТIымыжь Хьэмыщэ: МурадыщIэхэр  доубзыху, лъагапIэщIэхэм дынос

2019-07-09

  • Ди лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэр, анэдэлъхубзэр, хъумэнымрэ абы адэкIи зегъэужьынымрэ гурэ псэкIэ сыт хуэдэ лъэхъэнэми хуэлажьэ IэнатIэхэм ящыщщ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэр. Университетым и къудамэхэм я нэхъыжьхэм халъытэ а IэнатIэм лэжьэн щIидзащ 1932 гъэм, а илъэсым Псыхуабэ (Пятигорск) къыщызэIуахауэ щыта Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым хэту. ЛIэщIыгъуэм нызэрыхьэс гъуэгуанэ кIыхь къэзыкIуа адыгэбзэ кафедрэм дапщэщи щызэфIах лъэпкъым хуэщхьэпэн Iуэхугъуэ куэд, щIэныгъэ-къэхутэныгъэм, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ ехьэлIауэ, щIыналъэпсо, къэралпсо мыхьэнэ зиIэ ехъулIэныгъэфIхэри зыIэрагъэхьэ. А псори езыр-езыру къакIуэркъым — дэтхэнэ Iуэхугъуэми и щIыбагъ къыдэлъщ кафедрэм и лэжьакIуэхэм я лэжьыгъэ хьэлэл. Ябгъэдэлъ щIэныгъэкIи зэфIэкIкIи дэбгъуэн щымыIэ егъэджакIуэ гупыр зэдэууэ хуолажьэ я пщэрылъ къалэнхэр къызыхуэтыншэу зэфIэхыным. КъинэмыщIауэ, адыгэ кафедрэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щIэх-щIэхыурэ яхыхьэ дэтхэнэми гу лъимытэнкIэ Iэмал иIэкъым абыхэм я зэхэты-кIэ дахэми: зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ зэрылъ адыгэ унагъуэ зэпэщым ибогъэщхь ахэр. АбыкIэ, дауи, фIыщIэ куэд бгъэдэлъщ илъэс зыбжанэ лъандэрэ кафедрэм и унафэщIу лажьэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор ТIымыжь Хьэмыщэ Тэркъан и къуэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

 Хэкупсэ  нэсхэр  щагъасэ  щIыпIэ

2019-07-09

  • Хабзэ хъуащи, цIыхухэм хьэщIагъэ дахэ ехынымкIэ цIэрыIуэ хъуа ди республикэм гъэмахуэ къэс къытхуоблагъэ зи узыншагъэр езыгъэфIэкIуэну, зи нэгу зезыгъэужьыну хуей куэд. Мыгъэрей апхуэдэ хьэщIэхэм ящыщщ Iуащхьэмахуэ лъапэ и щIыпIэхэм щылажьэ «ЛIыхъужьхэр» сабий лагерым зыщыгъэпсэху ныбжьыщIэхэр. Ахэр Москварэ Москва областымрэ къикIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Махъсидэ Анатолэ еш ищIэртэкъым

2019-07-09

  • Тхыдэдж, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Махъсидэ Анатолэ Ахьмэд и къуэр псэужамэ, мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъунут.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

 СыIуту уафэ гъунэм сокIуэ

2019-07-09

  • Ацкъан Руслан и тхыгъэщIэхэр
  • * * *
  • КъызэрыщIэкIымкIэ, псэукIэм
  • хэсщIыкIыр мащIэщ, мащIэ дыдэщ.
  • АтIэми гъащIэр носыр и кIэм,
  • нэхъыбэ хъу зэпытщ сфIэкIуэдыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ПроектыщIэхэр  утыку  ирахьэ

2019-07-09

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэхэтащ «Мэшыкъуэ-2019» щIалэгъуалэ зэпеуэм зыщыхуагъэхьэзыр зэхуэс. «ПредМашук» цIэр зыфIаща зэхыхьэм студентхэр щаIущIащ    УФ-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и федеральнэ агентствэм и лIыкIуэхэмрэ «Мэшыкъуэ-2019» щIыналъэпсо зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЖьэрыIуатэбзэм и  къарур щIокI

2019-07-09

  • ПщIэ зыхуэсщIу мы тхыгъэм еджэну мурад зыщIа си ныбжьэгъу, цIыхубэр къэзыцIэла узыфэу нобэ сызытетхыхьынур уэр дыдэм къоузми пщIэркъым! Сыт хуэдэ цIыхуми фIэфIынукъым ар мыузыншэу къыщIебгъэдзмэ, ауэ дэтхэнэми зыхуэсакъыжыныр и къалэнщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

Гушхуэныгъэ яхэлъу къохъу

2019-07-09

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и «Амикс» щIалэгъуалэ уэрэджыIакIуэ гупыр зымыцIыху куэд ису къыщIэкIынкъым ди республикэм. ЯгъэзащIэ дэтхэнэ уэрэдри теплъэгъуэ дахэу уи нэгу къыщIэзыгъэувэф а ансамблым зэфIэкIышхуэ бгъэдэлъщ. Балигъ гупым я щапхъэм тету къотэдж «Амикс»-м и «Амикс цIыкIу» («Амиксик») сабий ансамблри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дунейпсо утыкур къапоплъэ

2019-07-09

  • Мэкъуауэгъуэм и кIэухым Уфа къалэм щекIуэкIащ иужьрей зэманым зыужьыныгъэшхуэ зыгъуэта бгырыпх бэнэкIэмкIэ Урысейм и чемпионат. Башкортостаным и къалащхьэм къыщызэхуэсат къэралым и щIыналъэ 32-м къикIа а спорт лIэужьыгъуэмкIэ зызыгъасэ спортсмен 300-м нэблагъэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

Щхьэм къимытIасэ Iуэхухэр

2019-07-09

  • Котляровхэ Мариерэ Виктор-рэ я къалэмыпэм къыщIэкIа тхылъ гъэщIэгъуэн иджыблагъэ дунейм къытехьащ. «Мистическая Кабардино-Балкария» зыфIаща лэжьыгъэм щызэхуэхьэсащ щхьэм къимытIасэ, фIэщщIыгъуей хъыбархэу ди республикэм ехьэлIахэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ