ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Къэгъэзэгъуэ»

2019-07-23

  • Налшыкдэсхэм къинэмыщIауэ, ди къалащхьэм щыхьэщIэхэр я гуапэу здашэ «Тамерис» шхапIэр зей Едыдж Нихьаи зэрыадыгэгум щыхьэт техъуэ лэжьыгъэшхуэ ищIащ. Абы итхащ «Къэгъэзэгъуэ» зыфIища тхылъ. ГурыIуэгъуэщ Iуэхуншагъэм къызэрыхимыхар. Лъэпкъым хуиIуэтэжын иIэт Тыркум щыпсэу адыгэхэм ятеухуауи, и сабигъуэм къыщыщIэдзауэ игу ириубыдамрэ и нэгу щIэкIамрэ итхыжащ, дызэригъэхъуэпсэжын, ди хабзэ, ди бзэ, ди Хэку жыдигъэIэн папщIэ.

  • НихьАи зи гугъу къытхуищIыр езым и къуажэжь Елэмэращ, Анталие къалэм километр 200 хуэдизкIэ пэжыжьэр.
  • — Си къуажэ Елэмэм дэсхэм Хэкур зэрырагъэбгынэрэ илъэси 150-м нэблэгъащ. Мы пIалъэм къриубыдэу къуажэм зихъуэжащ, псэукIэм нэмыщI, бзэми, хабзэми,   гупсысэкIэми ехьэлIауэ. Псом ящхьэращи, адыгэбзэр зэрытIэщIэхур нахуэу къэлъагъуэ хъуащ. АнэдэлъхубзэмкIэ дытхэну, деджэну, тредгъэдзэну, дгъэлэжьэну дызэрыхуимытам къытхуихьащ ар. Уэрэдхэр, джэгукIэхэр, щIагъыбзэхэр мэкIуэдыж. Аращ си къуажэ дэлъа бзэр, абы щаIуэтэж хъыбархэр, джэгукIэхэр  стхыжыну яужь сыщIихьар. Илъэс 40-кIэ  стхыжащ къуажэм теухуауэ сыт зэхэсхами. Си ныбжьэгъухэм сытрагъэгушхуащ зэхуэсхьэсар тхылъу къыдэзгъэкIыну, — жеIэ Нихьаи.
  • Нихьаи и гугъу ещI Хэкур щIабгынам, Анталие къызэрыщыувыIам, елэмэдэсхэм я IуэхущIафэм, нысашэ хьэгъуэлIыгъуэр зэращI щIыкIэм, мы къуажэм дэса лIакъуэхэм, зи лъапсэ хэкIуэдэжа унагъуэхэм (цIыхухъу зэрамыIэжым къыхэкIыу), Анталие Адыгэ Хасэ зэрыщаухуам, дыщегъэгъуазэ къуажэхьхэм, псалъэжьхэм, псалъэ шэрыуэхэм, щIагъыбзэхэм, псалъэ щыпкъэхэм, сабий джэгукIэхэм, къэкIыгъэцIэхэм, уэрэдхэмрэ макъамэхэмрэ. Иужьрейм теухуауэ гъэщIэгъуэныщэщ къиIуэтэжыр.
  • Шэгудж Хьэжефэнды «пщащэхэмрэ щIалэхэмрэ къызэдэфэныр хьэрэмщ», жиIэу джэгухэм хэлъадэурэ башкIэ яхэуэу щIидзат. Арати, щагъэтащ.
  • 1967 гъэм Нихьаи Анкара къалэм пшынэ къыщищэхури,   къуажэм ихьащ. Пшынэ еуэфу къуажэм дэсыжым щыщIэупщIэм, Хьэткъуэхэ япхъу Хьэбибэ и гугъу къыхуащI. ЩIалэр а нанэм деж кIуэурэ магнитофоным тригъэтхащ адыгэ макъамэхэр. ИтIанэ езым зригъэщIащ пшынэ еуэкIэ. Апхуэдэурэ мащIэ-мащIэурэ яублэжащ пщыхьэщхьэ зэхэсхэр.
  • Сыт мыр нэхъ къыщIыхэзгъэщхьэхукIар? Мы ди зэманым къафэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр аращ. ЩIалэгъуалэ хэхэсхэми хэкурысхэми адыгэбзэ зымыщIэ яхэтщ, ауэ къафэм димыхьэх щыIэкъым, абы зэрегъэцIыхуж ди щIэблэр. Аращ Нихьаи а зэманым игу къэкIам мыхьэнэ иIэу къыщIэслъытэр, зауэмрэ гугъуехьымрэ зигу ирауда лъэпкъым гупсэхугъуэ къызыхих адыгэ пшынэр пэбубыдыжыныр емыкIуу икIи гуэныхьу зэрыщытам и гугъ умыщIыххи.
  • «Къэгъэзэгъуэ» тхылъыр кIахэ псэлъэкIэмкIэ 2013 гъэм Мейкъуапэ къыщыдэкIащ. Иджы ар къэбэрдеибзэм къригъэзэгъащ Нихьаи и ныбжьэгъу Абазэ Ибрэхьим.
  • Тхылъым сурэт куэд, пшыналъэхэр нотэкIэ тхыжауэ итщи, Елэмэм щагъэзащIэу щыта макъамэхэр къэзыгъэщIэрэщIэжыну хуей пшынауэхэмкIэ гъэщIэгъуэн зэрыхъунум шэч хэлъкъым.
  • Мэсей  Маринэ.