|
Январь, 2019
2019-01-22
- Ди газетым зэрытетащи, иджыблагъэ КъБР-м щыIащ УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей. Абы къипщытащ ди щIыналъэм инвестицэ проектхэр зэрыщагъэзэщIар, цIыхухэм я гъащIэр егъэфIэкIуэн, экономикэм зегъэужьын папщIэ къэрал Iуэхуу республикэр зыхэтыр здынэ-сар. КъищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ Чеботарёвымрэ щызэпсэлъам ягъэбелджылащ 2025 гъэ пщIондэ щIыналъэм социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зиужьыным хуэунэтIауэ яубзыхуа Iуэхухэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЗэIущIэхэр
2019-01-22
- Автомобиль зекIуапIэхэмрэ туристхэр бгыхэм дэзыш кIапсэ гъуэгухэмрэ нэхъыбэ щIыным хущIэкъуным Къэбэрдей-Балъкъэрым зыгъэпсэхуакIуэу къакIуэхэм я бжыгъэм хигъэхъуэнущ. Ар щыжиIащ УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей, ди республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэр хэту ирагъэкIуэкIа зэIущIэм къыщыщыпсалъэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-01-22
- 2019 гъэм щIышылэм и 20-м дунейм ехыжащ РСФСР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зрата, Хэку зауэшхуэм хэта Къардэн Хьэсэн Екъуб и къуэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-01-22
- «Урысейр зэфIэкIышхуэхэр здэщыIэ къэралщ» зэпсэлъапIэ зэIухам хиубыдэу екIуэкI мы конкурсыр УФ-м и Президентым и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ. Зэпеуэр хуэунэтIащ зэфIэкIыш-хуэ зыбгъэдэлъ, унафэщIу лэжьэфыну щIалэгъуалэр къэлъыхъуэным, абыхэм ядэIэпыкъуным, зегъэужьыным. 2018 — 2019 гъэхэм къриубыдэ зэпеуэм хэтын папщIэ цIыху мин 227-м щIигъум зрагъэтхащ. Абыхэм яхэтщ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыщ ныбжьыщIэу мини 6-м щIигъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-01-22
- Уэсым и дунейпсо махуэщ. Къэрал куэдым ар щагъэлъапIэ ЩIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я махуэ фIэщыгъэр иIэу.
- УФ-м и ПВО-м и кхъухьлъатэдзэхэм я махуэщ
- Нартыху гъэпIэнкIам и махуэщ. МафIэ гуащIэм тет шыуаным нартыху хьэдзэ зыбжанэ ибдзэмэ, уэс Iэтэм хуэдэу къызэрыбырыбым япэу гу лъатащ 1630 гъэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-01-22
- Сабийхэм еIэзэ дохутырхэм я IэнатIэ зэгуэт къызэгъэпэщыным теухуа унафэм иджыблагъэ Iэ щIидзащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Марат.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-01-22
- Налшык къалэ администрацэм пщIантIэ нэхъ дахэ зиIэ, фэтэр куэд зыхэт унэхэр къыхэхыным теухуа зэпеуэ ирегъэкIуэкI.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-01-22
- Нобэрей гъащIэм и зы хабзэщ сыт хуэдэ и лъэныкъуэкIи лъэбакъуэ абы дэпчыныр. Ар фIыуэ къызыгурыIуа цIыху щхьэхуэхэми лъэпкъ зэхуэмыдэхэми заужь, йофIакIуэ. Апхуэдэ зыужьыныгъэр абыхэм ирапхыркъым я анэдэлъхубзэр Iумпэм щIыным, ар гъэкIуэдыным. Адыгэ лъэпкъыр куэд щIауэ къогъуэгурыкIуэ. Лъэпкъым нобэм къытхуихьэса фIыгъуэхэм ящыщщ адыгэбзэр. «Адыгэхэр адыгэбзэ хуей?» упщIэм мыарэзыныгъэ зыхэлъ жэуап ептыныр емыкIущ. Ауэ апхуэдэу къалъытэу пIэрэ адыгэу зыкъэзыбжыж дэтхэнэми?
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-01-22
- ЦIыхухэм я теплъэр зэрызэхуэмыдэм хуэдэ дыдэу, я хьэл-щэнкIи зэщхькъым. ЩыIэщ гъащIэ кIыхь икIи купщIафIэ къэзыгъащIэхэр, етIуанэхэм дунейм къащыхуиухар зэман кIэщIми, абы къриубыдэу IуэхугъуэфI куэдым хунэсыну яхузэфIокI. Иужьрейхэр, щыпсэуми, адрей цIыхухэм къахощхьэхукI я гупсысэкIэкIэ, Iуэху зехьэкIэкIэ, дуней еплъыкIэкIэ дунейм щехыжми, абыхэм я цIэхэр, куэдрэ хэмыгъуэщэжын лъэужь нэхуу ахэр зыцIыхуу щытахэм я гум къонэ. Аруан щIыналъэм хыхьэ Псыгуэнсу адыгэ къуажэжьым пщIэрэ щIыхьрэ зиIэу дэса Мыз зэщхьэгъусэхэу Лиуанрэ ХьэкIулацэрэ Тхьэм къарита я щIалитхум я нэхъыжь дыдэ Мухьэмэд я щапхъэщ зи гугъу тщIыхэм. «Псэуну пIащIэрт», — зыхужаIэхэм ящыщт а щIалэр. Дунейм зэрытета илъэс 45-р Мухьэмэд щызу, IуэхугъуэфI куэдкIэ гъэнщIауэ ирихьэкIащ, ауэ щыхъукIи езыр егъэлеяуэ Iэдэбт, щэныфIэт, зэпIэзэрытт. Псэужамэ, Мухьэмэд и ныбжьыр мы мазэм илъэс 70 ирикъунут…
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
2019-01-22
- Къэбэрдей-Балъкъэрым хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 96-м иту 2019 гъэм щIышылэм и 20-м дунейм ехыжащ совет, урысей композитор, РСФСР-м и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Гимныр зытха Къардэн Хьэсэн Екъуб и къуэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-01-22
- Адыгэ лъэпкъ литературэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 78-м иту щIышылэм и 19-м дунейм ехыжащ тхакIуэ цIэрыIуэ, журналист, цIыху гуащIафIэ Гъэунэ Борис Хъызыр и къуэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-01-22
«Къэбэрдейм щыщ шууей» художественнэ фильмыр зытеухуа, Къуэшыркъуей щыщ журналист, жылагъуэ лэжьакIуэ Хьэмгъуокъу Барэсбийрэ усакIуэ цIэрыIуэ Къэжэр Пётррэ зэныбжьэгъу пэжт. Ди щэнхабзэр егъэфIэкIуэнми хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ.
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2019-01-22
- «Сэ адыгэлъ сщIэтщ: адэмкIэ си адэшхуэр къэбэрдейщ, си анэм и лъэныкъуэкIэ лъабжьэр къэзакъхэмрэ адыгейхэмрэ я деж йокIуэлIэж», — апхуэдэущ къызэрыщIидзэр Къуныжь (Артамоновэ) Лидие шыхэм зэратхьэкъуа хъыбарыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-01-22
- Къардэн Мухьэмэд
- ГушыIэ Iуэтэж
- …ЩыIэ зы адыгэ щIалэжьи, и гум щэху гуэр щызымыгъафIэ?! Хэти, моуэ-щэ, зы пхъужь дэгъуэ и гум ирихьащи, жэщкIэ йопщIыхь, хэти унэ зэтет лъагэм машинэ ехьэжьакIэ Iуашэжу псэуну и хъуэпсапIэщ, хэти… Сытми, сэри абыхэм сащыщ зыти, си гум щызгъафIэрт «Мо къажэр Мухьэмэдхъанщ» жаIэу сыкърацIыхуу зы машинэ екIужьыфI сиIэну.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-01-22
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Музыкэ театрым илъэс куэдкIэ щылэжьа дирижёр цIэрыIуэ Бекъул Леонид Лолэ и къуэр фIы дыдэу щацIыхурт ди щIыналъэми гъунэгъу хэгъэгухэми. «Бжьамий» ансамблыр къызэригъэпэщу илъэсипщI бжыгъэкIэрэ зэригъэлэжьам фIэкIа зыри имыщIами, ар зылI хузэфIэкIыну ирикъунт. Къыдеджахэм, къыдэлэжьахэм, и ныбжьэгъуу щытахэм фIыкIэ ягу къинащ Леонид. Бекъулым тедгъэпсэлъын папщIэ зыхуэдгъэзащ композитор, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Молэ Владимир.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
|