ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Январь, 2019

Къуажэдэсхэр щогуфIыкI

2019-01-15

  • Каменномост къуажэм къыщызэIуахыжащ иужьрей зэманым лэжьыгъэшхуэ зращIэкIа, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжа щэнхабзэ унэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ

Къэралым щынэхъыфIхэу къалъытэ

2019-01-15

  • Атлетикэ псынщIэмкIэ урысейпсо федерацэм (ВФЛА) блэкIа илъэсым къэралым и спортсмен нэхъыфIу къилъытащ ди лъахэгъу Ласицкене (Кучинэ) Марие. Абы и тренер Габрилян Геннадий 2018 гъэм Урысей Федерацэм и гъэсакIуэ нэхъыфIщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ турист мин 63-м щIигъу

2019-01-15

  • 2017 — 2018 гъэхэм я щIымахуэ зэманым елъытауэ мы гъэм туристхэм я бжыгъэр проценти 10-кIэ нэхъыбэ хъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019-01-15

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хабзэр щыхъумэнымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэIущIэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
  • и Iэтащхьэм и Указ
  1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хабзэр щыхъумэнымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэIущIэм хэтхэу мы Указым щIыгъур къэщтэн.
  2. Къару ямыIэжу къэлъытэн:
  • «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хабзэр щыхъумэнымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэIущIэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм мазаем и 10-м къыдигъэкIа Указ №17-УГ-м;

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Указ

Нобэ

2019-01-15

  • Урысей Федерацэм СледствиемкIэ и комитетыр къыщызэрагъэпэща махуэщ (2011 гъэм)
  • Википедием — ИнтернеткIэ къагъэсэбэп щIэнгъуазэм — лэжьэн щыщIидза махуэщ
  • Хорватиер къэрал щхьэхуэу къыщалъыта махуэщ (1992 гъэм). Европэ зэгухьэныгъэм щыщ къэрал 12-м ар щхьэхуиту къалъытауэ щытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019-01-15

Адыгэ къафэм дихьэх пщащэ цIыкIухэр

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Дыгъэбзийуэ зи макъамэр псынэм хэпсэ

2019-01-15

  • РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ, пшынауэ Iэзэ, макъамэтх, къэфакIуэ, адыгэ лъэпкъ гъуазджэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, лъэужь дахэ къэзыгъэна Къашыргъэ КIурацэ къызэралъхурэ щIышылэм и 3-м илъэси 120-рэ ирикъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къуныжьхэ тхыдэм къызэрыхэщыр

2019-01-15

  • Иужьрей зэманым нэхъ дызыщыгуфIыкIыу къыдагъэкI тхылъ лIэужьыгъуэхэм я щапхъэщ лъэпкъ щхьэхуэхэм ятеухуахэр. «Къуныжьхэ я лъэпкъыр тхыдэм къызэрыхэщыр» («Кунижевы: фамилия в истории») — аращ зэреджэр нобэ щыгъуазэ фыхуэтщIыну дызыхуэпIащIэ тхылъыщIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Зэманым декIуу псэу ДзыхьмыщI Мутрал

2019-01-15

  • Старэ Урыху (нобэ Хьэтуей) къуажэм щыпсэу ДзыхьмыщIхэ Хьэжсуфрэ Дыгъэнэхурэ я унагъуэм 1934 гъэм шIышылэм и 10-м гуфIэгъуэшхуэ къыщыхъуащ: дунейм къытехьащ зэщхьэгъусэхэм я бын ещанэр. Мутрал цIэр зыфIаща щIалэ цIыкIур угъурлыуэ къахущIэкIащ ДзыхьмыщIхэ. Илъэс бжыгъэ куэд ямызэхуакуу Хьэжсуфрэ Дыгъэнэхурэ иджыри зэдагъуэтащ щIалищрэ зы хъыджэбзрэ. «БыныфIэр насыпыфIэщ», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. А лъэпкъ Iущыгъэм хэлъ пэжагъыр щынэрылъагъут ДзыхьмыщIхэ я унагъуэшхуэм. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ зэрылъ, нэхъыжьым — пщIэ, нэхъыщIэм — гъуэгу щрат, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ щытепщэ унагъуэ дахэт ар. Зи адэ акъылыфIэр, диныр къабзэу зезыхьэр, лэжьыгъэм зэи зыщызымыдзей нэхъыжьыфIыр я щапхъэу къэхъуащ щIалэхэр. Хъыджэбз закъуэми анэм бгъэдэлъ IэкIуэлъакIуагъэр, гуапагъэмрэ нэмысымрэ и плъапIэт. Адэ-анэми ялъэкI къагъанэртэкъым я быныр зыхуей хуэзэу, лъэпкъ гъэсэныгъэ яхэлъу, щIэныгъэм хуэпабгъэу къэгъэтэджынымкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

ЛъэужьыфIэ

2019-01-15

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и
  • цIыхубэ артист Жылокъуэ Мухьэмэдин
  • и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу
  • И гъащIэ Iыхьэри зрикIуэну гъуэгуанэри убзыхуауэ дэтхэнэ цIыхури дунейм къытохьэ. Ауэ къахуиуха пIалъэм къриубыдэу языныкъуэхэр щIылъэм щохьэщIэ, адрейхэр — щопсэу. ЕтIуанэ гупым хиубыдэ цIыхухэм ехьэлIауэ «Псэуну гъащIэ зыхуэфащэр мыувыIэу кIуэхэр аркъудейщ», — итхыгъащ КIыщокъуэ Алим. Апхуэдэ цIыху емызэшыжхэм ящыщщ Налшык дэт Музыкэ театрым и утыкур илъэс куэдкIэ зыгъэбжьыфIа, КъБАССР-м и цIыхубэ артист Жылокъуэ Мухьэмэдин.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

 ШэкIыхьэщIэ Аслъэн: «Дохутырхэр гу быдэ мэхъу», жыхуаIэр пэжкъым

2019-01-15

  • «ШэкIыхьэщIэ Аслъэн Iэзагъышхуэ зыхэлъ дохутырщ. А щIалэм си сабийр тIэунейрэ щытыкIэ хьэлъэм къришащ. И IэщIагъэм къыхуигъэщIащ» зыхужаIэр абы хуэдэхэращ. Дэтхэнэ зыми гукIи псэкIи хуэгумащIэу, и узыншагъэр зэрефIэкIуэжым щыгуфIыкIыу щытщ. ЖыпIэнурамэ, дохутыр нэсым хэлъын хуей хьэл псори дыболъагъу ШэкIыхьэщIэм. И цIыхугъэр здынэсыр, и зэфIэкIыр зыхуэдэр ди унагъуэм дгъэуэнэхуащи, пщIэ худощI. И лэжьыгъэм и хъер илъагъуу Тхьэм куэдрэ и IэнатIэм пэригъэт», — дыкъыщоджэ нобэрей ди псэлъэгъу дохутыр щIалэм теухуауэ Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым Инстаграмым щиIэ и напэкIуэцIым ит фIыщIэ тхыгъэхэм ящыщ зым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ

ГъащIэр фIыуэ елъагъу

2019-01-15

  • Ди лэжьэгъуфI, ныбжьэгъу пэж, бзылъхугъэ гуакIуэ Уэрдокъуэ Женя Мырзэкъан и пхъум егъэлъапIэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъур. И унэцIэм ещхьщ Женя и теплъэри, и Iуэху зехьэкIэри. Ар цIыху уардэщ, Iэдэбщ, зэпIэзэрытщ. А хьэлыфI псоми я къежьапIэщ ар къыщалъхуа, къыщыхъуа адыгэ унагъуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Зыри къащыгъупщакъым

2019-01-15

  • КъБР-м и спорт адаптивнэ школым екIуалIэ зи узыншагъэм щыщIэныгъэ зиIэ сабийхэм папщIэ ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм гуфIэгъуэ зэхыхьэ щекIуэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Псапэ

Дыщэ медалу тIу

2019-01-15

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм дыщэ медалу тIу къыщахьащ Рязань щекIуэкIа тхэквандомкIэ Урысей Федерацэм и чемпионатым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

ЩIэблэр фIым хуагъасэ

2019-01-15

  • Джэрмэншык дэт спорт IуэхущIапIэм щылажьэ гъэсакIуэхэм я зэфIэкI псори ирахьэлIэ щIэблэ узыншэ диIэным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше